ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2020-11-28

  • ЛIыкIуэхэм я гъащIэр
  • Юнус бегъымбарыр
  • Юнус и гъащIэм адэкIэ кърикIуар
  • И анэ и ныбэ къызэрикIам хуэдэу, щыгъын щыгъамэ, щымыгъыжу, уеблэмэ, лы кIэрымылъыжу, фэмрэ къупщхьэм-   рэ хуэкIуауэ къикIыжащ Юнус джейм и кIуэцIым. Алыхьым и лIыкIуэм папщIэ къигъэкIат къэб жыгышхуэ, Юнус абы и тхьэмпэ щIагъхэр пIалъэкIэ псэупIэ хуэхъуат. Зэман-зэманкIэрэ щыхь къыхуэкIуэрт, лIыкIуэм ар къишырти, абы и гъэшымкIэ псэурт.

  • Зы махуэ гуэрым Юнус щхьэукъуэу къыщыушыжам, къэб жыгышхуэр гъуауэ, пэмыжыжьэу щыIэ псынэ цIыкIур щымыIэжу, гъэш къезыт щыхьри къэмыкIуэжу хъуат. ЛIыкIуэм ар хуабжьу и гум щIыхьат. АрщхьэкIэ, Алыхьым и псалъэхэр къыIэрыхьащ: «Умынэщхьей, уи Iумэтым ислъам диныр къащтащ, кIуэ абыхэм я деж».
  • ЛIыкIуэ лъапIэр Ниневие къалэм кIуэуэ гъуэгу тету, мэлыхъуэ гуэрым хуэзащ. «Шэ тIэкIу себгъэфэн?», — жиIэу Юнус щыщIэупщIэм, мэлыхъуэм мэлыр къишри, шэм лIыкIуэр иригъэфащ. ЛIыкIуэр абы еупщIащ: «Дэнэ укъикIа?». «Сэ Ниневие къалэм сыщыщщ», — жэуап къитащ мэлыхъуэм. Къалэм щыпсэухэм я Iуэху зыIутым лIыкIуэр щыщIэупщIэм, жэуапу зэхихащ, къалэдэсхэм псоми Iиман щыпкъэ къызэрахьар, Алыхьыр зэрызыр, Юнус абы зэрилIыкIуэр хьэкъыу зэрапхыкIар, Юнус зэрамыгъуэтыжри хуабжьу ягу къызэреуэр.
  • ЛIыкIуэм жиIащ: «Уэ ухуейт Юнус зэрыпсэумкIэ гуфIэгъуэ хъыбарыр абыхэм яхуэпхьыну?». «Сэ си псалъэхэр сыткIэ я фIэщ сщIыну абыхэм?» — щIэупщIащ мэлыхъуэр. «Зи шэ сызэбгъэфа мэлыр гъусэ щIыи кIуэ, а мэлыр щыхьэт техъуэнущ уи псалъэхэм».
  • Мэлыхъуэр епIэщIэкIыу къалэм дыхьэжри, Iуэхур зыIутыр цIыхубэм щажриIэм, дауи, ар зыми я фIэщ хъуакъым. «Мис мы мэлым феупщI, сэ жысIэр фи фIэщ мыхъумэ», — жиIэу и Iэпэр мэлым дежкIэ щишийм, псэущхьэр къэпсалъэри, жиIащ: «Юнус псэущ, сэ си шэм щыщ ирифащ абы нобэ» (псэущхьэхэр зэрыпсэлъэнур КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ). Мис итIанэ шэч лъэпкъи къытрахьакъым лIыкIуэр зэрыпсэум, епIэщIэкIыу абы и деж зэрыхьащ гупыр. Юнус нэмэз ищIырт. Нэмэзыр иухыху-  кIэ пэплъэхэри, нэмэз нэужьым, лIыкIуэ лъапIэр къаIэтащ, апхуэдизкIэ щыгуфIыкIахэти.
