ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2021-04-27

  • МахуэлъапIэхэр
  • Рэмэданым  и  кIэухым
  • НэщI мазэр и кум нэсащ. Алыхьым жиIэмэ, мыгувэу ар гуфIэгъуэкIэ къетхьэлIэнущ. Абы и кIэухым ирихьэлIэу дэтхэнэ зы муслъымэнми и къалэнхэм нобэ фыщыдгъэгъуэзэнщ.

  • НэщIыр зэрыбгъэзэкIуэжынур
  • Щхьэусыгъуэншэу зы нэщI махуэ блэзыгъэкIахэм шэрихьэт хабзэмкIэ я къалэнт:
  1. ПщылIхэм ящыщ зы иутIыпщыжыну, апхуэдэ имыIэмэ, нэгъуэщIым и деж къыщищэхужу щхьэхуит ищIыжыну.
  2. НэщI мазэм къриубыдэу факъырэ 60 игъэшхэну.
  3. НэщI мазэмрэ хьидымрэ иуха иужькIэ мазитIкIэ нэщIыжыну.
  • Мыбыхэм языхэз умыгъэзэщIамэ, нэщI махуэ блэбгъэкIар упшыныжакъым. ИкIи «нобэ сыхэшхэнщи, иужькIэ сыпшыныжынщ», жыпIэу пкъутэ хъунукъым — ар къыпхуэгъунукъым.
  • Нобэ, Алыхьым и шыкуркIэ, пщылI щыIэжкъым, «сыфакъырэщ» жаIэуи куэд урихьэлIэнукъым (абы емыкIушхуэ пылъу къалъытэри, ябзыщIмэ нэхъ къащтэ). Къэнэжыр ещанэращ — мазитIкIэ нэщIыжынырщ. Ари пхуэмыхьын Iуэхугъуэкъым, дунейм муслъымэн куэд зэрытетыр къэплъытэмэ, Алыхьыр фIыщэу зэрилъагъум къыхэкIыу зэрынэщIын хуейм мазищ щIрагъэгъуу.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, щхьэусыгъуэншэу и нэщIыр блигъэкIауэ къелъытэ цIыхум къемыузIауэ е гъуэгу темыту, ауэ сытми «нобэ сыхэшхэнщи зызгъэпсэхунщ» жиIэу зыщысхьыжамэ е нэщIыр зыхуимыгъэшэчыфамэ, хьэмэ махуэм лIыгъуэ-фызыгъуэ зэрихьамэ.
  • Муслъымэн диныр хьэкъыу зи фIэщ хъум апхуэдэ щхьэусыгъуэхэр ищIынукъым. Абы зыщигъэгъупщэнукъым Алыхьталэм и лIыкIуэм жиIар: «НэщI мазэр, ищIэн псори зэрыщытын хуейм хуэдэу тэмэму езыхьэкI дэтхэнэ зыми, мазэ 1000-м пэкIуэн псапэ Алыхьым хуищIынущ». Мухьэмэд бегъымбарым хьэлейхи сэлату уэ сэламым и нэгъуэщI зы хьэдиси щыIэщ: «Къемэт махуэм Алыхьталэм и мелыIычхэм яжриIэнущ: «Дунейм щынэщIахэр нобэ я кхъащхьэхэм псы хуэлIэу, мэжалIэу къотэджыкIыж. Абыхэм жэнэтым къифхи шхын, псы нэхъ гурыхь дыдэхэр къахуэфхь!».
  • НэщI мазэм муслъымэнхэм я гупсысэхэр нэхъыбэу зэхьэлIауэ щытын хуейр Алыхьталэращ. Абыхэм ар ягъэлъапIэ, и гуэныхьыр къыхуигъэгъуну йолъэIу. Къеджэфхэм Рэмэдан мазэм къриубыдэу КъурIэныр зэрыщыту ядж. НэщIым и иужьрей махуэхэр мэжджытым щагъакIуэ.
