Гъуэгу махуэ, «Адыгэ дуней» лъэпкъ фонд!
2021-07-06
- «Зыхэдывгъалъхьи щымыIа лIыгъэ,
- дыкъыщIэвгъэкIхэ зэрамыгугъэу!»
- IутIыж Борис.
- Налшык дэт Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и академием щызэхашащ адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъумэнымкIэ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и лъэтеувэ пшыхьыр. Ар иригъэкIуэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Табыщ Мурат.
- Фондыр къызэрагъэпэщащ философие щIэныгъэхэм я доктор, Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и академием и япэ проректор Хъурей Феликс, Урыху (Къугъуэлъкъуей) дэт курыт еджапIэ №2-м адыгэбзэм-рэ адыгэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат ХьэцIыкIу Рае, экономист, жылагъуэ лэжьакIуэ Къып Гупсэ сымэ. Хасащхьэм хэтхэщ УФ-м и Федеральнэ зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м къыбгъэдэкIыу щыIэ сенаторым и дэIэпыкъуэгъу Махуэ Владимир, усакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ, юрист, жылагъуэ лэжьакIуэ Аскэр Атилэ, КъБР-м ЩIы Iуэхухэмрэ мылъкур зегъэкIуэнымкIэ и министерст-вэм и IэщIагъэлI, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и егъэджакIуэ Гугъуэтыж Ахьмэд, Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм адыгэ нэтынхэр гъэхьэзырынымкIэ и къудамэм и редактор, журналист Бакъ Мадинэ сымэ.
- — Ди хабзэмрэ бзэмрэ къагъэщI дунейм гъуни нэзи иIэкъым. Нобэ апхуэдэ дуней къытхузэрагъэпэщыжыну, нэгъуэщI мыхъуми абы и зы кIапэ дытрагъэплъэну, адыгэм гукъэкIкIэ, гукъыдэжкIэ, гулъытэкIэ зыкърагъэцIыхужыну гупыж зыщIа анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэнымкIэ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и лъэтеувэр нобэ догъэлъапIэ, — жиIащ Табыщ Мурат пшыхьыр къыщызэIуихым. — Дуней къутахуэ жыдоIэ. Дэ нобэ хым и IуфитIымкIэ дыщIэкIуэр зэлъэпкъэгъухэр дызылъэIэсын, дызэрыщIэн, зым имыгъуэтыр, хуримыкъур, хущыщIэр адрейм и деж къыщилъыхъуэжын, ар зэхалъхьэжу зы лъэпкъ дызэрыгъэхъужын папщIэщ. «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и лъэтеувэр зытеухуа-ри а тхуримыкъур зы щIыпIэ къыщытлъыхъуэжу, ар из тщIыжу иридгъэкъужын папщIэщ. Нобэрей Iуэхум къекIуэлIа псоми фIыщIэ фхудощI, сыту жыпIэмэ абы пыщIа дэтхэнэри ди зэхуэдэ пщэрылъщ. Зи Iуэху дэкIым и ужь итыр къыщIэхъуэ быныращи, хамэ бын, хамэ сабий щыIэкъым — щIэблэр псоми ди зэхуэдэщ. А щIэблэм и дахэмрэ и фIымрэ зыхэлъ Iуэхугъуэ хъуну дыщогугъ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондыр. Дэ лъэпкъ цIыкIукIэ укъыдэджэну игъуэу къыщIэкIынукъым, ауэ къыддекIуэкI хабзэр, IуэрыIуатэр, адыгэшыр, адыгэ гупсысэр дуней псом хэIущIыIу щыхъуащи, абы иджы нэхъ щIэщыгъуэу нэгъуэщIынэкIэ хэдгъэплъэжыну утыку къитхьащ.
- — Дунейм дылъэщIэмыхьэу зехъуэж. Къалэнышхуэщ ди нэхъыжьхэм къытхуагъэна хабзэ дахэхэр тхъумэжыным теухуа ди пщэрылъыр. Зи чэзу а Iуэхур жэрдэм ищIащ акъылрэ щIэныгъэрэ зыбгъэдэлъ ХьэцIыкIу Рае. Адрейхэр псори абы дридэIэпыкъуэгъуу аращ. Нобэ фыкъызэрыхьа мы жьэгум куэд илъэгъуащ. Нэхъыбэрэ фыкъакIуэу, мы фондым фыхэту фылажьэмэ ди гуапэщ. ГъащIэм къызэригъэлъагъуэщи, фондым къиIэта Iуэхугъуэхэр лъэпкъым дэр-дэру зэфIэдмыхмэ, зыми игъэкIуэтэнукъым. Дэ зыдмыхъумэжмэ, апхуэдэ Iуэху къытхузэрахуэнукъым. Къэунэхуа фондым лъэпкъым насыпрэ зыужьыныгъэрэ къытхудэкIуэну дыщогугъ, — жиIащ Хъурей Феликс.
