ЛIы иримыкъу
2021-02-16
- Чэрим Марианнэ
- Роман. ЕщанэIыхьэ
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр 2020 гъэм и №№ 125 — 130-хэм, 2021 гъэм и №№2 — 4, 6, 8, 11, 12-хэм итщ).
- Хъыджэбзым и гулъытэр езыхьэжьэн гуэри къыIэщIэмылъагъуэу, телефоным итыр зэIепщIыкIри пIэм хэлъщ. СурэткIи, уэрэдкIи, макъкIи къемыхъуэхъуа къэнэжакъым, нэхъ зыпэплъэ дыдэм нэмыщI. Зыпэплъэм и адэр лIащ, мэщыгъуэ.
- Урысхэм телефонкIэ епсалъэмэ, я лъэпкъым епцIыжу пIэрэ адыгэ полицэхэр? Хьэмэ гур зыгъэхуэбэн зы сурэт цIыкIу къыхуригъэхьмэ? Машэ иIэххакъым адэ, езыр дунейм къытемыхьэ щIыкIэ, гъуэгум текIуэдащ. И анэм и гур зыми кIэрыпщIэжакъым абы иужькIэ. Езыри игъащIэм зы цIыхум «папэкIэ» еджакъым. Дядя Коля, дядя Гришэ, дядя, дядя… Анэм имыIа насыпыр ухыгъэм къыхутехын и гугъащ иджыри къэс. ЗэкIэ къехъулIакъым.
- Укъыщалъхуа махуэм щхьэ апхуэдизу гущIэгъуншэу зызэпуплъыхьыжрэ? ЦIыхумрэ ар къэзыгъэщIамрэ зэдауэ нэхъей. «Узотыж уи гъащIэ дыщэр! Сызэбгъэхъуапсэр къызэрызумытым къызищIэм уеплъын папщIэ сыкъыщIэбгъэщIар? Ар уигу зэрыпымыкIым цIыху ныкъуэу сыкъызэригъанэр къыздэбгъуэу? Ара уи захуагъэр здынэсыр? Уи лъэкIыныгъэр зыхэзбгъэщIэну ухуеямэ, къаплъэ, сымис! Зыхуэбгъэфащэрэ уи пщылIым и къинэкIэр? ГъащIэкIэ зэджапхъэ псэукIэ мылIэIусым щIотIысыкI хъугъуэфIыгъуэхэр зыдэз си насып пхъуантэр. Закъуэныгъэм щIэлъ IэфIыр къысхуэбгъанэртэкъэ, нэгъуэщI мыхъуми! Къызумытыным сыкIэлъеIэныр натIэ къыщIысхуэпщIар къызгурыIуамэ, сызэрылъэдий джафэр сыбгъэдагъэххэт. Нэпсеягъэри уи тезыр бзыщIауэ си гум жеIэ. Хыри щIыри гум нэмысу, щIелъафэ, щIелъафэ си тхылъымпIэ кхъухьыр! Сыт щыгъуи иджыри, иджыри жысIэу илъэс дапщэ къизгъэхьэнур? Фошыгъу кIанэ ирагъэлъагъуурэ, хущхъуэ дыджыр зыIуракIэ сабийм срещхьщ — гъэныщкIугъуей защIэщ лъатэм хуэмыгъэткIуу си хулъэр зыкудар. Узыхуейр къыщыпIэрыхьэм дежи, жьэдэплъхьар уи джийм емых щIыкIэ — кумб, мащэ, щыхупIэ. Уи дзэлыфэр зэтешауэ фIэкIаи узыхагъэтрэ? СрикъуакIэщ! СIыхыж гузэгъэгъуэ къызыщIэмыкIа гъащIэ жьгъейр! БлэкIами нобэми гу щысхуакIэщ. Пщэдейм сыхуейкъым! Ар унэщIэ дэзыщIей псэуакIуэ гуэрым ет. Сэ зызгъэнщIащ гугъэнрэ къэпцIэнкIэ. Си напэр тепхыну ухуеямэ, къаплъэ! Зыри сримыщIысу къызогъэхьэ си илъэс тIощIрэ бгъур».
- Напэншэу сыкъигъэщIамэ нэхъыфIт-тIэ? КъащIэ уэ щхьэм къихьэхэр къыздикIыр. Сыт хуэдэбзэу пIэрэ узыгъэтхьэджэ упщIэхэм я жэуапым къызэригъазэр, къигъазэр пэжмэ? ЦIыхубзэ? Тхьэбзэ? МелыIычыбзэ? «Уэ къыспыпхыну узыхуей хьэдзэмрэ сэ пхуэзгъэтIылъа губгъуэмрэ…» — Машэ щыцIыкIум и анэшхуэм зригъаджэу щыта тхылъ лъапIэхэм я ущиекIэр и нэгу къыщIегъэхьэ. Губгъуи хади хуейтэкъым ар, Марат ишамэ. А зы хьэдзэр ирикъунут. ГубгъуэкIэ фIэкIа зызымыгъэнщIхэр цIыхушхуэхэрщ. Машэ цIыкIунитIэщ, сабий иригъаджэхэм ещхьу. Ауэ езыр къыхуейкъым! Къыхуейкъым! Иджыри илъэс дапщэкIэ пэплъэну зэи къэмылъэтэну пщэдейрей ныбгъуэм?
- И анэр нэху зэрыщрэ мэпщафIэ. Дыгъуасэ лъандэм зэлIалIэ шхыныгъуэхэри яхэтщ. Хэт кърихьэлIэми, Iэнэ щхьэкIэ укIытэнукъым.
