Гъэсэныгъэм и зы Iэмал
2021-05-27
- ЩыцIыкIум щегъэжьауэ щIэблэм егъэцIыхун хуейщ къызыхэкIа лъэпкъыр. Абы Iэмал иIэщ: и ныбжьым хуэгъэза тхыгъэхэм укъыхуеджэурэ, хуэщIэн хуэдизкIэ лъэпкъ Iуэхум хэбгъэхьэурэ.
- Къармэхьэблэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м адыгэмди щыгъуэ-щIэж махуэм техуауэ дерсхэр щекIуэкIащ. Абы хэтащ пэщIэдзэ классхэри нэхъыжьыIуэхэри. ЕгъэджакIуэхэм дерс зэIухахэр ирагъэкIуэкIащ. ЦIыкIухэр тхыдэм ирагъэплъэжащ, адыгэ фащэм, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа хабзэхэм яхутепсэлъыхьащ, щы-гъуэ-щIэж махуэм и мыхьэнэм — лъэпкъым ар къызэрыгурыIуэн хуейм и гугъу ящIащ, лъэпкъ дамыгъэхэр ирагъэщIащ, апхуэдэуи а махуэ гуауэм и нэщэнэ лентI удзыфэхэр хуагуэшащ.
- НыбжьыщIэхэр гъэхуауэ къеджащ адыгэм и тхыдэ гуузым, ИстамбылакIуэ гъуэгур къызыхэщыж усэхэм. Нэхъыбэу гулъытэ хуащIащ хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъу усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Класс блыным фIадза Адыгэ ныпым хуэфэщэн щIэблэ къыдэбгъэкIуэтеиным гуащIэ ехьэлIэн зэрыхуейр къызыгурыIуэ егъэджакIуэхэр бэлэрыгъхэркъым цIыкIухэм я лъэпкъ гупсысэр псыхьыным теухуауэ.
- Гугъуэт Заремэ.