ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛъэпкъылI нэс, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и ныбжьыр нобэ илъэс 70 ирокъу

2021-05-27

  •  Сэхъурокъуэ Хьэутий:  Къепхьэжьа Iуэхур цIыхум хьэкъ
  •  щыпщIыфмэ,  сытри лъэкIынущ
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий Хьэзрит и къуэр Аруан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж (Дохъушыкъуей) къуажэм 1951 гъэм накъыгъэм и 27-м къыщалъхуащ. 1974 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, 1979 гъэм аспирантурэр къиухащ. Экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, ЩIДАА-м и академикщ.

  • Сэхъурокъуэр пэрытащ IэнатIэ зэхуэмыдэхэм. 1986 — 1991 гъэхэм «Налшык», «Къэбэрдей-Балъкъэр» джэд фабрикэхэм я унафэщIу щытащ. Абы иужькIэ илъэситIкIэ цIыхубэ депутатхэм я Аруан Советым и тхьэмадащ, 1992 — 1993 гъэхэм лэжьащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу — мэкъумэш IэнатIэмкIэ министру, 1993 — 1996, 1997 — 2002 гъэхэм КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу щытащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэситIым республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэщ — щIэныгъэхэмкIэ министрщ. 2005 — 2011 гъэхэм ар и унафэщIщ ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм КъБР-м щиIэ и Управленэм. 2010 — 2011 гъэхэм КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэщ. 2011 гъэм къыщыщIэдзауэ и унафэщIщ «Ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центр» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм.
  • ДАХ-м и IX Конгрессым (2012 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м) тхьэмадэу щыхахащ, етIуанэ пIалъэми (2015 гъэм), ещанэми (2018 гъэм) пщIэ зыпылъ а къулыкъур къыхуагъэфэщэжащ. Хьэутий къэралым къритащ «Зэныбжьэгъугъэ», «ЩIыхь», «КъБР-м и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденхэр, медаль куэд.
  • «КъБР-м цIыхухэм хуэIухуэщIэ яхузэфIэзых IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зэрехьэ, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр, «ЛэжьакIуэ псэемыблэжхэр. Урысей» щIыхь дамыгъэр къратащ     абы.
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур къэдгъэсэбэпри, и гъащIэм, и гуащIэм, и Iуэху еплъыкIэ — Iуэху зехьэкIэм ехьэлIа упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащи, къыджиIахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
  •  
  •  
  • — Уи псэлъэкIэр зэхэзыха дэтхэнэ зым и дежкIи наIуэщ адыгэбзэ къабзэ зэрыпIурылъыр, Хьэутий. Адыгэгу зэрыпкIуэцIылъми адыгэпсэ зэрыпIутми шэч хэлъкъым. Сыт абыхэм я къежьапIэр?
  • — Сыт хуэдэ цIыхуми и къежьапIэр, щапхъэ хъур и адэ-анэращ, унагъуэращ. Иджыпсту бзэр тхъумэну цIыху-хэр къыщыхуедджэм и деж, япэ дыдэ адэ-анэм захуэдгъазэу аращ. Сэр дыдэм апхуэдэ гуныкъуэгъуэ сиIэщ си къуэрылъхухэм ехьэлIауэ, унагъуэм щIэсхэр адыгэбзэкIэ фIэкIа емыпсэлъэну сылъаIуэу, уеблэмэ егъэджакIуэ къыдэдгъэлажьэу.
  • ГъэщIэгъуэнщ ар, ауэ фIы дыдэм къыхэкIауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, мыхъумыщIэ хъу щыIэщ, апхуэдэуи къэзылъхуахэм я дуней тетыкIэкIэ губгъэн къахьу, арщхьэкIэ я быным еджагъэшхуэ къыщыхэкI къохъу. Ауэ ахэр мащIэ дыдэщ. КъызэралъытэмкIэ, процент 90 — 95-м фIым къыхэкIар фIы, Iейм къыхэкIар Iей мэхъу. Адыгэр псом хуэмыдэу абы хуэсакъыу щытащ.
  • Сэ си насыпу адэшхуэ-анэшхуэ сабгъэдэсащ, сыщысабийм абы жаIэ куэд зэхэсхащ. Адэ шыпхъуитху, зым нэхърэ адрейр нэхъыфIыжу, сиIащ, си адэр я дэлъху закъуэу. Абыхэм ящыщу къысхуэнар тIу къудейщ, Алыхьым схуигъэпсэу. АтIэ, сэ дунейм сыкъыщытехьам, унагъуэм гуфIэгъуэу яIар къызыщыгъэхъут, Залинэ: си адэшхуэм и къуэ закъуэм срикъуэ закъуэу!
  • Абыхэм жаIэр апхуэдизу гъащIэм къыщысхуэсэбэпыну сщIэуэ, ар си сабий акъылым къиубыду аратэкъым, атIэ жаIэм семыдэIуэнкIэ Iэмал имыIэу срагъэувалIэрт. ГъэсэныгъэкIэ, щапхъэкIэ, псалъэ дахэкIэ, Iуэхум сызэрыдрагъэхьэхкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Псалъэм папщIэ, япэ дыдэ топ сыщыщIэлъэIуам, си адэшхуэм: «НакIуэ-тIэ, удз тIэкIу къыздэпхынщи, ар жэмым едгъэшхынщ, абы шэ къыщIэкIымкIэ уэ топ къыпхуэтщэхунщ», — жиIэри, алыхь-алыхь, псынщIэIуэу сышэ жысIэри, удз къэхыкIэ сымыщIэми, сытегушхуауэ щытащ. Хьэмэрэ, япэ дыдэ щхьэл сыщыздишар-щэ, хьэжыгъэ, хуэнщIей изубэну?! Ахэр псори лэжьыгъэм сызэрыхуигъасэ Iэмал цIыкIуфэкIуу арат, пщIэнтIэпсым, къэблэжьам уасэ зэриIэр зыхэпщIэнымкIэ сэбэпышхуэ хъууэ.
  • Ди адэшхуэм цIыху куэд къыкIэлъыкIуэрт, абыхэм чэнджэщ яритырт, цIыхуитI тIэкIу зэщыIеямэ, зэригъэкIужырт. Ди лъэпкъым щыщ куэд зауэм хэкIуэдауэ, сабийхэр адэншэу къэнати, абыхэм ящыщу нэхъ гъунэгъуу диIэхэм я щIалэхэр ди деж армэм щыдэкIащ, дзэм къищикIыжами, я унэ екIуэлIэжын и пэ къызыдыхьар ди пщIантIэращ. Хъыджэбзхэр дэкIуэнумэ, абы ехьэлIа унафэри ди унагъуэм къыщащтэу щытащ. ЖыпIэнурамэ, Сэхъурокъуэ Хьэмид жезыгъэIа лIы ахъырзэмант си адэшхуэр, икъукIэ сыхуэарэзыщ. Абы жиIахэм ящыщ куэд сэ гъащIэм къыщысхуэсэбэпыжащ. Абы къызипсэлъылIахэм ящыщ зы пхуэсIуэтэжынт. «Узыхуейм хуэдиз ахъшэ уимыIэныр тхьэмыщкIагъэщ. Ауэ абы укъелынущ, мащIэу уиIэмэ, мащIэу пшхынщ, нобэ уимыIэмэ, пщэдей бгъуэтынщ. Ауэ уи щхьэм илъ акъылым нэхърэ уи жыпым илъ ахъшэр нэхъыбэ хъууэ щытмэ, ар насыпыншагъэщ, абы емыкIу къуигъэхьынкIэ, уигъэукIытэнкIэ, уигъэунэхъункIэ, уеблэмэ уиукIыжыпэнкIэ хъунущ». Абы щыгъуэ «си акъылым хуэдиз ахъшэ тIэкIу сиIами», жысIэу сегупсысырт, иужькIэщ а псалъэхэм мыхьэнэуэ ящIэлъыр къыщызгурыIуар. Уи щхьэр уи мылъкум нэхърэ нэхъ лъагэу щытын хуейщ, уи мылъкур зэригъэкIуэфу, узэрыщымыт уимыщIу, абы щхьэкIэ улэжьэни цIыхум пщIэ хуэпщIыни къыумыгъанэу, нэмыс пхэлъу. Сэ сызыщIапIыкIари сызыхуагъэсари аращ.
