ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр  илъэси  100  щрикъум  ирихьэлIэу

2021-06-04

  • И  псалъэм пщIэ щимыIэ къэхъуакъым
  • Ди республикэм и тхыдэм цIыху щэджащэ куэд хэтащ, нобэ лъахэм щекIуэкI псэукIэр зэтеувэным хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуащIауэ. Апхуэдэхэм ящыщщ Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэр. Зи гъащIэ гъуэгур республикэм и тхыдэм къыпхугуэмых а къулыкъущIэр нобэ жьантIэм дэс дэтхэнэ зыми и нэгум щIэтщ гъащIэ блэкIам и дамыгъэу.

  • Мэлбахъуэ Тимборэ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Мэртэзей къуажэм 1917 гъэм къыщалъхуащ. Абы курыт еджапIэр къыщиуха нэужь, инженер IэщIагъэм хуеджэну и мураду, ар Новочеркасск дэт институтым щIэтIысхьащ. ИужькIэ а зэманым Дзауджикау (Владикавказ) щылажьэ мэкъумэш институтым зригъэдзыжри, агроном IэщIагъэр иIэу абы къыщIэкIащ.
  • Дзэм къулыкъу щищIэу, Хэку зауэшхуэр къэхъейри, Тимборэ фронтым кIуащ. Вагъуэ Плъыжь орденымрэ медаль зыбжанэрэ и бгъэм хэлъу ар 1946 гъэм Хэкум къэкIуэжащ. А илъэс дыдэм Мэлбахъуэм КПСС-м и Къэбэрдей обкомым и мэкъумэш къудамэм и унафэщIым и къуэдзэу лэжьэн щIидзэри, 1985 гъэ пщIондэ парт къулыкъущIэу екIуэкIащ. А зэманым щыщу илъэс 30-кIэ ар КПСС-м и обкомым и япэ секретару лэжьащ.
  • «Утыку узэрихьэр лъапэщи, укъызэрикIыжыр напэщ», — жеIэ адыгэм. 1985 гъэм илъэс 68-рэ хъууэ Мэлбахъуэ Тимборэ зигъэпсэхуну тIысыжащ, ауэ абы и ужькIи и псалъэм пщIэ имыIэу щытакъым. 90 гъэхэм республикэм къыщыхъея Iуэху зэхэзэрыхьахэр гуащIэ щыхъум, Мэлбахъуэ Тимборэ и ущиеми цIыхубэр щIэдэIуауэ щытащ.
  • Мэлбахъуэм и зэманращ республикэм щIэныгъэм хэпщIыкIыу зыщыщиужьар, а лъэхъэнэм къызэIуаха еджапIэхэм я нэхъыбэр нобэми мэлажьэ. УкъызыхэкIа лъэпкъыр къыпфIэмыIуэхунымрэ уи анэдэлъхубзэр умыщIэжынымрэ емыкIуу хэлъым шэрыуэу, уигъэукIытэу ар зэрытепсэлъыхьу щытар гукъинэжщ. А псалъэхэм я мыхьэнэр ноби кIуэдауэ пхужыIэнукъым: «Лъэпкъыр къызэрыпцIыхур и бзэмрэ и псалъэмкIэщ. Дэ езым ди бзэм, ди лъэпкъым пщIэ яхуэдмыщIыжынумэ, сыт лъэпкъ гъуазджэти, лъэпкъ щэнхабзэти жытIэу къыщIэджыхьынур, анэдэлъхубзэкIэ апхуэдиз тхылъ къыщIыдэдгъэкIынур? Хэт абы хуейр? Зи бзэр зымыщIэжхэмрэ зыщIэну хуэмеиххэхэмрэ?! ИIэ-тIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ жыдмыIэу, ди щIыналъэм «Налшык щIыналъэ» фIэдвгъэщ, дэри гугъу демыхьу, къэралри апхуэдизу къыдэмылIалIэу».
