ДЗЭМЫХЬ Къасболэт: МыкIуэдыжынщ Нэгумэ Шорэ и щIэин лъапIэр
2021-03-25
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэ гъащIэм узыщыгуфIыкI хъун, гулъытэ хэхаи зыхуэщIыпхъэ Iуэхугъуэ къыщыхьащ. адыгэ узэщIакIуэ, еджагъэшхуэ, ди щIыналъэм щызэтеува тхыдэ, филологие щIэныгъэхэм я лъабжьэр зыгъэтIылъа Нэгумэ Шорэ Бэчмырзэ и къуэм и тхыгъэхэр къыщызэщIэкъуэжа, томи 4 хъу, «Ногмов Ш.Б. Исторические и филологические труды» фIэщыгъэр зиIэ къыдэкIыгъуэ хьэлэмэт иджыблагъэ дунейм къытехьащ. Ар игъэхьэзыращ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэмрэ техникэмкIэ и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр ЩIэныгъэ Центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт. ЩIэныгъэм и илъэсу ди къэралым щагъэува дызэрыт 2021 гъэм къыдэкIа тхылъыщIэм тедгъэпсэлъыхьыну иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ абы.
- — Къасболэт, Нэгумэ Шорэ и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэр щызэхуэхьэсыжа тхылъышхуэ, IыхьиплIу зэхэту, къызэрыдэкIам куэд щыгуфIыкIащ. Пэжу, Нэгумэм фIыщIэшхуэ бгъэдэлъщ ди лъэпкъ тхыдэр зэтегъэувэжынымкIи, анэдэлъхубзэм и лъабжьэр гъэтIылъынымкIи…
- — А унэтIыныгъэхэм ехьэлIауэ щIэныгъэлIым иIа зэфIэкIхэм уатепсэлъыхьмэ, къыжыIэпхъэщ Къэбэрдейм и тхыдэр ижь зэманым къыщыщIэдзауэ XVIII лIэщIыгъуэм нэсыху тэмэму зэкIэлъыхьауэ япэу къыщыгъэлъэгъуэжар Нэгумэм и къалэмыпэм къыпыкIа «История адыхейского народа» тхылъыр арауэ зэрыщытыр. Карамзин Николай и «История государства российского» тхылъым и гугъу умыщIмэ, Нэгумэм и лэжьыгъэр хъуащ Урысей пащтыхьыгъуэм щыпсэуа лъэпкъхэм ящыщ зым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щыгъуазэ ухуэзыщI къэхутэныгъэ. Абы и лъэныкъуэкIэ тхылъым Къэбэрдей-Балъкъэрым, зэрыщыту Кавказым я дежкIэ иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ.
- Лъэпкъ бзэщIэныгъэм и зэфIэувэныгъэмрэ абы и зыужьыныгъэмри хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ Нэгумэм. Апхуэдэщ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и япэ грамматикэр абы зэрызэхилъхьар, лъэпкъ IуэрыIуатэр джыныр зэриублар, къэбэрдеибзэм и япэ алыфбейр зэрызэхигъэувар, зытхам и унэцIэр зыщIэлъ япэ литературэ тхылъ дунейм къызэрытехьар (ар къэплъытэ хъунущ иджырей къэбэрдей-шэрджэс литературэм и щIэдзапIэу). Кавказыдж цIэрыIуэ куэдым къызэралъытэмкIэ, зи Iэпкълъэпкъыр зэрыубыд къудей лъэпкъ щIэныгъэр Нэгумэ Шорэ абы щыгъуэ зытригъэува лъагапIэр апхуэдизу Iэтащи, абы иIа еплъыкIэхэм иджырей еджагъэшхуэхэми пщIэрэ гулъытэрэ ноби хуащI, абы лъандэрэ илъэс щитI дэкIыжа пэтми. Шорэ апхуэдэуи щытащ жылагъуэ лэжьакIуэшхуэуи. Ар а IуэхухэмкIэ япыщIат урысей щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэу Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Одоевский Александр сымэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием хэт еджагъэшхуэ куэдым.
