ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Адыгэ уафэ»

2021-02-16

  • «Япэ къэсым» — аращ зэреджэр Урысейм и Япэ каналым мы махуэхэм щIидзауэ игъэлъагъуэ, серие 12 хъу, мелодрамэ жанрым иту траха фильмым.

  • Киногъуазджэмрэ жылагъуэ гъащIэмрэ лъабжьэ куу иIэу, быдэу зэпыщIауэ сыт щыгъуи къокIуэкI. Зы лъэпкъ щIэнэкIалъэ щащI дапщэрэ къэхъуа, «я теплъи, я фащи, я гупси» ягъэIейрэ, уеблэмэ, апхуэдэу щымытауэ езы дыдэхэм я фIэщ мыхъужу. Арати, нэрылъагъур фIэщхъугъуейуэ, нэгъабэ утыку къохьэ «Ди бжэIупэм» жыхуиIэ фильмыр. Роль нэхъыщхьэхэм ящыщ зыр абы щегъэзащIэ узбек бзылъхугъэ Курковэ Равшанэ. А фильмыр къежьапIэ нэху хуэхъуауэ жытIэкIи дыщыуэнкъым, лъэпкъ псори зэхуэгъэдэн, дэтхэнэ зыми иIэ фIыр щIэуфауэ къанэу, я Iейр гъэныщкIуныр гъэкIэщхъэн зэрыхуейм. Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм зэуэ гъуазэ хуэхъуа а кинор цIыхубэм я лъэIукIэ етIуанэуи ягъэлъэгъуэжащ, Курковэми и вагъуэр абы къыдэунэхуауи жыпIэ хъунущ. Иджы дэ дызыщыгуфIыкIыпхъэр…
  • «Япэ къэсым» фильмым щоджэгу адыгэ цIыхубзхэм я теплъэ зиIэ а пщащэ зэкIужыр — Савельевэ Александрэ и ролыр егъэзащIэ. Фильмым зэрыхэтымкIэ, абы и адэр Мэзкуу бжьыпэр щызыIыгъхэм ящыщ хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэщ. Езыр пхъу закъуэщи, «тхъур IукIэ ез». Ауэ сыт хуэдиз мылъкум ар хамыпIыкIами, щыкIакъым, лэжьыгъэмрэ пщIэнтIэпсымрэ я уасэр ищIэу, и IэнатIэр пэжу кърихьэлIэу мэпсэу. ЩыкIи хъурэ? — и адэр урыс аристократ унагъуэм къыхэкIащ, урыс анэшхуэ иIэщи, еджагъэшхуэу къэгъуэгурыкIуащ, Санкт-Петербург щопсэу. Сашэ и анэр Кавказым щыщщ, пщIэрэ щхьэрэ зиIэ лъэпкъ ари къыхэкIащ. Александрэ лъэпкъитIми ирогушхуэ. Хъыджэбз къулейр щхьэгъусэ ящIыну куэд къыхузэпощэ. И адэм и мылъкум щIэхъуэпсу, зэрыщымыгугъауэ щхьэхуещэу къыщIокI дэкIуэну псалъэ зрита Антони — абы псэуэгъуу нэгъуэщI цIыхубз иIэу къыщIокI. Пэжыр къыщыщIэщым, щIалэр IуегъэкIуэт, траухуа хьэгъуэлIыгъуэри, арати, къонэж.
  • А псом хэзымыщIыкI адэшхуэ Тимур лъэпкъым ис нэхъыжьхэмрэ щIалэ къуданхэмрэ зыщIегъури, машинэ зыкъизыххэм ису гъуэгу тохьэ, и пхъурылъху закъуэм — Сашэ — и хьэгъуэлIыгъуэм хэтыну. «Адыгэ уафэ, адыгэ щIылъэ» уэрэдыр кIыхьу къоуэ, абы къыкIэлъокIуэ иджырей адыгэ уэрэдхэри. Мыхэр зэрыадыгэм шэч къытепхьэркъым. АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуэ сериехэм къыхэщ сюжетхэм «лезгинкэм» щытопсэлъыхь, щIалэхэм зэрахьэ цIэхэми — «Керим», «Мансур» — уагъэжакъуэ. Хэт ищIэрэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ псоми я хабзэр зыуэ къалъытэу, сценаристхэмрэ режиссёрымрэ зэдэлэжьауэ къыщIэкIынри хэлъщ. Дауэ мыхъуми, фильмым къызэрыщIидзэр «адыгэ уафэрщ» — дыщыгуфIыкIынщ. Гъуэгу здытетым дадэм къыIэрохьэ щхьэжэ щыхъуа хъыбарыр. Машинэм къокI, щIалэхэр зэхуешэсри, унагъуэм илъын хуей нэмысым, щэным ехьэлIа дерс ярет, пхъурылъхум къызыкъуиха «щхьэзыфIэфIыгъэмрэ шыIэншагъэмри» зыкIи къищтэркъым. Гупым къагъэзэж. Александрэ и адэ-анэри къэхъуам иронэщхъей.
  • — Сыт си анэм жесIэнур? — еубыд и щхьэр адэм.
  • — Сэ-щэ? Дауэ ар къызэрыгурызгъэIуэнур си адэм? — зэхэпх къудейуэ къыдрешей анэм.
  • — Хэт, си дуней нэху, ди пхъур зэщхьыр? — зыкъэзыщIэж хуэдэу хъуа адэр щхьэгъусэм ней-нейуэ хуоплъэкI.
  • — СщIэркъым, — апхуэдэ упщIэ пэмыплъа анэр къоIущащэ.
  • Урыс хабзэри кавказ лъэпкъхэм къадекIуэкI нэмысри щытепщэ диалог мамырым удехьэх, узыIэпешэ. АдэкIэ къэхъунум дыпэплъэнщ. Фильмыр щагъэлъэгъуа япэ пщыхьэщхьэм Равшанэ ирагъэблэгъащ «Вечерний Ургант» нэтыным. Абы зэрыщыжиIамкIэ, къыхуагъэфэща ролыр ямылейуэ игу ирохь, фильмри «телъыджэщ». «Япэ къэсым» щоджэгу актёр цIэрыIуэхэу Верник Игорь, Мартиросян Георгий (Сашэ и адэрщ), Пашков Андрей, Авдеевэ Евэ, Ноздринэ Наталье, Арутюнян Каринэ (Сашэ и анэрщ) сымэ. Фильмым и сценарийм елэжьахэщ Милявская Натальерэ Сеславинская Иренэрэ. Режиссёрыр — Балкашинов Владимирщ.
  • ЖАНХЪУЭТ Зузэ.