  • БлэкIам пщIэ щIыхуащIыр япэ итахэм къащIэна акъылымрэ зэфIэкIымрэ зыфIамыгъэкIуэду я нобэм трагъэлэжьэн щхьэкIэщ. Мэлбахъуэ Тимборэ хуэдэ цIыхушхуэхэр щIагъэлъапIэр и Хэкум мурадыфI хуэзыщIа дэтхэнэ зыри и къарум щымысхьын, IуэхуфIхэр иукъуэдиифын, гугъуехьхэм къапимыкIуэтын папщIэщ. Апхуэдэ дуней тетыкIэм утезыгъэгушхуэ фэеплъщ Тимборэ къызэринэкIа псалъэ Iущхэр, «Мэлбахъуэм и дэфтэрхэр» фIэщыгъэм щIэту литературэ тхыдэм къыхэнахэм щыщ ди тхыгъэм кIэух хуэтщIыну дыхуейт: «Къулыкъум фыхуэмыпабгъэ, саугъэтхэмрэ утыкумрэ фыхуэмынэпсей. Фи напэр къабзэу фи IэнатIэр фхьы. Фи пщIэнтIэпсымрэ акъылымрэ зэдэщIыгъуу фIыуэ фылажьэмэ, зы Iэмэпсымэ абрагъуэм и Iыхьэ къудейуэ фызэрыщытыр фщIэжу  езыр-езыру фыкъалъагъунущ. Къулыкъу лъагэхэри цIэ лъапIэхэри фемыджауэ къыфхуеблэгъэнущ».
  • Къэбарт Мирэ.
  • Къэралми  ди  щIыналъэми  я  цIыху  цIэрыIуэ
  • КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым  хыхьэ  Тырныауз къалэм 1941 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, абы агроном IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м. 1964 гъэм КIуэкIуэм лэжьэн щыщIидзащ Бахъсэн щIыналъэм и «Трудовой горец» колхозым. 1970 гъэм Мэкъумэш хозяйствэм и экономикэмкIэ Союзпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и аспирантурэр Москва къыщиухри, ар лэжьакIуэ ирагъэблэгъащ КъБАССР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщIу, иужькIэ «Лэскэн» совхозым и директор ящIащ.
  • 1974 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэси 9-кIэ КIуэкIуэ Валерэ партым и Аруан райкомым и унафэщIу лэжьащ. А лъэхъэнэм наIуэ къэхъуащ IэщIагъэлIым и зэфIэкIыр. УнафэщI щыпкъэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм и нэIэм щIэт щIыналъэр щIэх дыдэу республикэм и экономикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI ищIащ.
  • Къэралыр щытыкIэ гугъум щихуа 90 гъэхэм ирихьэлIэу, КIуэкIуэ Валерэ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и тхьэмадэт. Республикэм къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэр игъэупщIыIун папщIэ, политик Iущым икIи жыжьэ плъэм хэкIыпIэхэр къигъуэтащ — ар и къулыкъум текIащ, жылагъуэ Iуэхур и щхьэ закъуэ Iуэхум япэ иригъэщри. АрщхьэкIэ мази 4 нэхъ дэмыкIыу, КъБР-м и цIыхубэм аргуэру и дзыхь иригъэзащ политик цIэрыIуэм, къэрал лэжьакIуэ пашэм — КIуэкIуэ Валерэ хахащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президенту.
  • Акъылышхуэ зыбгъэдэлъ политик Iущым хузэфIэкIащ жылагъуэр зэрыхуа щытыкIэ хьэлъэм къришу щIыналъэм зэпIэзэрытыныгъэр щызэтриублэжын, лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэрэ лъыгъажэрэ Iуэхум къыхимыгъэхьэу. Республикэм щыпсэу цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэфIыр гъэбыдэным, абы лъэпкъ зэгурыIуэныгъэ илъыным хущIэкъуащ КIуэкIуэ Валерэ. ЩIыналъэм и экономикэ лъэщагъым хэгъэхъуэн, псэукIэр егъэфIэкIуэн — апхуэдэ Iуэхугъуэхэрщ мычэму зэлэжьар къэрал къулыкъущIэр. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу республикэм щытепщэ хъужащ зэгурыIуэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ.
  • КъБР-м и япэ Президентыр сыт щыгъуи хущIэкъуащ Урысей Федерацэр гъэбыдэным, абы хыхьэ щIыналъэхэр щхьэхуиту щытын зэрыхуейри IэщIыб имыщIу.  КIуэкIуэ Валерэ и фIыгъэкIэ ди щIыналъэм экономикэ, щэнхабзэ пыщIэныгъэ куухэр яхуиIэ хъуащ гъунэгъу республикэхэм, областхэм, крайхэм. Ноби ефIакIуэ а зэдэлэжьэныгъэхэр сэбэп яхуэхъуащ лъэныкъуэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэм.