- Адыгэхэм ди тхыдэм напэкIуэцI фIыцIэу хэт лъэхъэнэу Кавказым илъэсищэ зауэр щыщекIуэкIа зэманым щыгъуэ Нэгумэ Шори адрей лъэпкъ узэщIакIуэ цIэрыIуэхэми ягъэтIылъауэ щытащ я хэкуэгъухэр дунейпсо щэнхабзэм гъунэгъу зэрыхуащIыну Iэмалхэм я лъабжьэр, бэр щIэныгъэ нэхум хэшэныр, тхэфу, еджэфу егъэсэныр я мурад нэхъыщхьэу. Зыпэмылъэщыну зэзауэ гуащIэхэм лъэпкъым къыхуихь хэщIыныгъэ инхэм къадэкIуэу, социально-щэнхабзэ зыужьыныгъэм хуэкIуэнымкIэ Iэмалхэр абыхэм къазэрыхузэIуихри цIыхухэм къагурыIуа зэрыхъунми елIалIэрт Шорэ хуэдэхэр. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум къыдэкIуэу, ахэр хущIэкъурт, я къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэр къагъэсэбэпкIэрэ, урыс, европей лъэпкъхэм щыщхэр езыхэр къызыхэкIа адыгэхэм я тхыдэм, къыдекIуэкI хабзэхэм, щэнхабзэ къулейм щыгъуазэ хуащIыну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ я мурадт нэхъыфIу зызыужьа лъэпкъхэм гу зылърагъэтэну, дунейпсо щэнхабзэм адыгэхэм увыпIэ хэха зэрыщагъуэтынур я фIэщ хъууэ.
- — А лъэпкъылI щэджащэм къыщIэна щIэиныр нэсу джыным, зэхуэхьэсыжыным ехьэлIа псалъэмакъхэр къокIуэкI лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм я пэщIэдзэ лъандэрэ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Iуэхур щIэрыщIэу къэIэтыжа зэрыхъуар зи фIыщIэри, Нэгумэм и тхыгъэ псори зэуIу щIыжауэ къыдэгъэкIын зэрыхуеймкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьари уэращ, Къасболэт. Иджыри къэс дызыщымыгъуэзауэ сыт хуэдэ тхыгъэхэр ихуа тхылъыщIэм?
- — 2019 гъэм, Нэгумэр къызэралъхурэ илъэс 225-рэ щрикъу илъэсым, лъэпкъ узэщIакIуэ цIэрыIуэм и юбилейр щIэныгъэ дунейм Iэтауэ щыдгъэлъэпIащ. РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтми лэжьыгъэ куэд къыщызэдгъэпэщащ махуэшхуэм ехьэлIауэ. Абы щыгъуэ къыхэслъхьауэ щытащ дызытепсэлъыхь тхылъым и Iуэхур. Пэжу, а проектыр нэхъапэIуэкIэ, 1993 гъэм, утыку кърахьауи щытащ, арщхьэкIэ гъэзэщIа мыхъуурэ нобэм къэсат.
- Иджыри къэс дэ диIар Нэгумэм и «История адыхейского народа» лэжьыгъэмрэ томитI хъууэ къыдэкIауэ щыта «Филологические труды» тхылъхэмрэщ. ПцIы хэмылъу, а тхылъхэм мыхьэнэшхуэ яIащ лъэпкъ тхыдэри щэнхабзэри джынымкIэ, апхуэдэуи абыхэм яубзыхуащ езы Нэгумэм и щIэиным ди дежкIэ иIэ лъапIэныгъэри. Апхуэдэу щытми, а къыдэкIыгъуэхэр дунейм къызэрытехьэрэ зэман куэд дэкIати, тхылъхэр гъуэтыгъуей дыдэ хъуат. Ари щхьэусыгъуэ хуэхъуащ Нэгумэм и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэр зэхуэхьэсыжауэ къыдэгъэкIыжыным.
