ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-03-27

  • ЖыIэгъуэхэр
  • Унэгуащэ  хахуэм  мащIэри  куэд  ещIыф
  • Лъэпкъ лIыгъэншэм ущIебгъэрыкIуэн щхьэусыгъуэ гъуэтыгъуафIэщ.
  • НэхъыжьыфI зиIэ лъэпкъым хъуэпсэгъуэ куэд дыболъагъу.
  • Узыхэсым и лъабжьэ къэптIыныр уи мащэ къэптIыж пэлъытэщ.
  • Уи адэшхуэм и пщIэр уи напщIэ телъ къудейкIэ уи фIыщIэм хэхъуэнукъым.

  • Уи лъэпкъым хуэпщIэфар пщIа псом нэхърэ нэхъ лъапIэщ.
  • Уи псэр хэлъхьи, уи бзэр къегъэл.
  • ФадэкIэ къыпхуэупсэр уи псэм йоIэ.
  • Анэр арэзы зыщIыфым Тхьэм и нэфI къыщохуэ.
  • Бжыр унэгуащэм IэщIыхьэмэ, фэбжьыр лIым и Iыхьэщ.
  • Бын узыншэ ухуеймэ,  къэзылъхунур гуапэ щумыгъащIэ.
  • Быным хэлъ мыхъумыщIагъэр анэм и нэм зэрилъагъур гъэмэщIауэщ.
  • ЖыхуиIэ псор зыхуащIэу еса сабийм хуащIэм пщIэ хуищIыжыркъым.
  • Зи бзэ зымыщIэж цIыхубз псэуэгъу пщIымэ, си быныр бзэмыIу хъуащ жыпIэу умыгъэщIагъуэ.
  • КъыумыгъэдэIуэфын цIыхубз псэуэгъу умыщI.
  • Насыпыр цIыхум куэдрэ къеуалIэркъым, къыпхуэкIуамэ, быдэу хъумэн хуейщ.
  • Удахэкъым зыжепIа цIыхубзым зыщыхъумэ.
  • Унагъуэм къаугъэ илъмэ, быным я лъэр щIэкIыркъым.
  • Унэгуащэ хахуэм мащIэри куэд ещIыф, хуэмыхум куэдри мащIэ IэщIохъуэ.
  • Унэгуащэр щытепщэ унагъуэм лIым и благъэ кIуэрейкъым.
  • ЦIыхубз ябгэм унагъуэм и гъащIэр хьэзаб защIэ ещIыф.
  • ЦIыхубзым лIы ухуэмыхъумэ, пщылI уищIынущ.
  • ГубэщIыкI  Владимир.
  • Проектхэр
  • Скульптор цIэрыIуэ  ГъущIапщэ Арсен 1763 — 1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и зэманым Хэкум залымыгъэкIэ ираша адыгэхэм ятриухуа мемориал комплексыр.

  • Фэ фщIэрэ?  
  • Псэлъафэхэм  къарыкIыр
  • Псым хэмыхьэу бдзэжьей ишхын фIэфIщ.
  • Гугъу зрамыгъэхьу — «мыпщIантIэу тхъэн хьилагъэр дин зыхуэхъуахэм» ятеу-         хуащ.
  • Псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ.
  • Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ нэхъ къагъэсэбэп хабзэ псэлъафэщ: бынхэр (нэхъыщIэхэр) я адэ-анэхэм (нэхъыжьхэм) ядоплъей, я щапхъэм ирогъуазэ, абыхэм я лъэужьыр езыхэми яху.
  • Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым.
  • ЦIыхур и щхьэ къыщхьэщыпсэлъыкIыну, къызыщхьэщыжыжыну, зыхуэуэчылыжыну хуитщ.
  • Щхьэ къуийм и лажьэр щхьэ псом ищIэркъым.
  • НэгъуэщIым и щхьэ къылъысар, игъэвыр, и Iуэху зыIутыр зэхэзымыщIыкIхэм яхуэгъэза псэлъафэщ.
  • Пхъэ щакъутэм къуэщIий щолъей.
