ХьэфIыцIэ Мухьэмэд: Хьэгъапхъэхэм закъедвмыгъэгъапцIэ. Адыгэ гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуэтэнум девгъэгупсыс
2021-03-25
- Иужьрей зэманым цIыхубэр зыгъэпIейтея Iуэхугъуэхэм язщ Урысейм и Президент Путин Владимир пэщIэува Навальный Алексей и хъуреягъкIэ екIуэкIа псалъэмакъхэр. «Оппозицэм и пашэу» зыкъэзыгъэлъагъуэ политикым Кавказым акъылэгъу зэрыщимыIэр ди нэкIэ тлъэгъуащ, абы и къыщхьэщыжакIуэхэм цIыхухэр уэрамым къыдэкIыну къыщыхураджэм. Ауэ, зэрыхъу хабзэу, Iуэхум щыгъуазэ зимыщI щIыкIэ щIэпхъуэ закъуэтIакъуэхэри къытхокI. Навальнэмрэ адыгэ Iуэхумрэ зэрызэпха щIыкIэр зыгурыдгъэIуэну зыхуэдгъэзащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
- — Илъэс къэунэхуам щIышылэм и 21-м «Кавказ Ищхъэрэм папщIэ захуагъэ» зыфIэзыщыжа гупым Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир зэрыпэщIэувамкIэ «цIэрыIуэ хъуа» Навальный Алексей хуэгъэзауэ тхыгъэ утыку кърахьащ. «Мелард бжыгъэ зытекIуэда Геленджик къыщагъуэта сэреишхуэр щаухуар адыгэщIращ, уэращ пщIэи щхьэи зыхуэфащэр, къыхэплъхьэ псори бдыдоIыгъ», — жаIэу, утыку илъэда цIыху зыбжанэр хэт зи лIыкIуэр? Мыдрейхэм ди хэкур фIыуэ дымылъагъуу, хьэмэ хахуагъ тхуримыкъуу ара?
- — Мы Iуэхум зэхэгъэкIыпхъэу хэтыр тIу мэхъу. Япэрауэ, хэт хъуну Навальный Алексей? Сыт абы теухуауэ тщIэр? ЕтIуанэр – сыт е хэт хамэ щIыналъэхэм щыпсэу, а зи гугъу пщIы щIалэхэм абы фIыкIэ ущыгугъ хъуну къащызыгъэхъуар?
- — Навальный Алексей хуэдэ къаугъэшыхэм гъуэгу щагъуэтыр къэралым мамырыгъэр щытепщэм дежщ. Езыр зыпэщIэувахэм зэтраIыгъэ мамырыгъэр, ар къыхэзгъэщыну сыхуейщ. Политикэ Iуэху зепхьэныр гугъуу, абы зыфIищыжа «оппозицэ» хуэдэхэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къэралыр зезыхьэ Президентым пэщIэт гуп къэбугъуеиныр къыпхуамыдэу щытамэ, жьэ игъуэтынутэкъым абы. Ар Урысейм демократие зэрыщыIэм и щыхьэту аращ.
- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, Навальный Алексей ди къэралым урыс фIэкIа исын хуэмейуэ, къэралым хамэ куэдыIуэ къагъэIэпхъуэу, абы зи цIэ зэрихьэ лъэпкъым — урысхэм — я хэкум бысыму зыкъыщамылъытэжу зыгъэIу политикщ. Уеблэмэ, мыурысхэм, дэ тхуэдэхэм папщIэ, «чучмек» псалъэр къегъэсэбэп.
- Илъэс бжыгъэ хъуауэ утыкум итщ, хуиту мэпсалъэ, къэрал хабзэм ебэкъуэхукIэ къыщхьэщыжакIуэ игъуэтурэ, куэд худачыхащ. Урысей Федерацэм щыпсэу политик нэхъ лъэрызехьэ дыдэхэри щомэхъашэ Навальнэм. Лъэпкъ, дин, фэ, бзэ зэхэгъэж зыщIхэм язщ ар. «Куэдщ Кавказыр зэрыдгъэшхар» къыхуеджэныгъэм щIэту, «Урыс марш» зыфIэзыщыжа узижэгъуэн и махуэ гупым яхэтащ ар, ящIэр ядиIыгъыу.
