ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

БзэмкIи лъэмыж яухуэ

2021-03-11

  • СССР-м хэта къэралхэм яку къыдэхъуа экономикэ, политикэ Iуэхухэм я нэхъ гуащIэу щытар бзэм епхаращ. ЗэрытщIэжщи, Прибалтикэм къыщежьащ а къэралищым щыпсэу урысхэм я бзэр паубыдыныр, абыкIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэту ямыдэныр. Иужьрейуэ ди нэгу щIэкIаращи, Украинэм и къэралкъутэр къызыхэкIари аращ. Донецкрэ Луганскрэ щыпсэу урысхэм я пщIыхьэпIи къыхэхуагъэнкъым я бзэмкIэ псэлъэну, еджэну зэрыхуейм зауэ къикIыну, къулейсызыгъэм хуишэну.

  • ЖысIэнуращи, бзэр политикэшхуэм епхащ: зауэми хуэбгъэкIуэфынущ, дуней псом уи пщIэр къыщыпIэтынуми — нэхъ IэмалыфI уигъэлъыхъуэнщ. ИкIи мыр нобэ къежьа Iуэхукъым.
  • Севастополь иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей щэнхабзэмрэ бзэмрэ зегъэужьыным, ахэр хамэ къэралхэм щыгъэкIуэтэным теухуа зэIущIэ. ЦIыхуищэм щIигъу хэтащ абы, къэрал 36-м къикIауэ. Абы къыщыпсэлъащ Кърым Республикэм и Министрхэм я советым и унафэщIым и къуэдзэ, Кърымым и лIыкIуэу Урысейм и Президентым деж щыIэ Мурадов Георгий. КъулыкъущIэм къызэрыхигъэщащи, «хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм я хуитыныгъэхэр ягъэмэщIэну яужь щихьэкIэ, псом япэу паубыдыр урысыбзэращ».
  • Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ институтым и ректор Русецкая Маргаритэ зэрыжиIащи, дуней псом цIыху мелуан 258-рэ урысыбзэкIэ щопсалъэ, международнэ организацэ 15-м ар къыщагъэсэбэп, абы и лъэныкъуэкIэ урысыбзэм еплIанэ увыпIэр иIыгъщ, инджылыз, испан, франджы бзэхэм къакIэлъыкIуэу. Бзэм и мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэщ абыкIэ щIэныгъэ тхыгъэ къытрадзэныр. Урысыбзэм и Iуэхур мыбыкIи Iейкъым — етхуанэ увыпIэм щытщ.
  • ЛIэщIыгъуэ блэкIам урысыбзэр дунейпсо бзэхэм яхыхьащ. Щэнхабзэмрэ бзэмрэ ягъэкIуэтэным толажьэ «Россотрудничество»-р, урысыбзэмкIэ езыгъаджэхэм я Международнэ организацэр, нэгъуэщIхэри.
  • Я щэнхабзэмрэ бзэмрэ нэгъуэщI къэралхэм щрагъэджыным куэд щIауэ йогугъу Инджылызыр, Франджыр, Германиер, Испаниер, Япониер. Ауэ а псоми япэ ищыжащ Китайр. 2001 гъэм абы къыщызэрагъэпэщащ китаибзэр нэгъуэщI лъэпкъхэм яхэхьэным телажьэ Къэрал канцелярие. Ар ЩIэныгъэмкIэ министерствэм и къудамэщ, абы и унафэщIыр министрым и къуэдзэращ. А канцеляриер я штаб-хэщIапIэщ Конфуций и институтхэм. Мы институтхэращ зи къалэныр нэгъуэщI къэралхэм щыпсэухэр, псом япэу интеллигенцэр, Китайм и щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щыгъэгъуэзэныр, я хэкуэгъу хэхэсхэм я анэдэлъхубзэр ящымыгъупщэн щхьэкIэ ирагъэджыныр. Къэрали 106-м щыIэщ Конфуций и институтхэр, абыхэм ящыщу 17-р — Урысейм.
  • Конфуций и еджапIэхэр щыIэщ Европэм, Америкэ Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ, Африкэм. Абыхэм щрагъэкIуэкI егъэджакIуэхэм я семинархэр, китаибзэр зэраджыну тхылъхэр къыдагъэкI, еджакIуэхэм, студентхэм я зэпеуэхэр ирагъэкIуэкI, «Китаибзэм и лъэмыж» фIащауэ.
  • Мелуан 50-м щIигъум ядж китаибзэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, куэд дэмыкIыу а бжыгъэр мелуани 100-м щхьэдэхынущ, мы къэралым политикэмкIи экономикэмкIи дунейпсо утыкур кIуэ пэтми еубыдри. Псалъэм папщIэ, США-м грант мин бжыгъэ ет, щIалэгъуалэм ящыщ Китайм и университетхэм щригъэджэн папщIэ. Уи хьэрхуэрэгъум и бзэмрэ и хабзэмрэ пщIэмэ, уи мурадхэр нэхъ тыншу къызэрохъулIэнур абыхэм я дежкIэ хьэкъщ.