Сабиигъуэ зимыIахэр
2013-04-16
- Фашист гъэрыпIэхэм гъэру щаIыгъахэр къыщаутIыпщыжа дунейпсо махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрми щагъэлъэпIащ. «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм илъэс етIуанэ хъуауэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм я Iуэхэм иса ди хэ-куэгъухэр щрагъэблагъэ.
- ЗэIущIэм кърихьэлIат КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Саенкэ Татьянэ, комитетым и пашэ Жанатаев Сэлим, Ветеранхэм я республикэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд, зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IуэхущIапIэм я ветеранхэм я Налшык къалэ Советым и Iэтащхьэ Абдулаев Мустэфа сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ.
- — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, тхыдэм напэкIуэцI шынагъуэ, гур хэзыгъэщI куэд хэтщ — ахэр ди гъащIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащи, зыщыдгъэгъуэпщэ хъунукъым, — жиIащ абы. — Нэмыцэ концлагерхэм исауэ цIыху 84-рэ ди республикэм щопсэу. Ахэр лIыхъужьыгъэм, хахуагъэм и щапхъэ нэсщ, гъащIэм и гъэунэхупIэхэм кIуэцIрыкIыфащ.
- — Дунейм и къэрал куэдым нобэ ягу къыщагъэкIыж нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэрахьа леймрэ а зауэм лажьэ ямыIэу хэкIуэда тхьэмыщкIэхэмрэ, — пищащ псалъэмакъым Саенкэ Татьянэ. — Псом хуэмыдэу уигу хэзыгъэщIыр зыри къагурымыIуэу, гъащIэм и IэфIыр зыхэзыщIэну хунэмыса сабийхэм я щхьэ кърикIуарщ. ЦIыху мелуан тIощIым нэблагъэ исащ нэмыцэ концлагерхэм, абыхэм ящыщу куэд дыдэ хэкIуэдащ. Зауэм къиша гузэвэгъуэм и Iэужьхэр ноби зылъагъу дэ, апхуэдэ гузэвэгъуэ къызэрыдмыгъэхъуным яужь дитын хуейщ, — жиIащ Татьянэ.
- КъыкIэлъыкIуэу Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд и псалъэхэм къыхигъэщащ апхуэдэ махуэм къэрал къулыкъущIэхэм гулъытэ зэрыхуащIам папщIэ фIыщIэ зэрахуищIыр. Ар нэхъыжьхэм къалэжьа пщIэм, я зэхэщIыкIым, цIыхугъэм и щыхьэту зэрыщытыр. — Сыт хуэдэ гугъуехь флъэгъуами, цIыхуу фыкъэнащ, ар къызэрымыкIуэу гугъущ. Уи псэкIэ бгъэвын дэнэ къэна, тхылъым иту апхуэдэ гузэвэгъуэм укъеджэныр шынагъуэщ. ЗауэфI щыIэкъым, ауэ ар зэрымыфIыр, абы къишэ къулейсызыгъэр, ди щIалэгъуалэми ящIэн хуейщ зыщахъумэн папщIэ. Нобэ жытIэмрэ тщIэмрэ ди пщэдейм и джэрпэджэжщ, — нигъэсащ и псалъэхэр Мухьэмэд.
- Республикэм и Ветеранхэм я советым къыбгъэдэкIыу къызэхуэсахэм ехъуэхъуа нэужь, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым Iуэху щхьэпэ куэд къиIэту, зэфIигъэкIыу зэрыщытым папщIэ «Ветераным и щIыхь» медалыр Шыхъуэбахъуэм Канунниковэ Татьянэ иритащ.
- Абдулаев Мустэфа жиIащ мы зэIущIэм кърагъэблэгъахэр зи цIыкIущхьэр зауэм ирихьэлIа, сабиигъуэ зимыIахэр арауэ зэрыщытыр. Гугъуехьыр зи натIэу илъэс куэдкIэ къекIуэкIахэм тыншыгъуэ яIэу иджыри куэдрэ яхуэпсэуну ар ехъуэхъуащ.
- Зи сабиигъуэр зауэ гуащIэм ирихьэлIахэм, гъэру нэмыцэIуэм исахэм псалъэ щратым, пэшым щIэс псори щым хъуат. Абыхэм я гукъэкIыжым нэщхъеягъуэу хэлъыр «хаухуэнщIыкIа» пэтми, нэпсыр къафIекIуэрт. Илъэс куэд лъандэрэ къыздрахьэкI псэ узым, гузэвэгъуэм, апхуэдизу зыщIэхъуэпса текIуэныгъэм я нэпст ар. Зауэмрэ псэхэхымрэ мызэ-мытIэу я нэгу иплъахэм жаIэжын я куэдт.
- Абыхэм ящыщ зыт Дроховэ Луизэ игу къигъэкIыжа хъыбарыр.
