ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-07-17

  • Прозэу тха усэ
  • Телъыджалъэ
  • Гупсысэ инхэр игъащIэми къахуогъэIурыщIэ, ауэ щхьэм IурыщIэ щыхъуа гупсысэ дэтхэнэми игъуэ- тыркъым ахэр зэрыхуэн псалъэрэ псэлъафэрэ. Яхуэфащэ жыIэкIэрэ ухуэкIэрэ. Бзэм и пкъыр зыгъуэта гупсысэхэмрэ ар ямыгъуэту бзэхыжахэмрэ зэпэплъытмэ, зыгъуэтар — зы ткIуэпсым хуэдэщи, зымыгъуэтар — тенджызым хуэдизщ. АтIэми, щыIэу къыщIэкIынукъым илъэс мин бжыгъэкIэ лъэпкъыр зыщIэпсэукIа бзэм пхуимыгъэзэгъэн гупсысэ…

  • «Даут» къызыхэпщIыкI хъунур ар къызыхэпIущIыкIа мывэ джей Iыхьэм и закъуэтэкъым. Апхуэдэ мывэ джейхэр дунейм тезщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ехъумэ «даут» ещхь телъыджэ бжыгъэншэхэр. А телъыджэхэр поплъэ Тхьэм къахуигъэщIыну скульптор Iэзэхэм. Мывэ зэщIэзыIулIахэм къаIэщIэзгъэкIыфыну Микеланджелэхэм…
  • Бзэри апхуэдэщ. Бзэми ехъумэ къызэIухын хуей щэху хьэлэмэтыщэхэр. НаIуэ къэмыхъуа телъыджэ бжыгъэншэхэр…
  • ИIэщ апхуэдэ телъыджэхэмкIэ гъэнщIа къару ин ди адыгэбзэми. Поплъэ адыгэбзэр а къару щэхухэр къэзыхутэну тхакIуэхэм. ГурыщIэм и плIанэпэ дэтхэнэми дэпшытIэ хъууэ ди бзэр тIатIийм ещхь зыщIыфыну тхакIуэхэм. Iу бахъэм ихь гупсысэ нэхъ къэубыдыгъуей дыдэхэри адыгэбзэкIэ къэзыпхъуэтэфыну тхакIуэхэм…
  • Хэт ищIэрэ, уахътыншэ хъуныр адыгэбзэмрэ а бзэмкIэ къагъэщI ди литературэмрэ я насып къихьмэ… Къихьынуи дыщогугъ! И насып апхуэдэ къимыхьынкIэ гурыщхъуэ зыхуэпщI бзэм уритхэныр, куэд зымыкIуну къыпщыхъу литературэкIэ лъэпкъ псо бгъэхьэулеиныр икIагъэщ… НтIэ, апхуэдэ насып адыгэ тхыбзэм игъуэтрэ лIэщIыгъуэрыбжэурэ къэкIуэнум хэбакъуэу щIидзэмэ, ди нобэрей хъуэпсапIэхэр щыхьэщIэ зэманым псэунухэр зэгуэр щIэгуфIыкIыурэ иджырей тхыгъэхэм къеджэнщ, ди бзэ къэгъэIурыщIыкIэхэри сабий псэлъэкIэм ирагъэщхьынщ…
  • Сыту я насып а ди хъуэпсапIэхэр щыпэкIу зэманым псэуну адыгэхэм! Сыту я насып!.. Тхьэм апхуэдэу хъуну къыщIигъэкI!
  • IутIыж Борис.
  • Ди щIыналъэм
  • Налшык гуэлыр къалащхьэм и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщщ.

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Шхум хэгъэпцIыхьа хугу гъэлыгъуа
  • Хугу лъэсар Iэнэм тракIутэри ягъэжэпхъ, итIанэ мыIув дыдэу, зэхэлыгъукIын щхьэкIэ, шыуаным иракIутэри, пэшхьэкум трагъэувэ. МафIэр ешэхауэ, чымчыркIэ зэIащIэурэ тхъуэплъ дахэ хъуху ягъэлыгъуэ. ИтIанэ тIэу-щэ щIагъэпщ. Хугу гъэлыгъуар шэ ягъэпщтым хакIутэри, чымчыркIэ зэIащIэурэ къагъавэ. Хугум шэр фIыуэ зыщIифауэ, къэпщауэ, ху бэлам ещхьу щытщ.