  • ИгъащIэм си адэшхуэр зыпэрыс Iэнэ дэнэ къэна, зыщIэс пэш щетIысэхакъым си адэр. Лэжьыгъэ IуэхукIэ е нэгъуэщI зыгуэркIэ къэгувамэ, щIыхьэу псори жримыIэжауэ и лэгъунэ и бжэ Iуихакъым. Ар хабзэщ, иджыпсту интернет жыпIэми нэгъуэщI-къинэмыщIми ди сабийхэр тфIэзыгъэкIуэдхэм дыкъезыгъэлыфыну щыIэр ди адыгэ хабзэращ. Абы къыкIэлъокIуэ гъэсэныгъэр, адэкIэ щIэныгъэ тхуетрэ — игъащIэкIэ ди щIэблэм зыри къыпэлъэщынукъым. Гъэсэныгъэр псом я щхьэщ, ар зиIэм сыт хуэдэ щIэныгъэри зригъэгъуэтыфынущ, сыт хуэдэ Iуэхуми хэзэгъэнущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, сэ IуэхущIапIэ куэдым сыщылэжьащ, мэкъумэш, егъэджэныгъэ, иджыпсту сызыIут федеральнэ IэнатIэр жыпIэми. Псом я щхьэр цIыху хэтыкIэращ. Узыхыхьэхэр зищIысыр, абыхэм я зэхэтыкIэр, уэ ахэр къызэрыпщыгугъыр, яхуэпщIэфынур, къыббгъэдэтхэм ар къызэрыбдаIыгъынур, ахэр зэрытебгъэгушхуэфынур, нэгъуэщI Iэджи пхузэхэгъэкIыпхъэщ. Дэтхэнэ зыми гукъыдэж иIэн хуейщ Iуэхур къыбдиIыгъыну, абы щхьэкIэ и фейдэи хилъэгъуэн хуейщ. ИтIанэщ гупыж пщIар къыщыбдаIыгъынур. Сэ IэнатIэу сызыIутам цIыхуфI защIэщ сызыщрихьэлIар. ИгъащIэкIэ къыпхуэмыIэтыжыну жаIэу сыздагъэкIуа Налшык джэд фабрикэм илъэсрэ ныкъуэрэ фIэкIа дэмыкIыу планри игъэзащIэрэ, улахуэри и чэзум етту зэтедгъэувэжауэ щытащ. ЛэжьакIуэм закъуэтIакъуэщ сампIэимыхьэу, ныкъуэкъуэхыу къахэкIыр, адрейхэм зыри ялажьэкъым. Зыхуей хуэгъэзэн, тегъэгушхуэн, пщIэ яхуэщIын хуейуэ аращ. Къепхьэжьа Iуэхур цIыхум хьэкъ щыпщIыфмэ, сытри лъэкIынущ.
  • ГъащIэм пIалъэ-пIалъэкIэрэ цIыхум и пащхьэм кърегъэувэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр, IэнатIэ псоми ехьэлIауэ. Тхыдэми къегъэлъагъуэ ар. БлэкIар фIыуэ пщIэмэщ къэкIуэнум тэмэму ущегупсысыфынур, а къэкIуэнум ухуэлэжьэн папщIэ блэкIамрэ нобэрей гъащIэмрэ зэрызэппхынур къызэбгъэпэщыфын хуейщ. БлэкIам нэхъыфI къыхэпхмэ, къэкIуэнум къулыкъу хуебгъэщIэфмэ, итIанэ уи къалэныр бгъэзэщIауэ аращ. КIэщIу жыпIэмэ, япэщIыкIэ Iуэхур зэхыбогъэкI, итIанэ зэрылэжьэн IэмэпсымэхэмкIэ къызыбогъэпэщри боунэтI, адэкIэ уолажьэ.
  • — Унагъуэм щыбгъуэта гъэсэныгъэр, уи адэ-анэм узыщIапIыкIа хабзэр уи щIалэхэм нэсу яхэплъхьэфа? Иджырей дуней гугъум, гъащIэ зэхэзэрыхьам ижь къащIумыгъэхущэу жыхуэсIэщ.
  • — Гъэсэныгъэу иратамкIэ адэ-анэр арэзы хъууэ щытмэ, быныр къэсыжауэ аращ. Абыхэм уащытхъу хъунукъым, лейуэ щIэбубыни щыIэкъым. Иджыри мыпхуэдэу щытащэрэт жыпIэу, зыхебгъэлъхьэну хьэлрэ ебгъэщIэну Iуэхурэ щыIэн хуейщ. Сэ сылажьэурэ щIалэхэм я гъэсэныгъэм нэхъыбэу пэрытар унэм щIэсращ. ИтIанэ пасэу унагъуэ хъуахэщ, нэхъыжьым илъэс тIощI мыхъуу къишащ. Абы сыт и Iуэхум хэслъхьэжыфынур?! Моуэ гъащIэм хуэзгъэсэнщ щыжыпIэ зэманым езым унагъуэ игъуэтащи, ар иджы си унэкъуэщуращ, къызэупщIмэ жесIэнIауэ фIэкIа, и Iуэху сыхэIэбэнукъым. Нэхъыжьым хъыджэбзищ иIэщ, университет къэзыуха яхэту, дэ къыдбгъэдэс нэхъыщIэм щIалищ иIэщ. ЕтIуанэм нэхъыбэ и пщэ къыдохуэ. ЖыпIэнурамэ, мэлажьэ, мэшхэж, нобэми зэрыхъукIэ доущий, къытхуей хъумэ, дыкъагъуэт.
  • — Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэм щIэту сыт хуэдэ Iуэху зэфIэха, убла хъуа иужьрей илъэсхэм?
  • — ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу къэслъытэр дунейм адыгэу тетыр зэпыщIэнырщ. Мис абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ тхузэфIэкIащ. Адыгэ щыпсэу къэрал 53-м щыщу 27-м дадолажьэ, ДАХ-м нобэкIэ щIыналъэ (къэрал) Хасэ къудамэу 16 къызэщIеубыдэ. Апхуэдэу жыпIэ щхьэкIэ ин дыдэщ ахэр, псалъэм и хьэтыркIэ, Европэм и къэрал 18-м щыIэщ Хасэхэри, ахэр зы федерацэущ къызэрытхэтыр. Адыгэхэр мелуан бжыгъэкIэ щыпсэу Тыркури аращ.
  • Сыт адыгэр дызыхуейр мы зэманым, сыт лъэпкъым Дунейпсо Адыгэ Хасэм хуищIэн хуейр, ар къызэзыгъэпэщахэм я гуращэу сыт щытар, ялэжьын я гугъэу яхузэфIэмыкIауэ сыт щыIэ? Ди IуэхущIапIэм и къалэнхэр кIэ зимыIэщ, пщIэ пэтми и лъащIэм унэмыплъысыфыну.
  • Псалъэм папщIэ, ди Уставым итщ бзэр, хабзэр тхъумэн, ди нэмысыр, адыгагъэр тIыгъыжын зэрыхуейр, дуней псом щикъухьа ди лъэпкъыр зэпыщIэжыным зэпымыууэ дызэрытелэжьапхъэр. ДэнэкIэ щыпсэу адыгэми и Iуэхум дыщыгъуэзэным, хьэлэбэлыкъ гуэр хэхуа щыIэмэ дадэIэпыкъуным, дызэрыщIэным, дызэрызэкъуэтыным дытолажьэ, хамэ къэрал-
  • хэм щыпсэу ди хэхэсхэм зэпымыууэ далъоIэс.