  • Щыуагъи ныкъусаныгъи къыхэмыкIыу, зыгуэри хэмыкIуадэу мыхьэнэшхуэ  дыдэ зиIэ Iуэху зэфIэкIыркъым. Щыуагъэ, ныкъусаныгъэ, н. къ. Iуэхум и мыхьэнэм и гугъу зэрамыщIыр я фIэщ щыхъум деж къапсэлъ.
  • Щауэ  Къэлидар.
  • ГъэщIэгъуэнщ
  • Честертон жеIэ
  • Америкэм къыщыдэкI журналхэм ящыщ зыр тхакIуэхэмрэ артистхэмрэ  я деж щыщIэупщIащ цIыху щымыпсэу хытIыгум кIуэуэ щытамэ къыздащтэну тхылъыр зыхуэдэмкIэ. Жэуапхэр зыкIи зэщхьтэкъым: Шекспир Уильям и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт, Свифт Джонатан и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса…
  • А упщIэмкIэ тхакIуэ Честертон Гилберт зыщыхуагъэзам жиIащ:
  • — Апхуэдэ щытыкIэ укъыщихутам и деж тхылъ нэхъ щхьэпэр кхъухь зэращIыр зэрытырщ.
  • Пащтыхь гуащэм егъэщIагъуэ
  • «Алиса в стране чудес» таурыхъ цIэрыIуэр зэхэзылъхьар Оксворд университетым математикэмкIэ щезыгъэджа Кэррол Льюисщ. Ар и лэжьыгъэм къыщыдэхуэхэм деж итхауэ щытащ щIэныгъэлIым.
  • Инджылызым и пащтыхь гуащэ Викторие а таурыхъым къеджа нэужь, хуабжьу игу ирихьащ икIи Кэррол и Iэдакъэ къыщIэкIа адрей тхылъхэр икIэщIыпIэкIэ къыхуахьыну унафэ ищIащ.
  • Пащтыхь гуащэм и лъэIур псынщIэ дыдэу хуагъэзэщIащ. Ауэ абы хуабжьу игъэщIэгъуащ Кэррол и адрей тхылъ псори математикэм теухуауэ къызэрыщIэкIар.
  • Гугъу  хэлъкъым
  • Профессор Швейцер Альберт щIэныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ доктор диссертацэу 3 пхигъэкIат. Абы и цIыхугъэ, щIэныгъэ гъуэгум техьагъащIэ щIалэ гуэр еупщIащ:
  • — Доктор лэжьыгъэу 3 пхыбгъэкIыныр дауэ пхузэфIэкIа?
  • — А псори Iуэху къызэрыгуэкIщ, — жиIащ Швейцер къызыфIимыгъэIуэхуу. — ЩIэныгъэхэм я доктор ещанэу къыщIысфIащар тIу сиIэти аращ, етIуанэр щIыпхызгъэкIыфар щIэныгъэхэм я доктор цIэр зесхьэрти аращ, япэр къыщIэзлэжьар щIэныгъэ степень сиIэтэкъыми аращ.
  • Къэбарт  Мирэ.
  • Балъкъэр  лъэпкъым  и  къэщIэрэщIэжыныгъэм  и  махуэм
  • Кулиев Къайсын
  •  Ди къуршхэм
  • ди бзэр щыIужащ
  •  («Хочуев Сэлихь и фэеплъу»
  • усэм щыщщ)
  •  
  • … Уэ пасэу, пасэу дэ утфIэкIуэдащ,
  • ИужькIи дэ уIэгъэ куэд дгъуэтащ.
  • Гузэвэгъуэшхуэ къыхыхьат ди гъащIэм,
  • Иухуэу ди плIэр, дыкъызэфIигъащIэу.
  • Ауэ ди лIакъуэр абыи къелащ,
  • Насыпыншагъэм дыхуэмыгъэлIа.
  • Аргуэру ди бзэр щыIужащ
  • ди къуршхэм,
  • Ди лъэпкъри ядопсэу ди лъэпкъ
  • зэкъуэшхэм.
  • А гуфIэгъуэшхуэр дигухэм щыпсэунщ,
  • ХъыбарыфI псоми ящхьэу ар щытынщ.
