ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Урысей зэкъуэтыр» илэжьам ироплъэж

2017-01-21

  • ЩIышылэм и 21 — 22-хэм Москва щекIуэкIынущ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и XVI къэпщытэныгъэ-хэхыныгъэ зэхуэсыр. Абы хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий. Абы щыхэплъэжынущ илъэситху зэкIэлъыкIуэм партым зэфIихам, адэкIэ ялэжьыну я мурадхэми тепсэлъыхьынущ.
  • Пленар зэIущIэм доклад щищIынущ партым и Iэтащхьэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий.
  • — Партым и къудамэхэм хэтхэм, IэщIагъэлIхэм, Правительствэм и лэжьакIуэхэм ящIыгъуу зэхуэсым и япэ махуэм дызэхыхьэнурэ, зэфIэдгъэкIамрэ дяпэкIэ дызэлэжьынухэмрэ гупиблым я зэIущIэхэм дыщытепсэлъыхьынущ, — жиIащ Совет Нэхъыщхьэм и унафэщI Неверов Сергей. — ЗэIущIэхэм щхьэж и фIэщыгъэ яIэжынущ, къыщаIэт упщIэхэр къигъэлъагъуэу: «Къэралым и фIагъыр», «Зыужьыныгъэмрэ ехъулIэныгъэмрэ я экономикэ», «ЩIэныгъэ къарурэ щэнхабзэ пэрытрэ», «ГъащIэ узыншэ», «ПсэукIэм и политикэ», «Уи унагъуэм щынэхъыщхьэр», «Мэкъумэш къэралыгъуэ».
  • Дэтхэнэми я лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь, я псалъэмакъым кърикIуахэмрэ къыхалъхьа унафэхэмрэ Партым и УнафэщIым и пащхьэ иралъхьэжынущ.
  • Зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэхэм хеубыдэ партым и Iэтащхьэхэр хэхыныр – Совет Нэхъыщхьэмрэ Генеральнэ Советымрэ хэтынухэр, партым и УнафэщIыр, къэпщытакIуэ комиссэм и тхьэмадэр. Абы и пэ къихуэу мы IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ екIуэкIын хуейщ.
  • Совет Нэхъыщхьэм хэтынухэр жылагъуэ, политикэ узэщIакIуэхэм ящыщщ.
  • — Губернаторхэм я къудамэм утепсэлъыхьмэ, нэхъ лэжьыгъэфI езыгъэкIуэкIа щIыналъэ Iэтащхьэхэращ абы хиубыдэнур, — къыхигъэщащ Неверовым. — Генеральнэ советым хэтынухэри (цIыхуи 170-рэ) апхуэдэ щIыкIэкIэ зэхашэну аращ. ЛэжьакIуэхэм я процент 15-р зэрахъуэкIыу иджыри къэс къекIуэкIащ. Ауэ иджыпсту Генсоветым щыщу цIыху 50-м нэс яхъуэжыну къыщIэкIынущ. КIэщIу жыпIэмэ, процент 15 мыхъуу, процент 50-кIэ дыхэIэбэнущ. КъищынэмыщIауэ, Къэрал Думэм и депутатхэм, Федерацэм и Советым хэтхэм, парт лэжьыгъэм пэрытхэм ящыщу Генсоветым хагъэхьэнухэм яхэплъэнущ.
  • А псори зэрызэфIэкIыу, Генсоветым и зэIущIэ зэхашэнущ, абы и унафэщIымрэ Президиумымрэ ягъэбелджылыну.
  • Фырэ  Анфисэ.