  • Къэдэр жэщ
  • Къэдэр жэщыр (лейлатуль кадр) нэщI мазэм и 27-нэ жэщращ икIи ар псом нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Мы гъэм ар хуозэ накъыгъэм и 8-мрэ 9-мрэ щызэблэкIым. А жэщым Мухьэмэд бегъымбарым хьэлейхи сэлату уэ сэламым КъурIэным и япэ Iэятхэр къыIэрыхьащ, Алыхьым къыбгъэдэкIри. «Лъэщыгъэм и жэщыр мазэ минхэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ! Алыхьым и фIыгъэкIэ мелыIычхэмрэ ДжэбрэIилрэ дунейм къытохьэ, унафэ ящIыну» (97-нэ сурэ). Къэдэр жэщым дэтхэнэ зы цIыхуми адэкIэ къигъэщIэнум теухуауэ, абы нэмэз ищIа иужькIэ зыщIэлъэIуахэмрэ дыуэхэмрэ елъытауэ, Алыхьталэм унафэ хуещI. А жэщым умыжейуэ Тхьэ уелъэIумэ, нэмэз пщIымэ, КъурIэн уеджэмэ нэхъыфIщ.
  • НэщIикIыжымрэ бытырымрэ
  • Хьид махуэшхуэр лъапIэщ, нэщIыр езыхьэкIа дэтхэнэ зы муслъымэным дежкIи. ЗышыIэныгъэмрэ зыгъэмэжэлIэныгъэмрэ еухри сытым дежи ущышхэ, псы ущефэ хъуну зэманыр къос. Абы щыгъуэми муслъымэнхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым Iэмал зимыIэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи — бытыр сэдэкъэр. Ар зыхузэфIэкI дэтхэнэ зы унагъуэми къулейсызхэм тыгъэ щахуищIыпхъэ пIалъэращ икIи нэщIым и иужьрей махуэхэм хьидым ипэ къихуэу ят. Бытырыр къабгъэдэкIыну я къалэнщ унагъуэм щIэс дэтхэнэми, я ныбжьым емылъытауэ.
  • Пасэрей зэманым бытыру цIыху къэс итыну гуэдз килограмм щырыщ хуэдиз хъун къалъысу щытащ. Абы и фIыгъэкIэ къулейсызхэм илъэс псом зыхурикъун шхын хузэхуахьэсырт. КIуэ пэтми ар ахъшэкIэ зэрахъуэкIыжу щIадзащ икIи абы и куэдагъыр зытращIыхьыр гуэдзым бэзэрым щиуасэращ. Ахъшэ нэхъыбэ ептыхукIэ, дауи, нэхъ псапэжщ. Мухьэмэд бегъымбару хьэлейхи сэлату уэ сэламым жиIащ: «НэщIыр щIылъэмрэ уафэмрэ я зэхуакум дэлъщ, Алыхьым и пщылIым бытырыр итыху». А псалъэхэм яужькIэ бытыр сэдэкъэр фарзу (Iэмал имыIэу гъэзэщIэн хуейуэ) къэлъытапхъэщ.
  • Хьидым и япэ пщэдджыжьым муслъымэнхэр, пщэдджыжьышхэм и пэ къихуэу, мэжджытым макIуэри Iимамым и гъусэу нэмэз лъапIэ ящI, нэщIым теухуа уаз йодаIуэ.
  • Унагъуэ къэс шхыныгъуэ IэфIхэр, гурыхьхэр щапщэфI, нэхъыщIэхэр кIуэурэ нэхъыжьхэм йохъуэхъу, я нэщIыр къабыл хъуну, узыншагъэ яIэну. НэщIиикIыж хьидыр махуищкIэ йокIуэкI. Мазэр къыщыунэхум елъытауэ мы гъэм абы щIидзэнущ накъыгъэм и 12-м е 13-м.
  • ПщIэну щхьэпэщ
  • Муслъымэным и фарзхэр
  • ЦIыху куэд щIоупщIэ муслъымэным и фарзхэр (къалэнхэр) зрагъэщIэну хуейуэ. Нобэ абыхэм дытепсэлъыхьынщ.
  • Муслъымэн диным и къежьапIэ нэхъыщхьэр Алыхьыр зэрызакъуэр уи фIэщ хъууэ ар бгъэлъэпIэнырщ, гъусэ лъэпкъи хуумыщIу. Абы къокIыр сыткIи Тхьэм жыIэщIэ ухуэхъун, хьэрэм ищIар бгъэхьэрэмыну, игъэдэхар бгъэзэщIэну.