  • Псоми дощIэж Сирием къыщыхъея зауэм ди лъэпкъэгъухэр бэлыхь зэрыхидзар. Абы уимыгъэгузэвэнкIэ, уимыгъэгумэщIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. ТхузэфIэкIынумкIэ дызэчэнджэщри, лIыкIуэхэр дгъэкIуащ, къэкIуэжыну хуейхэм дадэIэпыкъуащ. ЦIыху минищ къэтшэжащ, унагъуи 124-м унэ къахуэтщэхуащ. Ар къэрал мылъкум щымыщ, зыхузэфIэкIхэм, гудзакъэ зиIэхэм зэхалъхьа, къэдугъуея ахъшэщ, мелуан бжыгъэ хъууэ. Абыхэм дакIэлъоплъ, я сабийхэр школхэм ягъэкIуэнымкIэ, я узыншагъэм сымаджэщхэм щыкIэлъагъэплъынымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи дадоIэпыкъу. Хасащхьэ яIэщи, езыхэр зэхуосри, зопсалъэ, Iуэху яIэмэ, къыдахьэлIэ. Махуэ хэха диIэхэр щыдгъэлъапIэкIэ къытхохьэ. Абыхэм ящыщ зы вице-президент тщIауэ къытхэтщ. Иджыри Сирием дыпыщIащ, къэкIуэжыну хуей щыIэмэ, защIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ.
  • Урысейм цIыху Iэпхъуэшапхъуэхэм ехьэлIа и политикэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зехъуэж. Япэм къедгъэщтауэ щытащ гражданствэу тIу яIэ хъуну хуит зыщI унафэ. Иджы ар Iуэху къиин хъуащи, паспорт зыIэрагъэхьэнымкIэ дадоIэпыкъу. Иджы быдэу кIэлъымыплъауэ хэкум зыри къагъэкIуэжыркъым, япэ къэсыр къэралым къихьэ-икIыу къыпхуэзыдэнур хэт, адыгэми зэрыжиIэу, псоми я гур бгъэныщкIуа?!
  • Лъэпкъыр пхэнжу щыбэкъуэнум и деж ар зэрыщыдмыгъэуэн Iуэху зыдохуэ. Псалъэ папщIэ, Сочэ Олимп джэгухэр щрамыгъэщIыну щыпэщIэувам, къэралхэм я лIыкIуэхэр къатшэщ, едгъэлъагъущ, ягурыдгъаIуэри, зэтедуIэфIащ. Ар щIыжысIэращи, дэ къэралым гурыдгъэIуэн хуейщ дызэрымыкъаугъэр, фIэкIыпIэ къызэрытлъыхъуэр. Урысейм зэран хуэхъуну хуейхэм дыкъызэрагъэсэбэпыр ди лъэпкъэгъухэм хуэмурэ, щабэурэ ягурыдогъаIуэ, дунейм къыщекIуэкI Iуэхухэм дифI зыхэлъымрэ ди зэран къызыхэкIынумрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм дыщытопсэлъыхьри, унафэ къыщыдощтэ, ар цIыхубэм ялъыдогъэIэсыж.
  • Сыт адыгэ лъэпкъыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэрыщыгугъыр? Хасэр зауэ-банэм хэтыну, къэралым еныкъуэкъуну, нэгъуэщIым пэщIэувэну зи къалэну къэзылъытэхэри щыIэщ. Абы щыгъуэм ди IуэхущIапIэм лъэпкъыр игъэунэхъуну аращ. Ипэ ита нэхъыжьыфIхэм акъыл хэлъу зэхалъхьа Уставым итым фIэкIа Хасэм нэгъуэщI ищIэну хуиткъым. Абы щыгъэнэIуахэр иджыпсту тхуэгъэзащIэмэ, ар зи IэрыкI лъэпкъылIхэмрэ къытщыгугъ лъэпкъымрэ дгъэпэжу аращ. Абы дытебгъунлъыкIрэ нэгъуэщI зыгуэрхэр зетхуэмэ, хабзэм дебакъуэмэ, лъэпкъыр щыхупIэм ди IэкIэ хуэтшащ. Зэманым дыдекIуу, ди Iуэхур зетхуэфу, ди бзэ, ди хабзэ тхъумэжу, ди лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ яхудиIэу дыпсэуныр ди хьэкъщи, ар тхузэфIэкIын Тхьэм ищI.
  • Бзэм теухуа Iуэхур-щэ?! Ар къэтIэтщ, куэдрэ дытепсэлъыхьщ, еплъыкIэ Iэджэхэр зэпэтлъытщ, Президентым и деж щыIэ советми дыкъыщыпсалъэри, нэхъыфIым хуэдэу едгъэщIащ. Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ гупым сыхагъэхьэри, абы и 68-нэ, 69-нэ статьяхэм иратхэжащ лъэпкъ цIыкIухэм я бзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ къэралым и къалэну. Апхуэдэщ щэнхабзэм и Iуэхури. Абы къыщынэркъым: хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм бзэр едгъэхъумэн папщIэ къыддэIэпыкъунуи иратхащ къэралым и хабзэхэр къыщыхьа тхылъ нэхъыщхьэм. Иджыпсту онлайну адыгэбзэр ядогъащIэ хэхэсхэм я щIэблэм, дунейр хьэлэбэлыкъ хэзыдза уз бзаджэр IукIуэтмэ, егъэджакIуэхэр дгъэкIуэнущ.
  • Ди IуэхущIафэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр къыдыдогъэкI. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей Хасэмрэ дэрэ дызэкъуэту долажьэ. Адыгэу дунейм тетым ХьэфIыцIэ Мухьэмэд яхуищIам хуэдиз хузэфIэкIауэ зыри диIэкъым, ар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дыщызэхъурджауи къохъу, ауэ зэкъуэшым хуэдэу дызэдолажьэ Мухьэмэдрэ сэрэ, нэхъыжьыгъуэр ейми, пщIэ къысхуещI, Хасэм сызэритхьэмадэр япэ иригъэщу. Сигу къоуэ ХьэфIыцIэм тхылърэ хьэпшыпу иIэ мин бжыгъэхэр зы щIыпIэм щызэхуэхьэсауэ зэрыщымытыр. Сэ къыхузоджэ, схузэфIэкI мащIэри хэслъхьэнщ, сыадыгэщ жызыIэу дунейм тетыр дыкъызэдэтэджу абы и Iуэху зетхуэну, бгынэжа унэхэм ящыщ гуэр къыхэтхыу, ди хабзэ-бзыпхъэхэр, адыгэм ди блэкIамрэ нобэмрэ къыщыгъэлъэгъуа музей тщIыну.
  • ПыухыкIауэ жыпIэмэ, къэралми республикэми дадолажьэ, IуэхуфI къаIэтхэр ядыдоIыгъ, лъэпкъым и Iуэху ехьэлIауэ дигу иримыхьын ящIэми, и щхьэр течауэ яжетIэнущ. Абы и щыхьэтщ ЦIыхубэ дипломатием зегъэужьынымкIэ Горчаков А. М. и цIэр зезыхьэ фондым и грантыр тхуэ, УФ-м и Президентым и саугъэтыр щэ, республикэм ейр тхуэ къызэрытхьар. А псоми лэжьыгъэшхуэ, Iуэхушхуэ пылъщ гъэзэщIэн хуейуэ.
  • — Ди лъэпкъэгъу хэхэсхэр щыпсэу хамэ къэрал куэдым ущыIащ, Хьэутий. Сытым уигъэгушхуауэ, сытым уигъэпIейтейуэ уакъыхэкIыжрэ? Абыхэмрэ дэрэ нэхъри зэгъунэгъу дызэхуэхъунымкIэ сыт хуэдэ хэкIыпIэхэр, Iэмалхэр щыIэу къэплъытэрэ, иджыпсту къэдмыгъэсэбэпу, ауэ уи хъуэпсапIэу?
