ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Езыр хъурейми, топым нэрымылъагъу дзакIэхэр иIэщ

2021-06-04

  • Абы  шынагъуэ  Iэджи  пыщIащ.
  • Дриплъэжынти  тхыдэм.
  • НаIуэу зэрыщытщи, лъакъуэкIэ топ къехуэкIыныр, футболыр къэзыгупсысар инджылызхэрщ — ар и цIэ дыдэми къыбжеIэ. XII лIэщIыгъуэм щыIа джэгукIэр иджырейм хуабжьу къыщхьэщыкIырт сыткIи. ШыкIэкIэ куда хъыдан хъурейуэ зэкIуэцIышыхьар зым трихрэ, адрейм Iэрыхьэу уэрамхэм къыщрахуэкIырт. Куэдрэ къэхъурт джэгум хэт цIыхуипщIыр иужькIэ щызэзэуэж. НэгъуэщI къэрал икIа гуэрым итхыжащ: «Мыр джэгукIэмэ, сыт «зэзауэ» жыхуаIэжыр».

  • Инджылызым и пащтыхь Эдуард ЕтIуанэм то-пыр лъакъуэкIэ къехуэкIыныр уд IэщIагъэу, хабзэм къемызэгъыу игъэуву, футболист зыбжанэ хьэпсхэм ирадза иужь, джэгур къалэхэм дахын хуей хъуащ.  Ауэ властхэр абы нэхъ игъэгузэва къудейщ. 1389 гъэм пащтыхь Ричард ЕтIуанэм игъэуващ футболистхэм я щхьэхэр палъэн хуейуэ. А унафэр щакъутэжар 1603 гъэрщ. Апхуэдиз шынагъуэ пылъми, инджылызхэм джэгукIэ телъыджэр ди деж къахьэсащ. Ауэ езы футболри шынагъуэншэу зэи щытакъым.
  • ЦIыху минихым нэблагъэ
  • Пэжу, шынагъуэр къызыпкърыкIыр джэгукIэртэкъым. Футболым дуней псор щыдихьэха XX лIэщIыгъуэм зэIущIэхэр щрагъэкIуэкI стадионхэм цIыхухэр Iуву щызэтрихьэ хъуащ. Япэ дыдэу насыпыншагъэ къыщыхъуар Глазгощ. 1902 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м Шотландиемрэ Инджылызымрэ я командэ къыхэхахэр абы и стадионым щыщызэдэджэгум трибунэхэм ящыщ зыр къеухри, цIыху 25-рэ щIипIытIащ, 517-м фэбжь ягъуэтащ. Хуабжьу гуауэшхуэт 1964 гъэм накъыгъэм и 24-м Перум и щыхьэр Лимэ къыщыхъуар. Къызэхуэсахэм зыкъра-тIащ, судьям ищIар ямы-дэу. Ахэр ягъэсабырын мурадкIэ, полицейхэм нэпс къыщIэзыху газ къагъэсэбэ-пащ. Абы зыщахъумэу зи щхьэр езыхьэжьа цIыхухэм ящыщу 301-рэ хэкIуэдащ.
  • Нэхъыжьхэм ящIэж СССР-м и зэманым ди къэралым къыщыхъуауэ щыта гуауэри. 1982 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м Москва и «Спартак»-мрэ Голландием къикIа «Харлем»-мрэ я зэIущIэм и кIэухым стадио-ным къикIыжхэр, зэрызекъуэу хуежьэри, цIыху 66-рэ хапIытIащ.
  • Апхуэдэ нэщIэбжьэхэр мащIэкъым икIи ахэр зи Iэужьыр зыгуэрхэм я мурад бзаджэхэртэкъым, атIэ спорт къулыкъущIэхэм е хабзэхъумэхэм я гудзакъэншагъэрт.