  • Ислъамыр Iуэхугъуитхум тещIыхьащ:
  • Япэр Алыхьталэм фIэкIа нэгъуэщI Тхьэ зэрыщымыIэм, Мухьэмэд хьэлейхи сэлату уэ сэламыр абы зэрилIыкIуэм щыхьэт утехъуэнырщ. Абы къокIыр Алыхьыр зэрызакъуэр, абы щхьэгъуси, быни, гуэшэгъуи зэримыIэр уи фIэщ хъуныр, ар адрейхэми япхыгъэкIыныр. Мухьэмэд бегъымбарыр Алыхьым къытхуигъэкIуа лIыкIуэщ. Ар къыщIытхуигъэкIуар тхьэ нэпцIхэм дахуэпщылIыныр къыдигъэгъанэу гъуэгу пэжым дытригъэувэжын папщIэщ.
  • ЕтIуанэ Iуэхугъуэу ислъамыр зытещIыхьар нэмэз уахътитхур абыхэм хухаха пIалъэхэм щIынырщ — пщэдджыжьым (фарзитI хъууэ), шэджагъуэм (фарзиплI), ичындым (фарзиплI), ахъшэмым (фарзищ), жасым (фарзиплI). Мыхэр дэтхэнэ зы муслъымэнми Iэмал имыIэу махуэ къэс игъэзэщIэн хуей нэмэзхэрщ.
  • Ислъамым и ещанэ фарзыр уи мылъкум къыхэпхыу сэджыт ар зыхуэфащэм етынырщ. Ахъшэ е дыщэхэкI бжыгъэ гуэр уиIэу абы уемыIусэу зы илъэс дэкIмэ, абы и процентитIрэ ныкъуэр сэджыту птыну къыптохуэ. ЦIыхур былымкIэ, хадэхэкIкIэ, пхъэщхьэмыщхьэкIэ, нэгъуэщI зыгуэркIэ хуэкъулеймэ, абыхэм сэджыт хэкIыпхъэщ.
  • ЕплIанэ Iуэхугъуэр Рэмэдан мазэм нэщI епхьэкIынырщ. Ар муслъымэн илъэсым (хьиджрэм) и ебгъуанэ мазэрщ.
  • Етхуанэу муслъымэным игъэзэщIэн хуейщ хьэжыр. Сауд Хьэрыпым щыIэ Мэккэ зыхьу, абы щигъэIэу къэзыхьыжын, апщIондэхукIэ и унагъуэр тэмэму зэрыпсэун мылъку зиIэращ хьэжыщIыр зытехуэр. КъищынэмыщIауэ, гъуэгуанэр хуэхьын хуэдэу цIыхур узыншэу щытын хуейщ. Хьэжыр ищIыну псэухукIэ муслъымэным зэ закъуэ фарз щыхъуу аращ. Нэхъыбэрэ хэжыщI кIуэхукIэ и псапэм хохъуэ.
  • Мы зи гугъу фхуэтщIа Iуэхугъуитхуращ ислъамыр зытещIыхьар. Ахэр пхузэфIэкIыу умыгъэзэщIамэ, уи диныр ирикъуркъым. Зи гугъу тщIа фарзитхум языхэзыр муслъымэн диным щыщкъым жызыIэр джаурщ. Псалъэм папщIэ, хьэжыр е сэджытыр муслъымэным къытемыхуэу зыгъэIур езыр муслъымэну къэплъытэ хъунукъым, ар жэщи махуи тхьэ елъэIуу нэмэзлыкъым къытемыкIыу тесми.
  • Уаз
  • Гъунэгъум  IэфIу, гуапэу  фахущыт
  • Алыхьталэм пщIэ зыхуэтщIыну къыдигъэлъэгъуащ гъунэгъур. Бегъымбар лIыкIуэ лъапIэм уэсяту къытхуигъэнахэми ящыщщ гъунэгъум и хьэкъыр, абы теухуауэ длэжьыпхъэхэр.