  • КIуэкIуэ Валерэ пщIэшхуэ щиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми. УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэу, Къэрал Советым хэту, ар жыджэру хэлэжьыхьащ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр зэфIэхыным, цIыхубэм я сэбэп зыхэлъ унафэхэр къэщтэным икIи гъэзэщIэным.
  • КъБР-м, УФ-м я политикэ, экономикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэхэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, КIуэкIуэ Валерэ къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэ куэд. Абыхэм ящыщщ «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и II, III нагъыщэхэр, Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь, «ЩIыхьым и Дамыгъэ», Зэныбжьэгъугъэм, Октябрь революцэм я орденхэр.
  •  НэщIэпыджэ Замирэ.
  •  
  •  ПщIэ  зиIа   лэжьакIуэ
  • Къущхьэ Сэхьид щIэблэ игъуэтыным хуэпабгъэу илъэси 10-кIэ псэуауэ, иужькIэ къахэхъуа сабиитIри щIэх дыдэу лIэжат. Ещанэм щыпэплъэм, апхуэдэ гузэвэгъуэ иджыри къалъэмыIэсын папщIэ, адыгэхэм я фIэщ хъууэ, сэбэп къахуэхъуу щыIэ нэщэнэхэр къагъэсэбэпащ. Апхуэдэ зы нэщэнэт сабий къалъхуагъащIэр занщIэу кIыщым яхьрэ, гъущI гъэплъар зэрагъэупщIыIу псымкIэ ягъэпскIыу, «кIыщ» хэту цIэи фIащу зэрыщытар. ЩIалэ цIыкIум апхуэдэ хабзэхэр кIэлъызэрахьэри, КIыщыкъуэ фIащащ.
  • ЩIалэр, Тхьэм узэрелъэIун жыхуаIэм хуэдэу, жану, нэжэгужэу, гурыхуэу, жыIэдаIуэу къэхъуащ. Ар дунейм къытехьат 1923 гъэм накъыгъэм и 1-м. Абы иужькIэ къалъхуащ Гъумар, Замилэ, нэхъыщIэ дыдэу Мухьэжид сымэ.
  • Хуэкъулейтэкъым Сэхьид и бынунэр, ауэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, щхьэж хузэфIэкIыр ищIэу, яшхынрэ ящIэнрэ ягъуэту къэгъуэгурыкIуащ. Адэ-анэм бынхэр адыгэ хабзэм щIапIыкIырт, нэхъыжьхэм, цIыхубзхэм, сабийхэм гулъытэ, пщIэ хуащIу, езыхэр зэрыIыгъыу, нэмыс яхэлъу псэуну яущийрт. Сэхьид лэжьыгъэр фIыуэ илъагъурт, бзэ IэфI Iурылът, псэлъэрейтэкъым, жиIами тетыжт. Абы фIыуэ илъагъурт икIи гукIэ ищIэрт цIыху губзыгъэхэм я псалъэ Iущхэр — псом хуэмыдэу Къэзанокъуэ Жэбагъы, Нэгумэ Шорэ сымэ къытхуагъэнахэр. ЛIэщIыгъуэ блэкIам, 20-30 гъэхэм псэуныгъэр нэхъ гугъуу щыщытам, Къущхьэхэ я гъунэгъухэм гу лъатэрт, адэм унагъуэ Iуэхухэр сабийхэм ящхьэщихыурэ, еджэным нэхъ егугъуным зэрыхуиущийм.
  • Абыхэм кIэщIу жэуап яритауэ щытащ Сэхьид: «Зэманым псори къигъэлъэгъуэнщ». ИкIи мыгувэу ар наIуэ къэхъуащ. КIыщыкъуэ еджапIэм щIэтIысхьа нэужь, еджэным и гур хуабжьу етауэ, егъэджакIуэм жиIэр псынщIэу къипхъуатэу къыщIэкIащ. Абы къыхэкIкIэ, егъэджакIуэхэм я советым и унафэкIэ, зы илъэсым 1-нэ, 2-нэ классхэр кърагъэухауэ щытащ.