  • ЛIыкIуэр и Iумэтым яхыхьэжри, адэкIи и къыхуеджэныгъэхэм пищащ. Юнус и дэтхэнэ зы псалъэри къабыл ящIу, хьэлэлыр зэхалъхьэу, хьэрэмыр IэщIыб ящIу лIыкIуэ лъапIэр ягъэпэжу къыдэгъуэгурыкIуащ Юнус и Iумэтыр.
  • ЛIыкIуэмрэ и унагъуэмрэ зэрызэрыгъуэтыжар
  • Зы махуэ гуэрым, Юнус гупым яхэсу здэщысым, абыхэм къахыхьащ ипэкIэ яцIыхуу щымытауэ зы лIы гуэр. Абы мы хъыбар цIыкIур гупым къахуиIуэтэжащ: «Зэгуэрым си хъыр Тигр псым хэздзауэ, зы щIалэ дахэ цIыкIу хъым къиубыдащ. А щIалэр си деж щыIэщ нобэр къыздэсым». Ар Юнус и щIалэрат. ЕтIуанэу къахыхьа лIым жиIащ: «И жьэм сабий жьэдэлъу жэ дыгъужьым а щIэжьейр къыIэпызгъэхуащ. Нобэр къыздэсым а сабийр сопI». Ар лIыкIуэм и адрей щIалэрат. Ещанэу къахыхьа, сату зыщI лIым жиIащ: «Зэгуэрым, хьэпшыпщэху сыздэкIуэм, срихьэлIащ толъкъуным псы Iуфэм къытридза бзылъхугъэ къарууншэм. Алыхьым и хьэтыркIэ ар унэм сшащ, Тхьэм и арэзыщIыныгъэр къэзлэжьын папщIэ щIэзгъэсщ ди унэ». Ар лIыкIуэм и щхьэгъусэрат. Мис апхуэдэу лIыкIуэ лъапIэм и унагъуэр Алыхьым иригъэгъуэтыжащ. ФIыуэ илъагъу и лIыкIуэр Алыхьым апхуэдэ щIыкIэкIэ игъэунэхуауэ щытащ.
  • Мэжджыт цIэрыIуэхэр
  • Коджатепе
  • Тыркум и къалащхьэ Анкара дэт «Коджатепе» мэжджытышхуэр зэраухуэрэ куэд щIакъым. Ар 1967 гъэм кърагъажьэри, 1987 гъэм и кIэм нагъэсащ. Абы и теплъэр апхуэдизкIэ дахэщи, псалъэ къудейкIэ къыпхуэIуэтэнукъым.
  • Мэжджытым азэн джапIэу плIы иIэщ, абыхэм ящыщ дэтхэнэми и лъагагъщ метр 88-рэ. Щхьэ хъуреишхуэу щы телъщи, я нэхъ иным метр 25-м щIигъу и бгъуагъщ, метр 49-рэ и лъагагъщ. Азэн джапIэхэри, мэжджытым и щхьэхэри дыщэпс зытегъэлъэда мазэ ныкъуэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Тхьэм и уардэунэм куэду фIэлъщ хрусталым къыхэщIыкIа уэздыгъэхэр, къищынэмыщIауэ, скъар хужькIэ и лъэгухэр къищIыкIащ.
  • Псом нэхърэ нэхъ телъыджэращи, зи гугъу тщIы мэжджытым и кIуэцIым цIыкIуу щIауэ щIэтщ Сауд Хьэрыпым щыIэ «Ан-Нэбэуи» мэжджытыр. Ар Сауд Хьэрыпым я пщым тыгъэу къахуищIащ.
  •  
  • УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
  • ЩIыхуэм жэнэтри жыхьэнмэри къуигъэлэжьынущ
  1. Хьэр унэм щIэбгъэсыну ислъам диным щIимыдэм и щхьэусыгъуэр сыт?
