ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIым  и  сыхьэт

2021-03-27

  • Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы гъэми хэтынущ ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондым (World Wildlife Fund — WWF) къыхилъхьа «ЩIым и сыхьэт» зыфIаща къэрал зэхуаку Iуэхугъуэм.

  •  Дызэрыт илъэсым ЩIым и сыхьэтыр зыхуагъэзар гъатхэпэм и 27-ращ. Iуэхур дэзыIыгъ къэралхэм щыIэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэс унагъуэхэм, дэт IуэхущIапIэхэм, тыкуэнхэм, курыт еджапIэхэмрэ хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэмрэ, къыхуеджэныгъэм пэджэжа псоми — лейуэ ягъаблэ уэздыгъэхэмрэ мыхьэнэ ин зимыIэ электро-Iэмэпсымэхэмрэ нобэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 20-рэ дакъикъэ          30-м деж щыIуачынущ.
  • Дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжым, дызытес щIым и хъугъуэфIыгъуэхэр зэгъэзэхуауэ къызэрыгъэсэбэпыпхъэм къэрал  зэмылIэужьыгъуэхэм  я  унафэщIхэр, цIыхубэр езыгъэгупсыс Iуэхугъуэм и мыгъэрей Iыхьэм, зэрыхуагъэфащэмкIэ, цIыху мелардым щIигъу хэтынущ.
  • ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ЩIым и сыхьэтыр къезыхьэжьахэм ар ядэтIыгъыну хуитыныгъэ диIэщ дэтхэнэ-       ми. Абы папщIэ сыт тщIэн хуейр, жыфIэу фыщIэупщIэмэ, ди унэхэм электричествэм пыдзауэ щIэт унэлъащIэхэм ящыщ зыбжанэр пIалъэ гуэркIэ къызэритчыным яужь дитыпхъэу аращ, ди планетэм и хъугъуэфIыгъуэхэм дазэрыщысхьым и нэщэнэу.
  • Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжу
  • ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фонд (World Wildlife Fund — WWF) къэрал зэхуаку зэгухьэныгъэр дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэнымрэ зэрыщытауэ зэтегъэувэжынымкIэ хэкIыпIэу щыIэхэр къэзыпщытэ-къэзыхутэ къызэгъэпэщыныгъэщ. Дызытепсэлъыхь Iуэхур, иужькIэ, 2006 гъэм, «ЩIым и сыхьэт» хъужар, къезыхьэжьауэ щытари аращ. Зэреджэр щIахъуэжам щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ къалъытэр, пIалъэ гуэркIэ уэздыгъэр Iуичыным и мызакъуэу, ди планетэм и адрей хъугъуэфIыгъуэхэми хуэсакъын зэрыхуейм цIыхум и гупсысэр хуэша хъун щхьэкIэщ.
  • Ауэрэ здекIуэкIым, 2007 гъэм зи гугъу тщIы WWF фондым Австра-             лием япэ дыдэу къыщызэригъэпэ-           щауэ щытащ «The Sydney Morning Herald» зыфIаща Iуэхугъуэу ди планетэм и хъугъуэфIыгъуэхэм я къэгъэсэбэпыкIэм егъэлеиныгъэу халъагъуэхэм жылагъуэм гу лъегъэтэным хуэгъэзар. Континент (щIыналъэ) жыжьэм и къалэ нэхъ ин дыдэм щызэхаша «щIыхьэху» иным кърикIуар аращи, къыкIэлъыкIуэ илъэсым абыхэм я щапхъэм иригъуэзащ ЩIы Хъурейм тет къэрал куэдым я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыIэ IуэхущIапIэхэм щылажьэхэмрэ цIыху къызэрыгуэкIыу дэсхэмрэ.
  • 2009 гъэр къэтщтэнщи (а илъэ-сырщ ЩIым и сыхьэтыр Урысей Федерацэми къыщысар), ар щытащ ди планетэм щыпсэу цIыхухэм ящыщу мелардым нэблагъэр зыхэта Iуэхугъуэу. Абы щыгъуэ Москва щагъэкIуэсат къипчми зэраныгъэшхуэ къэзымышэну къалъыта уэздыгъэ лейхэу МГУ-р, Киевскэ вокзалыр, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академиер я гупэ-щIыбагъкIэ зэщIэзыгъэнахуэхэр, ИКЕА хьэрычэтыщIэ къызэгъэпэщыныгъэм ейхэр, нэгъуэщIхэри.
  • 2010 гъэм и гугъу тщIымэ, Санкт-Петербург цIыхухэр дэзыхьэхыу дэт Эрмитажым, Уардэунэ лъэмыжым, Невский Александр и лъэмыжым,   езы къалэм и администрацэм и                     унэ нэхъыщхьэм, нэгъуэщI-къинэмыщI куэдми езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ, ЩIым и сыхьэтым ирихьэлIэу, ахэр зэщIэзыгъэнахуэ уэздыгъэхэр къыщрачауэ щытащ.
  • Пщыхьэщхьэ сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 30-м Налшык къалэ ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум щыщIидзэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэмрэ экологиемкIэ и министерствэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым, республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм хэтхэм зэгъусэу къыщызэрагъэпэщыну зэхыхьэм. Абдежым къалэн куэд зыгъэзащIэ щIалэгъуалэ центрым и волонтёрхэм джэгугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зэпеуэхэмрэ щызэхашэнущ, шэху уэздыгъэхэмрэ Iуэхум ехьэлIа хьэпшып цIыкIухэмрэ щагуэшынущ, республикэм и артист ныбжьыщIэхэм зыкъыщагъэлъэгъуэнущ.
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.