  • Шэр хьэкум къытрахыж, ягъэупщIыIу, шхупцIатэ иратри, хуэсакъыурэ зэIащIэ, хьэдзэхэр ямыкъутэн, ямыпIытIын щхьэкIэ. ЗэщIауфэжри, пцIэн папщIэ хуабапIэ ягъэув. Шху пцIар хуэсакъыурэ зэщIах, щIыIапIэ ягъэуври, ягъэдий.
  • ЗэрызэщIэлъу фалъэ куум иракIэри, Iэнэм трагъэувэ. Нэхъ щашхыр гъэмахуэ шылэ, нэщI мазэхэрщ. Щхьэж зэрыхуейуэ фошыгъу е шыгъу халъхьэ.
  • Халъхьэхэр: шэ щIэмыхуу — г 3000, хугуу — г 1000, шхупцIатэу — г 150-рэ, шыгъуу, фошыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • Кхъуейлъалъэ
  • Ар шатэ зытемыха шэми зытехами къыхащIыкI. Шэр яз, ягъэпщт, псынщIэу зэIащIэурэ шху гуащIэ хакIэ. ЗэщIэкIыху, дакъикъэ 15 хуэдизкIэ, и щхьэр тепIауэ щагъэт. Шэ зэщIэкIар кхъузанэ щабэм иракIэри, шэжыпсыр щIагъэж.
  • Шэжыпсым мырамысэ, мэжаджэ ирипщI мэхъу, къурт, къундэпсо къыхащIыкI. Кхъуейлъалъэр шатэ, фошыгъу хэлъу яшх. ЩIакхъуэ, лэкъум докIу. Абы нэмыщI кхъуейлъалъэм шхыныгъуэ куэди къыхэпщIыкI мэхъу.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): шэуэ — г 300, шхууэ — г 230-рэ.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
  • Псалъэжьхэр
  • Гум имылъ жьэм къиIуатэркъым
  • КъыпкIэлъымыкIуэм узыкIэлъигъэкIуэнукъым.
  • Нэмысым насып къыдокIуэ.
  • Гъуэгур бэкъуэным хегъэщIри, щIыхуэр тыжыным еух.
  • Уэсыбэ гъэ бэвщ.
  • Хуэмыху и Iуэху махуитху и пIалъэщ.
  •  
  • Гъэсэныгъэ
  • Чэнджэщ пщыкIубгъу
  • Италием щыщ бзылъхугъэ Марие Монтессори етIощIанэ лIэщIыгъуэм и педагогикэм хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуищIауэ щытащ. И къэралым и тхы- дэм япэ дохутыр цIыхубзу хэувэри, и гъащIэ псор сабийхэм яхуэлэжьэным триухуащ. Абы къызэригъэпэщащ сабийхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыужьыныгъэрэ зэкIуныгъэрэ яхэлъу къэхъун папщIэ зихуэдэ щымыIэ системэ, адэ-анэхэм папщIэ зэхигъэуващ гъэсэныгъэмкIэ фIыгъуэшхуэ зыпылъ чэнджэщ щхьэпэ кIэщIхэр. КъызэрыгуэкIыу, итIанэми, Iущагъышхуэ къахэщу.
  • Абыхэм ящыщу зыбжанэ нэхъ мыхъуми фытетмэ, фи сабийхэмрэ фэрэ куэдкIэ нэхъыфIу фызэхущытынущ, езыхэри фIы зигу илъ цIыху зэтету къэтэджынущ.
  • Мис ахэр:
  1. Сабийр илъагъум егъасэ.
  2. Сабийм ныкъусаныгъэ къыхуагъуэтреймэ — дагъуэ къилъыхъуэу йосэ.
  3. Сабийм щIэх-щIэхыурэ щытхъумэ — фIыр къилъагъуу йосэ.
  4. Сабийм бииныгъэ хэлъу убгъэдыхьэмэ — зэуэрей мэхъу.
  5. Сабийм пэжыгъэкIэ бгъэдэтмэ — захуагъэ зыхелъхьэ.
  6. Сабийм щыдыхьэшхреймэ — щтэIэщтаблэ, гушхуэныгъэншэ мэхъу.
  7. Сабийр шынагъуэм пэIэщIэу къэхъумэ — дзыхь иIэу къотэдж.