  • — ИщхьэкIи зэрыщыжысIащи, хамэ къэрал щыпсэу зы адыги гулъытэншэу къызэрыдмыгъэнэным яужь дитщ, щIэх-щIэхыурэ абыхэм дахохьэ, Iуэху дахэхэр щыдогъэкIуэкI. Гу зылъыстэращи, ди тхыдэм, лъэпкъым и щхьэ кърикIуам, нобэ и псэукIэм хэзымыщIыкI куэдым уарохьэлIэ. Интернет щыIэми, телевиденэм и Iэмалхэр жыжьэ нэсами, ди зэхэтыкIэм мащIэщ щыгъуазэр. Сыт и щхьэусыгъуэу щытми, ди хэкуэгъухэм ящыщ нэхъыбэ ди щIыналъэм къыщегъэувэхын, ди гъащIэм къыхэшэн, и лъэпкъэгъухэм зы тхьэмахуэ, зы мазэ яхэгъэсын хуейщ. ИтIанэ абы езым унафэ и щхьэм хуищIыжынщ къэкIуэжынрэ къэмыкIуэжынрэ.
  • Нэхъапэм ДАХ-м хэтхэр нэхъыбэрэ къетшалIэу щытамэ, иджы нэгъуэщI къэралхэм, республикэхэм ди зэхуэсхэр зэрытхьыным яужь дитщ. Апхуэдэу Хасэм и зэIущIэхэр щызэхэтшащ Тыркум, Израилым, Иорданием, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъыбэIуэрэ. Мэздэгу, Ставрополь, Краснодар, Шапсыгъым щыIэ Хасэхэм дадолажьэ, дакIэлъокIуэ.
  • ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ нэхъыбэрэ зэрыгъэлъагъун хуейщ. ЗэроцIыху, зэныбжьэгъу мэхъу, уеблэмэ унагъуэ зыухуэхэри къахокI. КъэкIуэнур зей щIэблэращ зыхуэлэжьэн хуейр, ар фIы дыдэу къызгурыIуэу а Iуэхум яужь ситщ, къызогъашэ, сахуозэ.
  • ХэкIыпIэу щыIэр сыт? Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр хэхэс адыгэхэм я быну цIыху мини 2-рэ щитIым къаухащ, иджыри щитIым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт. Бюджет ахъшэкIэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтыну хуиту къэрал къэс тегуэша бжыгъэхэр нэхъыбэ дощI, пщIэ щIатурауи щIыи, нэгъуэщI щIыналъэхэм нэхърэ нэхъ пуду щрагъэджэнущ ди еджапIэ нэхъыщхьэм.
  • Адыгэ бзылъхугъэм, щауэм, адыгэ фащэм, адыгэшым, нэгъуэщI лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэми ехьэлIа Iуэхухэр утыкушхуэм итхьэныр ди къалэнщ икIи тхузэфIэкI къэдгъанэркъым. Дэнэ щIыпIи дыкъыщащIэн, пщIэ къыщытхуащIын щхьэкIэ зыри ди къару деблэж хъунукъым.
  • — Дыщыгъуазэщ УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей ухуэзауэ зэрыщытам, УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым узэрыхэтым. Дэ ттеухуауэ, хэхэс дызэрикуэдым теухуауэ жаIэм нэхъыщхьэу хэлъым кIэщIу и гугъу уэзгъэщIынут.
  • — Зыбжанэрэ драджащ, дахуэзащ, УФ-м и Президентым и Администрацэм щылажьэхэми полпредхэми даIуощIэ. Абыхэм яжызоIэ дэ дызэрымыкъэзэуатыр, атIэ Урысейм и дежкIэ дызэрыхэкIыпIэфIыр, Iэмал инрэ зэфIэкIышхуэрэ зыбгъэдэлъ лъэпкъыу дызэрыщытыр. Къэрал щэ ныкъуэм Урысейм и цIэр фIыкIэ щыжедгъэIэну, ди къэралым и ныпыр щедгъэIэтыну лъэкIыныгъэ диIэщ мыбдеж ис адыгэхэм.
  • ФIы дыдэу ди тхыдэм щыгъуазэщ ди къэралым и лIыщхьэхэр. АбыкIэ сэбэпышхуэ хъуащ ди лъахэгъу Темыркъан Юрэ. Ауэ урыс пащтыхьым и зэманым псэуахэм ящIам щхьэкIэ Лавров сымэ жэуап ебгъэхьыну захуагъэкъым. Зыкъыддагъэшын, ди Iуэхур къыддаIэтын хуей жыпIэмэ, хуейщ. ИкIи ящIэ, икIи зыкъыддагъэш, икIи дызэхащIыкI. Совет властыр яухуэри, республикэхэри къэунэхуащ, абыхэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэ ягъуэт, къапщтэмэ, еджэныгъэ и IуэхукIэ къэралым и щIыпIэ псоми дахуэдэщ. ЗыкIи зэрыдмыгъэкъуаншэр, ауэ адыгэ хэхэсхэм нэ лейкIэ еплъыну дызэрыхуейр, абыхэм мыр я хэкуу зэрыщытыр ящIэмэ зэрытфIэфIыр, къэкIуэжыну хуейхэм дазэрыдэIэпыкъупхъэр яжыдоIэ. ЛъэпкъитI щызэхуэдэ республикэм ахэр щызэгъэзэгъыныр ди закъуэ къалэнкъым, абы къэралри кIэлъыплъын хуейщ. ЯжетIащ комиссэ къызэгъэпэщауэ лъэпкъхэм къалъыкъуэкI зэдауэхэм унафэ тращIыхьмэ зэрынэхъыфIыр. Ди республикэр зыхыхьэ федеральнэ центр щIыщыIэжыр апхуэдэ Iуэхухэращ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Къэнжал зауэм ехьэлIа упщIэр. Дэ ар зэрыщыIар жыдоIэ, игъащIэм апхуэдэ къэмыхъуауэ зыукъуэдий, ар гъэлъэпIэным щIагъыбзэ щIэлъу къэзылъытэ балъкъэрхэм зи лъыр пщтыр щIалэгъуалэр нэхъри къызэщIагъаплъэ. Тхыдэ щыIэщ, абы ириплъэу Iуэху зэIумыбзхэр зэхэзыгъэкIын цIыху гуп зыхэт комиссэ къызэгъэпэщын хуейуэ аращ.
  • — Лэжьыгъэ ирехъу, адыгэ Iуэхууи нэгъуэщI зыгуэруи щрети, къохъулIауэ уригушхуэу е ухунэмысауэ уригумэщIу уиIэхэм утезгъэпсэлъыхьынут.
  • — Сызытепсэлъыхьауэ къыдэхъулIа псоми срогушхуэ, нэхъыщхьэ дыдэр ди ужь къиувэн щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зэрыдгъасэращ. Адрей республикэхэми щагъасэ ахэр, дакIэлъыплъу, ди нэIэ ятету. Къэрэшей-Шэрджэсымрэ ди щIыналъэмрэ зэгъусэу школым зэрыщеджэну учеб-
  • никхэр къыдыдогъэкI.
  • «Ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центр» сызиунафэщIым щесхьэкI лэжьыгъэри фIыщ, зэпэщщ, дызэхуэарэзыуэ Iуэху зэрызэдэтщIэнум яужь диту гупыр дызэбгъэдэтщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр, псоми ди зэхуэдэр лъэпкъ Iуэхуращ. Лъэпкъым ехьэлIауэ зы Iуэху цIыкIуи щыIэкъым, ар сэ сытым и дежи жызоIэ. Зи щхьэм пщIэ хуэзымыщIыж, зи хабзэ, зи нэмыс зымыхъумэж лъэпкъыр дэхуэхынущ, абы иужькIи зыкъыхуэIэтыжынукъым. Аращ абы и фIыр, и дахэр, и хъугъуэфIыгъуэхэр, ди адэжьхэм къытхуагъэна псори дыхуэсакъыу тхъумэн, тIэтын щIыхуейр.