- ТIощIрэ бгъу! Чыкъым, бжэгъукъым, лIыкъым, бынкъым. Нобэ щыщIэдзауэ уунэнущи — хэт и гъусэу? ЗыкIэлъыжэри сыт? Зыхуэгъэзам къигъэлъеиж и лъагъуныгъэ лъэрымыхьымрэ асыхьэтым жьым ирихьэжьэж ахъшэ-бохъшэмрэ. НэгъуэщI зыри илъкъым МараткIэ зэджэ хъуржыным. Ара-тIэ игу пымыкIыр? Ахъшэ яIыгъыху, зэгъусэу зэшым полъэщ, зэралъэкIыу зытрагъэу. Зым адрейм сурэт трех. Ар зылъагъункIи хъунухэм я нэкIэ зоплъыж. ГулъытэкIэ зэдогуашэ. Адрей псори Машэ зэджа тхылъхэр игъэпэжу къыфIэзыгъэщI нэкъыфIэщIщ. Езым къигупсысыжауэ зыщигъеиж литературэ гуращэщ. ЦIыхуитI фIыуэ щызэрымылъагъуу хъунутэкъым а дунейм. Псэлъыхъу ролри зыгуэрым игъэзэщIапхъэти, Машэ и хъыджэбзыпсэр щигъафIэ махуэхэм я зым Марат къыпэщIэзэрыхьащ. КъыхуэгуфIащ, хуэгуфIэжащ. ЩIалэр гушыIати, хъыджэбзыр дыхьэшхащ. Я деж ишэжу, и анэр иригъэцIыхуа нэужь, зэрымыщIэкIэ ежьар зыщIыпIэ нэсын хуей къыщIэкIынти, къыхуэгъэувыIэжакъым.
- Дахэщ лъагъуныгъэм и дунейр, цIыхур цIыхукIэ арэзы хъуным зэрыхуэмыщIар къыщыбгурыIуэху. Дерс шынагъуэ, дерс пхъашэ, укъызыхуигъэщIа дыдэм уи нэр хуозыгъэуфIыцI дерс гууз. Аракъэ лъагъуныгъэ кхъухь псори Iуфэм нэмыс щIыкIэ хым щIыхитхьэлыхьыр?! ФIыуэ узолъагъу къыщыбжаIэм деж, уи гур чэф мэхъу. Узэщхьу къыпфIощI. Ауэ зыри, зыри зэщхькъым. Зыр нэхъ жыIэзыфIэщу аркъудейщ. «Уэ зыращ фIыуэ слъагъур. Уэращ хьэхуу зесхьэ дуней фащэр зыщысхыжа нэужь, си псэр зэкIуэлIэжыр», — жеIэ абы. Адрейм-щэ? «Уэри фIыуэ узолъагъу. Уэри сигу утехуэнущ. Хьэхуу зесхьэ дуней фащэм и зы Iуданэ уи цIэкIэ злэжьэну сыхьэзырщ».
- А нэхъ гущIэгъуншэу къэпцIаращ япэу гу лъызытэр и псэм хэпщIауэ зи фIыр зыIурикухьыр кIэлъыплъакIуэ дзыхьмыщIу къызэрыбгъэдэтым. Кърихъуэныжыпхъэхэр зэрызэхуихьэсым. Псым хидзэу зы хьэдзи къызэрыхуимыхьым, зы дзэкъэгъуи къызэрыжьэдимылъхьэм, къыхупигъэткIуурэ къызэрыхуэIэфIри зэрыщIыхуэм. НэщIыбагъ гъащIэр къос. Жэуапыншэ упщIэхэр чырэ мыухыжу къожьэри, уи щхьэм гъуэгужь хъунщIакIуэ ухуащIыж. УзыкъуэмылIыкIыну къыпфIэщIа быдапIэ къомыр къызэтощащэри, укъагъэсэхыж.
- Иджы «уэ»-р щиухыу «сэ»-м къыщыщIидзэр зэ Iэбэгъуэм къыбогъуэтыф. Куэд щIауэ «уэ»-жкъым ар. «Ар»! Гум щыхамэ узимыгуэгъу. Псэгъу хъу пэта мыцIыху. Жыг къауэрэ ар зытехуар щIипIытIэмэ, абдежым щыхэкIуадэ пкъым, нэгъуэщI мыхъуми, зыщIалъхьэж щIы фIыцIэр гукъеуэгъуу къыхуонэ. Сыту пIэрэ къезыгъэлыр и гу хъыринэм щыщIиупскIэ гъэфIэныр зэримыгугъауэ хамэу къызыхущIэкIам? Сыту абрагъуэ абы дэкъутэ дунейр! Армыраи къэтэджыжыгъуэ махуэм и япэ сэламыр?!
- Сыту пщIыну, Машэ, цIыху псо, укъиужэгъуну хуимытрэ жэщи махуи къыббгъэдэсыныр и тезыру? И нэр къыптриубыдэмэ, угузавэу, къыптригъэкIмэ — укъытехьэу. ЦIыхум къыдалъху хэлъэтым хабзэр гулъэф щыхуэмыхъу къыхуихуакъым, щIым кIэрэхъуэн зэрыщIидзэрэ. Дамэ зритам кIэмажьэ къилъыхъуэурэ и гуращэхэр мэгъури, — псэуаи мыпсэуаи. Лъэтэным укъызэрыхуигъэщIар пхуэбзыщIыныр ара-тIэ цIыхубз гъащIэм и мыхьэнэр? КъыхуимыгъэщIахэм я хьэтыркIэ.
- Псэуныгур пхуизых зэхущытыкIэм лъагъуныгъэкIэ уеджэнри ажалым и нэщыпхъуэхэм язщ. Гугъэншагъэм хитхьэлыхь Машэ и псэ ущхъуэнтIар къыщIэкIыжыну пIэрэ, Марат гъуэтыгъуэ ихуэху кърихъуэныж и тыгъэхэм? ИлъэсыщIэ псейм ещхьу, къиблащ дыщэхэкIкIэ. И гущхьэ игъэуфIыцIам дахащэу толыдыкI Машэ и IуплъапIэ зэщIэпщIыпщIэр.
- И анэм и гъусэу щыпсэу мы унэр илъэситI ипэкIэ къыхуищэхуат. Нэгъабэ иджы хуэдэм — машинэр. Ар езы Машэ и лъэIут. ФIыуэ къилъагъуу пIэрэ-тIэ, игъэгуфIэну щыфIэфIкIэ? Езыми а зы гурыфIыгъуэращ иритыфыр — адрей щIалэхэм зэратригъакIуэр, зыми зэрыхуимыгъадэр. Ар нэгъунэ къреудэкI: «НэгъуэщIхэм я гугъу къысхуащIу зэрысфIэмыфIыр щIэх къыбгурыIуэну? ЩIэупщIэ сиIэщ жыпIэу, куэдрэ зыкъысхуэбудэну?» ПфIэфIщи, зыпхузоудэ. Уэр-уэру зыгуэр щхьэкIэ уигу хэхъуэмэ, и жагъуэ мэхъу Марат. Сэрыншэуи унасыпыфIэщ уэ, жеIэри, зыкъегъэпщ.
