ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сабиипсэр зыузэщI бзылъхугъэ щыпкъэ

2021-06-11

  • КъытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм етыныр, абыхэм я псэр щIэныгъэм хуэбгъэушыныр, къыдэпхьэхыныр икIи школ кIуэгъуэм къызыхуэтыншэу хуэбгъэхьэзырыныр икъукIэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнщ, абы къищынэ-           мыщIауи, гугъущ. Мыхьэ- нэшхуэ зиIэ а Iуэхур къызыхуэтыншэу щызэфIэпхыфынур уи IэнатIэм гурэ псэкIэ убгъэдэтмэщ, дзыхь къыпхуащIамкIэ жэуаплыныгъэ зыхэпщIэрэ адрейхэм щапхъэ уахуэхъун хуэдэу лэжьыгъэр епхьэкIмэщ.

  • Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэ дахэщ бгъэдэлъыр Аруан щIыналъэм и жылэ нэхъыщхьэ Нарткъалэ дэт «Налмэс» сабий садым и унафэщI Семэн Iэсият Леонид и пхъум. Ар зи пашэ гъэсапIэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Сабийхэм я къэухьым зегъэужьыным гулъытэшхуэ щегъуэт садым. Абы папщIэ IуэхущIапIэм къыщызэ-рагъэпэщауэ хъарзынэу щолажьэ сабийхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр, зэчий зэмылIэу-жьыгъуэхэр наIуэ къэзыщIу адэкIи зезыгъэужь гупжьей-хэр. Зы унагъуэшхуэм хуэдэу зэдолажьэ гъэсакIуэхэри абы  къекIуалIэ цIыкIухэм я адэ-анэхэри. Шэч хэмылъу, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ дахэм и лъабжьэр зыгъэбыдэр IуэхущIапIэм и пашэ Семэныращ.
  • Сабиипсэ къабзэм хуэдэу зи псэр зэIуха Iэсият нобэ егъэлъапIэ къыщалъхуа махуэр. Илъэс бжыгъэ дахэ ирикъу бзылъхугъэ гуакIуэм, цIыху гуапэм, унафэщI щыпкъэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм дохъуэхъу и дунейр дахэрэ узыншагъэ иIэу, фIыгъуэр и куэду псэну.
  • Уи гур зэIухауэ цIыхум уадокIуэкIри, Iэсият, абы и сэбэп къокIыну ди гуапэщ. Беягъ нэхъ лъапIэу     уиIэ уи унагъуэм исхэм яхууиIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъуну, щIэблэр гъэсэным, щIэныгъэ етыным, гъащIэм хэшэным пыщIа уи IэщIагъэм и хъер плъагъуу а IэнатIэр куэдрэ епхьэкIыну, цIыхубзым и гур зыщIэхъуэпс, насыпу къилъытэ псомкIи Тхьэр къыпхуэупсэну ди гуапэщ.
  • «Налмэс» сабий садым и лэжьакIуэхэмрэ
  • абы зи бын екIуалIэ адэ-анэхэмрэ.