- Иужьрейуэ дунейм къытехьа тхылъи 4-м ихуащ Нэгумэм итха тхыдэ, филологие лэжьыгъэхэр. Къыхэзгъэщыну сызыхуейращи, мы къыдэкIыгъуэм итщ Шорэ къызэринэкIа тхыгъэхэм ящыщу иджыри къэс зыщIыпIи къытрамыдзахэр. Ахэр къиугъуеящ РАН-м Дунейпсо литературэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, филологие щIэныгъэхэм я доктор Алий Аллэ. Иужьрей илъэсипщIхэм къриубыдэу Алийм иригъэкIуэкIащ кавказыдж цIэрыIуэ, академик Шёгрен Андрей и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ ехьэлIа къэхутэныгъэ купщIафIэхэр. Абыхэм ящыщ куэд дунейм къытехьащ икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, Нэгумэм и щIэиныр джыным щIэрыщIэу нэху къытрагъэдзащ. Зи гугъу сщIыр Нэгумэ Шорэ и «Начальные правила адыхейской грамматики» (1840 гъэ), «Начальные правила кабардинской грамматики» Iэрытххэращ. Ахэр адыгэ узэщIакIуэм игъэхьэзырауэ щытащ, Шёгрен хигъэплъэжрэ абы къыхуищIа дагъуэхэр зэригъэзэхуэжурэ. Апхуэдэу Шорэ и щIэиным дихьэх псоми хьэлэмэт ящыхъунущ Нэгумэмрэ академик цIэрыIуэмрэ зэхуатхауэ щыта письмохэри, Шёгрен Кавказым щилъэгъуа псори къызэрыщыхъуахэр зэрыт тхыгъэхэри.
- — Яхуэфэщэн гулъытэ иджыри къэс зымыгъуэта а дэфтэр лъапIэхэр дэнэ къыщиугъуеят Алий Аллэ?
- — А Iэрытх дэфтэрхэр Алийм къыщигъуэтащ Санкт-Петербург дэт архивищымрэ (РАН-м и Архивым Санкт-Петербург щиIэ къудамэм, РАН-м КъуэкIыпIэ IэрытххэмкIэ и институтым, Къэрал тхыдэ архив нэхъыщхьэм) Хельсинки щыIэ хъумапIитIымрэ (Финляндием и Лъэпкъ библиотекэм IэрытххэмкIэ и къудамэм, Фин тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и литературэ архивым). Алийм къищынэмыщIа, адрей кавказыдж псоми, Нэгумэм и щIэиныр къэзыугъуеижхэри яхэту, я къэхутэныгъэхэр нэхъыбэу щрагъэкIуэкIар Шёгрен и фонду Санкт-Петербург дэт дэфтэр хъумапIэм щIэлъращ. А IуэхумкIэ Хельсинки зэи зыри кIуатэкъым иджыри къэс. Шёгрен ехьэлIауэ щыIэ дэфтэр псори щIиджыкIкIэрэ, Алийм сэтей къищIащ Нэгумэ Шорэ и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ ящыщу дэ дызыщымыгъуазэ тхыгъэ хьэлэмэт куэд. Хуабжьу гъэщIэгъуэнкъэ-тIэ «Начальные правила адыхейской грамматики», «Начальные правила кабардинской грамматики» Iэрытххэр!
- — Академик цIэрыIуэмрэ Нэгумэ Шорэрэ мызэ-мытIэу зэрызэхуэзар, ахэр шэщIауэ зэрызэдэлэжьар къызыхэщыж нэгъуэщI тхыгъэри ихуащ иужьрей къыдэкIыгъуэщIэм, сызэрыщыгъуазэмкIэ. Абы- хэм къытхутепсэлъыхьыт, Къасболэт.
