Къэралыр къарууфIэ зыщIыр
2013-02-05
- «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и пашэхэр иджыблагъэ Налшык щыхьэщIащ.
- Абы хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратым и унафэщIхэр, «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и Iэтащхьэ Руднев Максим, КъБР-м и щIалэгъуалэ Парламентым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
- ХьэщIэхэр япэ щIыкIэ IущIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Жаным Руслан. Жанымым жиIащ нобэрей зэманым щIэблэм нэхъапэ зыри зэрыщымыIэр.
- — КИФЩI-р бзаджащIэ щыкуэд, зэпыу имыIэу зауэ щекIуэкI щIыпIэу дуней псом дыхэIуащи, куэд къытщощтэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт терроризмэр дуней псор зыгъэгузавэ Iуэхуу зэрыщытыр. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, дэ Iэмалу щыIэр къэдгъэсэбэпурэ, ди щIалэгъуалэр щIэпхъаджащIэхэм зэрыдедмыгъэхьэхыным яужь дитын хуейщ. Ар махуэ къэс дызэгугъун хуей лэжьыгъэщ, щIалэгъуалэм ехьэлIауэ зы Iуэху, IуэхуитI къэпIэткIэ зэфIэкIыркъым, — жиIащ Жанымым.
- КъыкIэлъыкIуэу щIалэгъуалэр Налшык къалэ дэт «Синдика» интур-хьэщIэщым щыIущIащ КъБР-м и правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. ЩIалэгъуалэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэза нэужь, Къуэдзокъуэм жиIащ мыпхуэдэ зэIущIэхэр зэрыщхьэпэр, къэралыр къарууфIэ зыщIыр щIэблэр арауэ зэрыщытыр.
- — ЩIалэгъуалэ политикэр зытетыну жыпхъэр убзыхуныр ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Я щхьэ Iуэху дэгъэкIынымкIэ, иджырей дунейм хэзэгъэнымкIэ псом нэхърэ нэхъ жыджэру щытын хуейр зи щIалэгъуэхэрщ. «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэр зи ужь итыр аращи, фи жэрдэмыр вдэтIыгъыну, хуей хъумэ, зыфщIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ, — къыхигъэщащ Къуэдзокъуэм.
- Руднев Максим къыщыпсалъэм жиIащ: «КИФЩI-м щыIэ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэм дежкIэ нэхъапэр зэрылэжьэну щIыкIэр убзыхунырщ. Щапхъэ зытепх хъун щIыналъэ куэд щыIэщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, щIалэгъуалэм Урысей Федерацэр къызэрыхуейм шэч къытрамыхьэнырщ».
- Рудневым къыхигъэщащ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэм» и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм и лэжьыгъэр зыунэтIыну 2012 гъэм и дыгъэгъазэм хаха Геккиев СулътIан и мурадхэм арэзы зэрытехъуэр, зэралъэкIкIи абы зэрызыщIагъэкъуэнур.
- АдэкIэ псалъэ зрата Геккиевым жиIащ зыгуэрым ухущIэкъуныр, къалэн пыухыкIахэр зыхуэбгъэувыжыныр щIалэгъуалэм я хьэл-щэну щытын зэрыхуейр.
- — Хуейм сытым дежи ищIэн игъуэтынущ. Си гугъэщ къытхуагъэфэща лэжьыгъэр ди къару къихьыну, — захуигъэзащ къызэхуэсахэм Геккиев СулътIан.
- ЗэIущIэм и кIэухым Къуэдзокъуэ Мухьэмэд хьэщIэхэм тыгъэхэр яхуищIащ, я зэпыщIэныгъэр быдэу илъэс куэдкIэ къызэдекIуэкIыну зэригуапэр къыхигъэщащ.
- Инарокъуэ Данэ.