  • АрщхьэкIэ щыIащ стадионхэм къыщыхъей къаугъэхэмрэ зэпэщIэувэны-гъэхэмрэ цIыхухэр щыхэкIуадэ. 1990 гъэм бадзэуэгъуэм и 7-м Сомалим и къалащхьэ Могадишэ и стадионым щызэхуэсахэм къапэщIэхуэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр ядзу щIадзащ къэралым и прези-дент Сиад Барре Мухьэмэд зэрыс трибунэмкIэ. Абыхэм къахэуэн щIадзэри, президентым и щхьэхъумэхэм псори зэхэту цIыху 62-рэ яукIащ, 200-м щIигъу уIэгъэ ящIащ.
  • Езы джэгупIэ губгъуэми къыщыхъуахэри урикъунущ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм я зэхуэдитIым Аргентинэм и «Хувентуд», «Хенераль Кабальеро» командэхэм я зэIущIэм арбитр Леон Бегудо джэгум хихуащ Хосе Марсиаль. АрщхьэкIэ губгъуэм икIыным и пIэкIэ щIалэм судьям ефыщIауэу щIидзащ. Зы псалъи жимыIэу мыдрейм кIэрахъуэ кърихри, къепщэфыIар иукIащ, и пIэ къимыкIыу. ХэкIуэдам илъ иужькIэ ищIэжауэ жаIэ футболистым и къуэшым.
  • И гущIэгъуншагъэкIэ, уеблэмэ абы щхьэпрыкIат Колумбием и командэ къыхэхам щыщ Эскобар Андрес къыщыщIар. Ар хуабжьу цIэрыIуэт. 1990, 1994 гъэхэм екIуэкIауэ щыта дунейпсо чемпионатитIым хэтат ауэ етIуанэрейр хуэугъурлакъым. США-м и гуп къыхэхам щыдэджэгум къригъэгъэзэну лъакъуэр зыпэщIидза топыр езым и гъуащхьэм дэкIащ. Американхэр 2:1-уэ зытекIуа Эскобар сымэ чемпионатыр ябгынэн хуей хъуащ. Колумбием щыщ Кастрэ Умбертэ къилъытащ Андрес и къуаншагъэр лъыкIэ фIэкIа ипшыныж мыхъуну. Абы Медельин и бархэм ящыщ зым щIэс Эскобар зэкIэлъхьэужьу шиплI тригъэсхьащ, «Гооол!» жиIэурэ. Илъэс 43-рэ тралъхьэри ягъэтIысащ, арщхьэкIэ и пIалъэр къэмысу — илъэс 11-кIэ фIэкIа щымысауэ, лъэхъуэщым кърагъэкIыжащ, зэрыжыIэдаIуэм къыхэкIыу. Колумбием футболисту ущыщытыну шынагъуэщ — иужь илъэс 22-м абы щаукIащ джэгуакIуэ 12.
  • Зэрыщыту къапщтэмэ,        XX лIэщIыгъуэм футболым егъэщIылIа Iуэхухэм хэкIуэдащ цIыху мини 6-м нэс, мини 7-м щIигъум фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр хахащ.
  • Быдагъэм и щапхъэ
  • Телъыджэ хъунт, цIыху куэд дыдэм фIыуэ ялъагъу футболыр мурад зэмылIэужьыгъуэхэм егъэщIылIауэ къамыгъэсэбэпамэ. Апхуэдэ ди къэралым къыщыхъуащ Хэку зауэшхуэм и зэманым икIи уващ ди цIыхухэм я быдагъэм, къызэфIэмыщIэныгъэм, псэемыблэжыныгъэм я щапхъэу.
