ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр телъыджэр

2021-07-15

  • КъБР- р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу, томитIу зэхэт тхылъ къызэрымыкIуэ дунейм къытехьащ.

  • Налшык дэт, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ ягъэлажьэ тедзапIэм иджыри къэс ди республикэм теухуауэ къыдэкIа тхылъ псоми ефIэкIыу пIэрэ жозыгъэIэ къыдэкIыгъуэм гъуэгу щигъуэтащ. Ар «Къэбэрдей-Балъкъэр телъыджэр» («Кабардино-Балкария: чудо природы») зи фIэщыгъэ тхылъырщ. «Тхыдэм и хъумапIэ зыфIаща республикэм и хъугъуэфIыгъуэхэр» псалъащхьэм къызэIуех Котляровхэ Мариерэ Викторрэ зэхагъэува а тхылъышхуэр. Сурэтхэм елэжьар Щоджэн Жаннэщ.
  • Зи гугъу тщIы томитIыр ди щIыналъэм и дахапIэу къалъытэ щIыпIэхэм топсэлъыхь. НапэкIуэцI щэ бжыгъэхэм я щIыIум щызэблокI нэм къедэхащIэ къуэхэр, мывэ лъэмыжхэр, псыкъелъэ хъархэр, щIыщIагъ гуэлхэр. Абыхэм къакIэрыхуркъым цIыхуIэм къызэфIигъэува, лIэщIыгъуэ бжыгъэ зыщIэкIа мывэ ухуэныгъэхэр, къурш гущIыIум ит къалэхэр, кхъэлъахэ пагэхэмрэ пасэрей кхъэлэгъунэхэмрэ. зэман жыжьэмрэ щIыналъэм щызэблэкIа лъэпкъыжьхэмрэ я щыхьэт пэжу къызэтена фэеплъхэщ абы къыщыгъэлъэгъуар.
  • Тхылъыр Iыхьэ 12-у зэхэтщ: «Налшыкрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ», «Бахъсэн аузыр», «Тызыл къуэр», «Ищхъэрэ Iуащхьэмахуэ лъапэр», «Дзэлыкъуэ щIыналъэр», къинэмыщIхэр. Дэтхэнэ Iыхьэри зытеухуам ухэзыгъэгъуазэ тхыгъэ кIэщI инджылызыбзэкIэ къыщыхьащ тхылъым. КъыдэкIыгъуэр тыгъэ пщIынуи уи унэ ибгъэлъынуи хъуэпсэгъуэу гъэщIэрэщIащ, «Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу» дамыгъэр тегъэуащ, езыр къут зэмыфэгъум илъщ.
  • ЧЭРИМ Марианнэ.