- Псэри пкъыри елъахъэ мы фIылъагъу щIыIэмылым. Лъагъуныгъэншагъэм! Сыт пэжыр жыпIэ щIэмыхъур? ЦIыху гъунэгъу диIарэт щIыжаIэр пэж зытемылъ дунейм нэхъ тыншу зыкъыщагъэпцIэжын папщIэ? Сыхуэмейми, зыми естынукъым жиIэу, мэкъум хэтIысхьа хьэ бзаджэм ещхьу, иригъэлIыхьыпэну и дыщэ къапхъэным?
- Щхьэгъусэу къысхуей, хьэмэ сызэрыхуэжыIэщIэм къыздигъэтынш къудей? — игукIэ зоупщIыж аргуэру Машэ. ТIэкIунитIэ, — зретыж жэуап. И гу быдэм къызэриутIыпщым хуэдизкIэ. Щимызакъуэфхэм деж. ПцIыщ! — макъкIэ къыхокIиикI. — Абы зыри фIыуэ илъагъуркъым. Зыгуэр фIыуэ пхуэлъагъун папщIэ, уэ езым уи гум гуапагъэрэ IэфIкIэ зигъэнщIауэ щытын хуейщ. МафIэм хъуаскIэ къызэрыпылъэлъым ещхьу, налъэ гумащIэ цIыкIухэр узрикIуэ гъуэгум къыщыпкIэрыщэщу. Марат гу быдэщ, гущIэгъу зэрыхэмылъри Iэджэрэ игъэунэхуащ. Сэлам къуихым щосхь, езым узэрыщыгуфIыкIым щIофыгъу, уригъэхъулIэIуа къыфIэщIу. Абы къикIыр езым и гум иджыри гулъытэкIэ зимыгъэнщIауэ аращ. Зи дыхьэшхыкIэ хьэлэлыр зыща щIалэ цIыкIум ещхьу, цIыхугум зэрызыпащIэ гукъуэпсхэр хузэпачагъэнщ и нануугъуэм. Машэ и еджакIуэхэм сыт хуэдиз яхэт я гур къыпхуимыгъэхьэ- жу, зыкъуашэкIын хьэзыру, нэгъуэщI сабийм уедэхащIэмэ, зэранын щIадзэу.
- Гу быдэхэм Машэ хуэдэ жыIэзыфIэщхэрщ зыбгъэдагъэхьэр. КъэгъэпцIэгъуафIэхэр Iэпэм тыншу докIэрэхъуэкI. ПцIы яупсын я хьэлкъыми, жыпIэр я фIэщ уощIыф. А зи къарур зи къарууншагъым къыхэзыххэрщ езы лъагъуныгъэр щIыщыIэжыр. Нэф зыщIа гухэлъым езыхулIа псэ щхьэхуитым я нэхэр къигъэплъэжа нэужь, икIуэтахэм я лъагъуныгъэ хейм езэгъыжынукъым текIуахэм я лъагъуныгъэ сакъыр. ЦIыхум деж щыкIуэдыр ар къэзыгъэщIам дежи щIыкIуэдын? Хьэуэ! Нэхъыбэ, нэхъ лъапIэ, гурыщIэ нэхъ гъуэтыгъуей и дуней губгъуэм тезысэм Iуихыжри нэгъуэщI гъавэщ. Гу къабзэкIэ къыббгъэдэтар уэ пхуэмыгъэпэжами, абы уи деж щимыгъуэтар езы ухыгъэм къретыж. Гухэлъым щыпсэемыблэжырщ лъагъуныгъэм и къуентхъыр зыIэрыхьэр, и псэм и IэфIым щымысхьырщ, и щхьэ ебэкъуэфырщ.
- Марат фIылъагъум хилъхьэр ахъшэщи, къулыкъукIэ докIуэтей, и улахуэм хухагъахъуэ. Арами, гурэ псэкIэ зыми фIыуэ зыкъригъэлъагъуфыркъым, Маши яхэту. Мыл зыхуэмыгъэщт щIыIалъэ нэхъей, къицIыхуагъащIэхэм мылъкукIэ затрефыщIэж, ауэ гукIэ цыжьбанэм хуэдэу къуабэбжьабэщи, зыхуэпабгъэм хуэкъэплъэнэфщ. Сыт нэхъри нэхъ зэхъуапсэр и Iэгум къызэрихьэу, зэкIуэцIепIытIэри хыфIедзэж. Жьэ иIэу Iу зимыIэм ещхьщ. ФIыр зэрыфIыр уи фIэщ зыщI и псантхуэхэм зыгуэр зэрахуэчэмыр наIуэу, гу махуагъкIэ, угъурлыгъэкIэ тхьэмыщкIэщ. ИмыIэр, езым иримыкъур дэнэ къыздребгъэхынур? Ахъшэр зыгуэрым къыIэщIыбогъэкI, къэралым, цIыхухэм къафIыбодыгъу, мыхъужыххэмэ, къыболэжь. УзэщIыныгъэр ящэркъым, тетым и унафэкIэ къаутIыпщыркъым, губгъуэм щыIуахыжу машинэкIэ кърагъашэркъым. Ауэ бэлыхьымрэ хьэзабымрэ тэмакъкIыхьу зышэч цIыхур езыр-езыру тохьэ абы и гъуэгум. Марат фIыкIэ къыщыгугъыурэ гуIахэр ипэкIэ мэкIуатэ, езы зызымыцIыхужыр и пIэм щоуджыхь. Маши ешащ. АфIэкIа пэплъэфынукъым.