  • Пэжыр жыпIэмэ, нэхъыбэ дыдэу сызытегузэвыхьыр мы зэман къекIуэкIращ. Плъагъум, убгъэдыхьэу узэпсалъэ хъум сыщышынэркъым сэ, зыхэзмыщIыкI, сымыцIыху, сымылъагъуращ сызыгъащтэр. Апхуэдэщ иджыпсту къекIуэкI ковид узыфэ зэрыцIалэр. Апхуэдэщ щIалэгъуалэр зэрауцIэпI Iэмал хьилэшыхэр. Интернет фIэкIа нэкуи напIи ямыIэжу зэрыхъуам, акъыл къызыхахыфыну тхылъыр IэщIыб зэращIам срогумэщI. Ярэби, тIэщIэмыкIыу пIэрэ щIэблэр, жысIэу согупсыс. «Башыр ди нэм щIэдмыIуж щIыкIэ ар щхьэ тIывмыхарэ», къыджаIэжыну пIэрэ Iейм щыдмыхъумэф щIалэгъуалэм?
  • Адыгэр игъащIэм хъарзынэу дыпсэууэ щытащ. «Шэрджэс хадэхэр» жрагъэIэу жыгым фIыуэ хащIыкIыу, щIы зэрахьэу, мэш къагъэкIыу, шы, Iэщышхуэ зэрахуэу. Иджыпсту уней хадэ зэщIэкIэжа щыслъагъукIэ си жагъуащэ мэхъу. Къуажэдэсыр фIы дыдэу зыпэлъэщу щыта къалэнхэр Iэпэдэгъэлэл ящIауэ, властыр яубу, тутын, фадэ ефэу тетIысхьэпIэм тесхэм сащыIуплъэкIэ, си лъыр мапцIэ.
  • ЕджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм лэжьапIэ зэрамыгъуэтыр щхьэжагъуэ сщохъу. Япэм хуэдэу еджапIэм IэнатIэкIэ къыщызэримыгъэпэщыжкIэ, хэкIыпIэу щыIэр къэгъэсэбэпын хуейщ: узыхуейм хуэдэу къулыкъу упэрымыувэфрэ, мызэкIэ къыппэщIэхуэр уэим, Iумпэм пщIы хъунукъым. Сэ сылэжьащ шофёруи, экскаваторым сытесуи. Си бынми яжызоIэ, ящIэн ямыгъуэтмэ, я Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ лэжьэн зэрыхуейр. Шы щIакъуэ тесыр шы псэу хуешэ, жи. Уи Iуэхур зэтеувэхункIэ нэхъ мыхъуми, уи хадэр зыхуей хуэзэу зехьэ. Лэжьыгъэ сиIэкъым жыпIэу дауэ къуажэм узэрыдэсынур, узыгъэшхэну хадэр цIыраужь пщIыуэ?!
  • — Мыщэхумэ, мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ я гугъу къытхуэщIыт, Хьэутий.
  • — Дылэжьэну, дыпсэуну, къетхьэжьэ Iуэхухэр зыщIыпIэ нэдгъэсыну Iэмал диIэну. Егъэлея зыри хэткъым. Апхуэдэуи си нэ къокI си къуэрылъху цIыкIухэм сакIэлъыплъыну, я гуфIэгъуэ слъагъуну. ЩIакъуэ баш цIыкIур сIыгъми содэ, я хьэгъуэлIыгъуэм сыкъыщыфэну къару сиIэу а зэманым срихьэлIэ къудеймэ.
  • — Зи гугъу пщIа гуфIэгъуэхэми нэгъуэщI Iэджэми ухэплъэну ди гуапэщ, Хьэутий. Зэман къытхуэбгъуэту укъызэрыдэпсэлъам щхьэкIэ фIыщIэ пхузощI.
  • Епсэлъар  ИСТЭПАН  Залинэщ.
  • ФIым  я  нэхъыфIыр
  • Тхьэм  къыхуищIэ
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэр зэраухуэрэ илъэс тIощIрэ пщIырэ мэхъури, ипэкIэ тхьэмадэу тетахэм яхэткъым Хьэутий ищIам хуэдиз зыхузэфIэкIа, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ мы Iуэхум хуэхьэзыру лэжьэн щIидзат абы.   Ди республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и   къуэдзэу илъэс куэдкIэ лэжьащ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, мэкъумэш IэнатIэмкIэ министру щы-          тащ, жылагъуэ, щэнхабзэ лэжьакIуэхэм и нэIэ къыттет зэпытти, ди Iуэху зыIутыр, ди къалэнхэр, зыми гуригъэIуэжын хуэмейуэ, фIы дыдэу ищIэрт.
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий зэфIэкI зиIэ цIыхуу зэрыщытым и фIыгъэшхуэ къокI ДАХ-м. Жылагъуэ IэнатIэр мылъку убгъэдэмылъу, ныбжьэгъу куэд уимыIэу, цIыху хыхьэкIэ-хэтыкIэ умыщIэу пхузехьэнукъым. А жыхуэсIа псори, дипломат   нэсу зэрыщытри щIыгъужу, хэлъщ Сэхъурокъуэм. Ар хэтщ УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым.
  • Лэжьыгъэр гугъущ, ахъшэ зыми къуитыркъым, къэралми къыпхуиутIыпщыркъым. Уи щхьэр зэрыбгъэлажьэм елъытауэ аращ уи Iуэхур зэрызекIуэнури, абы ехьэлIауэ Хьэутий зэфIэкIышхуэ иIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, илъэсибгъу хъуауэ мэлажьэ ар ДАХ-м           и тхьэмадэуи, а зэманым    къриубыдэу, сэ зэрысщIэмкIэ, зыплIытхурэ Хасэм къихьащ КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и грантыр. Ахъшэшхуэ хъуркъым ар, ауэ а мащIэри сэбэпщ.  Апхуэдэуи ДАХ-м зыбжанэрэ къихьащ УФ-м и Президентым и грантыр. Абы къыхэкI мылъкукIэ   сэри нэгъуэщIхэми ДАХ-м къыхудэдгъэкIащ тхылъ зытхух. IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр цIыхухэм ящIэн, тхыдэм къыхэнэн папщIэ дунейм къытехьэ тхылъхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ.
  • Иджыпсту зыхудогъэхьэзыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къыкIэлъыкIуэ Конгрессми, ар щызэхэтыну фокIадэ мазэм ирихьэлIэу тхылъышхуэ къыдэдгъэкIынущ ДАХ-м къепха Хасэ 16-м яхузэфIэкIа, я IуэхущIафэ псори иту. Апхуэдэу фильмхэр къыдэкIащ, телевизионнэ нэтын куэд трахащ.
  • Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэмрэ дэрэ ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ хъуащ Сэхъурокъуэм и фIыгъэкIэ. Дэ щIыналъэ куэдым зэгъусэу дыщыIащи, мызэ-мытIэу си нэгу щIэкIащ дэтхэнэми епсэлъэкIэ щхьэхуэ къызэрыхуигъуэтыфыр, зэрыдипломат Iэзэр, абыкIэ хэхэс адыгэхэр къызэрыдихьэхыр. Гукъанэ гуэр къызыхэмыкI щыIэкъым, ауэ ахэ-ри щIэх дыдэ тэмэм мэхъуж.
  • И цIыхугъэм и гугъу мащIэуи сщIыну сыхуейщ. СыткIэ зыхуумыгъэзами, ар асыхьэту зэрызэфIихынум иужь итщ Хьэутий. И лэжьапIэм укIуауэ дакъикъэ бжыгъэ упэплъамэ, болъагъу абы и деж цIыхуу къекIуалIэр, нэхъыбэри я щхьэ IуэхукIэ къелъэIуну аращ. Сэхъурокъуэр хущIокъу,  фIыуэ къохъулIэ ахэр имыгъэщIэхъун.
  • И махуэм ирихьэлIэу сохъуэхъу ехъулIэныгъэ иIэну, лъэпкъ Iуэху дигъэкIыу илъэс куэдкIэ тхуэлэжьэну. Тхьэм хущIигъэхьэ!
  •  ХЬЭФIЫЦIЭ  Мухьэмэд,
  • Къэбэрдей Адыгэ
  • Хасэм и тхьэмадэ,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ.
  •  
  •  И лэжьыгъэр къызэралъытэм и щыхьэтщ
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэщ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хуэдэ зэгухьэныгъэм и унафэщI къалэным упэлъэщынымкIэ. ДАХ-м и президентыр ядолажьэ къэралым и щIыналъэ- хэм, федеральнэ IуэхущIапIэхэу МИД-м, «Россотрудничество»-м, ди хэкуэгъухэр щыпсэу къэралхэм щыIэ урысей посольствэхэмрэ консульствэхэмрэ.
