ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэ

2021-07-15

  • КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам хэтащ куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэр (орфаннэ) зыпкърытхэр къэхутэнымрэ ахэр гъэхъужынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ щIэныгъэ-практикэ конференцым.

  • ЗэIущIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щекIуэкIын хуейуэ щытат, ауэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэм къыхэкIыу, онлайн жыпхъэм иту къызэрагъэпэщащ.
  • Конференцым къыщыпсэлъащ федеральнэ медицинэ центрхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ я IэщIагъэлIхэр, ди республикэм и дохутыр пажэхэр.
  • — Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм ехьэлIауэ Урысей Федерацэм и къэрал политикэм нобэ щигъэнэхъыщхьэхэм ящыщщ куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэр зыпкърыт сымаджэхэм зыхуэныкъуэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр егъэгъуэтынымрэ хущхъуэкIэ къызэгъэпэщынымрэ, — жиIащ министрым зэIущIэр къыщызэIуихым. – Мы илъэсым и пэщIэдзэм УФ-м и Президентым и унафэкIэ къэунэхуа «Круг добра» фондым узыфэ хьэлъэ зыпкърыт сабийхэм фIагъ лъагэ зиIэ Iэзэгъуэхэр ягъуэтынымкIэ мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ. Абы ехьэлIауэ республикэми Iуэху щхьэхуэхэр къыщетхьэжьащ. Академик Бочков            Н. П. и цIэр зезыхьэ медико-генетикэ щIэныгъэ центрыр ди дэIэпыкъуэгъуу щIыналъэм щыщу гипофосфатазие узыфэр зыпкърыт сабийхэр и чэзум къэхутэным теухуауэ лэжьыгъэ идогъэкIуэкI.
  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэр нэхъ пасэу къэхутэным теухуауэ щыIэ Iэмалхэм, ар сабийм зэрыпкърытыр къозыгъащIэ нэщэнэхэр зыхуэдэм, апхуэдэу клиникэ щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэпкърахащ.
  • Конференцыр сыхьэтитхукIэ екIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу дохутыр 70-м нэблагъэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ республикэхэм я IэщIагъэлIхэуи апхуэдиз дыдэ.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.