- НасыпыфIэ узымыщI зэбгъэдэтыкIэм нэгъуэщIущ еджэн зэрыхуейр. Лъагъуныгъэкъым ар. Гушхуэныгъэ зыхуримыкъу цIыхум зызыкIэрищIэ шхийщ. «КъыфIэбгъэкIыну фIэкIа сыхуейкъым!» — жиIэу, и быныр зыубэрэжь анэ бзаджэр уигу къегъэкI Марат и лъагъуныгъэ щIыкIэм. ТIум язым зэ гу лъитапхъэкъэ ахэр зыкIи зэрызэмыгуэгъум?! Е къыIэщIэкIыфыркъым, е илIыкIыркъым, е ирипсэуркъым. ЗэфIэкI зыбгъэдэлъ цIыхум зэрыригъусэм егъэгушхуэ Машэ, и анэмрэ езымрэ хъума хуэдэу зыкърегъэлъытэж, итIанэми, гъащIэм хузэрихьэ гугъэ дахэхэр доужьых. Езыри хуейкъым къыдэпсэуну. «Ди чэзур къэсакъым!» — щыжиIэкIэ, ари гугъу иригъэхьу аращ я зэхущытыкIэм. НэхъыфI къелъыхъуэ. Е къызэригъуэтар къыщебзыщI.
- Гухэлъ насыпыфIэм удощIэращIэ, абы цIыхуфI ущIохъукI, гукъэкIыфIхэр уегъэщI. ФIыуэ укъызэралъагъум дунейр гунэс пщещIри, къыбдалъхуа фIыр зэрыщыту къеутIыпщ, цIыху нэгъэса къыпхокI. Бзум — макъкIэ, удзым — щхъуантIагъэкIэ, хьэуам — жьыбгъэкIэ узэрагъатхъэм ещхьу, уэри гъащIэм уи цIыхугъэ Iыхьэ хэплъхьэну уохъуапсэ. Ара дыдэщ — уохъуапсэ икIи утогушхуэ! Къалэн зыщыпщIыжу, е зыгуэрым ухигъэзыхьу аракъым. Гур зэгъа нэужь, псэри абы жыIэщIэ хуохъури, пкъыр зыгуэр щыщIапэми, цIыхур дэхуэхыркъым. Мыпэрытми, къамыцIыхуххэми едэ. Уеблэмэ, зи мэ къыIурихьа дахагъэм лъэмыIэсахэр езыр зытеIэба насыпым пегъэплъэф.
- Машэ-щэ? Марат телефонкIэ нэхъ мыхъуми зыкъыщыпищIэнум ежьэу, и махуэр — жэщым, и жэщыр — махуэм хохьэ. Игу къыщихьэм, тхьэмахуэм е мазэм — зэ зэIущIэнущ. Машэщи — щыпэмыплъэ дакъикъэ къыхуихуэркъым. Сыпхуейкъым, ауэ икIи сыпкIэрыкIынукъым — аракъэ кърищIэм зэреджэр? ИгъащIэм гуапэу зэмыпсэлъа Андрей щхьэусыгъуэ къигъуэтыху, и удз гъэгъахэр IэплIакIуэу къыкIэлъежыхь. Зэи къэзымыгъэзэжыну щIалэгъуэм и илъэс нэхъыфI дыдэхэр зытекIуэда гукъэкIыншэм къыщалъхуа махуэм телефоныр къыхутрипIытIэныр фIэлIыгъэншагъэщ.
- Зыгуэр щIэн хуейщ. Сымаджэ мыхъуауэ пIэрэ? Псэгъэхъужым деж кIуэн-тIэ, пэжу? Машэ пIэм къыхэкIри зихуэпащ. Иджыри къэс къимыгъэхъуа гуэр нобэ къемыхъулIэмэ, тIощIрэ епщIанэ илъэсым техьэфынукъым. НыбжьыщIэу зэрыщымытыжыр нобэ нэхъ лейуэ къыщIытехьэлъэри сыт?
- КIэ иримыту хъунукъым мы Iуэхум, Iэпхъуэу хамэ щIыпIэ гуэрым зыщигъэкIуэдыжа пщIондэ. Езым зызыхуиумысыж щхьэ мыхъурэ — хуей Марат и гъащIэ псор дрихьэкIыну? Адыгэ гъащIэм хыхьэну? Зэи имыужэгъуну къигъэгугъэрэ? Дэнэ ар щыпщIэнур? Машэ Марат езым и гъусэу фIэкIа илъэгъуакъым. Зыгуэр тепсэлъыхьу зэи зэхихакъым, и адэр щылIам щыгъуэ а телеграм каналым къратхам къеджа фIэкIа. Ар пэжмэ-щэ? «Си бийхэм ятхауэ аращ», — жиIэри, и гугъу ищIын идатэкъым. Маши хухэгъэзыхьакъым, и адэр лIагъащIэти.
- Зыгуэр къыхагъэхъуауэ пIэрэ? Хы Iуфэм Марат тетхыхьу къыщыпэщIэхуауэ щыта каналыр къелъыхъуэж. «ЦIэимыIуэ». Зы, тIу, щы… И тхыгъэ къэс зытеухуар Маратщ мыбы. Уи фейдэ хэмылъу мыпхуэдиз пхузэхэлъхьэнукъым. Зэгуигъэпа гуэрым пщIэкIэ ирагъэтхыфэщ.
- «Кристи Агатэ и детективхэм хуэдэ адыгэхэм щхьэ димыIэрэ жыфIэу, зэгуэр фигу къыхэузыкIамэ, фи гуращэм фытеIэбауэ фыбж. Къэлэрдэгу фадащэхэмрэ щхъухьзехьэхэмрэ якъуэмылIыкI къуажэ участковэ ЛIыгъум Марат зэхищIыхьахэр зэрывжетIэжу, Пуаро и хъыбархэм фащIэжеикIын щIэвдзэнущ.