  • 1942 гъэм и гъатхэм Гитлер игъэIуат Октябрь революцэм и гущапIэ Ленин-град псэ хэмытыжу. Ещанэ рейхым пропагандэмкIэ и министр Геббельс жиIэрт а къалэр зыми имыхъумэжу, нэмыцэхэр абы щIыдэмыхьэм и щхьэусыгъуэ закъуэри къыщыукъубея уз зэрыцIалэм зэрызыщадзейр арауэ. А пцIыр сэтей къащIын, Ленинград зэрыпсэур, зэрызауэр, зэи зэрызимытынур дуней псом ирагъэлъагъун хуейт. АбыкIэ IэмалыфIт футбол зэIущIэр. Ауэ ар къызэбгъэпэщыну тынштэкъым. ЩIалэхэм я нэхъыбэр фронтым кIуат, къэнахэри IэнатIэ зэмыщхьхэм тегуэшат. Сытми, футболист командитI къагъуэтащ. 1942 гъэм накъыгъэм и 31-м стадионым и губгъуэм ихьащ «Динамо»-мрэ «Зенит»-мрэ. Джэгур дакъикъэ щэщI-щэщIу IыхьитIу гуэшауэ ирагъэкIуэкIыну зэгурыIуащ. Нэхъыбэ я къарум дэхуэнутэкъым. ЩIалэ уэдыкъуахэр джалэмэ, езыр-езыру къэтэджыжыфыртэкъым. «Динамо»-р 6:0-у текIуащ, ауэ ар зыми къыфIэIуэхуакъым. Нэхъыщхьэр радиокIэ стадионым иращIыкI репортажыр цIыху мелуанхэм зэрызэхахырт. Ар бий хьэщхьэрыIуэм и дежкIи удынт.
  • А илъэс дыдэм и гъэмахуэм Киев и «Динамо»-мрэ «Флакельф» нэмыцэ командэмрэ зэрызэдэджэгуамрэ абы кърикIуахэмрэ теухуауэ блэкIа лIэщIыгъуэм и хыщI гъэхэм траха «Ещанэ тайм» фильмым дэ деплъыфыртэкъым ди нэпсхэр къыщIэмыжу. Нацистхэр хуейт текIуэныгъэ: ардыдэмкIэ къыщагъэхъунут арий расэр псоми ефIэкIыу, абы пэлъэщын щымыIэу. Зыпэмыплъа гуэр къэмыхъун щхьэкIэ, «Динамо»-м ткIийуэ хуагъэуват зитыну. ЩIалэхэм ящIэрт емыдаIуэмэ, зэраукIынур. Ауэ итIани икIуэтакъым, я псэр ятмэ нэхъ къащтащ. Зэрытлъагъущи, футболми текIуэныгъэр къигъэблагъэрт.
  • Политикэ дыдэт
  • 1936 гъэм СССР-м футболымкIэ и япэ чемпионатыр екIуэкIащ. А зэманым псом нэхърэ нэхъ лъэщт Дзэ Плъыжьым и ЦДКА командэр. Щхьэусыгъуэр къызэрыгуэкIт: ди къэралым и футболист нэхъыфIхэр  дзэм ираджэурэ, хагъэхьэрт. Ауэ иужькIэ абы ар зэран къыхуэхъужауэ щытащ.
  • ЕтIуанэ дунейпсо зауэр иуха нэужь, Совет Союзым  и пщIэм хуабжьу хэхъуащ. Ар, уеблэмэ ирагъэблэгъащ 1952 гъэм Хельсинки щекIуэкIыну Олимп зэхьэзэхуэхэм хэтыну. Псом хуэмыдэу ди футболистхэм абыхэм егугъуу зыхуагъэхьэзырат. Куэдым къалъытэрт ди щIалэхэм зыри къатемыкIуэну, арщхьэкIэ… Югославием и командэм къигъэлъэпэрэпащ. Пэжу, мыбдежи ди къэралым и лIыкIуэхэм лIыгъэ щызэрахьат: 60-нэ дакъикъэм ирихьэлIэу 5:1-уэ къатекIуэми, джэгум и кIэухым бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжыфат. КъыхущIагъуа зэманым лъэныкъуэхэр зэрытегъэкIуакъым. ЩIэрыщIэу зэдэджэгужын хуей хъуащ етIуанэ махуэм. Ди футболистхэм а пIалъэ кIэщIым ирихьэлIэу я къарур яхузэфIэгъэувэжакъым. Ныкъуэкъуэгъухэр къатекIуащ 3:1-уэ.