  • Пэрыхьэжащ щIыр зывэр
  • и лэжьыгъэм,
  • Пэрытхэм Iэщым къагъэлъагъуэ
  • лIыгъэ.
  • Бахъсэн щыпсэухэм икIи
  • шэрэдждэсхэм
  • Я бынхэр еджэу нобэ школхэм щIэсхэщ.
  • Зэгуэр дунейр дэ кIыфI
  • къыщыттехъуам,
  • Апхуэдэ гъащIэт ди псэм къилъыхъуар!
  •  
  • Гуртуев   Сэлихь
  •  Зэманым и уасэр
  •  Нэхъыжь къалэным и гугъуагъыр
  • Иджы къэтщIэну къытхуихуащ…
  • Ди щхьэцым феплъыт и хужьагъым, —
  • Куэд щIауэ щIалэгъуэр иухащ.
  •  
  • Къыр натIэм къехуэхын къудейуэ,
  • Телъ уэсым жьыгъэр изогъэщхь.
  • «ИтIани, телътэм арт мыхъейуэ», —
  • Сэ жысIэу си щхьэр хузогъэщхъ.
  •  
  • СызоупщIыж сэ куэдрэ моуэ:
  • «Сыт щыслъэкIар дунейм щысщIэн?»
  • СлъэкIар сфIэмащIэщи, сигу къоуэ,
  • Абы иджыри куэд пысщэнт…
  •  
  • ИтIани, си гур тIэкIу согъэфIыр:
  • IуэхуфI мымащIи сэ злэжьащ,
  • Си усэр лъэпкъым, хэкум IэфIу
  • Сигу  яхуилъ  псомкIи  схуэгъэнщIащ.
  •  
  • Мокаев Магомед
  •  Анэм деж
  • УгъащIэ мащIэу къыщIэкIат, си анэ…
  • Ажал толъкъуныр пасэу къыпщIэуат.
  • Си дыгъэр, си уэрэдыр сыт зэмани
  • Уэрати — тIури гуауэу сфIэкIуэдат.
  •  
  • Дунейр уэ къыщубгынэми, уи щIалэр
  • ИщIыну насыпыфIэ тхьэм уелъэIут.
  • IэфIыгъэу гъащIэм хэлъри,
  • и гуащIагъэри
  • Сэ зыхэсщIами, сигу уи макъыр щыIут:
  •  
  • «Зы гузэвэгъуэр пщещI нэхъ тынш
  • нэгъуэщIым».
  • Къысхуохъур сыткIи цIыхухэр
  • щIэгъэкъуэн,
  • ИтIани къысщымыхъу си
  • гуауэм хэщIу, —
  • Уэ узиIэжкъым… СфIощI псэр
  • дэлъу  бэн.
  •  
  • Дунейм уэ утетыжкъым. Ауэ гъатхэр
  • Аргуэру къытхуэкIуащи, мес, солъагъу:
  • Уэ балий жыг зэгуэрым хэпсэгъахэр
  • Гъэгъауэ, ди гуфIэгъуэм къытхущIагъу.
  •  
  • Умыпсэужми, сеплъым балий жыгым,
  • Уи нэгум сиплъэу фIэкI
  • сэ къысщымыхъу…
  • Си гукъэкIыжхэр зэи мыужьыхыу
  • Сэ къыздопсэури, сфIощIыр уэ
  • усщIыгъу.
  •  
  • Пэжыгъэ гъуэгур гугъуми,
  • хуокIуэ щыгум.
  • ГуфIэгъуи гуауи — мащIэ сэ слъэгъуар?!
  • Си гъащIэ псокIэ схуигъэхункъым
  • си гум
  • ХьэлукIэ уи IэлъэщI зэрыпхъуэжар…
  •  Усэхэр  зэзыдзэкIар Къагъырмэс  Борисщ.
  •  
  • Гъур Людмилэ
  • Епэр
  • Таурыхъ
  • Мэзым къэкIыгъэхэр щымащIэкъым. Удз гъэгъахэри щыкуэд дыдэщ. Ахэр нэхъыбэу хуейхэм щыплъагъунущ. А хуейхэм плъыфэхэм я махуэшхуэ щекIуэкIым ещхьщ, апхуэдизкIэ удз гъэгъа зэмыфэгъу плъыфэбэхэр щикъухьащи.