- Йоуэри, зи гугъу тщIы захуагъэм и набдзэм зэрыщIалэфIыр министрыщIэм и фIэщ ищIын папщIэ, лажьэ зимыIэ и адэр я гъунэгъу ефэрейм зэрызримыгъэтхьэламкIэ егъэкъуаншэри, лъэхъуэщым иредзэ. Ари фIэмащIэу, илъэскIэ исыну тезыр трырегъалъхьэ. Езым апщIондэху илъэсищ хъуауэ къыздришэкI, къыдалъагъуну имыжагъуэ, ауэ къишэну зримыпэс урыс хъыджэбзым и Iэпэр еубыдри, хы IуфэмкIэ еунэтI. И къуэм кърищIар хуэмышэчу, и адэм нэщI мазэр къызэрихьар къегъэсэбэпри, шхэн щегъэт, мыгувэу къытохуэри, малIэ.
- ЛIыгъум-нэхъыщIэр и щIасэм и гъусэу Геленджик щыIэху, ЛIыгъум-нэхъыжьыр щIалъхьэну яшэж. Яшэжа щхьэкIэ, хьэдэр зейм и къуэр къалъыхъуэжыху, лажьэ имыIэу пцIы зытралъхьа тхьэмыщкIэр къызэщоужри сымаджэщым нагъэс. КIэщIу жыпIэмэ, телIыкIауэ аркъудейти, зыкъещIэж.
- Полицэм хэт адыгэ псори ЛIыгъумхэ я къуэ сэхъуам хуэдэтэкъыми, апхуэдэ гущIэгъуншагъэм зэгуигъэпа щIалэхэм министрыр Iуэхур зыIут дыдэм щыгъуазэ ящI. Мазэ фIэкIа зи IэнатIэм пэрымыта а урыс щIалэ угъурлыр дызытепсэлъыхь къулыкъущIэкъум нэхърэ нэхъ адыгэлIу къыщIокIри, псори дэфтэрыбзэкIэ Iэрагъэхьэну унафэ ещI. ЛIыгъум-нэхъыжьыр иджыри сымаджэщым щIэлъщ. ПыIэм и пIэкIэ, и адэм и щхьэр езыхьэжьа ЛIыгъум-нэхъыщIэр «IэнатIэм кърит хуитыныгъэм и гъунапкъэм зэрикIамкIэ» (щитIрэ пщIейрэ еханэ тезыр) зэрагъэкъуаншэр нобэ-пщэдей хэIущIыIу хъунущ. АхъшэкIэ етхьэкъуэну, хьэмэ полицэм къыхадзыну? КъызэрытщIэу, псоми щыгъуазэ фытщIынущ».
- Машэ телефоныр игъэункIыфIри, Iэнэм трилъхьащ. «Къыдалъагъуну имыжагъуэ, ауэ къишэну зримыпэс», — езы Марат итха фIэкIа пщIэнкъым, апхуэдизу Iэзэу теIэбащи а тхыгъэр Машэ и узым. Хъыджэбзым зызэхуишащ, зыгуэр хуагъэузам ещхьу. ЗэрыцIыкIурэ зызыщидзея хабзэхъумэ хьэрэмышххэм, зыужьыныгъэм хуэхей, урысыбзэкIэ псалъитI щыуагъэншэу зэпызымыщэф къуажэдэс щIэныгъэншэхэм я дунейм дауэ къызэрыщыхутар Машэ? Дэнэ дежт ар зыгъэбэлэрыгъа гъуэгугъэлъагъуэ нэпцIыр щыхэтIар? Марат и адэр псэущ, къызэрыщIэкIымкIэ. Геленджик къызэрикIыжрэ тхьэмахуэ псо дэкIащи, е «умыгузавэ, зыри къэхъуакъым», е «уузыншэм, дауэ уекIуэкIрэ» — хъыбар зэгъэщIапхъэ, зыщIэупщIэн хуей цIыхуу къилъытэххэркъым. Машэ жыджэру зиIэтщ, хьэмэмым щIыхьэщ, псы зыдигъэжэхри, зэрыщIэкIынум хуэдэу зихуэпэн щIидзащ.
- — Дэнэ уздежьар? — къоупщI и анэр.
- — Члисэм.
- — Тхьэ, ягъэ мыкIын! Иджы си фIэщ мэхъу зы илъэскIэ нэхъ балигъ узэрыхъуар. Сынохъуэхъу, си псэ! — Катеринэ и пхъум IэплIэ хуищIри, и нитIым куууэ хущIэплъащ, зым щыIэщIэкIар адрейм къыщиубыдыну хэт хуэдэ. — Узэрыщымыгугъауэ насыпыфIэ Тхьэм уищI, си хъыджэбз!
- — Уэракъэ мыр зи махуэшхуэр, мамэ? Сэ ауэ сытми сыкърихьэлIауэ аращ. Зытхар сщIэжыркъым, ауэ: «ФIыщIэ пхузощI, укъэсцIыхуну Iэмал къызэрызэптам щхьэкIэ».
- — Вознесенскэм, егъэджакIуэ! Дауэ ар зэрыпщыгъупщэнур?
- — Уэ уэщхь сыхъуфмэ, гъащIэр къызэхъулIауэ къэслъытэнущ.
- — Сэ нэхърэ унэхъыфIщ уэ куэд щIауэ. КIуэ, си псэ, зумылъэфыхьу. Члисэр псэхэлъхьэжщ, плъагъунщ укъызэрыщIэрэщIэжыр.
- 2
- Машэ члисэм макIуэ
- Машэ къыщIэкIри, и «Пежо» шакъафэм итIысхьащ. МыщIэ щIыху зэрыс тхьэгъури зрилъхьэну къыщыгъупщакъым пщащэ нащхъуэм, машинэм екIуу. «Уафэм пшэ телъщ», — къыдогушыIэ Марат, зигъэгусауэ гу къылъитэмэ. Уафэр и нэхэрщ. ГъэгушхуэкIи ищIэ мыгъуэрэ а хэлъэтыншэм. ПфIэмыфIын гуэр къуиупцIыфынырщ фIэлIыгъэр. Уи гуапэ хъун жиIэмэ, и щхьэм удэкIуеинкIэ мэшынэ. Здрырехь-тIэ мащэм игу пымыкIа псалъэ IэфIхэр, хьэпIацIэхэм яхуреIуэтэж игу фIы зэрилъар. Я напэр къабзэу зыгъэпсэуну нысашэм и чэзур илъэсищкIэ къыщымысакIэ, кIэIунэ гъэувыжыгъуэри иремыгувэ.