  • Мис ар егъэлеяуэ къемызэгът. Ди командэм югославхэм нэмыщI хэт къытекIуами, апхуэдэу къафIэIуэхунутэкъым. Щхьэусыгъуэри белджылыт: зауэм и зэманым апхуэдизу зыдэIэпыкъуа Югославиер СССР-м и жьауэм къыщIэувэн щимыдэм бий кIэрыуфIыцI зэрыгъэхъуат Сталин Иосифрэ а къэралым и Iэтащхьэ Титэ Броз Иосип-рэ. АтIэ, «Зы лъэбакъуэкIи фыкъимыкIуэт!» унафэ цIэрыIуэм Iэ щIэзыдза вождым       ар къыпхуидэнт?!
  • Командэ къыхэхам зи футболист нэхъыбэ хэт ЦДСА-р (ЦДКА) зэбгра-хуащ, абы и тренер нэхъыщхьэ Аркадьев Борис СССР-м щIыхь зиIэ и мастер цIэр трахыжащ, футболиститху зы илъэскIэ джэгупIэ губгъуэм ихьэ мыхъуну ягъэуващ.
  • Мис ар политикэ унафэ дыдэт!
  • Зауэ кърикIуат
  • Политикэр здынэмыс щыIэкъым. АрщхьэкIэ, телъыджэращи, «футбол зауи» щыIащ. Тетыгъуэр зыIэщIэлъ языныкъуэхэр хьэзырщ я къэралым и пщIэр «хамыутэн» папщIэ я цIыхухэм ялъ ягъэжэну. Ди насыпщи, апхуэдэ зэ закъуэ фIэкIа къэхъуакъым.
  • 1969 гъэм дунейпсо чемпионатым и кIэух зэпеуэм ягъэкIуэнухэр къыщыхах зэIущIэхэр екIуэкIырт. Гондурасымрэ Сальвадорымрэ я зэIущIэр 1:0-уэ япэрейм къихьэхуащ. Мис абдежщ къаугъэр къыщыхъеяр. «Сэ ди къэралым къыщыщIа апхуэдэ напэтехыр схуэхьынукъым!» — жиIэри зиукIыжащ Сальвадорым щыщ         зы цIыхубзым. КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэм Сальвадорым щыщ щIалэхэм хей защIыжащ 3:0-у. Ауэ абыхэм къадэщIу Гондурасым икIахэр яубэрэжьащ. Жэуапым куэдрэ пэплъакъым: Гондурасми щыкIуэцIакъухьащ я гъунэгъум и цIыхухэр. КъэралитIым я командэхэр ещанэу щызэIущIащ Мехикэ. Мыбдеж щытекIуащ Сальвадорым ейр — 3:2-уэ. Ауэ лъэныкъуэхэр зэрыгъэплъакIэт.
  • 1969 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м Сальвадорым Гондурасым зауэ ирищIылIащ икIи и дзэхэр абы и щIыналъэм игъэкIуащ. Абыхэм «бийм» и къали 8 яубыдащ, ауэ адэкIэ кIуэтэфакъым: я танкхэр къэувыIэн хуей хъуащ бензин зэрамыIэм къыхэкIыу — Сальвадорым           и гъэсыныпхъэ гъэтIылъыгъэхэр Гондурасым и авиацэм зэтрикъутат. ГъэщIэгъуэн къэхъуат: зым и къарухэр ипэкIэ кIуэтэфыркъым, адрейм ахэр и щIыналъэм кърихужыфыртэкъым. Америкэ къэрал-хэм я зэгухьэныгъэм а тIури я пIэ иригъэувэжащ. МахуихкIэ екIуэкIа зауэм псори зэхэту цIыху минихым нэс хэкIуэдауэ къалъытэ.
  • Аращи, дэ тлъэгъуащ зи гугъу тщIы джэгукIэм шынагъуэ куэд зэрыпыщIар.  Ауэ езы футболым сыт и лажьэ? ИугъащIэ а джэгукIэм.
  •  
  • Махъшокъуэ  Мухьэмэд.