  8. Сабийм куэдрэ и напэ трахмэ — къуаншэу зибжыжу йосэ.
  9. Сабийм арэзы дэхъуреймэ — и щхьэ игъэлъапIэу йосэ.
  10. Сабийм хуагъэгъуреймэ, зэхащIыкIмэ — шыIэныгъэ зыхелъхьэ.
  11. Сабийр ягъэгушхуэреймэ — игурэ и щхьэрэ зэтелъу къохъу.
  12. Сабийр ныбжьэгъугъэм щIапIыкIрэ адрейхэр къызэрыхуэныкъуэр зыхищIэмэ — дунейм лъагъуныгъэр къыщигъуэтыфу йосэ.
  13. Сабийм Iей хужывмыIэ — зэхихыуи зэхимыхыуи.
  14. Сабийр фIым хуэузэщIыным фелIалIэ, иужькIэ Iейм зыужьыныгъэ щимыгъуэтыжын хуэдэу.
  15. Сабийм зыкъыфхуигъазэмэ, сыт щыгъуи жиIэм фыщIэдэIуи, жэуап ефт.
  16. Щыуагъэ зыIэщIэкIа сабийм пщIэ хуэфщIи, и щыуагъэр асыхьэту е иужькIэ зэригъэзэхуэжынщ.
  17. Зыхуейр къэзылъыхъуэ сабийм фыдэIэпыкъуну фыхьэзыр. Псори къэзыгъуэтам и дежкIэ нэрымы- лъагъуу фыщыт.
  18. Сабийм япэкIэ имыщIар евгъащIэ. Абы щыгъуэм фи хъуреягъыр гулъытэкIэ, тэмакъкIыхьыгъэкIэ, щэхугъэкIэ, лъагъуныгъэкIэ вгъэнщI.
  19. Сабийм зыщыхуэвгъазэкIэ сыт щыгъуи фIы евгъэлъагъу — фэ фIыуэ фхэлъым и нэхъыфIыр зыхевгъалъхьэ.
  • КЪРЫМЩОКЪАЛ Маринэ.
  • ЖыIэгъуэхэр
  • Мы зэзымыпэсым мыIэрысэ хуэфащэкъым
  • ЦIыхум хуэпщIэр щыгъупщэжми, епщIэр щыгъупщэжыркъым.
  • Куэду плъэгъуа псоми ухэдэу щIыбодзэ.
  • Джэдым псы есэкIэкIэ бабыщыр иригъаджэрт.
  • Псори зэхуэдэу фIыуэ зылъагъуф щыIэкъым.
  • Уимыпсэугъу и чысэ уи псэр зэи иумылъхьэ.
  • Хэхъуэ зиIэм хъуэхъу хужаIэ.
  • ХьэщIэу укIуарэ унэгуащэм зрилъэфыхьмэ, лIыр гузавэрэ фызымкIэ плъэреймэ, кIыхьлIыхь зумыщIу къыщIэкIыж.
  • Уи нэр изыщI псори пэжым хыубжэ хъунукъым.
  • УзыфIрэ зауэфIрэ щыIэкъым.
  • Факъырэм хэдэ ищIмэ, ар факъырэжкъым.
  • Сыт хуэдэ лъагагъми и къежьапIэр щIылъэращ.
  • ФIым къыхуэмышэр Iейм къеху.
  • Мы зэзымыпэсым мыIэрысэ хуэфащэкъым.
  • Къыупсэлъынур зэлъытар узэпсалъэращ.
  • Уи псалъэри уи мылъкум хуэдэу зэгъэзэхуэн хуейщ.
  • Сабий макъхэр уи пщIантIэм къыдэIукIмэ, уунагъуэ насыпыфIэщ.
  • Напэ зимыIэр бгъэукIытэну ухуемыжьэ — укIытэжынур уэращ.
  • ЦIыхухэр къыпхуэныкъуэу къыпкIэлъыкIуэмэ, уэ иджыри укъулейщ.
  • КIурашын Алий.