  • Жыгей абрагъуэм пэмыжыжьэу епэр цIыкIухэр куэду къыщыкIырт. Данэм хуэдэхэр, бэлацэу щабэ дыдэ епэр цIыкIухэр Iуву зэкIэщIэтти, удзыфэр зэбэкI мэзыр таурыхъым хэт алэрыбгъу фIэкIа зэрыпщIэн щыIэтэкъым. Епэрымэ гуакIуэри хьэуам мащIэу хэсыхьырт, хьэуам и тхьэ эльф Эол щхьэщылъэтыкIам хуэдэу. Епэрхэм я дунейм зэгурыIуэныгъэмрэ тыншыгъуэмрэ щытепщэрт. Ауэ зэгуэрым…
  • Зэгуэрым абыхэм егъэлеяуэ дахащэу зы удзыпэ цIыкIу къахэкIыкIащ. Ар адрейхэм зыкIи ещхьтэкъым. Абы епэрхэм ещхьу щIым зыхиубгъуэртэкъым, атIэ лъагэу зиIэтырт. Епэрхэр къэуIэбжьащ: мыри сыту пIэрэ? Епэрхэр зэрыгъэгузэващ: дэ дауэ дыхъужыну? Зэчэнджэщыжхэри унафэ ящIащ: дыпсэумэ, къэхъур тлъагъунщ. ИкIи къалъэгъуащ.
  • Къыхэжа удзыпэм тхьэмпэхэр къытекIащ. Абы и фэри и щытыкIэри нэгъуэщIт. Пэжщ, удзыфэщ, ауэ нэгъуэщI удзы-фэщ. ИтIанэ къэкIыгъэм щхьэ цIыкIу къищIащ. Епэрхэр пэплъэрт абы зыкъыщызэIуихыну махуэм. А махуэри къэсащ. Плъыжьыбзэу лъэдий псыгъуэ цIыкIум удз гъэгъам и щхьэр фIэсысыхьу фIэтт. И кум ис нэ фIыцIэ цIыкIумкIэ уафэ къащхъуэм фIэгъэщIэгъуэну еплъырт. Епэрхэр къэуIэбжьащ:
  • — Уэ ухэт?
  • — СыIущхьэщ, — пагэу жэуап къитащ телъыджэлажьэм, ауи и щхьэ къудеи имыгъэщхъыу.
  • Епэрхэр щызэIущащэм, нэхъ цIыкIу дыдэу яхэтыр къэгъащ:
  • — Си анэу Дыкъэзыухъуреихь дуней, — здэгъым Iущащэрт а цIыкIур. — СыкъэгъэкI сэри Iущхьэу. Сакъыхэгъаплъэ сэри къэкIыгъэхэм лъагэу, дыгъэм зыкъезгъэгъэлъагъу, псори си дахагъэм къызэрыщытхъур зыхэзгъащIэ, — нэхъри зэщыджэрт епэр цIыкIур.
  • — Умыгъ икIи уемыхъуапсэ, — къэIущэщащ анэр. — Мы гъащIэм псоми уасэ щиIэщ. Зы напIэзыпIэ гуфIэгъуэми уасэ щIэптын хуейщ.
  • — Хьэуэ, хьэуэ, си анэ! СыхущIумыгъэгъуэж. КхъыIэ, Iущхьэу сыкъэгъэкI…
  • Дыкъэзыухъуреихь дунейр щатэри арэзы хъуащ. И дамэхэр щIиупскIэщ, и набдзэхэр хишри … ди епэр цIыкIум и лъабжьэм зихъуэжащ. Иужь иту удзыпэ цIыкIу къыхэжащ, итIанэ тхьэмпэхэр, кIэлъыкIуэу и щхьэ цIыкIур. Аргуэру зы махуэ дэкIри, хуейм зы Iущхьэ къыщыгъэгъащ. Япэрейм нэхърэ нэхъ дахэу, нэхъ бжьыфIэу. А япэрейм и дахагъэр фIэкIуэдакIэт. Iущхьэ дахэкIейм и купсэм бжьэ кусэ цIыкIу итIысхьащи, и дамэ цIыкIухэмкIэ Iущхьэм и къапщIийхэр егъэкIыл. Сыту гухэхъуэ! Арат сэ сызыщIэхъуэпсар! Ауэ таурыхъ псоми кIэух зэраIэм ещхьу, ди Iущхьэ цIыкIуми и кIэух-чэзур къэблэгъащ.