- — Шёгрен Андрей Кавказымрэ Кърымымрэ къыщыщызэригъэпэщауэ щыта зекIуэм къызэщIеубыдэ 1835 гъэм и фокIадэ — 1838 гъэм и щIышылэ лъэхъэнэр. Хамэ щIыналъэхэм щилъэгъуахэр, зыхуэза цIыхухэр, зрихьэлIа Iуэхугъуэхэр, къэхъукъащIэхэр — псори и махуэгъэпсым зэпкърыхауэ щитхыжащ абы. «Лейтенант Нэгумэм и деж сыщыхьэщIэн мурадкIэ, мы зекIуэр сублащ», — итщ Шёгрен и махуэгъэпсым. Ар хуабжьу фIэхьэлэмэту топсэлъыхь щIыпIэцIэхэу Дзэлыкъуэ, Къармэхьэблэ, Балъкъ, нэгъуэщIхэми. Къехь зыхуэза цIыхухэм къыхуаIуэтэжа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр.
- IыхьиплIу зэхэт «Ногмов Ш.Б. Исторические и филологические труды» къыдэкIыгъуэм и езанэ тхылъым итщ Шорэрэ Шёгренрэ я зэхуаку дэлъа зэпыщIэныгъэр къызыхэщыж, зэхуатха тхыгъэхэр. Абыхэм щыгъуазэ зыхуэпщIа нэужь, гурыIуэгъуэ мэхъу академикыр адыгэ щIэныгъэлIым и унэтIакIуэу, чэнджэщэгъуу, ныбжьэгъуфIу зэрыщытар. Гу зылъытапхъэращи, Шорэ и къалэмыпэм къыпыкIа письмохэр зэрытха бзэр урыс литературэбзэм и мардэхэм йозагъэ, къулейщ икIи хьэлэмэтщ. Лъэпкъ узэщIакIуэр щIэхъуэпсырт къызыхэкIа бгырысхэм щIэныгъэм я нэхур къатепсэну, зигури зи псэри еджэным хузэIуха щIэблэ иужь къихъуэну.
- Ар псори тхылъым ихуащ.
- — Алий Аллэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр ипэжыпIэкIэ хъуащ Нэгумэ Шорэ и щIэиныр нэхъ къулей, щыз, ирикъу зыщIыжхэм. Шэч хэлъкъым а дэфтэрыщIэхэр щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, нэгъуэщI тхылъеджэ куэ- дым зэрафIэхьэлэмэтынум. Нэгумэм и гъащIэмрэ творчествэмрэ джыным нэхъапэIуэкIэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIауэ щытахэм ящыщу хэт сымэ я цIэхэр къипIуэнт?
- — Къытезгъэзэжынщи, профессор Алийм къиугъуея псори лъапIэныгъэ тхуэхъуащ Нэгумэ Шорэ и щIэиныр зыфIэхьэлэмэтхэм. ФIыщIэшхуэ абыкIэ къилэжьащ а къэхутакIуэ емызэшым. Абы нэмыщI, фIыщIэ ин яхуэфащэщ адыгэ узэщIакIуэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ зэман зэхуэмыдэхэм къриубыдэу зыджа, ахэр наIуэ къэщIыным хуэгъэпса къэхутэныгъэ купщIафIэхэр зэфIэзыха щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу РАН-м и академикхэу Шёгрен Андрейрэ Берже Адольфрэ, совет еджагъэшхуэхэу, кавказыджхэу Кокиев Георгий, Турчанинов Георгий, Гарданов Валентин, Тресков Илья, Къумыкъу Тыгъуэн, КъардэнгъущI Зырамыку сымэ.
- Лъэпкъ академическэ щIэныгъэм хулъэкIащ Нэгумэ Шорэ Бэчмырзэ и къуэм бгъэдэлъ фIыщIэ куэд сэтей къищIын. АтIэми жыпIэ хъунукъым адыгэ узэщIакIуэ щэджащэм и щIэин уахътыншэр къанэ щымыIэу къэхута, джа хъуауэ. Ар къэкIуэну щIэблэхэм я къалэнщ.
- Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.