  • Ислъам диным къигъэув мардэхэмкIэ, хьэр пщIантIэхъумэу, е былымхэр ихъумэну зепхуэ хъунущ. Ауэ ар унэм щIэбгъэс хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, хьэм и Iупсыр нэджэсу (фIейуэ) ебж. Хьэм и Iупсыр зылъэIэса щыгъынри хьэкъущыкъури блэ тхьэщIыжын хуейщ. Апхуэдэхэр зэ птхьэщIкIэ, нэджэсыр кIэрыкIыркъым, блэ зэкIэлъыпыту тхьэщIыпхъэщ. Абы теухуауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Хьэм и Iупсыр зылъэIэса щыгъыныр е хьэкъущыкъур блэ тхьэщIын хуейщ, а блэм щыщу япэ тхьэщIыгъуэр е иужьрей тхьэщIыгъуэр щIы-кIэ (ятIэкIэ) тхьэщIыпхъэщ». «ЩIыкIэ» щIыжиIэм и щхьэусыгъуэр зыщ: щIым микробыр еукI.
  • Иджырей дохутыр щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, хьэм и шхалъэм маркуэ (ленточный червь) жыхуиIэм хуэдэ ирещIэ. Ар, дауи, узыфэ зэрыцIалэщ. А маркуэ лIэужьыгъуэр хьэм къыпкърыкIыу, абы и Iупсыр зылъэIэса цIыхум пкърымыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым. Зи гугъу тщIы маркуэ лIэужьыгъуэр лъым хэту Iэпкълъэпкъым къыщекIухь, ар щхьэ куцIми нос, аращи, узыфэ куэд къыхокI.
  1. ЦIыхур къэжьа нэужь, андезыр къутэрэ?
  • ЦIыхур езыр хуейуэ зыкъигъэжьмэ, андезыр мэкъутэ, ауэ, езыр хуэмейуэ къэжьакIэ, къутэркъым.
  1. Ахъшэ щIыхуэ птыным псапи гуэныхьи пылъу зэхыдох. Дауэ абы и Iуэхур зэрыщытыр?
  • Пэжщ. А Iуэхугъуэм жэнэтри жыхьэнмэри къуигъэлэжьыфынущ.
  • ЩIыхуэ къэпщтэныр Алыхьым игъэхьэрэмакъым. ЦIыху гузавэм щIыхуэ ептрэ и гузэвэгъуэр дэбгъэкIмэ, абы къыпэкIуэну псапэр гъунапкъэншэщ. Абы теухуауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «ЦIыху гузавэм и гузэвэгъуэр щхьэщызыхым Къемэт махуэм гузэвэгъуэ илъагъунукъым». НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIауэ: «Си псэр зи IэмыщIэ илъ Алыхьым и цIэкIэ соIуэ щIыхуэ зытелъу дунейм ехыжам жэнэтыр имылъагъункIэ!». Мы хьэдисым и мыхьэнэр мыращ: ЩIыхуэ зытелъу дунейм ехыжар жэнэтым кIуэнукъым, ауэ щыхъукIи, ар итыжыну хущIэкъуу, хунэмысамэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ. Апхуэдэхэм къахуэгъунущ. ЩIыхуэр итыжыфыну, ауэ къыфIэмыIуэхуу, «нобэ сотыж», «пщэдей сотыж» жиIэурэ IэщIыб зыщIращ зи гугъу ищIыр. Iэмал зэрыбгъуэту, щIыхуэ къэпщтар птыжын хуейщ. Аращи, гузавэм щIыхуэ ептрэ и гузэвэгъуэр дэбгъэкIмэ, абы псапэшхуэ пылъщ, жэнэтри къуигъэлэжьынущ. КъищынэмыщIауэ, жыхьэнмэр къуигъэлэжьынущ щIыхуэр телъхьэ къыпэкIуэу птымэ (процент телъу жиIэу аращ). Телъхьэ къыпэкIуэу щIыхуэ птыныр гуэныхьышхуэхэм ящыщщ. Абы теухуауэ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Нэхъ гуэныхь ин дыдэу 7-м защыфхъумэ». Абы еупщIахэщ: «Уа, ЛIыкIуэ лъапIэ, сыт хуэдэхэра ахэр?» Бегъымбарым жэуап къаритащ: «ТхьэнэпцIхэм хуэпщылIыным, хьэпэщыпхэ щIыным, цIыху укIыным, фейдэ къыпэкIуэу ахъшэ щIыхуэ тыным, сабий зеиншэм и мылъкур яфIэшхыным, цIыхубзым якIэрымылъ якIэрылъхьэным, ебгъэрыкIуэныгъэ махуэм къикIуэтыным».
  • КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ: «Ахъшэм къыпэкIуа фейдэр зышххэр Къемэт махуэм шейтIаным хуэдэу къэтэджыжынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм жаIащ щIыхуэм хэхъуэ къегъэтыныр сатум хуэдэу. Ауэ Алыхьым сатур хьэлэл ищIащ, телъхьэ къыпэкIуэу ахъшэ тыныр игъэхьэрэмащ. Ахэр щIегъуэжрэ тобэ къахьыжмэ, я гуэныхьыр къахуэгъунщ, ауэ къытрагъэзэжмэ, жыхьэнмэ мафIэр я шхыныгъуэнщ. Апхуэдэхэр мафIэ губжьам зэи къыхэкIынукъым. Процентым Тхьэм фIыщIэ къыпигъакIуэркъым, егъэкIуэд, сэдэкъэр егъэбагъуэ. Алыхьым и нейр щыхуащ фейдэ щхьэкIэ ахъшэ щIыхуэ зытхэм».
  1. Языныкъуэхэм деж ди лъэIур къабыл хъуркъым. Сыт абы и щхьэусыгъуэр?
  • Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «АлыхьымкIэ Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ цIыхур Тхьэм щелъэIум деж абы и лъэIур къабыл мэхъу, щIэлъэIуар Тхьэм къыхуещIэ. Iиман зыбгъэдэлъым и лъэIур дунеягъэкIэ къабыл мыхъумэ, ахърэтым Iэмал имы-Iэу къыщыхуэщхьэпэнущ». Аращи, дэ дыщымыгъуазэ щхьэкIэ, лъэIур къабыл мыхъуу къанэркъым. ЛъэIур къабыл мэхъу е дунеягъэмкIэ, е ахърэтымкIэ.
  • КъищынэмыщIауэ, лъэIур къабыл щIэмыхъуам и щхьэусыгъуэщ, ар къабыл Тхьэм зэримыщIам къыпэкIуэу а лъэIуам къыпэщылъ хэщIыныгъэшхуэ гуэр зэрыщхьэщихыр.
  • Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарымрэ
  • ДжэбрэIил мелыIычымрэ хэт нэхъыжьыр?
  • Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарыр илъэс 62-кIэ дунейм тетауэ аращ.
  • ЗэрытщIэщи, Алыхьым и псалъэхэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, КъурIэн лъапIэр, Алыхьым и пащхьэ къизыхыу лIыкIуэ лъапIэм и деж къэзыхьар, ДжэбрэIил мелыIычыращ. Ауэ щыхъукIи, ЛIыкIуэ лъапIэмрэ ДжэбрэIил мелыIычымрэ хэт нэхъыжьыр?