  • Япэ дыдэу къуажэ школыр къэзыуха цIыху 11-м ящыщащ КIыщыкъуэ. Абы «5» защIэкIэ еджэныр къызэрырихьэлIам щыхьэт техъуэ дэфтэрым щытхъу тхылъ и гъусэу къратыжат. А зэманым дыщэ медаль яту щытакъым. Школыр къэзыухахэм я аттестатхэр щыIэрагъэхьэж гуфIэгъуэ пщыхьэщхьэр 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къуажэми районми ягъэлъэпIэну траухуауэ щытат. Пшыхьыр дахэ дыдэу зэфIэкIат. Ауэ а жэщым и пщэдджыжьым гум имыхужын нэщхъеягъуэшхуэр къэхъуащ — нэмыцэхэр ди къэралым къытеуащ. Школыр къэзыухагъащIэ КIыщыкъуэ, тхьэмахуитI нэхъ дэмыкIыу, зауэм ираджэ, Краснодар дэт дзэ училищэм мазихкIэ щрагъаджэри, топгъауэ взводым и батареем и командир ящI.
  • Зауэ нэужьым КIыщыкъуэ къыхуагъэфэщащ Дзэ академием щIагъэтIысхьэну, ауэ адэ-анэм я лъэIукIэ, абы къигъэзэжащ щалъхуа щIыналъэм. КПСС-м и Iуащхьэмахуэ райкомым и къудамэм и унафэщIу илъэсиплIкIэ, абы иужькIэ секретару лэжьащ. Къэбэрдей институтыр, Горскэ мэкъумэш институтыр къиухащ. 1950 гъэм и ныбжьыр илъэс 27-м иту КIыщыкъуэ партым и Тэрч райкомым и япэ секретару хах. ЗэфIэкI хъарзынэ зэриIэм гу лъатэри, мыгувэу Налшык къашэж партым и обкомым и мэкъумэш къудамэм и унафэщIу.
  • Зэман дэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и обкомым и секретару, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу хахащ. КъБР-м и Правительствэм КIыщыкъуэ щылэжьащ илъэс 21-кIэ. Абы щыщу илъэс 16-кIэ Правительствэм и УнафэщIу (1969-1984 гъ. гъ.), щэнейрэ КПСС-м и съездхэм я лIыкIуэу щытащ. КъБАССР-м, РСФСР-м, СССР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я депутату илъэс 30-кIэ къекIуэкIащ.
  • Нэхъыжьхэм ящIэж, а илъэсхэм республикэм зэрызиужьар: экономикэм, щIэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ хуабжьу ипэкIэ кIуэтат. А псоми илъэс 40-м щIигъукIэ псэемыблэжу хэлэжьыхьащ КIыщыкъуэ, IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэм пэрыту. ИкIи цIыхубэм я псэукIэр ефIэкIуэн папщIэ Iуэхугъуэ куэд гъащIэм хипщащ.
  • Къущхьэ КIыщыкъуэ зыцIыхуахэм ар я гум къинэжащ цIыху хьэлэлу, гуапэу, нэмысыфIэу, гущIэгъу хэлъу, фIы зэрилэжьыным хущIэкъуу зэрыщытамкIэ.
  •  Шыпш Даянэ.
  •  
  •  Лъэужь дахэ къэзыгъэна
  • Совет, урысей жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБАССР-м и Министрхэм я советым  и унафэщIу щыта Дохъущокъуэ Мусэ 1932 гъэм Нагорнэ районым хиубыдэу щыта Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. ВЛКСМ-м и ЦК-м деж щыIэ комсомол школ нэхъыщхьэм журналистикэмкIэ и къудамэр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухащ. Агроном щIэныгъэлIщ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидатщ.
  •  
  • 1950 — 1957 гъэхэм ВЛКСМ-м и Нагорнэ райкомым и етIуанэ, иужькIэ и япэ секретару лэжьащ. 1960-1974 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIым япэ къуэдзэ IэнатIэр иIыгъащ. 1974-1980 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м ЦIыхубэ къэпщытэныгъэмкIэ и комитетым и унафэщIу, 1980 — 1984 гъэхэм КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару щытащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсиплIым лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу. 1989 — 1994 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм и унафэщI къулыкъур иIыгъащ.
  • Дохъущокъуэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуищIащ  жылагъуэ-политикэ Iуэхум. Езыр КПСС-м и XXVII  съездым и лIыкIуэу, РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зэхуэсыгъуэ зыбжанэм я депутату щытащ. КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и рескомым хэтащ. IэнатIэу зыпэрыта псори пщIэ иIэу ирихьэкIащ, дэтхэнэми и гуащIэ хилъхьэу.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщIым и къуэдзэу илъэс куэдкIэ лэжьащ Дохъущокъуэ Мусэ. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидатым гулъытэшхуэ хуищIырт республикэм абы и лъэныкъуэкIэ и Iуэху зытетым. IэнатIэ нэхъыщхьэ куэдым жэуаплыныгъэ хэлъу пэрыта щIэныгъэлIым зэфIэкI иIэт, гъащIэм куууэ хищIыкIырт, езым и хьэл-щэнкIэ зэпIэзэрытт, пенсэм щыкIуами, и гуащIэр изт. Ар УФ-м и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэм егъэщIылIа совету Ипщэ федеральнэ округым щыIэм, КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щыIэ жылагъуэ-чэнджэщакIуэ советым я лэжьыгъэм жыджэру хэтащ. Дохъущокъуэ Мусэ и зэфIэкIымрэ и гуащIэмрэ хуэфащэ пщIэ игъуэтащ. Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь, «ЩIыхьым и Дамыгъэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденхэр къыхуагъэфэщащ.
  • Дохъущокъуэ Мусэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Кавказ Ищхъэрэм и бгылъэ губгъуэхэр» (1972 гъэ), «Нэхъыщхьэр нэгъуэщIхэм я деж щыпхь жэуапырщ» (1988 гъэ), «Къэбэрдейм ис Дохъущокъуэхэмрэ Дэхъушыкъуэхэмрэ» (2001гъэ), «ЩхьэдэхыпIэм и гъунапкъэ нашэкъашэ» (2003 гъэ), «Зэманым, цIыхухэм, щIым ятеухуауэ» (2015 гъэ) тхылъхэр.
  • Дохъущокъуэ Мусэ дунейм ехыжащ 2015 гъэм. Абы хузэфIэкIащ лъэужь дахэ къигъэнэну.
  •  Гугъуэт Заремэ.
  •  
  • Республикэм зегъэужьыным и гуащIэ  хелъхьэ
  • Илъэс куэд щIауэ республикэм и къулыкъущIэхэм яхэт Зумакулов Борис и цIэр фIыкIэ къраIуэу къогъуэгурыкIуэ. И псалъэм пщIэ иIэщ, и Iуэху бгъэдыхьэкIэм арэзы укъещI.
  • 1940 гъэм щIышылэм и 15-м Тырныауз къыщалъхуащ парт, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ хъуа Зумакулов Борис. Абы и къыдэкIуэтеигъуэр техуат республикэр хэлъэт зиIэ щIалэщIэхэм щахуэныкъуэ зэманым. Зумакуловым хэлът а псор: ищIэм нэхърэ нэхъыбэ къищIэну хущIэкъурт, Iуэху гуэр и пщэ далъхьэмэ, узыщигъэтхъуу игъэзащIэрт. 1962 гъэм, и ныбжьыр илъэс 22-м иту, ВЛКСМ-м и Къэбэрдей-Балкъэр обкомым и секретару, иужькIи и япэ секретару хах. Зумакуловым и Iуэху дэхыкIэм гу къылъатэри, 1972 гъэм ВЛКСМ-м и ЦК-м щылэжьэну яшэ, Лениным и цIэр зезыхьэ Союзпсо пионер зэгухьэныгъэм и совет нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ IэнатIэр кърат. 1975 гъэм Зумакуловыр КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым къашэж — щIалэм республикэр хуэныкъуэт.
  • КПСС-м и обкомым и къудамэм и унафэщIу, и секретару, и етIуанэ, и япэ секретару щытащ ар.
  • Партым и лъэлъэжыгъуэм абы къыдэлэжьа куэд утыкум икIыжащ, ауэ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, иужькIэ и доктор лэжьыгъэри пхызыгъэкIа Зумакуловым пищащ и гъуэгуанэм.
  • КПСС-м и ЦК-м жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ и академиер къэзыуха политик жыджэрыр 1992 — 2001 гъэхэм КъБР-м социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэмкIэ и министру лэжьащ.
  • Зумакулов Борис итхащ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд, статьяхэр, тхылъ щхьэхуэхэр, методикэ лэжьыгъэхэр.
  • 2001 гъэм Зумакуловыр КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ  и уполномоченнэ хъуащ. А IэнатIэм зэрыпэрытрэ абы «КъБР-м жылагъуэм, цIыхум я хуитыгъэр зэрыщызэтеувэр» серием щIэту тхылъ 12 къыдигъэкIащ.
  • И ныбжькIэ пенсэ кIуэгъуэ хъуами, ар жыджэру и IэнатIэм пэрытщ, республикэм и зыужьыныгъэм и гуащIэ хелъхьэ.
  • Зумакуловым и тхылъ нэхъыфIхэм ящыщщ «О времени и о себе» зыфIищар. Абы и гукъэкIыжхэм дыкъыщоджэ Гагарин Юрий, итальян тхакIуэ цIэрыIуэ Родари Джани, Чилим и компартым и унафэщI Корвалан Луис, Совет Союзым и маршалхэу Баграмян Иван, Голиков Филипп, Конев Иван сымэ ятеухуа гъэщIэгъуэн куэдым.
  • Зумакулов Борис илъэгъуамрэ илэжьамрэ цIыху гъащIэ зыбжанэм тебгуашэми, гуащIэкIэ хуэгъэнщIынут. АтIэми, ар зы цIыху гъащIэм къотIасэ.
  • Гъуэт Синэ.
  • УсакIуэт, политик IэкIуэлъакIуэт
  • Геттуев Магомет Исмэхьил и къуэр балъкъэр  усакIуэщ, парт лэжьакIуэу щытащ. Ар 1916 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м къыщалъхуащ Гундэлэн къуажэм. 1938 — 1940 гъэхэм «Социалистическая Кабардино-Балкария» газетым щылэжьащ. 1941 гъэм партым и Шэрэдж райкомым и къудамэм и унафэщIу лажьэу IукIри, 1942 гъэм фронтым кIуащ.
  •  
  • 1944 гъэм, балъкъэр лъэпкъыр щрагъэкIым, ар къыщыхутащ Къыргъыз ССР-м. 1946 — 1956 гъэхэм Къыргъыз, Таджик ССР-хэм я газетхэм щылэжьащ. 1955 гъэм Ленинабад къэрал педагогикэ институтым филологиемкIэ и къудамэр къеух, 1957 — 1961 гъэхэм «Коммунизмге жол» газетым щолажьэ. 1961 гъэм КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и лекторщ. 1967 — 1979 гъэхэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIщ, РСФСР-м и Совет нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIым и къуэдзэщ.
  • ГеттуевМагомет и гуащIэм, зэфIэкIым, лIыгъэм папщIэ къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэу Октябрь революцэм и орденыр, Хэку зауэ орденым и езанэ, етIуанэ нагъыщэхэр, «Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь» орденыр, Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и орденыр.
  • Геттуев литературэми Магомет литературэми купщIафIэу щылэжьащ. Абы усэхэмрэ поэмэхэмрэ итхын щIидзащ 1940 гъэхэм. Хэкум къигъэзэжа нэужь, усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэр цIыхубэм ягу дыхьащ — усыгъэм къыхэщырт ар и щIыналъэм псэкIэ зэрыхуэзэшар. БалъкъэрыбзэкIи урысыбзэкIи Геттуевым и тхылъхэр къыщыдэкIырт Налшыки Москваи. Ар ящыщщ балъкъэр художественнэ литуратурэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм. Геттуевыр ядэлэжьащ совет лъэхъэнэм и макъамэтх, уэрэдус куэдым. Къапщтэмэ, Геттуевым и усэхэм макъамэ щIэзылъхьахэм ящыщщ Фельцман Оскар, Лядовэ Людмилэ, Гладков Геннадий, нэгъуэщIхэри. А уэрэдхэр ягъэзащIэрт Пьехэ Эдитэ, Лещенкэ Лев, Толкуновэ Валентинэ.