- Члисэр къалэкIэм щыIэщ. Машэ щыцIыкIум щыгъуэ и анэшхуэм здишэу щытащ абы IутIыж махуэхэм. Ар зэрымыпсэужрэ щIэбэкъуакъым. ЗэрызыщищIынури и нэгу къыхущIэгъэхьэркъым. Узэрыщымыту зумыщIыныр ара къыщIэкIынщ нэхъ пэжыр.
- — Къеблагъэ, си хъыджэбз, — гуфIэжу къыпежьащ Машэ чыристан духьэшыхэм щамых бостей фIыцIэ кIыхьыр зыщыгъ попыр.
- Машэ и щхьэм IэлъэщI щимэ цIыкIу трилъхьэри, и жьэпкъыпэ лъабжьэм щипхэжащи, и щхьэцыгъуэр къыщIощ, ауэ тхьэлъэIупIэм пщIэ зэрыхуищIыр наIуэщ.
- — Си гуэныхьхэмкIэ зыкъэзумысыну сыкъэкIуащ, ди адэ лъапIэ, нобэ сыкъыщалъхуа махуэщ.
- — Апхуэдэ гукъэкI зыщIыфар и гуэныхьхэм пэлъэщакIэщ. Ахэр къыпхуэгъун папщIэ зи псэр зытам зыхуэбгъэщхъыу, узэрыкъуэншамкIэ зыхуэбумысыным нэхърэ нэхъыфI пхуэщIэну укъыщалъхуа махуэм?!
- — ГуэныхьхэмыкIыу сопсэу, ди адэ, хэкIыпIи згъуэтыркъым.
- — ЩIумыгъуэтыр гуэныхьым тещIыхьа Iуэхум арэзы укъищIынкIэ Iэмал иIэкъыми аращ. Ар щызыхэпщIэкIэ, япэ лъэбакъуэр пчакIэщ.
- — Сыхуейт счыну, ауэ…
- — УмыукIытэ, си псэ, жыIэ, уи щэхур мыбдежым щIэкIынукъым, ди тхьэу Хьисэ лъапIэм и хьэтыркIэ, укъамылъху щIыкIэ къыпхуэгъуащ а узыгъэгузавэхэр. И фIэщ щIы ар уи гум, къегъэлакIуэм и бийхэм уагуэувэну ухуэмеймэ.
- Машэрэ Маратрэ щIызэдауэхэм щыщт а Хьисэ лъапIэм и Iуэхур.
- — Пхухэтура уэ? Тхьэр цIыхум хуэукIыну? ЛIо, мыр, благъуэ хъуа уи гугъэ, упелуанмэ упэлъэщу? Ар цIыхукъым, Iэпкълъэпкъ иIэкъым! — жиIэрт Марат.
- — ЦIыхур яукIри, тхьэ хъуащ, — икIуэтыныгутэкъым Маши.
- — НтIэ, сэ сыбукIми, сыхъункIи хъунущ тхьэ, ар пэжмэ?
- — Уэ уцIыху къызэрыгуэкIщ, ар къызэрыгуэкIтэкъым.
- — Аращ къыбгурызгъэIуэну сызыхэтыр. Зыми емыщхь цIыху лъагэщ, лъапIэщ, абрагъуэу лъэщщ, ауэ тхьэкIэ абы уеджэну дурыскъым. Хьисэ дэ дэмыщхьыркъабзэми, цIыхут, къыбгурыIуэрэ? Нэи, пэи, Iэи, лъакъуи иIэу. Уэри уощIэ ар. Езыр-езыру уигу къэкIыр уи фIэщ пщIымэ, гуэныхь къэпхьу уи щхьэм къраукIащи аращ угупсысэн щIумыдэр. Тхьэр — цIыхукъым, цIыхур — тхьэкъым. Ар зы. ЕтIуанэрауэ, Хьисэ пэщIэмыувауэ щIы хъурейм зы цIыхупсэ къытемынауэ сощIри, дауэт Тхьэшхуэм езым къигъэкIуар къызэрыримыгъэлынур? Абы уегупсысрэ? Дунейм цIыхуу тетыр иригъэуплIэнщIа пщIондэ, и нэбжьыц хигъэхунутэкъым абы Алыхьым.
- — Сэ Алыхьракъым си фIэщ хъур, Хьисэщ, — увыIэртэкъым Маши.
- — Езым сэ сы-тхьэщ жиIэу зыщIыпIэ деж ущрихьэлIа?
- — Адэм срикъуэщ щыжиIэкIэ, аракъэ абы къикIыр?
- — Тхьэм зэрилIыкIуэр, зэрыбегъымбарыр дахэу, шэрыуэу жиIауэ аркъудейщ. Мис а КъэгъэщIакIуэкIэ фызэджэращ Тхьэ хъужыр. Ар цIыхукъым. ЩIалэкъым икIи хъыджэбзкъым. Адэкъым икIи анэкъым. Ар нэгъуэщI зыгуэрщ, дэ ди зэхэщIыкIым къимыубыдыфыну.
- — Ар щым язу аркъудейщ.
- — Сытищ?
- — Адэр, къуэр, псэ лъапIэр.
- — Е, сыту умыкхъэмывэ уэ, сымыщIа щхьэкIэ! КъэдаIуэ! Тхьэ-адэ жыхуэпIэр — Тхьэ закъуэу дунейри, щIылъэри, цIыхури, хьэпщхупщхэри, Хьиси, Мухьэммэди, Кришни къэзыгъэщIар аращ. Къуэ жыхуэпIэ Хьисэ лъапIэр бегъымбарщ, цIыхухэм цIыхубзэкIэ иригъэпсэлъэну къигъэкIуа лIыкIуэщ, дин IэщIагъэлIщ, къыбгурыIуа? Псэ лъапIэ жыхуэпIэр — ДжэбрэIил мелыIычырщ, ар фи динми дыдейми хэтщ, фэ ГавриилкIэ фоджэ. Тхьэр тхьэщ, цIыхур цIыхущ, мелыIычыр мелыIычщ, зым и псэ лIэужьыгъуэр адрейм ейм ещхькъым, ещхьынкIи Iэмал иIэкъым. Кхъужьыр жэгундэкъым, мыIэрысэр балийкъым. Щапхъэ дапхъэ иджыри узыхуейр, ар къыбгурыIуэн щхьэкIэ? Псалъэм папщIэ, сэ сыхабзэхъумэщ, уэ уегъэджакIуэщ. Фи еджапIэм сынакIуэрэ, нобэ щыщIэдзауэ сэращ урысыбзэмрэ литературэмкIэ фезыгъэджэнур жысIэмэ, лIо уи еджакIуэхэм жаIэнур?