  • Къармэхьэблэдэсхэм къаIуэтэж
  • Хьэжыкъуэ
  • ХьэжыкъуэкIэ зэджэ лIым Лыхь лъэпкъым и нэхъыбапIэр къытехъукIащ. Я тхыдэр къыщежьэри абы и дежщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, Хьэжыкъуэ зы къуэш иIащ — Бакъджэрий. Ар Абхъазым щыпсэуащ. Хьэжыкъуэ мызэ-мытIэу абы дэIэпыкъуащ, бийхэм ящихъумэу. Бакъджэрий бын къыщIэхъуакъым. Езы Хьэжыкъуэ зы къуэ иIащ — Хьэсанэ. Хьэсанэ къуитI къыдэхъуащ — Ильясрэ Беслъэнрэ.
  •  
  • Хьэжыкъуэ нэгъэсауэ зауэлI хахуэт. Ар зыдэс къуажэм джаурхэр къытеуэну мурад ящIащ зэгуэрым. Хьэжыкъуэ тхьэгурымагъуэ хьэл гуэрхэр хэлъти, ар къыщищIэм, Iэщэрэ гъуэмылэрэ къищтэри, бгъуэнщIагъыр тIысыпIэ ищIащ. Ар здитIысыкIа щIыпIэм укъиплъмэ, бийхэр къызрикIуэну гъуэгур, уи пащхьэм илъым хуэдэу, плъагъурт.
  • Биидзэм шууитху къахэкIри, тIасхъэщIэх къежьащ. Абыхэм ящыщу Хьэжыкъуэ плIыр иукIащ, етхуанэр иутIыпщыжащ: «Уи гъусэхэм ямыгъазэмэ, мыбыхэм я махуэр къазэрыхуэзгъэкIуэнур ягурыгъаIуэ», — жиIэри.
  • Шу иутIыпщыжам яжриIэжащ и гъусахэм я щхьэ кърикIуари ямыгъэзэжмэ, езыхэм къащыщIынури.
  • АрщхьэкIэ джаурхэм икIуэтыжын ядакъым: «Дзэ псор а зым дытемыкIуэну ара?!» — жаIэри, къуажэм теуэну ежьащ. Хьэжыкъуэ бгъуэнщIагъым къыщIэукIыурэ дзэр зырызыххэу зэтриукIащ.
  • Мис апхуэдэу хахуэу щытащ Лыхь лъэпкъыр къызытехъукIыжа Хьэжыкъуэ. Мы хъыбарым егъэлеиныгъэ гуэрхэр хэлъынкIэ хъунущ, ауэ иджыри къыздэсым Лыхь лъэпкъым адыгэлI нэсым хужаIэр: «Нэгъэсауэ Хьэжыкъуэщ».
  • Хьэжыкъуэ 1820 гъэм дунейм ехыжащ. Черкесск кIуэ гъуэгур щащIым, абы и мывэ сыныр якъутащ. Абы и къутахуэхэр зыкъомрэ щахъумащ Локъуажэ (Красный Восток) щыпсэуа Лыхь Урысбий и лъапсэм.
  • Зытхыжар  Лыхь Людмилэщ.
  •  
  • Хъыбар
  • ЩIалэ бзаджэ
  • Зы щIалэ бзаджэ ежьащ: «Гъуэгум зыгуэр сыщрихьэлIэмэ, схъунщIэнщ», — жери. Мэз лъапэм нэсри, чыцэм хэтIысхьащ. Чыцэм здыхэсым, выгу къилъэгъуащ. Гублащхьэм зы лIыжь дэсщи, мэщхьэукъуэ. ЛIыжь цIыкIум витIыр фIихун мурад ищIащ щIалэ бзаджэм. Лъахъстэн вакъитI лъыгъти, гъуэгум трилъхьащ, лъэбакъуищэ хуэдэкIэ зэпэщIихри. Езыр чыцэм хэтIысхьэжащ. ЛIыжьым и щхьэр къыщиIэтым, гъуэгум телъ лъахъстэн вакъэр илъэгъуащ.
  • — Вакъэ лъэныкъуэр сыту сщIын? — жери лIыжь цIыкIур вакъэм блэкIащ, лъэбакъуищэ нэхъ имыкIуауэ вакъэ лъэныкъуэм ирихьэлIащ.
  • Выгур къигъэувыIэри, лIыжь цIыкIур гублащхьэм къыдэкIащ.
  • — НетIэреймрэ мыбырэ зэгуэгъущ, згъэзэжынщи, вакъэ лъэныкъуэр къэсщтэнщ, — жери вакъэ лъэныкъуэм тригъэзащ лIыжь цIыкIум, выгур гъуэгум къытринэри. ЩIалэ бзаджэр зэщэр арати, витIыр щIигъэхури, мэзым хихуащ.