  • Пщэдджыжьым къепщэн щIэзыдза жьыбгъэ зэраншум лъагэу зыкъиIэтащ. Пшэхэр ирихужьэри, мэзыщхьэм щызэхуихусащ. Дыгъэм зыкъуидзэжри, зыIэзыбжьэу уэшх пIащэ хьэлъэр кърикIу-тащ. Ар пэгункIэ къракIых фIэкIа пщIэнтэкъым, абырэ жьыбгъэмрэ зэхьэзэхуэ хуэдэт. Жьыбгъэри етат: жыг щхьэкIэхэр еудыныщIэ, жыгыщIэ цIыкIухэр егъэгъуэлъ, къуацэхэм губжьауэ йофыщIауэ.
  • Зэман дэкIыу жьыбгъэми уэшхми зызэтрауIэфIэжа иужь Дыкъэзыухъуреихь дунейм  и  лъахэр  къызэпиплъыхьащ.  Дунейкъутэжыр  епэр цIыкIухэр  зэрыт                      хуейм ящхьэщыкIат: уэшхым иуфэнщIауэ, ауэ шына нэхъ лажьэ ямыIэу ахэр къызэтенат. Абыхэм гъунэгъуу къыщыкI удзхэми зыкъыщхьэщаубгъуащ, езыхэми зыр зым кIэщIэпщхьэурэ захъумэжат. Ауэ дэнэ щыIэ ди хъуэпсэрилэ цIыкIур? А-а, мис ари… Жьыбгъэ къыщIэпщам абы и лъэдий махэ цIыкIур зэфIищIыкIри, и къапщIийхэр зэбгрипхъат. ЗэхэупIышкIуауэ, тхьэмыщкIафэ дыдэу ахэр тхьэмпэхэмрэ удзхэмрэ хэзэрыхьыжат.
  • — Е, тхьэмыщкIэ цIыкIу, — яфIэгуэныхь хъуащ ар епэрхэм.
  • Къарууншэ дыдэ хъуа удз гъэгъам зэхихащ а псалъэхэр. Хуэму зыкъиIэтри абы къиIущэщащ:
  • — Хьэуэ, си щхьэр фымыгъей. Сэ Iущхьэу сыщытащ. Сэ схузэфIэкIащ щIылъэм лъагэу сыщыкIыу уафэр зэрыиныр къэслъагъуну. Сэ сынасыпыфIэщ…
  • Пэж дыдэуи насыпыфIэу къыщIэкIынщ: ар мэзым къыщыкI псоми я гум къинащ.
  •  Епэр хъуэпсэрилэ цIыкIум теухуа мы таурыхъыр нанэ къызжиIэжат. Ар щIэх-щIэхыурэ кIуэрейт а хуейм. Ауэ Iущхьэ абы къыщыкIауэ афIэкIа зэи илъагъужакъым.
  • ЗэзыдзэкIар  Мэлей  ФатIимэщ.