  • 1975 гъэм Геттуевым къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и цIыхубэ усакIуэ» цIэр.
  • Геттуев Магомет 1985 гъэм дунейм ехыжащ.
  • Мырзэкъан Дисэ.
  • ИпэкIэ плъа унафэщI
  • Жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным. 1960 — 1970 гъэхэм республикэм и идеолог нэхъыщхьэу къалъытэу щыта ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд ящыщт совет, парт унафэщI нэхъ пажэхэм,  цIыхубэ хозяйствэр зи къару емыблэжу къэзыIэтыжахэм, щIыналъэм и социальнэ-щэнхабзэ, политикэ Iуэхухэр егъэфIэкIуэным елэжьахэм.
  • Зэманым и лIыхъужькIэ уеджэ хъунущ ШэджыхьэщIэм. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым республикэм и щIэныгъэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм зегъэужьыным абы гулъытэшхуэ зэрыхуищIар. Абыхэм ящыщт КъБКъУ-р, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтыр, ПТУ-мрэ техникум пщIы бжыгъэхэмрэ, школыщIэхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, кинотеатрхэр, къуажэ клубхэр, Музыкэ театрыр (япэу балет щагъэувар) къызэIухыныри, филармонием и симфоние оркестрыр къызэгъэпэщыным,  журналыщIэхэмрэ газетхэмрэ къыдэгъэкIыным, къыдагъэкI тхылъ бжыгъэм хагъэхъуэным зэрыхэлIыфыхьар. ШэджыхьэщIэм и гъащIэр нэхъыщхьэ дыдэу зытриухуар цIыхухэм я гупсысэр куу зэрыхъуну, псэкIэ къулей зыщIыну Iуэхухэрщ.
  • Апхуэдэ лэжьыгъэр и нэIэм щIигъэт къудей мыхъуу, ШэджыхьэщIэр ипэкIэ плъэфырти, щIыналъэм и зыужьыныгъэм и гуащIэр триухуэрт. ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ лэжьакIуэм хузэфIэкIырт лъэпкъ Iуэхухэри екIурэ-ещхьу зэрихьэн.
  • ШэджыхьэщIэр къыщалъхуар Тэрч районым хыхьэ Урожайнэ къуажэрат. Налшык педагогикэ училищэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутымрэ къиуха нэужь, къыщалъхуа къуажэм егъэджакIуэу щылэжьащ. 1944 гъэм ШэджыхьэщIэр хахат ВЛКСМ-м и Урожайнэ район комитетым и япэ секретару. Абдеж абы и жылагъуэ-политикэ лэжьыгъэм щыщIидзэри, илъэс 43-кIэ а Iуэхухэм егугъуащ. ВЛКСМ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и етIуанэ секретару щылэжьам ШэджыхьэщIэм промышленнэ IуэхущIапIэхэр, электростанцхэр, псом хуэмыдэу Бахъсэн ГЭС-р, зэфIэгъэувэжыным и гуащIэ хилъхьащ. 1949 гъэм ШэджыхьэщIэм къыхуагъэлъэгъуащ партым и Налшык къалэ комитетым и япэ секретарым и къулыкъур. 1950 гъэм хахащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и ещанэ зэхуэсыгъуэм и депутату. КПСС-м и ЦК-м епха парт школ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, Мухьэмэд илъэсиблкIэ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым къыхуеджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIу лэжьащ.
  • 1963 гъэм и щэкIуэгъуэм ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд хахащ обкомым и секретару икIи идеологиемкIэ къудамэм и унафэщI ящIащ. Ар мызэ-мытIэу хахыжащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату, илъэс 20-м щIигъукIэ абы и УнафэщIу щытащ.
  • ШэджыхьэщIэр яхэтащ хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэну пыщIэныгъэм телэжьэну «Хэку» обществэр къызэзыгъэпэщахэм.
  • Сыт Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэр зыхуэныкъуэр? А упщIэм тещIыхьауэ лэжьащ псэуху. Абы и гуащIэдэкIым къыпэкIуащ Вагъуэ Плъыжь, Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденхэмрэ медалхэмрэ. ШэджыхьэщIэр 1996 гъэм дунейм ехыжащ, и ныбжьыр илъэс 74-м иту.
  •  КЪАНЩАУЭ   Мэлычыпхъу.