- АдэкIэ псалъэ зылъагъэ-са ХьэцIыкIу Рае къыхигъэщащ Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгейми ис ди лъэпкъэгъухэм я диалект-хэр къанэу зы литературэбзэ диIэ хъуауэ, хамэщI щыпсэу адыгэхэр къекIуэлIэжу зы къэралышхуэ дыхъужыну и нэгу къызэрыщIигъэхьэр, ди щIэблэр щIэныгъэм зэрыхуэмынэхъуеиншэр, щIэныгъэр лъапIэныгъэу зэрыщытым и щапхъэ адэ-анэхэм я быным зэрырамыгъэлъагъур, щIэныгъэ зыбгъэдэлъыр къызэрыпхуэмыгъэпцIэнур, апхуэдэхэр зэрыщхьэхуитыр, тыншу зэрыдамышэхыфыр, еджапIэ кIуэ я сабийхэм хуэфащэ гулъытэ адэ-анэхэм зэрыхуамыщIыр, абыхэм цIыху къищIыкIын папщIэ я гъащIэм хэтын зэрыхуейр нэсу зэрызэхамыщIыкIыр, къалэхэм я мызакъуэу, иджыпсту адыгэ къуажэхэм унагъуэхэми, сабий гъэсапIэхэми, курыт еджапIэхэми щIэи жьыи хамэбзэкIэ зэрыщызэпсалъэ хъуар лъэпкъым ди тхьэмыщкIагъэхэм зэращыщыр, урысыбзэмрэ инджылызыбзэмрэ яджми, къэзылъхуам къыIуралъхьа бзэр япэ ирагъэщын, ягъэкIуэтэн, ди IэмыщIэ илъ лъапIэныгъэхэр тхъумэжын зэрыхуейр, анэдэлъхубзэкIэ мыпсалъэ сабийм ди лъэпкъым къытемыхуэ нэгъуэщI гупсысэ зэриIэнур, нобэ быным ирамыта адыгэ щыIэкIэм, гупсысэкIэм, Iурамылъхьа адыгэбзэм къыпэкIуэу жьы хъуа цIыху зеиншэхэр здапIыжым адэ-анэр къыщыхутэныр къызэрыхэкIынкIэ хъунур, лъэпкъым Iуэху зэрызэдащIэфыну, зэрызэкъуэувэфыну, хъыбархэр зэрызылъагъэIэсыфыну «Адыгэ псалъэ» газетым Iэ зэрытрамыдзэр, ар къызэрамыгъэсэбэпыр.
- — Лъэпкъхэм тфIэфIщ гушыIэ гуэрхэр зыхэтлъхьэурэ зыр адрейм тIэкIу дыщIэнакIэу дыгушыIэну. Чукчэхэм апхуэдэ куэд зэраIэр дощIэ, ауэ адыгэхэр абыхэм дащыдыхьэшх хъунукъым. Ахэр мащIэщ, ауэ лъэпкъщ. ЮНЕСКО-м кIуэдыжыну къигъэлъэгъуа лъэпкъхэм чукчэхэр хиубыдэркъым икIи зы щIэныгъэлIми жиIэркъым ахэр кIуэдыжыну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ я бзэр яIурылъщ, я хабзэр яIыгъыжщ. Дэ кIуэдыжыным дыхабжащ, арщхьэкIэ дыпсалъэмэ, ди тхыдэм дрогушхуэ, лъэпкъыу щыIэм дранэхъыфIу зытлъытэжынкIи тIэу деплъынукъым. Дауэ хъуми, кIуэдыжыным дызэрыхабжар гуащIэмащIагъыу пIэрэ? Мис а гупсысэращ адыгэ фондыр къэхъуныр къызыхэкIар, — къыхигъэщащ ХьэцIыкIу Рае. — ДиIэщ дыщыIэн, дыпсэун хуейщ жызыIэ нэгъуэщI зэгухьэныгъэхэри. Тхьэм я мурадыр къаригъэхъулIэ, дэри, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ хасэри дыщыIэщ. АбыхэмкIэ зытхуэхъумэжыфыну щытамэ, ди щхьэ кърикIуэнум дызэрытегузэвыхьым хэхъуэурэ дыIэпхъуэнтэкъым. Зэманым и гъусэу докIуэ жытIэурэ, зы щIыпIэ дынэса нэужь, дымыадыгэу дыкъыщIидзыжынкIи зэрыхъунырщ мы фондыр щIызыхэтшам и щхьэусыгъуэр. Ауэ абыкIи зэфIэкIыркъым, цIыхум я фIэщ ухъун, Iуэхур къыбдаIыгъын хуейщ. IутIыж Борис лъэIуауэ щытащ: «Зыхэдывгъалъхьэ щымыIа лIыгъэ, дыкъыщIэвгъэкIхэ зэрамыгугъэу!», — жиIэри. Мис абы нобэ и чэзущ. Догугъэ ди гупсысэр зы хъуну, зым адрейр и фIэщ хъуну, ди бзэм хуэфащэ пщIэ игъуэтыжыну, ди щэнхабзэм зиужьыну, ар зыхузэфIэкIын, ар адэкIэ зыгъэкIуэ-тэн щIэблэ къытщIэхъуэну. Аращ дызытелэжьэнури. А гугъэшхуэр фондым хэт гупым ди закъуэкIэ тхузэфIэкIынукъым. ФыкъыщIедгъэблэгъар дыздэвгъэлажьэ, дыздэвгъэIэпыкъу. УмыувыIэу укIуэмэ, зы щIыпIэ уносри, дымыувыIэу дыкIуэну дызэгурывгъаIуэ. Къетхьэжьа Iуэхур къыдэхъулIэну, ди сабийхэм адыгэбзэр яIурытлъхьэжыфыну, зыкъэдужьыжыну, дефIэкIуэну Тхьэм жиIэ.
- Къаныкъуэ Заринэ пшыхьым кърихьэлIахэм зыубгъуауэ яхутепсэлъыхьащ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондыр зэрылэжьэнумрэ зыфIихыну Iуэхухэмрэ. Апхуэдэу псом япэу мылъкур зытекIуэдэну къигъэлъэгъуахэм ящыщщ щэнхабзэр, щIэныгъэр, бзэр, хабзэр хъумэнымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ, фондым и управленэм хэтхэм зэгухьэныгъэр къагъэсэбэпу мылъку зэрагъэпэщынуи, дэIэпыкъуэгъухэм къыхалъхьэхэр я щхьэ IуэхукIэ къагъэсэбэпын мурад зэрамыIэр, управленэм хэтхэри абыкIэ зэрыарэзыр, фондыр лэжьэну зэрыхуитым-кIэ къэралым тхылъ къызэрыритар, гупыж зыщIхэм абы зэрызыщагъэгъуэзэфынур, политикэм пыщIа Iуэху къызэрыдамыхынур, зэрыхэмытынур, политикэ партхэм зэрадэмылэжьэнур, цIыхухэм я гупсысэр зы щIыпIэ трашэнымкIэ ап-хуэдэхэм зэрадэмыIэпыкъунур, гукъыдэж зыщI цIыху щхьэхуэхэм къыхалъхьэ IуэхуфIхэм зэрытелэжьэнур. Фондыр зэрыщыIэну пIалъэр зэкIэ яубзыхуакъым. Нэхъыщхьэр бзэр ягъэлэжьэнырщ, лъэпкъыр зэкъуэту щыIэнырщ, ар зэкъуэзыгъэувэ нэщэнэхэм, анэдэлъхубзэм зрагъэужьынырщ, щIэблэр зыщыщ лъэпкъымрэ абы и тхыдэмрэ ирагъэщIэнырщ, пщIэ хуащIу, зыужьыныгъэм, мамырыгъэм ягу етауэ къагъэхъунырщ, зым адрейм пщIэ, нэмыс хуэщIын лъапIэныгъэхэр нэгъэсауэ къыгурагъэIуэнырщ, ахэр яхъумэнырщ. А Iуэхугъуэхэр къехъулIэн папщIэ лъэпкъым и тхьэмадэхэм, зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэныр яфIэигъуэщ.
