ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«НыбжьыщIэ псоми — зэхуэдэ Iэмал»

2021-06-11

  • Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ проект егъэлажьэ Урысейпсо цIыхубэ фронтым (ОНФ), егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм жыджэру ядэлажьэ волонтёрхэм я зэфIэкIыр къигъэсэбэпу. ОНФ-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIыналъэ къудамэм хэт щIалэгъуалэм ящыщ куэди хэтщ проектыр зыгъэзащIэхэм. Иджыблагъэ абыхэм къыхалъхьащ гъэмахуэ лагерхэм кIуэурэ, абы зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэм я гъусэу пщэдджыжь зарядкэр ящIыну.

  • Iуэхур яфIэхьэлэмэтщ къызэзыгъэпэщахэми абы къыхашэ сабийхэми. Ар нэрылъагъу дыдэ щыхъуащ Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэм» и гупэм иIэ утыкушхуэм. Мы пщэдджыжьхэм абы щокIуэкI зэхыхьэ хьэлэмэт: жэрдэмщIакIуэхэр я унэтIакIуэу IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм зарядкэ ящI, лъэр щIэзыгъэкI макъамэ дахэм щIэту. Ар ирегъэ-кIуэкI армрестлингымкIэ спортым и мастер, ОНФ-м егъэджэныгъэ программэ нэхъыфIхэмкIэ иригъэкIуэкIа зэпеуэм щытекIуахэм ящыщ ТхьэмылIокъуэ Ислъам.
  • Урысейпсо, дунейпсо спорт зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу пашэ щыхъуа спортсмен цIэрыIуэм къызэрилъытэм-кIэ, ныбжьыщIэхэр физкультурэмрэ спортымрэ дегъэхьэхын хуейщ цIыкIу щIыкIэ.
  • — А Iуэху еплъыкIэр ди гъуэгугъэлъагъуэу къыхэтлъхьащ «Чемпионым и гъусэу зарядкэ дощI» проектыщIэр, — жеIэ Ислъам. — Апхуэдэ зэдэлэжьэкIэр нэхъ щIэщыгъуэ мэхъу абы хэт псоми я дежкIэ, сыту жыпIэмэ сабийхэм къахуэкIуэ спортсменхэм ящыщ дэтхэнэми Iуэхум цIыкIухэр дэзыхьэх щIэ гуэр зэрыхилъхьэным хущIокъу. Языныкъуэхэм деж зарядкэ нэужьым ебгъэкIуэкI хъунущ уэ узыхуэшэрыуэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэхьэзэхуэ кIэщI цIыкIухэр. Абы зэрыхэтынур зи гурылъ сабийхэр нэхъ жыджэру къокIуалIэ икIи яфIэфIу хэтщ пщэдджыжь зарядкэм.
  • «ДыгъафIэ къалэм» щригъэкIуэкIа зарядкэм  ипэ къихуэу, гъэмахуэ лагерым щыIэ ныбжьыщIэхэм ТхьэмылIокъуэр яхутепсэлъыхьащ армрестлингым, а спорт лIэужьыгъуэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэмрэ Iэмал хэхахэмрэ къытеувыIэу. ИужькIэ, Iэпкълъэпкъ зэрыгъэкIыныр зэфIэкIа нэужь, абы  сабийхэр тIурыту игуэшри IэпщэкIэ зэпригъэIащ.
  • Спорт Iэмэпсымэ щхьэхуэ уиIэн хуейуэ къэзымыгъэув армрестлингыр ныбжьы-щIэ куэдым ягу ирихьащ. ОНФ-м хэт щIалэгъуалэ жыджэрхэм я мурадщ «ДыгъафIэ къалэм» зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэм я пщэдджыжь зарядкэм ди республикэм и нэгъуэщI спортсмен цIэрыIуэхэри кърашэлIэну. Псори зытеухуэжар зыщ — къытщIэхъуэ щIэблэм узыншагъэ яIэу къэгъэхъунырщ, сабий псоми сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи зэхуэдэ Iэмал етынырщ.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.