- — Ди насыпщ нобэм дыкъэсауэ допсэури. ГъащIэм и лъэныкъуэ куэд тлъэгъуащ, аращ дызыпсыхьари, къару тхуэхъуари. Дэ тщыщу зыри сабий гъэсапIэм щыIакъым, — жиIащ абы. — ГъащIэм дигъэунэхуурэ, гугъехьым дыпэщIигъэувэурэ дигъэсащ. Сыт хуэдэ Iуэхуми гъэсэныгъэ къыхыбох, дэ тлъэгъуа псоми псэкупсэу, дыкъэзыгъэщIар быдэу ди фIэщI хъууэ, ар ди гум илъу дыкъыхэкIащ. Мылъкум, хьэпшып лъапIэхэм, щIэныгъэ куум а псори къуатынукъым. Ерыщу дыпсэуащ, гъащIэм и IэфIыр махуэ къэс къыдгурыIуэу, абы и дакъикъэ къэс пщIэ хуэтщIу. Дэ тлъэгъуар ямылъагъуу, ауэ дэ зэхэтлъхьа хьэлыфIхэр ди бынхэм, абыхэм я быныжхэм зэхалъхьэну сыхуейт. Илъэс 75-рэ сохъу. Сэ езыр Смоленск сыщыщщ, зауэр къежьэу япэ дыдэу лагъым къыщрадзыхам зытехуар ди унэращ. Си адэшхуэ-анэшхуэр абдеж щыхэкIуадэри, си анэмрэ сэрэ ди закъуэу дыкъэнащ. Нэмыцэхэр къызэрыкIуэу офицерым и щхьэ- гъусэщ жаIэри, си анэр концлагерым ирадзащ. А зэманым ирихьэлIэу сэ илъэсиплI ныбжьым ситу арагъэнт. Дауи, мащIэт сэ къызгурыIуэр, ауэ зэпыу имыIэу сыгъыу зэрыщытар сощIэж. Зэи сигу икIыжынкъым нэмыцэхэмрэ концлагерымрэ. Иджы щыIэхэр куэдым щIэхъуэпскъэ — дэ мащIэ дыдэт дызыхуейр, нэгъуэщI мыхъуми зы жэщ закъуэ Iэуэлъауэншэу дыжеинырт. Концлагерым исхэм щыщу зыгуэр щIэпхъуэжамэ, къэнахэм къапэплъэр шынагъуэт, псори дыкърагъэувэкIырти, епщIанэу щыт дэтхэнэри къыхашурэ и пIэм ираукIыхьырт. Си анэм и Iэпэр быдэу сIыгъыу куэдрэ сыхэтащ а гупым. Си дежкIэ псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр абы и Iэпэр сIэщIэкIынырт, ар хашын, скIэрачын гузэвэгъуэрт. Си гъащIэ псокIэ а шынэр къысхэнащ, зэи си анэм сыкIэщIэкIыфакъым. Германием нэсыху дахуа иужь, лэжьэфыну сабийхэмрэ балигъхэмрэ къыхащыпыкIащ. Абдеж си насып кърихьэкIри, нэмыцэ цIыхубз къэкIуащ лIыщIэ къищэхуну, абы ипхъу цIыкIур дэщIыгъут. И адэ-анэм лIыщIэхэр къыхахыху сэ хъыджэбз цIыкIум сыдэджэгуурэ ныбжьэгъу сыхуэхъуащ. Ежьэжыгъуэр къэсауэ хъыджэбз цIыкIур и анэм елъэIуащ сэри сыкъыздащтэну, нэхъ пэжу жысIэнщи, сыкъыхуащэхуну. Си анэм зыкIэрызукIауэ сыщыту сыкъыщалъагъум, цIыхубзым игу къысщIэгъуащ, диныр зи фIэщ хъу, фIэлIыкI зиIэу къыщIэкIащ иужькIэ. А унагъуэм си анэмрэ сэрэ дыщылэжьащ советыдзэр Берлин къэсыху. СщIэркъым, икIи сщIэн хуейуи къыщIэкIынкъым а мафIэ лыгъэм си анэмрэ сэрэ дыкъыщезыгъэламрэ къыддэIэпыкъуамрэ, ауэ шэч хэмылъу ди щхьэщыгум зыгуэр итщ, сыхуейт къыдэкIуэтей щIэблэм ар я фIэщ хъууэ, гъащIэм лъагъуныгъэ хуаIэну.
- ГукъэкIыжхэм щIэдэIуа дэтхэнэми шэч хэмылъу и гум щIыхьат а хъыбарыр. АдэкIэ псалъэмакъым къыпищэу Канунниковэ Татьянэ жиIащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым къызэригъэпэщауэ Iуэху щхьэпэ зэрырагъэкIуэкIыр. Абы ипкъ иткIэ, зауэм хэтахэм я нэкIэ ялъэгъуамрэ я гъащIэм и «сурэтымрэ» ятхыжынущ, зэхуахьэсыжынущ.
- ЗэIущIэм кърихьэлIа нэхъыжьхэм адэкIэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу удз гъэгъарэ тыгъэрэ хуащIащ. Саугъэтхэр абдежым щаухакъым. ЗэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэхэу Аренгольд Сабинэ, Къатинэ Елдар, Уянаевэ Маринэ, ХьэIупэ Къантемыр сымэ я макъ дахэхэмкIэ ягъэзэщIа уэрэдхэмкIэ нэхъыжьхэр ягъэгуфIащ.
- ЗэIущIэм кърихьэлIахэр зыкъомрэ зэбгрыкIыжакъым. Дауи, абыхэм жаIэжын я куэдт.
- Щомахуэ Залинэ.