ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Урысей зэкъуэтым» и съездыр иухащ

2013-10-08

  •    Жэпуэгъуэм и 5-м Москва щызэхуащIы­жащ «Урысей зэкъуэт» партым и ХIV съездыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы цIыху 13 щыIащ, партым и Совет Нэхъыщхьэм хэт Къанокъуэ Арсен я пашэу.
  •  
  •    Пленар зэIущIэм япэкIэ абы Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм теухуауэ къыщызэрагъэпэща зэпсэлъэныгъэхэм хиубыдэу щIына­лъэхэм я лIыкIуэхэр яIущIащ къэралым и политикэ, экономикэ гъащIэр зыубзыхуу къалъытэ къулыкъущIэшхуэхэм, политикэ лэжьакIуэхэм: федеральнэ министерствэхэм я лIыкIуэхэм, Къэрал Думэм и депутатхэм я идеологиер зыубзыхуу къалъытэ цIыхухэр.
  •    Япэ махуэм хиубыдэу екIуэкIа Iуэху нэхъы­щхьэхэм ящыщщ къэралым и Президент Путин Владимир съездым хэтхэм зэрахуэзар. Илъэс зыбжанэкIэ «Урысей зэкъуэтым» и пашэу щытар псом япэу зыхуэзар абы и пэщIэдзэ зэгухьэныгъэхэм я секретархэу съездым къра­гъэблэгъахэрщ.
  •    Партым иригъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэм и гугъу щищIым, Путин Владимир къыхигъэщхьэхукIащ ар ипэжыпIэкIэ «цIыхубэ парту зэрыщытыр къызэригъэлъэ­гъуар», ар фокIадэм и 8-м екIуэкIа хэхыныгъэхэми наIуэ къызэращIар. Президентыр хэхауэ тепсэлъыхьащ партым лэ­жьы­гъэ тэмэм иригъэкIуэкIынымкIэ дэIэ­пыкъуэгъу нэхъыщхьэр цIыхубэр арауэ зэрыщытыр. «Япэ махуэхэм щегъэжьауэ сыхэта къудей мыхъуу, сэ си щхьэкIэ къызэзгъэпэща партыр Урысей къэралыгъуэм и щIэгъэкъуэн нэс хъун хузэфIэкIащ. Абы папщIэ фэ псоми фIыщIэ фхузощI», — жиIащ Путиным.
  •    Щэбэтым, жэпуэгъуэм и 5-м, съездыр щрагъэкIуэкIа ещанэ махуэм партым и тхьэмадэ, УФ-м и Премьер-министр Медведев Дмитрий ищIа доклад нэхъыщхьэм щызэпкърихащ иужьрей хэхыныгъэхэм кърикIуахэр. Иджырей политикэ гъащIэм «Урысей зэкъуэтым» бжьыпэр зэры­щиIыгъыр, хэхыныгъэхэм политикэ парту 53-рэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу 12-рэ зэрыхэтар къыхигъэщри, Медведевым къызэхуэсахэм аргуэру зэ ягу къигъэ­кIыжащ дзыхь къыхуащIа властыр къэралыр гъэбыдэным, абы зегъэужьыным хуэунэтIауэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейр.
  •    АдэкIэ къэув къалэнхэм я гугъу щищIым, Медведев Дмитрий къыхигъэщхьэхукIащ илъэс къэкIуэнум и бюджетыр зэпэубыдауэ зэрыщытынур, ауэ социальнэ къалэнхэр фIэкIыпIэ имыIэу зэрагъэзэщIэнур. Гулъы­тэ нэхъыщхьэр хуанэтIынущ демографие гугъуехьхэр дэгъэкIыным. Партым и тхьэмадэм зэIущIэм хэтахэр къыхуриджащ сабий зыгъуэтахэр ахъшэ ирату зэрыщагъэсыр илъэсищым щегъэжьауэ илъэси 4,5-м нэсу зыгъэув законопроектыр даIыгъыну. КъыкIэлъыкIуэ жэрдэмыр зытеухуар сабий етIуанэ е абы къыкIэлъыкIуэ зыгъуэтахэм ахъшэ зэрырат щIыкIэрщ. «Правительствэм егъэхьэзыр мы программэм адэкIи пыщэным теухуа Iуэхухэр. Дэ цIыхухэр тепсэлъыхьын папщIэ къыхэтлъхьэнущ ­алъандэрэ къагъэсэбэпа хабзэхэм ящыщу хъумэн хуейхэри абыхэм ящIыгъужыпхъэхэри. Дауэ мыхъуми, абыхэм иджыпсту экспертхэр хэплъэну сфIэигъуэщ икIи сыщогугъ а Iуэхум «Урысей зэкъуэт» партыр жы­джэру хэтыну», — жиIащ Медведевым. Партымрэ Правительствэмрэ зэщIыгъуу зэлэжьыпхъэ апхуэдэ Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщу къэпсалъэм къигъэлъэгъуащ псэупIэхэр зэраухуэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и щытыкIэм, курыт школхэмрэ сабий садхэмрэ я лэжьэкIэм зэщIыгъуу кIэлъыплъыныр. А Iуэхум адэкIи пыщэн хуейуэ Премьер-министрым къилъытащ. «Лэжьы­гъэхэр зэрекIуэкIым уи нэIэ зэрытебгъэкIыу сабий садхэр зыхуримыкъухэр занщIэу нэрылъагъуу нэхъыбэ мэхъу», — къигъэлъэ­гъуащ абы.
  •    Съездым партым и уставым зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьащ, Совет Нэхъыщ­хьэмрэ Генеральнэ советымрэ хэтхэм ящыщхэр зэрахъуэкIащ. Партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и секретарь Бозий Натбий хагъэхьащ «Урысей зэкъуэтым» и Генеральнэ советым.
  •    Съездыр щызэхуащIыжым Медведев Дмитрий къыхигъэщхьэхукIащ Урысейм и цIыху­хэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр пар­тым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу увын зэрыхуейр. «Дэ иджырей парту дыщытын икIи социальнэ гуп псоми къагъэувхэр зэхэтхын, сыт хуэдэ унафэми цIыхухэм я сэбэп зэрыхэлъынум дыхущIэ­къун хуейщ. ФокIадэм екIуэкIа хэхыны­гъэхэм яужькIэ партыр ипэжыпIэкIэ нэхъ лъэщ хъуащ. Ар икъукIэ гуапэщ, ауэ абы щхьэкIэ ди лэжьыгъэр къэдгъэтIэсхъэну, гугъуехьхэм дакъыпэщIэкIуэтыну дыхуиткъым. Дзыхь къытхуащIа властыр дэ къэдгъэсэбэпын хуейщ къэралым зегъэужьыным, ди цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэ­ным хуэунэтIауэ. Ар жэуаплыныгъэ инщ икIи щIыхьышхуэщ», — жиIащ абы.