  • Дэтхэнэ зы цIыхуми, мы дунейм щытеткIэ, гъунэгъу иIэн хуейщ. Ди лIыкIуэ лъапIэу Мухьэмэд хьэлейхи сэлату уэ сэламым мыпхуэдэу жеIэ: «ДжэбрэIил мелыIычым гъунэгъум теухуауэ зэпымычу сиущийрт. Апхуэдизу тригъэчыныхьырт абы фIыуэ сыхущытынуи, щIэин къысщIэнамкIэ гуэшэгъу хъунухэм ар хыхьэну пIэрэ, жысIэу сригъэгупсысырт». Абы къикIыр сыт? Гъунэгъум гуапэу, IэфIу ухущытыныр ди Тхьэ лъапIэм фIыуэ зэрилъэгъуарщ.
  • Къыббгъэдэсым фIыуэ ухущытыныр Iиманым щыщщ. Бегъымбар хьэлейхи сэлату уэ сэламым жеIэ: «Уи гъунэгъум фIыуэ хущыти, мыIумин (фIэщхъуныгъэ) зыбгъэдэлъ ухъунщ. Уи щхьэм фIыуэ хуэплъагъур цIыхум фIыуэ хуэлъагъуи, муслъымэн ухъунщ».
  • НэгъуэщIуи ди лIыкIуэ лъапIэм къиIуэтащ: «Тхьэ соIуэ Iиман имыIэн цIыхум». Апхуэдэу щэнейрэ щыжиIэм абы и гъусэхэр щIэупщIащ: «Ди лIыкIуэ лъапIэ, хэт а зи гугъу пщIыр?» «Дзыхь и гъунэгъум хуимыщIу зи зэран абы езыгъэкI цIыхум тхьэ соIуэ Iиман имыIэ», — жэуап итыжащ бегъымбарым.
  • И гъунэгъум теухуауэ цIыхум сыт и къалэныр? УащыбгъэдэскIэ, махуэ къэс уащыхыхьэ-уащыхэкIыжкIэ, адрейхэм ямыщIэ зыгуэр уи гъунэгъум дэпщIэнкIэ е дэплъагъункIэ мэхъу. Гъунэгъур сыт и лъэныкъуэкIи гъунэгъущ. Адыгэм диIэщ мы псалъэжь губзыгъэр: «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ», жыхуиIэр. Абы уэ дэплъэгъуар ущыхуэгубжьам и деж йомыхъуэныжу, ущыхуэфIым дежи жумыIэжу убзыщIын хуейщ. УщыхуэзэкIэ ухуэгуфIэну, сэлам епхыну, псалъэ гуапэ жепIэну уи къалэнщ. ЗыгуэркIэ и Iуэху хуэмыщIауэ щытмэ — удэIэпыкъуу, сымаджэ хъуамэ — ущIэупщIэу, IуэхугъуэфIым хуэбущийуэ уи гъунэгъум убгъэдэтын хуейщ. Абы хьэгъэщагъэ кIэлъызепхьэу, уеплъакIуэу, плъакIуэ-дэIуакIуэ ухуэхъурэ къэпщIар нэгъуэщIым хуэпIуэтэжу ущытынур шэрихьэтым хьэрэм ищIащ.
  • «Фыщымысхь, ныбжьэгъухэ, фи гъунэгъум!», жаIэу зы зэман гуэрым гушыIэм къыхэкIри ежьауэ щытащ. Жагъуэ зэрыхъущи, ди гъащIэм абы зы увыпIэ щигъуэтащ. Иджы цIыхум нэхъыбэу тхьэусыхэу къыщIакIухьыр я гъунэгъум лей кърахри аращ. Ар хъункIэ Iэмал иIэкъым. Абы теухуауэ бегъымбар лъапIэм мыпхуэдэу жеIэ: «СэркIэ Iиман къихьакъым, и гъунэгъур зэрымэжалIэр ищIэу зи ныбэ изу шхэ цIыхум». Апхуэдэр муслъымэну ямыбжу аращ мы хьэдисым къикIыр. Муслъымэн цIыхур и ерыскъымкIэ дэгуэшэн хуейщ. Абы и шхыныр хьэнтхъупс къудейми, ар къыбгъэдэсым имыгъуэтмэ, зы Iыхьэ гуэр хухихыпхъэщ. Аращ муслъымэныгъэр.
