Тхыдэ къулей зиIэ
2021-06-04
- Буэнос-Айрес Аргентинэм и щыхьэрщ икIи Америкэ Ипщэм и къалэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ. ЦIыху мелуанищым нэблагъэ щыпсэу къалэр Риачуэло псым и ижьырабгъу Iуфэм Iусщ,Атлантикэ хым километр 275-кIэ пэжыжьэу.
- ЗыплъыхьакIуэ кIуэхэм я нэгу зыщрагъэужьыну щIыпIэхэр мыбы щыгъунэжщ. Къалэм дунейр щыхуабэщ гъэмахуэми щIымахуэми, ауэ зэи дыгъэр щыгуащIэкъым. НэгъуэщI къэралым икIыу кIуэхэм Аргентинэм и щыхьэрым и тхыдэ къулейм зыщагъэгъуэзэну Iэмал псори щыIэщ.