- Аращи, утепсэлъыхькIэ мыхьэнэ иIэкъым. Президент Путиныр къэпсэлъэху къыхегъэщ Урысейр лъэпкъ куэду, бзэ зэмылIэужьыгъуэ щызэрахьэ къэралышхуэу зэрыщытыр, лъэпкъ щхьэхуэхэм я бзи я щэнхабзи зэрыпэщIэмыувэр. Ар нобэрей дунейм и псэукIэ хьэлщ, фIыуэ къишэри ди нэкIэ долъагъу. Ар зыфIэмызахуэм зауэ къигъэхъеину, зэриуштыфыр зэриушта нэужь, цIыхухэр бэлыхь зэрыхэхуэнур къызыфIэмыIуэху щхьэ псынщIэщ. Аращ Навальнэм хуамыдэр, нэгъуэщIкъым. И цIыху щIыкIэм, и псэлъэкIэм гупсэхуу укIэлъыплъми, плъагъур мыхъумыщIагъэр игъэкIуэдыным щIэхъуэпс цIыхукъым, унафэ зыIэщIэлъхэм, утыку итхэм я пIэ иувэну хуей, абы щхьэкIэ Iэмал зэхэдз зымыщIыну цIыхущ.
- — «Геленджик адыгэщIщ, адыгэхэм я махуэри къэсыпхъэщ, дэ жыпIэр бдыдоIыгъ, дзыхь пхудощI», — жаIэу, абы зыхуэзыгъэзахэр сыт-тIэ зыщыгугъыр?
- — Ахэр Урысейм щыщкъым, урысыбзэ ящIэкъыми, а псоми щыгъуазэкъым, япэрауэ. ЕтIуанэрауэ, сэ фыкъызогъапцIэ, жысIэр фи фIэщ фымыщI жиIэу, игъащIэм зы хьэгъапхъэ цIыху утыку къихьа къыщIэкIынкъым. Угупсысэн, учэнджэщэн, Iуэхум щыгъуазэхэм уеупщIыжын щIыхуейр аращ.
- Зи акъыл тIыса зы адыгэ дунейм тету къыщIэкIынкъым си лъэпкъыр ефIэкIуарэт, ипэ ища лъэпкъхэм далъэщIыхьарэт, хэкум имысхэр къекIуэлIэжу зы хэгъэгу дахэ къытхэкIыжарэт жимыIэу. Ауэ гъащIэри дунейри зи чэзу-зимычэзууэ, щIыпIэм, зэманым, Iуэхум и къекIуэкIыкIэм елъытауэ зэхэлъщ. Ар зыхузэмыгъэзахуэр политикэ утыку щIипщхьэн щыIэкъым лъэпкъри игъэпуду езыми и напэ зытрихыжу. Адыгэм и тхыдэм уриплъэмэ, лъэпкъым лей къыщытехьа зэман псоми къаугъэ къэзыгъэхъей «хьэщIэ» гуэр къахозэрыхь. Апхуэдэт инджылызым къиутIыпща тIасхъэщIэххэр, МэжэрымкIэ, ПольшэмкIэ къикIа зауэлI-жыджэракIуэхэр, къинэмыщIхэр. Мы зи гугъу тщIы тхыгъэм зи Iэ щIэлъхэм уриплъэмэ, абыхэм яхэтщ зи гъащIэр Урысейм еныкъуэкъуным тезыгъэкIуэда, Америкэм и къэрал секретарым дэлэжьа Гобл Пол и IэщIэдзыр. Америкэм щыщ политикым адыгэ гупым я тхыгъэ мыхъумыщIэм и Iэр щIедз. Сыт уэ мы Iуэхум хэпщIыхьыр жиIэри, еупщIат абы «Кавказ узел»-м и корреспондентри, къажриIар пщIэрэ? «Сэракъым а тхыгъэр зэхэзылъхьар, ауэ ар ятхынуи ирагъэхьынуи тезгъэгушхуар пэжщ. Сэ къызолъытэ адыгэхэм Урысейм и Президентым пэщIэт къарухэм гъунэгъу зыхуащIыпхъэу».
- Абы и ужькIэ упщIэ къэнэжрэ? «Дэ Iэщэ къыфхуедгъэшэнущ, дыхъунущ-дыщIэнущ, дэ дыкъыфщхьэщыжынущ», — жаIэурэ, илъэс щитI ипэкIэ ди лъэпкъэгъухэр зауэм хэзыгъэлъэдар апхуэдэ защIэщ. Абыхэм закъедмыгъэгъапцIэу, нобэ ди Iуэху тщIэжу, мамырыгъэр тхъумэу дыпсэунращ адыгэ гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуэтэнур.
- Епсэлъар Чэрим Мари25э трихащ.