- — Урааа! — жаIэнурэ щхьэгъубжэмкIэ къыдэлъынущ.
- ГукъэкIыжхэр зыщхьэщихури, и жэуапым къыпэплъэу къыIурыплъыхь попым худэплъеящ Машэ:
- — Илъэсищ хъуауэ щIалэ гуэр соцIыху. Адыгэщ. СыдэкIуэну сыарэзыщ, ауэ езым и чэзу къэсакъым жеIэри, нэчыхь едгъэтхыныр идэркъым. Адыгэхэр урысхэм зауэкIэ ябгъэдэтащи, укъасшэмэ, си напэр текIынущ, си лъэпкъым сепцIыж хуэдэу мэхъу, жи.
- — Ар жызыIэм напэ имыIэххэу аращ. Ауэ ар зэрынапэншэр къыщIэщу аркъудеймэ, уэ уи динри уи тхьэри къэгъазэ имыIэу пфIокIуэд, мажусийм уригъусэну мурад пщIамэ.
- — Мажусийкъым ар, муслъымэнщ.
- — Хьисэ тхьэуэ къэзымылъытэ псори мажусийщ, си хъыджэбз. Абыхэм Iэджи къыпхуфIащIэнущ. Ар дэри догъэлъапIэ, дэри фIыуэ долъагъу, бегъымбар зэхэдз тщIыркъым, къыбжаIэнущ. Ауэ тхьэр цIыхуу къэплъытэныр мажусиигъэщ.
- — ЦIыхур тхьэуэ къэплъытэныр-щэ?
- — Плъагъурэ абы узригъэса псэлъэкIэр?! Насып уиIэти, уи лъэм мыбы укъихьащ. Муслъымэным узригъэувэну щытыкIэм ущыгъуазэкъыми аращ уэ абы удэкIуэну ущIэарэзыр. Иджыпсту нэчыхь къабзэкIэ къыббгъэдэтын зэримыдэр къыптохьэлъэ. А нэчыхьым епха къалэнхэр игъэзэщIэн хуежьэмэщ абы нэхъеижитIу гугъу ущригъэхьынур. Уэ узытекIуэдэжынур, уи псэм и къарур щIэзыхынур члисэми къыпхуидэнкIэ Iэмал иIэкъым. А зи гугъу пщIым дэбгъуэт быныр, нэчыхь уиIэпэми, мажусиин къэнэнукъым.
- Муслъымэн диным, япэрауэ, зы цIыхухъурэ зы цIыхубзрэ я гъащIэ псокIэ зэрыгъэпэжын хуейуэ иукъуэдийркъым. Уи лIым сытым дежи щIасэ иIэнущ, абыхэми нэчыхь ядиIэ хуэдэу, и щхьэгъусэу жиIэу, бгъэкъуэншэну ухуимыту удэпсэунущ, нэхъеижращи, и Iуэху зыIутыр къыбжимыIэххэнуи хуитщ. ЕтIуанэр сыт жыпIэмэ, и диныр къэпщтэныр къыппиубыдынущ. Ещанэрауэ, КъурIэным фызым и унафэр лIым IэщIелъхьэпэ, хъулъхугъэр бзылъхугъэм нэхърэ нэхъ лъагэу зэригъэувым ипкъ иткIэ. Ухуэхьэзыр абыхэм, си хъыджэбз? Уи щхьэкIэ узэупщIыжа: сыт а щIалэр къыщIыхэпхар? И теплъэ? И мылъку? И къулыкъу? Е къызэрыпхущытыр уигу нэсрэ? Сэ сыношхыдэу къыпфIремыщI, уэ езым зэптыжын хуей упщIэхэрщ зэрызыпхуэзгъазэр.
- — Къызэрысхущытыр сигу зэрынэмысырщ уи деж сыкъэзышар. Ар сэ си къуаншагъэ гуэрым, щхьэгъусэ схуэхъунум пэжу сызэрыбгъэдэмытым къыхэкIрэ, хьэмэ си щхьэзыфIэфIагъым кърикIуа? Аращ къызгурыIуэну сызыхуейр.
- — Уэ уи псэ къабзэм зыкъуигъащIэри, а лъэбакъуэ пхэнжыр умыч щIыкIэ укъэкIуащ члисэм. КъызэдаIуэ, си псэ, ущIегъуэжынущ. Дэ дунейр къутэжыхукIэ зэщхь дыхъунукъым. Илъэсищ дэнэ къэна, илъэс щэщIкIэ пцIыхуауэ щытми, и унэ уришэну и щхьэ тезымылъхьэр гъащIэ гъусэу къыпхуеинкIэ Iэмал иIэкъым. Абы уризэштегъэууэ аркъудейщ.
- — Абы дин зэрихьэркъым, апхуэдиз зэригъэзахуэркъым, сэри къыспиубыдынуIакъым.
- — Нэмэз зэримыщIым къикIыркъым ар мымуслъымэну. Лъэпкъыр щымуслъымэн лъэпкъкIэ, ислъамым игъэзахуэ псори я хабзэми къещтэ абыхэм, зэрыцIыкIурэ илъагъури зэсари аращ.
- — «Граждан нэчыхькIэ» дызэдэпсэумэ-щэ?
- — «Граждан нэчыхь» жыхуэпIэр зищIысыр пщIэрэ, си хъыджэбз? «Граждан щхьэгъусэ» пхуэхъум езым зы къалэни имыхьу, лей къыптехьэмэ, зэрыхэбгъэзыхьын зы Iэмэпсыми пIэщIэмылъу, къыптрилъхьэ уи хьэлъэрэ илъэс бжыгъэкIэ щхьэгъусэфI къызэрыпхэкIынур и фIэщ пщIыну ухэтущ узэрыдэпсэунур. Ар члисэм щIимыгъэдурысыр уэ къыпщхьэщыжын щхьэкIэщ, нэгъуэщIкъым.
