ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэхэм ятеухуа щIэныгъэ  зэIущIэ

2021-05-19

  • Накъыгъэм и 18-м КъБКъУ-м щызэхэтащ «Адыгэхэр: блэкIар, нобэр, къэкIуэнур» фIэщыгъэм щIэт дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференц. Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща а Iуэху щхьэпэм хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Мэздэгу къикIа лIыкIуэхэр. Онлайн жыпхъэм иту Тыркум, Сирием, Иорданием, Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэри къеблэгъащ.

  • ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ блэкIар зыщыдмыгъэгъупщэу къэкIуэнум дытелажьэу дыпсэун зэрыхуейр, апхуэдэ гузэвэгъуэм ди щхьэ и мызакъуэу, адрей лъэпкъхэм и зыщахъумэну къыхуедджэну.
  • Адыгэхэм ди блэкIам, нобэм, къэкIуэнум ятеухуауэ зэIущIэм псалъэмакъ щхьэпэ къыщаIэтащ тхыдэджхэу Къалмыкъ Жылэбий, Къэжэр Артур (Налшык), Бадынокъуэ Марзият (АР),филологие щIэныгъэхэм я кандидат Дзыбэ Айшэт (АР), Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Шэрджэс институтым и унафэщI Тхьэгъэпсэу Рэмэзан сымэ, нэгъуэщIхэми. Ахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъыр зыгъэпIейтей, зыIущIэ лъэпощхьэпохэм Iуэхум и хэкIыпIэу къалъытэмкIи ядэгуэшащ къызэхуэсахэм.
  • «Адыгэхэр: блэкIар, нобэр, къэкIуэнур» дунейпсо конференцыр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ ин ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм я зым фыкъыщеджэ хъунущ.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
  •