- — ЗэгурыIуэ зи яку дэлъхэрщ, ипэкIэ плъэхэрщ Iуэху зэдэзыщIэфыр, дэзыхыфыр. Ди пщэ дэтлъхьэжащ зэпеуэ, фестиваль, семинар хуэдэхэр къызэдгъэпэщыну, Iуэху зэIумыбзхэм хэкIыпIэхэр къахуэдгъуэтын папщIэ. Сыт длэжьми дытепсэлъыхьми зытедгъэпсауэ щытынур лъэпкъ гупсысэкIэ шэщIа диIэнырщ, адыгэ гъащIэм щIэныгъэр нэгъэсауэ хэтынымрэ узэщIыныгъэм гулъытэ хуэщIынымрэщ. Хасащхьэм хэтхэм япэ идгъэщынур адыгэбзэращ. Си щхьэкIэ фондым сыщIыхыхьар аращ. Адыгэбзэр къыщежьэр унагъуэращ, ар зыIулъхьэн хуейр адыгэ сабийращ. ХьэцIыкIу Рае сымэ япэ ирагъэщри аращ — я гъащIэ псор зытраухуари сабийм ядэлэжьэнырщ, — жиIащ Къаныкъуэм. — Хамэ къэралхэм къыдагъэкIа таурыхъхэр ди бзэкIэ щызэддзэкIа щыIэщ. Сыдихьэхыуи селэжьат, ауэ гурыIуэгъуэщ сыт хуэдизу екIуу зэбдзэкIми, нэгъуэщI къэралым щытраха мультфильмкIэ ди сабийм адыгэ хьэл зэратхухэмылъхьэнур. Фондым япэ иригъэщ Iуэхугъуэхэм ящыщщ цIыкIухэм папщIэ апхуэдэ мультфильмхэр къызэгъэпэщыныр. Сабий IыгъыпIэхэм екIуалIэхэм анэдэлъхубзэр ящIэн папщIэ яхуэщхьэпэн щIэныгъэ тхылъхэр, къахуэсэбэпын лэжьыгъэхэр, зыхуеину аудио, видео, нэрылъагъу дэIэпыкъуэгъухэр къыдэдгъэкIынущ, курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэр щрагъэдж пэшхэр егъэджэныгъэм къыщысэбэп иджырей IэмэсымэхэмкIэ къызэдгъэпэщынущ. Курыт еджапIэхэм, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэсхэм адыгэбзэмкIэ, адыгэ литературэмкIэ, лъэпкъ тхыдэмкIэ зэпеуэхэм, олимпиадэхэм къыщыхэжаныкI еджакIуэхэм стипендие яхуэдгъэувынущ, ахэр зыгъэхьэзыр егъэджакIуэхэр дгъэлъэпIэнущ. Адыгэ дунейм щIэныгъэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ Iэужь зиIэхэр гъэфIэныр, абыхэм защIэгъэкъуэныр пщэрылъ зыщещIыж фондым. ХамэщI щыпсэу адыгэхэм анэдэлъхубзэр зэрагъэщIэнымкIэ защIэдгъэкъуэнущ. ЩIэныгъэ-узэщIакIуэ центрхэр щIыналъэхэм къыщызэдгъэпэщынущ. Хуитыныгъэ диIэщ дыщIыщыIэмрэ дызыхуеймрэ теухуа хъыбар-хэр дгъэIуну, ди щIыналъэми хамэ къэралхэм щыIэ зэгухьэныгъэхэми запытщIэну, дадэлэжьэну, Iуэху ядэтщIэну, мылъкукIэ защIэдгъэкъуэну, зыдэдгъэIэпыкъуну. Фондыр щыIэнущ, пщэрылъ зыщищIыжахэри игъэзэщIэнущ лъэпкъым къыдиIыгъмэ, и унэтIыныгъэхэр игъэзахуэ-рэ абы фIыгъуэ кърикIуэну къилъытэрэ мылъкукIэ зыкъыщIигъакъуэмэ. Ар лэжьэфынукъым лъэпкъым зытегузэвыхьын имыIэу псори зэпэщу дыкъэгъуэгурыкIуэу къилъытэмэ. Апхуэдэу къэралым щызекIуэ хабзэхэм къимытIэс фондым ищIэнукъым. Ахэр къалэн зыщещIыж «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым. Бзэм ехьэлIа Iуэху щыблэжьмэ, къемызэгъ Iуэху иужь уиту къазэрыщыхъу еплъыкIэ мыхъумыщIэр дызэхыхьэу дгъэкIуэдын хуейщ. Лъэпкъыр дымащIэми, дуней псом дытепхъами ди гур дымыухыжу щIэблэм ягу къыщIиубыдэн едгъэлъагъун хуейщ.
- КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэ, институтым и унафэщIым и къуэдзэ Хьэщхъуэжь Заретэ фондыр зи жэрдэмхэм, ар гукъэкI зыщIахэм фIыщIэ яхуищIащ, «Адыгэ дуней» фондым и пщэ дилъхьэжа къалэнхэр къехъулIэну зэригуапэр къыхигъэща нэужь, и псалъэм къыхигъэщхьэхукIащ лъэпкъыбзэр, лъэпкъ гупсысэкIэр, лъэпкъым и дуней лъагъукIэр, зэхэтыкIэр пхъумэныр, адэкIэ бгъэкIуэтэныр зэрыIыгъыу, зэрыубыдауэ егъэкIуэкIын, дэтхэнэ зыми и щхьэм, и унагъуэм деж ар къыщыщIидзэу зэдагъэкIуэтэн хуей Iуэхуу зэрыщытыр, фондым мыхьэнэ иIэну зэрыщыгугъыр, лъэпкъ Iуэхур бгъэкIуэтэныр нобэ мытыншми, къэралым ди пщэ кърилъхьэжа а лэжьыгъэр Iэпэдэгъэлэл тщIы зэрымыхъунур, псори зэкъуэувэмэ абы зэрыпэлъэщынур.
- Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и артист икIи режиссёр Къанкъул Ислъам къытеувыIащ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым ядэлэжьэн зэрыщIидзэрэ куэд мыщIами, икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIахыну зэрыхунэсам, дапщэрэ яхыхьами и гуапэ дыдэу гукIи псэкIи зэрахэтыр, нэхъыбэрэ сахэтарэт, лэжьыгъэ нэхъыбэ дэсщIащэрэт зэрыжиIэм. Абы щIалэгъуалэр къыхуриджащ нэхъыбэу фондым IуэхукIэ зыщIагъэкъуэну, лэжьыгъэ щхьэпэхэр дащIэну.
- — ЦIыхухэм нэхъри зыкърагъэцIыхуну гукъыдэж ящIу фондым и лъэтеувэр иджы зэхашами, ар куэд щIауэ мэлажьэ, мыхьэнэ зиIэ IуэхугъуэфI куэди ящIэну хунэсащ. Иджыпсту дунейм и къэхъукъащIэхэм, зэхъуэкIыныгъэхэм хэхъуэ, гъащIэр нэхъ псынщIэу кIуэ хъуащ. Аращи хъума хъунури тхуэхъумэнури тщIэркъым. Ахэр къэдгъэнэхуэн хуейщ. Убэлэрыгъ хъунукъым, узэплъэкIыжмэ лъэпкъыр щымыIэжынкIэ хъунущ. «Адыгэ дуней» фондым лъэпкъыр къыдэщIэрэщIэжыну Тхьэм жиIэ! — къыхигъэщащ сурэтыщI цIэрыIуэ Црым Руслан и псалъэм.
- АдэкIэ зэхыхьэм къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ къыхалъхьа фондым игъэзэщIэну къигъэлъэгъуа пщэрылъхэр гурэ псэкIэ зэрыдаIыгъынур, нобэ хуэдэу дяпэкIи хамэбзэр япэ ирагъэщмэ, илъэс 30-40 дэкIмэ адыгэбзэ зыIурылъ щымыIэжынкIэ зэрышынагъуэр, анэдэлъхубзэр щIэблэм хуахъумэн зэрыхуейр, абы щхьэкIэ аудио тхылъхэр, видеонэтынхэр и тхьэкIумэм имыкIыу адыгэбзэкIэ ирагъэдэIуэн, анэхэр я бынхэм адыгэбзэкIэ епсэлъэн зэрыхуейр, бзэр лъэпкъым фIэкIуэдмэ, и хабзэри щэнхабзэри зэрыфIэкIуэдыр, къызыхэкIар ямыщIэжу дунейм къызэрытенэнур.
- Фондым и лъэтеувэм ирихьэлIэу къагъэхьа хъуэхъу телеграммэхэм къеджащ. Апхуэдэхэщ Мэзкуу къалэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и къулыкъущIапIэм и кардиосымаджэщ IуэхущIапIэм и реанимацэ къудамэм и унафэщI, гууз лIэужьыгъуэхэмкIэ IэщIагъэлI Щоджэн Заур, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ хасэм и къудамэу КъШР-м щыIэм и унафэщI Шэрджэс Расият, Кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъумэнымкIэ Истамбыл дэт хасэм и тхьэмадэ Щоджэн Iумит, Тыркум и Адыгэ хасэхэм я хасащхьэм и Iэтащхьэм къабгъэдэкIхэр.
- ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ «Черкесский ренессанс» зэгухьэныгъэм и унафэщI Жылэгъащтэ Хьэчим, «Нартиадэ» гупым и тхьэмадэ ГунжафIэ Тобий сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Зэхыхьэр ягъэдэхащ «Бзэрабзэ» гупым, абазэ-адыгэ пшыналъэхэмкIэ «Бзабзэ» гупым и пшынауэ Iэзэ Iэпсэ Дианэ сымэ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.