- — Сыт-тIэ сщIэнур?
- — АфIэкIа зыбгъэдумыгъэхьэнырщ пэжыр.
- — Сэ ар схузэфIэкIынукъым.
- — ПхузэфIэмыкIынумэ, езым укъыфIидзэху пэплъэ, ар гувами-щIэхами къэхъунущ.
- — Чыристанхэми хыфIадзэ я щхьэгъусэхэр, ар динми лъэпкъми елъытауэ си фIэщ хъуркъым.
- — Зы чыристаным укъыхыфIидзэмэ, адрейм удэкIуэ мэхъу. Уи закъуэу укъэнапэми, абы щхьэкIэ уи тхьэм и щIыб къыпхуигъэзэнукъым, уи фIэщхъуныгъэри пфIэкIуэдынукъым, упсэуху тIэкIу гугъу уехьыну аркъудейщ. Хьисэ лъапIэр зи фIэщ мыхъум уи дунейми уи ахърэтми ухегъэкIыж.
- — Хьисэ лъапIэр и фIэщ мэхъу абы.
- — Бегъымбару къыбжиIагъэнщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, — цIыхуу. Ар гуэныхьышхуэщ.
- — Сэри нэгъуэщIу къысхузыфIэгъэщIыркъым ар, ди адэ лъапIэ. КъыздэIэпыкъу. Гужьеигъуэм сиIыгъщ. Унафэ къысхуэщI, сынодэIуэнщ.
- — Япэрауэ, псоми узэрыхущIегъуэжымкIэ зыкъэбумысынщ. Уэ гъуэгу къозымытыр узахуэу къызэрыплъытэрщ. ЩIалэм сишэркъым жыбоIэри уогъэкъуаншэ, удэпсэуну узэрыхуейм уи напэр итхьэщIыж уи гугъэу. ИпэжыпIэкIэ, тхьэр къызэрыпхуэмыарэзырщ абы ущIимышэр. Уи фIэщхъуныгъэр шэчым IэщIокIуэдэж. Уэ узыхапIыкIар абы зэи къыгурыIуэнукъым, уэри ар къэпцIыхуауэ къыпфIэщI щхьэкIэ, пэжкъым. Тыгъэ къыпхуищIа?
- — Сыт щыгъуи къысхуещI.
- — Сыт, псалъэм папщIэ?
- — Сыти. Унэ къысхуищэхуащ, машинэ, дыщэхэкIхэр, ахъшэ къызет…
- — Нэчыхь иригъэтхын имыдэу, а къомыр къозытам укъищэхуу аркъудейщ. Уи щIалэгъуэр икIыхущ уи пIалъэр. Уи насып кърихьэкIмэ, етIуанэ щхьэгъусэу уишэнкIи хъунщ, ари щэхуу.
- — Ар фызкъэмышэщ, щхьэгъусэ иIэкъым.
- — Япэрауэ, дэнэ щыпщIэр? ЕтIуанэрауэ, ар хабзэ яхуэхъуащ иджырей муслъымэн щIалэ псынщIэхэм. Адэ-анэм нысэу зэрамыпэсынум, езыхэми къыдалъагъуну зыхуамыгъэфащэхэм нэчыхь щэху хурагъэтхри, «япэр» ямыIэу, «етIуанэ» къашэ. Я щхьэ къагъэпцIэж апхуэдэурэ. «Ущхьэхуитщ» къыбжиIэмэ, къэбухащ абы щыгъуэми. Къэрал хабзэми укъихъумэнукъым, хьэгъуэлIыгъуи плъагъунукъым, бгъэкъуэншэни бгъуэтынукъым. Езым и пщIи и щхьи мыхъейуэ, щIалэ фызкъэмышэхэм къакIэрымыхуу, утыку зэритын унагъуэ иухуэнущ махуэ гуэрым. Бийуэ къилъытэ лъэпкъым узэрыщыщри зыщумыгъэгъупщэ. Езыр динми хабзэми егъэзахуэ, къэралым щыщщи, ищIэм хуитщ. Уэ уурысщ, учыристанщ. Лей къыптехьэкIэ, псапэ къихьу фIэкIа къыщыхъунукъым.
- — Сыт-тIэ сщIэнур?
- — Уигу гъэбыди, уи лъэпкъэгъум, уи динэгъум дэкIуэ. Си фIэщ хъункъым мыр зи теплъэ, зи акъыл, зи фIэщхъуныгъэ «къыздэкIуэ» къыбжезыIэн урыс щIалэ умыгъуэту. Унэ къалэнхэм уазэрыпэрыхьэу, мыхьэнэ зимыIэхэм уегупсысыну ухущIыхьэнукъым. Уи фIэщу ущIегъуэжмэ, къыпхуэмыгъун гуэныхь щыIэкъым, си хъыджэбз цIыкIу.
- — СыхущIемыгъуэжыфмэ-щэ?
- — ТхьэлъэIухэр щыIэщ къыбдэIэпыкъуу.
- — Сыт хуэдэ?
- — Псалъэм папщIэ, мыпхуэдэ. — Попыр зэIэбэкIри, абдеж дыдэм щыт тхылъ дэлъхьэпIэм зэрыбкIэ къэщыпа сатырхэр къызытещ напэ хужьыр къыдихауэ къоджэ:
- «Уа ди Тхьэ! Уэ уощIэ си дежкIэ нэхъыфIыр, къыздэIэпыкъу. Гуэныхьым ситхьэкъуну къысхузэпумыщэ. Сэ сыкъарууншэщ, сыгуэныхьлыщ, си щыуагъэхэм сатумыгъэкIуэдэжыну сынолъэIу. Си бийхэм саIэщIумыгъахуэ, уэращ сызэжалIэр, ди Тхьэ! Уэращ си быдапIэри, сызыщыгугъри, фIыщIэ зыхуэсщIри, сызыщытхъури».
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).