  • Уи гъунэгъум лей епхмэ, сыт хуэдизу псапащIэу ущытами, жыхьэнмэр къызэрыблэжьыр бегъымбар лъапIэм наIуэу къыдгурегъаIуэ. Зы бзылъхугъэ гуэр щхьэкIэ Тхьэм и лIыкIуэм еупщIахэт. Абы псапэ нэщI иIыгъыу, жэщкIэ къэтэджыжрэ нэмэз ищIу псэурт. КIуэаракъэ, игурэ и псэрэ Тхьэм етащ хужыпIэнт. АрщхьэкIэ и гъунэгъум псэхугъуэрэ тыншыгъуэрэ иритыртэкъым. Абы щхьэкIэ бегъымбар хьэлейхи сэлату уэ сэламым жиIащ: «Абы и Iуэхум хъер хэлъкъым. Ар жыхьэнмэ Iыхьлыщ». Аргуэру абы мыпхуэдэу къиIуэтащ: «Си псэр зи IэмыщIэ илъ ТхьэмкIэ соIуэ, жэнэтым имыхьэнкIэ зи гъунэгъур зымыгъэтынш цIыхур».
  • Гъунэгъур къызэрылъытэн хуейм щыщщ абы и бынми и щхьэгъусэми пщIэ хуэпщIыныр.
  • Мухьэмэд бегъымбару хьэлейхи сэлату уэ сэламым жиIащ: «И гъунэгъум едыгъуэныр нэхъ гуэныхьышхуэщ и мыгъунэгъу нэгъуэщI унагъуипщIым еIэбам нэхърэ». Мы хьэдисым къикIыркъым мыгъунэгъу цIыхум уедыгъуэныр фIыгъуэу, ар мыгуэныхьу. Бегъымбар лъапIэм къыдгуригъэIуауэ аращ гъунэгъум хуиIэ къалэныр адрейхэм нэхърэ пщIыкIэ нэхъыбэу зэрыщытыр, абы епх лейм и хьэзабыр адрейм нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ иныр. Алыхьым дыщихъумэ гъунэгъу Iей диIэнуи, дэри апхуэдэу дыщытынуи.
  • «Зи гъунэгъум дзыхь зыхуезымыгъэщIыф цIыхур жэнэтым дэмыхьэнкIэ Тхьэ соIуэ», — къыджеIэ Мухьэмэд бегъымбару хьэлейхи сэлату уэ сэламым. Ар Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм ущиеу къыдитхэм щыщщ. Гъунэгъу пэж, тэмэм дэтхэнэ зыри Тхьэм дищI, ди IэфIыр зэдэдугуэшрэ ди гуауэр зэдэтIэту!
  • УпщIэ – жэуап
  • Щыгъуазэ  зыхуэфщI
  • — ЦIыхухъум пыIэ щхьэрымыгъыу нэмэз ищI хъуну?
  • — ЦIыхухъум и щхьэр мэхьрэмкъым (нэмэз щищIкIэ щIихъумапхъэхэм ящыщкъым). ПыIэр щхьэрымыгъыу нэмэз ищI хъунущ, ауэ сарыкъ, пыIэ цIыкIу е щхьэр зыгуэркIэ щIихъумэу ищIмэ нэхъ псапэщ. (Iэт-Тадж, Мултэкъа).
  • — ПIэм ухэлъу КъурIэн уеджэ хъуну?
  • — КъурIэн еджэну хуейм япэ андез къищтэу къаблэмкIэ зигъазэу еджэныр нэхъ псапэщ. АрщхьэкIэ пIэм ису еджэми хъунущ. (ФатауаIи Хиндийе).
  • — КъурIэн еджэкIэ тщIэркъым. ГукIэ тхузэгъэщIар Iэлхьэмрэ къулхуолэрэщ. Нэмэз тщIыну дыхуейщи, абыкIэ зэфIэкIыну?
  • — Нэмэзым Iэмал имыIэу КъурIэным щыщу зы Iэят кIыхь е Iэят кIэщI цIыкIуищ теплъхьэн хуейщ. Мыр нэмэзым и фарзхэм ящыщщи, Iэмал иIэмэ зэгъэщIэн хуейщ. Iэлхьэмымрэ къулхуолэмкIэрэ пщIы нэмэзри тэмэмщ. (Фыкъхьул Ислъам).