  • А лэжьыгъэм лъабжьэ хуэпщIыфынури акъылымрэ IэкIуэлъакIуагъэмрэщ.        Ди хэкуэгъу хэхэсхэм я псэукIэр зыхуэдэнур хэщIапIэ яхуэхъуа къэралым елъытащ, абыхэм я гупсысэкIэ-IуэхущIэкIэри нэгъуэщI дунейщ щыпсыхьар. ИтIани, а псори зэгурегъэIуэф.
  • Нэхъыщхьэр Сэхъурокъуэр ДАХ-м зэриунафэщIрэ мы дунейпсо зэгухьэныгъэм и мурадхэмрэ и Уставымрэ зэрагъэзащIэрщ. КIуэ пэтми зэроубыдыж адэжь хэкум исхэмрэ хэхэсхэмрэ. ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэр адыгэхэм я щэнхабзэр, бзэр яхъумэнымрэ щIэблэр адыгэ хабзэм щIэпIыкIынымрэщ. ДАХ-м хузэфIэкIыр ещIэ ди къэралым щыгъэува хабзэм тету хэкум къэзыгъэзэжыну хуейхэм ядэIэпыкъуным теухуауэ. Пэжыр жыIапхъэщ: ДАХ-мрэ абы къыкъуэува цIыхухэмрэ я фIыщIэщ Сирием щекIуэкI зауэм зи щхьэр къыхэзыхахэм егъэзыпIэ зэрагъуэтари ахъшэкIэ зэрадэIэпыкъуари. Сэхъурокъуэм и фIыгъэщ адыгэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэу Мэздэгу, Ставрополь щыIэхэр ДАХ-м и лэжьыгъэм къыхэша зэрыхъуар.
  • НэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр ДАХ-м зэрызришэлIэфым мыхьэнэшхуэ иIэщ. А лэжьыгъэр къызэралъытэм и щыхьэтщ ДАХ-м и президентым ЦIыхубэ дипломатием зегъэужьынымкIэ Горчаков А. М. и цIэр зезыхьэ фондымрэ Евразием и лъэпкъхэм    я Ассамблеемрэ Iуэху зэрадищIэфыр. Абы кърикIуащ «Iуащхьэмахуэ-XX щекIуэкIа зэпсэлъэныгъэр: лъэпкъхэм я зэгурыIуэ, ныбжьэгъугъэ, зэдэлэжьэкIэ» зыфIащар.    А жэрдэмыр къадиIыгъащ Президент грантхэмкIэ фондым, «Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ и хэкуэгъухэмрэ: цIыхубэ дипломатием гъунапкъэ ищIэркъым» проектри, нэгъуэщIхэри.
  • Шэч къытесхьэркъым ДАХ-р илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу адыгэ лъэпкъым хуэ- щхьэпэн нэгъуэщI Iуэхухэри зэрызэфIахынум. Сэ, си лэжьэгъу-бзэщIэныгъэлIхэр               си гъусэу, къыхызолъхьэ «Урыс-къэбэрдей-шэрджэс псалъалъэм» теухуа Iуэху гъэщIэгъуэным зэгъусэу делэжьыну. АнэдэлъхубзэмкIэ псэлъэфу, тхэфу зезыгъэсэну хуейхэм ар хуабжьу къащхьэпэнущ.
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий сохъуэхъу узыншагъэ иIэну, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым купщIафIэу иджыри куэдрэ хуэлэжьэну. 
  • ДЗЭМЫХЬ Къасболэт,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым
  • Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ
  • и институтым и унафэщI,
  • тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
  • ПщIэшхуэ  хузощI
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий сэ куэд щIауэ соцIыху, си ныбжьэгъуфIщ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ и гупым щыхэта лъэхъэнэм си деж абы пщIэ лей къыщилэжьащ.
  • Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, я пашэм и гукъэкI псоми  набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъу, и Iуэхур даIыгъыу, щIыналъэм и дежкIэ нэхъыфI зэрыхъунур яубзыхуу зы гупыфIу зэкъуэуват ахэр. Абы хэта дэтхэнэми пщIэ хузощI, фIыщIэшхуэ къызэрахьами шэч хэлъкъым.
  • УФ-м и Президент Путин Владимир ди къэралым и дамыгъэ лъапIэр къызитыну Кремлым сыщригъэблэгъам, си гъусэу цIыхуипщI накIуэ хъуну къысхуагъэнэIуат. Абыхэм яхэтащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Ар пщIэшхуэ зэрыхуэсщIым, езыми си гуащIэр къызэрилъытэм и щыхьэту сэ къысщохъу.
  • ФIыгъуэу щыIэр къеуэлIэну, къыхужаIэ фIы псори къылъысыну, иджыри мызэ-мытIэу дызэрихьэлIэу адыгэ Iуэху зэдэтщIэну си гуапэщ.
  •  МЭШБАЩIЭ Исхьэкъ,
  • Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ,
  • Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм
  • я цIыхубэ тхакIуэ.
  •  
  •  ШыIагъэ зыхэлъ,  гулъытэ зиIэ
  • Адыгэхэм зэрахьэ тхыбзитIым хэлъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэр зэблэгъэкIыным лъэпкъ тхыгъэр къызэрыунэхурэ щIэныгъэлIхэр иужь итщ жыпIэмэ, пцIы хъуну къыщIэкIынкъым. Ар щыгъэтауэ, зэрылъэпкъыу зэдай тхыбзэ щыIэн хуейуэ трагъэчыныхьу жылагъуэм щызекIуэ псалъэмакъхэри ужьыхыркъым, пIалъэ-пIалъэкIэрэ гуащIэу къыщызэщIэрыуэ щыIэу. Мы Iуэхугъуэм щрипсалъэу, и хэкIыпIэхэр щаубзыхуу щIэныгъэ зэхуэс зыбжанэ зэхэтащ. Абыхэм ящыщ зыщ Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым 1999 гъэм щекIуэкIауэ щытар. БзэщIэныгъэлI нэхъыжьхэр зыхэта а зэIущIэшхуэм адыгэбзэм зэщхьу хэлъ, ауэ тхыбзэмрэ пэжырытхэмрэ зэщхьэщыкIыныгъэ щызыгъуэта Iуэхугъуэ зыбжанэ къэзэнэкIа зэрыхъунум и унафэр къыщащтэгъат.
  •  
  • ЗымдежкIи щэхукъым щIэныгъэм утыку кърихьэ къэхутэныгъэхэм я нэхъ инри къызэрыгуэкIыу тхылъымпIэм къызэринэнур, абы гъуэгу езытын, гъащIэм хэзыпщэн къару имыIэмэ. Апхуэдэ зэфIэкI зыбгъэдэлъыр, зэрыгурыIуэгъуэщи, къэрал къулыкъущIэхэрщ. Ужьых имыIэу илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ екIуэкI мы псалъэмакъым и мыхьэнэр къызыгурыIуахэм ящыщщ а лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу — щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ министру щыта Сэхъурокъуэ Хьэутий. Адыгэ алфавитымрэ пэжырытхэмрэ хэлъхьапхъэ зэхъуэкIыныгъэхэм я проектым гъуэгу етыным, КъБР-м и япэ Iэтащхьэу щыта КIуэкIуэ Валерэ деж нэгъэсыным и жэрдэмщIакIуэу щытахэм ар ящыщщ. Iуэхур зэрепхьэжьэщ къызэрохъулIэр, жаIэ. Хэку тхьэмадэм и Iэр зыщIэлъ лъэпкъпсо унафэр 2002 гъэм щIышылэм и 24-м дунейм къытехьауэ щытащ. Ауэ Iуэхур и кIэм нэсын щхьэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, абы ещхь унафэ Адыгэ Республикэми къищтэн хуейт. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэм къыхэкIами, абдеж унафэ пыухыкIа нобэр къыздэсым къыщащтэфакъым.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ щыхъуа махуэм щегъэжьауэ Сэхъурокъуэр иужь итщ хуэфащэ пщIэ зымыгъуэта а унафэм псэ хилъхьэну, и нэIэ тетщ анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж щIыкIэм. ДАХ-м зэIущIэу иригъэкIуэкIхэм яхэткъым адыгэбзэм епха Iуэхугъуэ-           хэм щримыпсалъэ, ар курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэджымрэ IуэхущIапIэхэм зэрыщызэрахьэмрэ ехьэлIа унафэхэр къыщамыхь. Апхуэдэу, ДАХ-м и Тхьэмадэм и фIыщIэ хэлъщ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щыщ сабийхэм зэреджэн зы программэ зэрыхузэхалъхьэм, егъэджэныгъэм епхауэ щыIэ иужь-рей  къэрал пщалъэхэм тету щIыналъитIми зэдай тхылъхэр зэрызэхагъэувэм, «къэбэрдей-шэрджэс» фIэщыгъэр зэрыпхыкIам.