  •  
  • Шхыныгъуэхэр
  • ДзасэкIэ  гъэжьа мэлыл
  • Мэлылыр яупщIатэ г 30 — 35-рэ я хьэлъагъыурэ, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, дзэху тепщэчым иралъхьэ, яшыу, шыбжий хаудэ, бжьын ущэба халъхьэри, фIыуэ зэIащIэ. Абы, зэIащIэу-рэ, къундэпсо щIыIэ щIакIэ, и щхьэр трапIэжри, щIыIапIэ ягъэуври, нэху кърагъэкI. А зэманым лыр зэ-тIэу зэIащIэ. Лыр ягъэжьэн и пэ къихуэу, къундэпсо щIагъэж, лыр Iэнэ гъущэм е пхъэбгъум тракIутэри, лым кIэрыпщIахэр къыкIэрах икIи лыр ягъэжэпхъ. Лы тыкъыр жэпхъахэр дзасэм фIалъхьэри, хьэзыр хъуху мафIэ дэпкIэ          ягъажьэ. Лы жьар тхъуэплъ дахэу, мэ гуакIуи къыхихыу щытын хуейщ. Пщтыру Iэнэм трагъэувэ. Дашх щIакхъуэ, чыржын, хьэлIамэ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуиплI Iыхьэ):
  • Мэлыл лыпцIэу — г 1200-рэ
  • Къундэпсоуэ — г 2000
  • Бжьыныщхьэ ущэбауэ — г 100
  • Шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  • КIэртIоф  цIывынэкIэ  щIа хьэнтхъупс
  • Шыуаным псы щIыIэ ирагъэжыхь, шэ щIэмыху иракIэ, шыгъу хадзэри ,зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. БэлагъкIэ зэIащIэурэ абы кIэртIоф цIывынэр хакIутэ. МафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр пэшхьэкум къытрахыжри, бжьын гъэлыбжьа традзэ, шыуаныщхьэр трапIэри, дакъикъитху-хыкIэ щагъэт. Iэнэм фалъэкIэ трагъэувэ, шатэ хэкIауэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • Шэ щIэмыхуу — г 1400-рэ
  • КIэртIоф укъэбзауэ — г 300
  • Гуэдз хьэжыгъэу — г 60
  • ДжэдыкIэу — 1
  • ТхъуцIынэу — г 30
  • Шатэу — г 50
  • Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • Бжьын гъэлыбжьам:
  • Тхъууэ — г 30
  • Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 40
  • Шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
  • Пщымахуэ и шей
  • Удзыр къыщыпаупщIыр щыгъэгъам дежщ, бадзэуэгъуэ, шыщхьэуIу мазэхэрщ. Гъэгъам икI цIыкIухэр щIыгъуу паупщI, зэкIэрапхэри жьауапIэм е пкIэунэ хуабэм щыфIадзэ. Удзым жьы щIихуу щытын хуейщ. Ар зэрыгъуу  яуб, хъуржыным иракIутэри, гъущапIэм щагъэтIылъ. Удын зытехуа цIыхум и дежкIэ сэбэпщ. Абы къыщIэвыкIа псыр упщIыIужа иужькIэ, фэбжь зытехуа щIыпIэм тхьэмпэр тралъхьэри япхэ. Пщымахуэ и тхьэмпэм къыщIэвыкIа псым къалмыкъ шей ирагъавэ, шэ, шатэпс хакIэ, шыгъу, шыбжий, джэдгын хадзэри. Лэкъум, мэжаджэ, чыржын драф. Зи жьэжьей узхэмкIэ сэбэпщ.
  • Халъхьэхэр:
  • Удз гъэгъауэ — грамми 100
  • Псывэу — литри 3
  • Шэ щIэмыхуу — литри 2
  • Шатэпсу — грамм 200