  • ЛIыжьым къигъэзэжащ. ВитIыр игъуэтыжакъым. Щимыгъуэтыжым, лъахъстэн вакъитIыр ихьри и унэ кIуэжащ:
  • — Вы къэсхунщи, гур сшэжынщ, — жери.
  • Ежьэжауэ, шу гуп кърихьэлIащ лIыжь цIы- кIум.
  • — Фысакъ, — яжриIащ шу гупым. — Гъуэгум дыгъу щызоуэ: си витIыр сIэщIагъэкIащ.
  • ЛIыжь цIыкIум къыщыдыхьэшхри, шу гупыр блэкIащ, псы Iуфэм нэсри епсыхащ, жэщ къатехъуати. Мэл яукIри, лэгъупыIэмпIэ зэфIадзащ. Шыр хъуным хаутIыпщхьащ, зы плъыр бгъэдагъэувэри.
  • — Сакъ! — жари плъырым и тхьэкIумэр хуаIуэнтIащ. — Шыр ебгъэхумэ, лIыжь цIыкIум дыщIэбгъэхьэжащ.
  • ЛIыжь цIыкIум и витIыр зыхуа щIалэ бзаджэр мэзым къыхэтIысхьауэ шу гупым къеплъакIуэрти, щIакIуэ зытриубгъуэри, шыр хэзыгъэпщ плъырым къыбгъэдыхьащ.
  • — Лыр ващ, — жриIащ плъырым, — уэ уедзэкъэху, сэ шыр хэзгъэпщынщ.
  • Плъырыр гупым яхыхьэжащ. ЩIалэ бзаджэм шыр къызэщIикъуэри, мэзым хихуащ.
  • Гупым щахыхьэм, плъырым къеупщIащ:
  • — Шым щхьэ укъыбгъэдэкIа? — жари.
  • — ЩIалэ нэвгъэкIуати, шым къыпэрызнэри сыкъыбгъэдэкIащ, — жиIащ модрейм.
  • — НэдгъэкIуакъым! Шыр ебгъэхуащ! — жари зэрехьэжьащ. Гупыр шым лъыхъуэху, шыр быдапIэ щигъэзагъэри, щIалэ бзаджэм къытригъэзащ, лыр вати, лэгъупым къыхихри, лэпсым зы щIакIуэжь хидзащ, лыр фэм кIуэцIишыхьри, мэзым хыхьэжащ.
  • Нэху щыху шым лъыхъуэри, гупым къагъэзэжащ: шыри ягъуэтыжакъым, лыми хэкIыжауэ къыщIэкIащ.
  • — Зив яхуа лIыжь цIыкIум дыщIэнэкIащ, — жаIащ гупым. — Нэхъеиж къызыщыщIар дэращ, — жари ежьэжащ, щхьэж и уанэ и плIэм ирилъхьэри.
  • ЛIыжь цIыкIум и витIымрэ шу гупым я шымрэ къихури, щIалэ бзаджэр нэхущым я пщIантIэ дыхьэжащ.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 3. НэгъуэщIхэр зыдэплъей, … зытрах щIалэщ ди гъунэгъур. 6. Къэп цIыкIу. 8. IэщэкIэ зэщIэузэда дзэм къулыкъу щызыщIэ щIалэщIэ. 9. Зыщышынэн имылъагъумэ, кхъуэр абы докIуей. 11. Пхъэ къутахуэ, пхъэупсахуэ. 13. Джэрэзыжу, мылым къыщагъафэ. 15. … гъущэрылърэ фыз игъэплъа лIырэ. 16. ЩIымахуэм щыгъын ягъэтIылъыжам хищIа хьэпIацIэ къэзылъэтыхь. 19. ПщIыхьэпIэр зыIуэтэжам «… ухъу» жраIэ. 22. ЩIалэр … куцIрэ фо цIынэкIэ япIащ. 23. Гъавэ щIапIэ, тафэ. 24. Лэжьыгъэ … . Е къару ин зытекIуадэ Iуэху гуэр. 27. Илъэс 18 хъуа щIалэм и … кIуэгъуэщ. 28. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу, адыгэм хабзэ-бзыпхъэкIэ тпэгъунэгъу лъэпкъ. 29. Тхьэв зэраху пхъэхэкI. 32. ЛIы и къуэгъурэ вы и … 33. Пщым и IуэхутхьэбзащIэ. 34. ГуфIэгъуэ Iэнэм къыщапсэлъ псалъэ дыгъэлхэр. 36. Псэущхьэ дахэ цIыкIу, дзыгъуэм и бий кIэуфIыцI. 37. … зезыхьэ и Iэпэ йобзей. 38. Пхъэщхьэмыщхьэ. 39. Жьы дыдэу, … къищIа нэужь, зекIуэлIхэр гъуэгу теуващ. 41. УэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ … Иринэ. 43. ЦIыху зэтетым, хабзэ зыхэлъым хуэгъэзауэ а псалъэр къагъэсэбэп. 46. Махъсымэ къызыхащIыкI зэхэгъэва. 47. Спорт зэхьэзэхуэм 2-нэ увыпIэр къыщызыхьым абы къыхэщIыкIа медаль ират. 48. Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ псыежэх.