  • Сыт хуэдэ унафэми жэрдэмми лэжьыгъэшхуэ пы-щIащ. А псор зэпумышачэмэ, шыIагъэ хэлъу уабгъэдэмыхьэмэ, икIушхуэ щымыIэу щIэужьыхэжыныр зыхуэIуа щыIэкъым. Бзэм и Iуэхум щхьэрыутIыпщу ухыхьэ зэрымыхъунур къызыгурыIуэ Хьэутий и зэгъэзахуэр къызэрымыкIуэу инщ, и гулъытэр жанщ, и зэхэщIыкIыр куущ. ФIы дыдэу къыгуроIуэ щIэныгъэми егъэджэныгъэми пIащIэрыгъуэ хэплъхьэ зэрымыхъунур, къэунэху зэIумыбзхэр набдзэгубдзаплъэу зэфIэхын зэрыхуейр.
  • Адыгэбзэм и IуэхукIэ Тхьэмадэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм, хилъхьэ политикэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Гуапэ зэрыхъунщи, лъэданэ инарэ зэфIэпхынкIэ Iэмал зыхуимыIэж куэд, Хьэутий и псалъэ зэрыхыхьэу, зэблэкIа мэхъу, и пIэ йоувэж. Шэч хэлъкъым, илъэс            Iэджэ лъандэрэ ирихьэкIа къэрал IэнатIэм къыхилъхьа гузыхэщIэмрэ шыIэныгъэмрэ ар зэрафIыгъэр.
  • Накъыгъэм и 27-р Хьэутий и махуэщIщ. Ныбжь дахэ, адыгэхэм я жыIауэ, хьэщIэщ Iэнэ башыр цIыхум и пащхьэ щралъхьэ ныбжь ирокъу. Башыпэр зыхуэгъэзам уи гум илъыр къищIэу, зыхуэбгъэфащэ ныбжьым хуэдэу уи гъащIэр кIуэуэ, уи гъуэрэ уи бжьэрэ зэтемыкIыу, уузыншэу, угукъеуэншэу, убэIутIэIуншэу упсэуну сынохъуэхъу, уи хъуэпсапIэхэр уи щхьэрэ уи бынкIэ къохъулIэу дунейм утетыну ди гуапэщ.
  • ТАБЫЩ  Мурат.
  • Ди гуапэ мэхъу
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий Хасэм хуэгъэза и лэжьыгъэм псом нэхърэ нэхъыщхьэу хэслъагъуэр хэкум ис адыгэхэмрэ хэхэсхэмрэ нэхъри зэпэгъунэгъу хъун папщIэ ищIэращ.
  • Арнэрылъагъущ, дэри абы дыщыгъуазэщ. АбыкIэ фIыщIэ худощI Хасэ тхьэмадэм. Апхуэдэуи дэ дигу ирохь къэралыгъуэм зэрыбгъэдэтыр, къэралымрэ Хасэмрэ зэгурыIуэу зы гъуэгу зэрытетри Сэхъурокъуэ Хьэутий и фIыгъэу къыдолъытэ. Ди адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум теухуауэ гупсысэр утыку къызэрырилъхьэр, лэжьыгъэр нобэрей псэукIэм и хабзэхэм зэрытригъэхуэным яужь зэритыр  ди гуапэ мыхъункIэ Iэмал зимыIэщ. Адыгэхэр дуней псом щикъухьауэ, зэпэжыжьэу щыпсэуми, дэтхэнэ ди лъэпкъэгъуми лъэIэсыну яужь итщ. Ди адыгэ лъэпкъым зригъэужьыным, ди хэкужьым зыкъригъэIэтыным зэрытела-жьэр ди нэгу щIокI. ЖыпIэкIэ бухыну щыткъым Хьэутий и гуапагъэр, Тхьэм иригъэфIакIуэ.
  • Дэ дыхуэарэзыщ и щытыкIэмкIи, и гупсысэмкIи, Хасэ и лъэныкъуэкIэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэмкIи. Узыншагъэ, гуфIэгъуэ иIэу и махуэ куэд игъэлъэпIэну, зыхуейхэр къехъулIэну дыхуолъаIуэ!
  • Вэрокъуэ Зэтий,
  • Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ.
  •  
  • Псори   дрогушхуэ
  • 2012 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым Хьэутийрэ сэрэ дызэдолажьэ. Ди Iуэху еплъыкIэ щызэтемыхуаи къэхъуащ, ауэ дипломатие жыхуэтIэм зэрыхуэIэзэм, шыIэныгъэ зэрыхэлъым и   фIыгъэкIэ хэкIыпIэ къэдгъуэтащ. Зи Iуэху еплъыкIэ зэтемыхуэ цIыхухэр  зы гъуэгум трешэф Хьэутий.
  • Хамэ къэралу ди лъэпкъэгъухэр щыпсэухэм куэду лъытэныгъэ, пщIэшхуэ къызэрыщыхуащIыр си    нэгу щIэкIащ. Адыгэ Хасэ дэтхэнэми епсэлъэкIэ, бгъэдыхьэкIэ екIу къыхуигъуэтыфу щытщ. Ар куэд    и уасэщ. Хьэутий и деж    сыт щыгъуи цIыхушхуэ къокIуалIэ, чэнджэщэгъу Iущу зэрыщытым къыхэкIыу. Лъэпкъым, къэралыгъуэм ехьэлIа Iуэхухэм сыт щыгъуи хуэжыджэрщ. ДэнэкIи и псалъэр щыкIуэцIрыкIыу зэрыщытым дропагэ.
  • Хьэутий и акъылри и зэфIэкIри къигъэсэбэпу ди адыгэ лъэпкъым зэрыхуэлажьэм дрогуфIэ. Узыншэу, и мурад къехъулIэу   гъащIэ кIыхь къигъэщIэну дыхуохъуахъуэ! ДэнэкIэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэми гуфIэгъуэ куэд Тхьэм зэдыдигъэлъагъу!
  • Аслъэн  Алий,
  • Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ
  • АдыгэХасэм и тхьэмадэ.
  •  
  • IуэхущIафэ дахэ зиIэ цIыхущ
  • КъБР-м и Совет нэужь лъэхъэнэр къапщтэмэ, пщIэрэ щхьэрэ зиIэ ди цIыху пажэхэм ящыщ зыщ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Ди республикэм и къэкIуэнур зыхуэдэнур яубзыхуну яужь щихьа зэман хьэлъэм  ар щхьэмыгъазэу телэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэкъуэту къызэтегъэнэным, лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэхэр, щIыналъэм щыпсэухэм я шынагъуэншагъэр хъума хъуным.