  • Шыгъуу, шыбжийуэ, буршу — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:1. Удын зэхэ-дзэ нэхърэ — … зэхэдзэ. 6. Мэлыц щабэ. Е … бостей. 8. Зи кIапэ лъэныкъуэм фIэгъэнапIэ иIэ бжэгъу кIыхь, къурыкъу. 9. Щхьэгъубжэ … 10. ЩIалэ цIыкIухэр … топкIэ мэджэгу. 11. Хадэм е Iуэм Iуагъэувэ ихьэпIэ. 14. ЦIыхубзхэм зыкIэралъхьэ хьэпшып цIыкIу. 15. … зимыIэм шкIэ щIещIэ. 16. Чэф хъуа щIалэжьыр …-небэу и унэмкIэ джэдэжащ. 18. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и япэ ректору щыта Бэрбэч ХьэтIутIэ и адэцIэр. 20. АбыкIэ бдзэжьей йощэ. 22. … хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым. 23. Литературэ тхыгъэ. 24. Пасэ-рей зауэлIым и жыр пыIэ. 27. … джэдыгу. Е мэлыфэ гъэтэджа. 28. Зи щхьэгъусэм къыбгъэдэкIыжа цIыхубз. 29. Чыцэм къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ фIыцIафэ-къащхъуафэ хъурей цIыкIу. 32. Пшынауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. 33. Кумбыгъэ ин, псылъэ. 34. Зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхухъу. 37. Америкэм, Японием узэрыкIуэ хъу транспорт. 38. Хуит пщIымэ, а псэущхьэр пIэкум исынущ зигъафIэу. 40. Адыгэ лъэпкъым и къудамэхэр … быдэкIэ зэпы-щIащ. 41. … бзаджэ тIысыпIэншэщ. 42. КIэщIэлъадэ-кIэщIэжыжым, унафэщIым щытхъупс къригъэжэхыурэ дизкъуажэ … хъарзынэ зригъэгъуэтащ. 44. … махуэ: диным зэрыжиIэмкIэ, дунейм ехыжахэм псапэрэ гуэныхьу ящIар щызэхагъэкI махуэ. 46. ЩIы … Е зыгуэрым и Iыхьэ мащIэ тIэкIу. 47. … пыIэ. 48. Дунейм ехыжам и цIэкIэ тхьэмыщкIэхэм ират Iыхьэ. 49. Зи кIапэ лъэныкъуэр упIэщIа гъущI, пхъэ иризэгуауду. 50. ЩIа-кхъуапхъэ.
  • Къехыу:2. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ университетым и ректору щыта. 3. Улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылажьэмэ, … бгъуэтынщ. 4. Псы, гъэш зракIэ кумбыгъэ. 5. Къэб … е хьэлыуэ …, ерыскъыгъуэ гуэрым къыгуагъэжа. 6. УнэлъащIэм щыщщ. 7. «Iэрпхъуэр» псалъэм къикIыр абыи къокI. 12. … цIыкIу бжьакъуэшхуэ. 13. … лъакъуэ шкIэ иукIрэ? 17. ХакIуитI зы … щIэзагъэркъым. 19. Зил къып-щIэмыузым уи … хуумыIуатэ. 21. Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ къуажэ. 25. Пхъэ сахуэ. 26. … джэлам ущIэмынакIэ. 30. Уэшхышхуэ нэужьым адэкIэ-мыдэкIэ жапIэ зыщI псы лъагъуэ цIыкIухэр. 31. Псэуалъащхьэ блыным декIуэкI натIэ. 35. Таурыхъхэм хэт фызыжь хьилэшы. 36. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу. 39. Егъэлеяуэ дунейр щыщIыIэм зэреджэ. 40. Гъур, пхъашэ. 43. Ди     гъунэгъу лъэпкъ. 44. Джэдкъазым, къуалэбзум ятет цы щабэ. Е … щхьэнтэ. 45. Зи пхъафэр щхъуафэ-фIыцIафэ, гъэсыныпхъэ хьэлэмэт хъу жыг. 46. Коммунистхэм … собранэ ирагъэкIуэкIащ.
  • Зэхэзылъхьар  Мыз  Ахьмэдщ.
  •  Гъатхэпэм и 20-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 6. Мэсей. 7. Дыхьэгъ. 8. Акъужь. 9. Чынт. 10. Хъурей. 11. Бэлагъ. 14. Къатыр. 15. ЕнтIыр. 16. Жэпкъ. 18. Сыдж. 19. Анэл. 24. ПащIэ. 25. Гъуэмб. 27. Тхьэв. 29. Мыл. 30. КIэбгъу. 34. Къумахуэ. 35. Уардэ. 36. Шэрэз. 37. Джэрш. 39. Бжэгъу. 40. Абдж. 42. Щыблэ. 43. Жызум.
  • Къехыу:1. Хьэцыбанэ. 2. Дерт. 3. Щыкъу. 4. Сытхъу. 5. Кхъуэтепыхьэ. 11. Бру. 12. Лашын. 13. Гъей. 16. Жэнэт. 17. Пыпхэ. 20. Набдзэ. 21. Лэрыгъу. 22. ХущIэ. 23. Хьэх. 26. Бытыр. 28. ХьэмкIэшыгу. 31. Бэдрэжуз. 32. Мэш. 33. Ауз. 38. Шылэ. 39. Бжьын. 41. Бэдж.