  • — Дыгъэр къыщыкъуэкIым е щыкъухьэм и деж КъурIэн уеджэ хъуну?
  • — Мы упщIэм теухуауэ муслъымэн щIэныгъэлIхэм ящыщ гуэрхэм жаIащ: «Дыгъэр къыщыкъуэкIым, щыкъухьэм, щхьэ щыгум щитым КъурIэн уеджэ нэхърэ бегъымбарым щэлат-сэлам къыхуэпхьым, зэчыр жыпIэм нэхъыфIщ». «КъурIэн уеджэми ягъэ кIынкъым», — жызыIаи щыIэщ.
  • Мы еплъыкIитIым къокI хуейр КъурIэн еджэну, хуейм бегъымбарым сэлам къыхуихьыну, зэчыр жиIэну. (ФатауаIиХиндийе).
  •  
  • Мэжджыт цIэрыIуэхэр
  • «Къул Шариф»
  • Поволжье Курытым щIэныгъэмрэ динымрэ я зыужьыныгъэм я хэщIапIэ нэхъыщхьэу XVI лIэщIыгъуэм Къэзан хъаныгъуэм щыIа, азэнджапIэ куэд зиIа мэжджыт цIэрыIуэм и теплъэм къытригъэзэжу, 1996 гъэм ар здэщыта щIыпIэм и деж ухуэныгъэщIэ ин зэхаублащ.
  • ТхьэелъэIупIэ телъыджэр 1552 гъэм урыс пащтыхь Иван Грознэм и дзэхэм къанэ щымыIэу зэтрагъэсхьауэ щытащ.
  • Мэжджыт абрагъуэр икIи дахащэр Къэзан кремлым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щытщ. Абы фIащащ тэтэр лъэпкъ лIыхъужь цIэрыIуэ Къул Шариф и цIэр. Мэжджытым и кIуэцIым цIыху минрэ щитхум зэуэ нэмэз щащIыфынущ, пщIантIэми иджыри минипщI дэхуэнущ. Абы и ухуэныгъэр яухри Iэтауэ къызэIуахащ Къэзан къызэрыунэхурэ илъэс 1000 щрикъуа 2005 гъэм ирихьэлIэу.
  • «Къул Шариф» и азэнджапIиплI нэхъыщхьэхэм и дэтхэнэми метр 57-рэ и лъагагъщ. Унащхьэр гъэщIэрэщIащ тэтэр хъанхэм зэрахьэу щыта «Къэзан пыIэр» (Иван Грознэм Къэзан къизэуа иужькIэ, Мэзкуу яшауэ Iэщэ палатэм щагъэлъагъуэу иджыпсту щаIыгъыр) уигу къигъэкIыжу.
  • Мэжджытым и нобэрей теплъэр щызэфIагъэувэжым япэм щыIам зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри халъхьащ, иджырей зэманым екIуу, лъэпкъ щэнхабзэм нэхъ техуэу. Къапщтэмэ, «Къул Шариф» мэжджытым псори зэхэту азэн джапIэу 8 иIэщ. Ухуэныгъэр щекIуэкIым Уралым къраша мывэ лъапIэхэр къагъэсэбэпащ, Ираным и унафэщIхэм абы щIэлъыну алэрыбгъухэр тыгъэ къахуищIащ, фэ зэмылIэужьыгъуэ куэду зэхэт метритху зи бгъуагъ икIи тоннитI зи хьэлъагъ хрусталым къыхэщIыкIа люстрэр Чехием щагъэхьэзыращ. Ар щагъэщIэращIэм дыщэхэкIыу, мывэ зэщIэцIууэхэу куэд къызэрагъэсэбэпам мэжджытым и теплъэр телъыджэ ящI.
  • «Къул Шарифым» езы мэжджытым къищынэмыщIауэ музей-библиотекэ, тхылътедзапIэ, Iимамым и хэщIапIэ хэтщ, зыплъыхьакIуэхэр здыщIашэ пэшхэри абы иIэщ.
