ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-09-05

  • ФокIадэм и 5, махуэку
  • Псапэ щIэным и дунейпсо махуэщ
  • Индием щагъэлъапIэ егъэджакIуэм и махуэр
  • 1666 гъэм Лондон щагъэункIыфIащ махуищкIэ зыпэмылъэща мафIэсыр. Абы цIыху 16 хэкIуэдат, къалэм и ухуэныгъэхэм я Iыхьэ щанэр — унэ минипщIым нэсыр — хисхьат.
  • 1698 гъэм Пётр Езанэм жьакIэ зытетхэм къуэды ятын зэрыхуейм теухуа унафэ къыдигъэкIащ.

  • 1827 гъэм Урысейм Тенджыз IуэхухэмкIэ и министерствэр къызэрагъэпэщащ.
  • 1905 гъэм Урысеймрэ Япониемрэ Iэ традзащ мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм, къэралитIым яку дэлъа зауэр зэриухам и щыхьэту.
  • 1915 гъэм император Николай ЕтIуанэм и пщэ дилъхьэжащ Япэ дунейпсо зауэм хэт урысеидзэм и унафэр щIыныр.
  • 1936 гъэм Бахъсэн ГЭС-р лажьэу яутIыпщащ.
  • 1941 гъэм, фашистыдзэхэр къалащхьэм гъунэгъу къыхуэхъурти, Москва яужь щихьащ зи ныбжьыр илъэс 12 иримыкъуа сабийхэр къалэм дэгъэIэпхъукIыным.
  • 1941 гъэм нэмыцэдзэхэм Эстонием и щIыналъэр зэрыщыту яубыдащ.
  • 1982 гъэм япэ дыдэу Москва — Лос-Анджелес къалэхэр «телелъэмыж» жыхуаIэ IэмалымкIэ зэпащIащ.
  • 1997 гъэм Москва къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и фэеплъыр, скульптор Церетели Зураб ищIар. Фэеплъыр къызэIуахат Урысей флотыр, Пётр Езанэм къызэригъэпэщар, илъэс 300 щрикъум ирихьэлIэу.
  • 1997 гъэм ХХVIII Олимп Джэгухэр 2004 гъэм щекIуэкIыну къалэу ягъэуващ Алыджым и къалащхьэ Афины.
  • Урыс усакIуэ, тхакIуэ, драматург Толстой Алексей къызэралъхурэ илъэс 202-рэ ирокъу.
  • УсакIуэ, композитор,            пшынауэ, уэрэджыIакIуэ,                        КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Индрис къызэралъхурэ илъэси 124-рэ ирокъу.
  • Совет космонавт, авиацэм и генерал-майор, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Николаев Андриян къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
  • УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я энергетик, жылагъуэ лэжьакIуэ Къущхьэ Мухьэжид и ныбжьыр илъэс 86-рэ ирокъу.
  • Инджылызым щыщ уэрэджыIакIуэ, музыкант, «Queen» гупым и солисту щыта Меркьюри Фредди къызэралъхурэ илъэс 73-рэ ирокъу.
  • Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта, Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Швыдкой Михаил и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу.
  • Урысей актрисэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Пересильд Юлие и ныбжьыр илъэс 35-рэирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 28-рэ, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
  • ФокIадэм и 6, мэрем
  • Болгариер щызэгухьэжа махуэщ. 1885 гъэм Болгарие пащтыхьыгъуэм гухьэжащ КъуэкIыпIэ Румелие щIыналъэ
  • Пакистаным щагъэлъапIэ зыхъумэжыныгъэм и махуэр.
  • 1872 гъэм Берлин щызэIущIащ императорищ: Вильгельм Езанэр (Германие), Франц Иосиф Езанэр (Австро-Венгрие), Александр ЕтIуанэр (Урысей). Ахэр тепсэлъыхьащ я къэралхэм я зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным. Инджылыз-урысей зэхущытыкIэхэр зэрызэIыхьам къыхэкIыу, Урысейм дарэгъухэр къыщилъыхъуэн хуей хъуащ Германиемрэ Австро-Венгриемрэ я деж. Адрей къэралхэми я сэбэп зыхэлъхэр пхагъэкIын щхьэусыгъуэт абы къыкъуэувэныр къызыхэкIащ.
  • 1936 гъэм «СССР-м и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр ягъэуващ. Япэ дыдэу ар зыфIащахэм ящыщщ Немирович-Данченкэ Владимир, Станиславский Константин, Качалов Василий, Москвин Иван, Неждановэ Антонинэ сымэ. СССР-м и тхыдэм щыиужьрейуэ, 1991 гъэм, а цIэр хуагъэфэщауэ щытащ Пугачёвэ Аллэрэ Янковский Олегрэ.
  • 1939 гъэм Ленинград, Райкин Аркадий и унафэщIу, къыщызэIуахащ Эстрадэ миниатюрэхэм я къэрал театрыр.
  • 1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ.
  • 1940 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къыдигъэкIащ Къэрал кIэлъыплъыныгъэмкIэ лъэпкъ комиссариатыр къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ.
  • 1942 гъэм ВЛКСМ-м и обкомым Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр къыхуриджащ нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм ялъэкI псомкIи япэщIэувэну.
  • 1947 гъэм Москва къалэр илъэс 800 зэрырикъум и щIыхькIэ щыхьэрми абы и метроми Лениным и орденыр иратауэ щытащ.
  • 1955 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищтащ «УхуакIуэм и махуэр илъэс къэс гъэлъэпIэным теухуауэ» унафэр.
  • 1956 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къищтащ Сталиным и цIэр зезыхьэ саугъэтхэр Лениным и цIэр зезыхьэ дунейпсо саугъэтхэу зэхъуэкIыным теухуауэ.
  • 1989 гъэм париждэс мин 41-р къэзыгъэуIэбжьа тхыгъэхэр яIэрыхьат — цIыху яукIауэ, яхъунщIауэ ягъэкъуаншэрт ахэр. Ар къызыхэкIар компьютерыр зэрыщыуарщ — гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэр къызэрызэпаудам къыхэкIыу къуэды зэрытралъхьэрт хъыбар зэрырагъащIэ тхылъхэм итын хуеяр.
  • 1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къищтащ Ленинград къалэм и цIэр Санкт-Петербургыу, 1914 гъэ пщIондэ зэрихьамкIэ, зэхъуэкIыжыным теухуауэ. 1712 — 1728, 1732 — 1918 гъэхэм ар Урысейм и къалащхьэу щытащ.
  • 1991 гъэм СССР-м и Къэрал Советым къищтащ Эстоние, Латвие, Литва республикэхэр щхьэхуит зэрыхъум теухуа унафэ.
  • 2001 гъэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэкIуащ.
  • Урысей пащтыхь, Пётр Езанэм и къуэш Иван V къызэралъхурэ илъэс 353-рэ ирокъу.
  • Дирижёр, композитор,      СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Светланов Евгений къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу.
  • Совет Союзым и ЛIыхъужь Куэш Алий къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу.
  • УФ-м и Президентым экономикэ IуэхухэмкIэ и дэIэпыкъуэгъуу, къэралым финансхэмкIэ и министру, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу щыта Лившиц Александр къызэралъхурэ илъэс 73-рэ ирокъу.
  • КъБР-м щIэныгъэ IуэхухэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щэрдан Анатолий и ныбжьыр илъэс 69-рэ ирокъу.
  • Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жамбэч Розиттэ къыщалъхуа махуэщ.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 24-рэ, жэщым градус 17 — 18 щыхъунущ.