  •  
  • Ар и ныбжьэгъу пэжу, сыткIи щIэгъэкъуэн нэс хуэхъуу щы-тащ КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ. Тхьэмадэм дэлажьэ гупым Хьэутий къахэщырт и Iуэху зехьэкIэкIэ, унафэ зытещIыхьын хуейуэ къэувхэм ехьэлIауэ, ди щIыналъэр зыхэт щытыкIэр къилъытэурэ, нэхъыфI зэрыхъунур зэриубзыхуфымкIэ. Сэхъурокъуэм хуэдэхэм папщIэ «ар IуэхущIафэ дахэ зылэжьыфы- ну цIыхущ» жаIэ. Абы и ныбжьэгъу дэ мызэ-мытIэу ди нэгу щIэкIауэ дощIэ сыт и лъэныкъуэкIи ущыгугъ зэрыхъунури, зэи узыримыгъэщIэхъунури.
  • «Тхыдэ, щэнхабзэ щIэинхэр дыхуэсакъыпэу къытщIэхъуэ щIэблэм яхуэтхъумэн хуейщ, — жеIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — Лъабжьэ зимыIэ унэ щыIэкъым, жыг лъабжьэншэ зэрыщы-мыIэм хуэдэ дыдэу. Апхуэдэщ лъэпкъри — тхыдэр зымыщIэ-жыр, абы пщIэ хуэзымыщIыр, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зымыхъумэр лъэпкъкъым. АбыкIэ къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ IуэхущIапIэхэм».
  • И ныбжьыр илъэс блыщI     щрикъу махуэм ирихьэлIэу къикIуа гъуэгуанэм ириплъэжмэ, ди ныбжьэгъу икIи лэжьэгъу Хьэутий и IуэхущIафэхэм  арэзы дыдэ техъуэж хъуну  къыдолъытэ. Къыщалъхуа республикэм  абы хуищIащ хузэфIэкI псори. Ар ныбжьэгъукIэ къулейщ, Урысейм и къалэхэми, къуажэхэми, адыгэ щыпсэу къэралхэми абы ныбжьэгъухэр, кърихьэжьэ Iуэхухэр къыдэзыIыгъхэр щикуэдщ. Унагъуэ дахэ иIэщ, жьэгу пащхьэр зыхъумэ и щхьэгъусэ Кларэрэ Хьэутийрэ я къуэхэмрэ къуэрылъхухэмрэ я гуфIэгъуэ хоплъэ.
  • И ныбжьэгъухэмрэ лэжьэгъухэмрэ, жылагъуэм къабгъэдэкIыу дехъуэхъукIэрэ, дэ Хьэутий жетIэну дызыхуейр мыращ: куэдрэ псэу узыншагъэ уиIэу, пщIэ зыхуэтщI Хьэутий Хьэзрит и къуэ!
  • Зумакулов  Борис,
  • КъБР-м ЦIыхум и
  • хуитыныгъэхэмкIэ  уполномоченнэу щыIэ
  •  
  • НЭХУЩ Заурбий,
  • Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм хэт.
  •  
  •  ЩIэблэм  я  щапхъэ
  • Адыгэ дунейм укъыщацIыху къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу. ДАХ-м узэри-тхьэмадэ илъэс бжыгъэхэм уэ богъэзащIэ дуней псом щикъухьа адыгэхэм яфI зыхэлъ Iуэхухэр.
  • Бзэр, щэнхабзэр хъумэным, хэкур фIыуэ лъагъуным, ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэр зэгурыгъэIуэным, нэгъуэщIхэми ехьэлIауэ куэд зэрыпхузэфIэкIыр къытщIэхъуэ щIэблэми хэхэс адыгэхэми щапхъэ нэс яхуэхъуну къызолъытэ.
  • Гукъыдэжрэ ехъулIэныгъэрэ уиIэу, уи уафэр къащхъуэрэ узыншагъэр  уи куэду упсэуну ди гуапэщ. 
  • ЛIЫМЫЩОКЪУЭ Рэмэзан,
  • Адыгэ Республикэм и
  • Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
  • Ди  унэтIакIуэ
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм сызэрыхэтрэ илъэсих мэхъу. А зэманым къриубыдэу Хасэм щызгъэзащIэ къалэнхэм я нэхъыщхьэр — ар  адыгэбзэр хъумэнымкIэ комите- тым щызэфIэзгъэкI лэжьыгъэращ. Абы и лъэныкъуэкIэ екIуэкI сыт хуэдэ Iуэхури Сэхъурокъуэ Хьэутий хуабжьу къыддиIыгъыу, чэнджэщ щхьэпэхэр къыдиту, езыми къыхилъхьэ Iуэхухэри зэфIэтхыу апхуэдэу дызэдолажьэ.
  •  
  • ЖыIэпхъэщ Сэхъурокъуэм и зэфIэкIкIэ ди лъэпкъыбзэр лъэ быдэкIэ увын гъуэгум зэрытеувар. УФ-м и Президент Путин Владимир Налшык къыщыкIуам Сэхъурокъуэ Хьэутий абы и пащхьэ ирилъхьа Iуэху нэхъыщхьэхэр зытеухуар лъэпкъыбзэхэм, лъэпкъ литературэм зегъэужьыным, анэдэлъхубзэр джыным хуащI гулъытэр къэIэтынрат. А зэIущIэм иужькIэ а Iуэхухэм я лъэныкъуэкIэ ди лэжьыгъэр кIуатэу хуежьащи, абыкIэ фIыщIэ хуэфащэщ Хасэ тхьэмадэм.     А лэжьыгъэм щыщщ, псалъэм папщIэ, дуней псом адыгэу щыпсэум ягу дыхьэу гъэ къэскIэ едгъэкIуэкI Адыгэ диктантыр. Хэхэсхэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ едгъэщIэн и лъэныкъуэкIэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщ зыщ КъБР-м Граждан жылагъуэ   IуэхущIапIэхэм   ядэлэжьэным-рэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ ДАХ-мрэ зэгъусэу едгъэкIуэкI онлайн-курсхэр, ахэр ди лъэпкъэгъухэм зэрафIэфIым и щыхьэтщ абы къыхыхьэну гупыж зыщIхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр. А псори щыхьэт тохъуэ Сэхъурокъуэ Хьэутий лъэпкъым и къэкIуэнум Iэмал щхьэпэхэр къигъэсэбэпу зэрытелажьэм. Лъэпкъым и пщэдейр зэлъы-там, къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу, ди блэкIами щыгъуазэу, хабзэри бзэ-ри ящIэу гъэсэн зэрыхуейм ди лэжьыгъэри хуиунэтIу щытщ.
  • Си гуапэу сохъуэхъу ди Хасэ тхьэ-мадэм  и гурылъхэр къехъулIэну!    Езым псори игъэлъэпIэну ифIэфIщ,  нобэкIэ гукъыдэж къезыт лъэпкъ  Iуэхум хилъхьэ гуащIэр гъэбэгъуауэ узыншагъэрэ насыпкIэ игъуэтыжыну си гуапэщ!
  • Щоджэн  Iэминат,
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм
  • и тхьэмадэм и къуэдзэ.
  •  
  •  ПхузэфIэкIар  мащIэкъым
  • Уи гъащIэ гъуэгуанэмрэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щепхьэкIа лэжьыгъэмрэ я щапхъэщ пщэрылъ къыпщащI Iуэхухэм хьэлэлу узэрыбгъэдэтым, укъыщалъхуа хэкур фIыуэ плъагъуу абы къалэн зэрыхуэпщIэм.
  •  
  • ДАХ-м илъэс куэд  хъуауэ уритхьэмадэщи, дуней псом щикъухьа адыгэхэр зэщIэгъэуIуэнымкIэ уэ пхузэфIэкIар пхужымыIэным хуэдизщ. Адыгэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэм и Iуэху зехьэкIэр зэрыубзыхуар егъэфIэкIуэным  и закъуэкъым узыпэлъэщар, атIэ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэпшэлIащ, адыгэхэм я щэнхабзэ, тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымкIэ плъэкI къэбгъанэркъым.
  • Ди гуапэу дынохъуэхъу узыншагъэ уиIэу уи унагъуэм ухуэпсэуну, Урысейми укъызыхэкIа уи лъэпкъми яфI зыхэлъ куэд дяпэкIи блэжьыну.
  • КIЭКIЫХЪУ Мэжид,
  • хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм
  • я Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.