  • Хьэдисхэр
  • Я мылъкур  къащIэныжащ
  • Дэнэ щыIэ ерыскъы IэфI ишхыу, щыгъын дахэ щыгъыу унэ зэтетхэм щыпсэуахэр? Ахэр дунейм ехыжри я мылъкур къащIэныжащ. Иджы мащэкхъэм илъщ, дунейм здырахьэхари ящIа фIымрэ емрэщ.
  • Iэдэм и бынхэ! Фэ ерагъыу мылъку зэвгъэпэщащ, ауэ ахърэтыр зэрыщыIэр фщыгъупщащ. ДапщэщажалырзэрыщыIэр фигу къыщыкIыжынур? ЗыкъэфщIэж!
  • Чэнджэщ
  • Тхьэм  фелъэIу
  • ЦIыхур сытым щыгъуи и гумкIи и бзэмкIи (макъкIэ) Тхьэм елъэIун хуейщ. Алыхьым зэрызыхуэбгъэзэнур хэхауэ, Iуэхугъуэ гъэбелджылауэ щымыту мыхъуну аракъым. ЦIыхур Къытщхьэщытым фIыкIэ елъэIупхъэщ дапщэщи, ар зэрищIэнури езым и анэдэлъхубзэм къызэритIэсымкIэщ, гукъыдэж зэриIэм хуэдэущ.
  • Iуэхугъуэ пыухыкIахэм тегъэщIауэ щытынкIи мэхъу Алыхьым зэрелъэIур. Псалъэм папщIэ, унагъуэм сабий къыхэхъуэмэ, унэщIэм ущIэтIысхьэжмэ, фIыгъуэ гуэр къоуалIэмэ, фызышэ укIуэмэ, нэгъуэщIхэми.
  • Тхьэ елъэIуным купщIэу хэлъыр — ар Алыхь закъуэм зэрызыхуэбгъазэ псалъэр гумрэ псэмрэ къыбгъэдэкIыу щытынращ. Аращ Тхьэм пIихынури.
  • Алыхьым зэрелъэIу псалъэр КъурIэным къихауэ щыткъым — ар дэтхэнэ цIыхуми езым зэхилъхьэж псалъэщ.
  • Адыгэхэр дыщыхъуахъуэкIэ, жытIэхэр Тхьэм елъэIуныгъэ щIыкIэкIэ гъэпсащ. Абы и лъэныкъуэкIэ а хъуэхъухэр духьэщ.
  • Мухьэмэд бегъымбар лъапIэу хьэлейхи сэлэту уэ сэламым жиIащ: «ЦIыхум фIыгъуэ къыхуэзыхьыр и Iэпкълъэпкъым щыщу Iыхьэ цIыкIуитIыр аращ: и бзэгумрэ и гумрэ. ЩыпсалъэкIэ и бзэгупэм фIыгъэмрэ Тхьэм и цIэмрэ дапщэщи телъщ, и гур итхьэщIыкIамэ, апхуэдэ цIыхур икIи къабзэщ, икIи Iумахуэщ, икIи насыпыфIэщ, гъуэгу тэмэми тетщ».
  • ЦIыхум и гум илъым, и мурадхэм, и гуращэм, и дуней тетыкIэм къапкърокIыж, къагъэщIыж пщэдейм къипсэуну гъащIэр зыхуэдэнур. Аращ цIыху щыкIам щхьэкIэ «Зыгуэр и нэгу щIэлъщ» щIыжаIэр.
  • Дэтхэнэ зы цIыхуми и дуней тетыкIэр гупсысэшхуэ хэлъу къызэщIикъуэжрэ щIэгъэщхъуауэ иубзыхужу, адыгэм жиIащ: «Узэджэр къокIуэ». Едвгъэгъапщэт ар Тхьэ лъапIэм и псалъэм: «Нэхъыбэрэ фыкъызэлъэIу, фи лъэIур си деж къэсынщ».
  • Алыхьым и псалъэмрэ ди лъэпкъым и набдзэгубдзаплъагъэ чэнджэщхэмрэ гъуэгугъэлъагъуэщ дэтхэнэ адыгэ муслъымэным дежкIи.