  • Къехыу: 1. Абы пэгунитI фIадзэурэ псыхьэ ирокIуэ. 2. Фадэ гуащIэ. 3. Пэшым къыщIэIукIащ сымаджэ хьэлъэм и … макъ. 4. Район, къалэ, псыежэх. 5. Псы, гъэш хуэдэхэр зракIэ кумбыгъэ. 7. ЦIыхубзитI зэфIэнам язым адрейм иредз: «Уи … къысщыхуэ!». 10. … псэумэ, пыIэ щыщIэркъым. 12. ЧнутIым нэгъуэщIу зэреджэ. 14. Щыгъын фIэдзапIэу къудамэ куэд зытет пкъо. 15. Щхьэгъубжащхьэр … защIэ хъуащ. 17. Цы закъуэ. 18. Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс куэдкIэ щылэжьа, щыпсэуа, мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 60 ирикъу усакIуэ, журналист, КъШР-м къыщыдэкI «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ … Увжыкъуэ. 20. Щыгъын Iуэхум пыщIа IэщIагъэлI. 21. Къэбэрдей усакIуэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыта. 25. Удз, купсэ кIыхьрэ кунэщIу. ЦIыхум яшх. 26. Мэш хьэуазэ. 30. Зи кIапэ лъэныкъуэм фIэгъэнапIэ иIэ бжэгъу кIыхь. 31. ХьэкIэкхъуэкIэ. 35. Iэщым хузэхащIэ Iус. 36. И … Тхьэм къибгъэжащ (фIы зэхъулIам хужаIэ). 39. Гъэгъа хужь Iэрамэ дахэхэр къызыпыкIэ жыг. 40. … къызэрыхъуу, сабийхэр уэрамым къыдэужьгъащ. 41. Унагъуэ псэущхьэ щхьэзыфIэфI. 42. КъуийцIыкIу бзаджагъэкIэ къигъэпцIа домбеижь. 44. Шы зимыIэм … къещэху. 45. ГъукIэм и Iэмэпсымэ.
  •  Зэхэзылъхьар  Мыз Ахьмэдщ.
  • Бадзэуэгъуэм и 10-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 1. Дэлъху. 3. КъуенцI. 5. Ажэгъуэмэ. 7. Даур. 8. Псэху. 9. Кугъуэ. 14. Арыкъ. 15. Убых. 17. Къыкъ. 18. Бжьыдзэ. 19. Нэд. 21. Быж. 23. ЩIыхэу. 25. ЛIыжь. 26. Сахуэ. 27. Къурыкъу. 32. Гущэ. 34. ИкIута. 35. Лэпс. 36. КIэпIейкIэ. 37. МацIэ. 38. Нэхущ.
  • Къехыу: 1. Дадий. 2. Хуарэ. 3. Къуэпс. 4. ЦIахуцIэ. 6. Гъуагъуэ. 10. Балъкъ. 11. ЩIыIуб. 12. Абгъуэ. 13. Ахын. 16. Пыпхэ. 17. Къэб. 20. Дыжь. 22. Жасы. 23. ЩIыхуэ. 24. Уэркъ. 25. ЛIакъуэ. 28. Шхийм. 29. Пщае. 30. ЩIасэщ. 31. КхъуакIэ. 33. Елэн.