  • А упщIэм и жэуапщ мы хъыбарыр:
  • Зэгуэрым ДжэбрэIил мелыIыч лъапIэр къыхуэкIуащ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым. ДжэбрэIил къыщыхуэкIуэм деж сыт щыгъуи къэтэджырт ЛIыкIуэ лъапIэр, ауэ а махуэм къэтэджатэкъым. Ар мелыIыч лъапIэм хуабжьу телъыджэ щыхъуащ икIи щIэуп-щIащ: «Уа, ЛIыкIуэ лъапIэ, сыкъэбужэгъуауэ ара?» «Уа, Алыхьым и пщылIу, си ныбжьэгъу лъапIэ! Дауэ узужэгъун! ЦIыхубэм ябгъэдэслъхьэну Алыхьым и псалъэхэр къысхуэзыхь мелыIыч лъапIэр укъэзыужэгъун цIыху щыIэ?», — жэуап итащ ЛIыкIуэ лъапIэм, итIанэ щIэупщIащ: «Тэджыну зытехуэр нэхъыжьыра хьэмэрэ нэхъыщIэра?» — жиIэри. «Нэхъыжьым и пащхьэ къыщытэджыну къызытехуэр нэхъыщIэращ», — жэуап итащ ДжэбрэIил. «АтIэ, илъэс дапщэ ухъурэ уэ ДжэбрэIил?», — щIэупщIащ ЛIыкIуэр. «Илъэс мин щиблым (700000) зэ фIэкIа къыщIэмыкI вагъуэр сэ щэнейрэ слъэгъуащ», — жэуап итащ ДжэбрэIил. «Алыхьым укъыщигъэщIам, япэ дыдэу сыт плъэгъуар?», — щIэупщIащ ЛIыкIуэр. «Алыхьым сыкъигъэщIри, япэ дыдэу слъэгъуар Хьэршым къыщыблэ нурыращ», — жэуап итащ мелыIычым. «АтIэ, а нур плъэгъуар сэращ», — жиIащ ЛIыкIуэм, адэкIи къыпищащ: «А нурыр плъагъумэ, къэпцIыхужыну?» «КъэсцIыхужынущ», — жиIащ ДжэбрэIил. ИтIанэ Бегъымбарым и Iэбжьанэхэр ДжэбрэIил щригъэлъагъум, «Тхьэ соIуэ, абы щыгъуэм слъэгъуа нурыр мыракIэ», — жиIэри ДжэбрэIил мелыIыч лъапIэм Бегъымбарым и Iэбжьанэхэм ба хуищIащ, едэхэщIащ.
  • Хъыбар щхьэпэ
  • Сом ныкъуэкIэ и диныр ищэ пэтащ
  • Хьэрып къэрал икIыу Франджым Iэпхъуа Iимам щIалэр Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэ зэпытт.
  • Зэгуэрым ар автобусым ису мэжджытым здэкIуэм, гъуэгупщIэу ита ахъшэм къигъэзэ-жар ибжащ. Шофёрым къритыжын хуейм нэхърэ сом ныкъуэкIэ нэхъыбэ къритыжат.
  • — «Шофёрыр щыуащ, мыр сэ си ахъшэкъым, мыр сэркIэ хьэрэмщ, лейуэ къызэрызитар жесIэнщи, щIигъуар естыжынщ», — жиIэри, зэми апхуэдэу игу къэкIащ Iимамым. Зэми, егупсысыжри, и щхьэ хужиIэжащ: «Сыт мыгъуэ мы сом ныкъуэм абы къыхуищIэнур, ахъшэшхуэу щытами зыгуэрт, адэ си жып ирелъыж».
  • Мэжджытым нэсауэ Iимамыр автобусым къыщикIым, и гум имыдэу сом ныкъуэр шофёрым хуишиижри, жриIащ: «Мыр лейуэ къызэптащи, къэщтэж». Шофёрыр къыпыгуфIыкIри, жэуап къитащ: «Сыщыуакъым, щIалэ. Ар зэрылейр сщIэуэ уэстащ. Апхуэдэу щIэсщIами и щхьэусыгъуэр мыращ: Си автобусым ису мы мэжджытым муслъымэн куэд къокIуэ. Ислъам диным сыдезыгъэхьэхын Iуэхугъуэ зыбжанэ ядэслъэгъуащ абыхэм. Абы ипкъ иткIэ, мурад сщIащ ислъам диныр нэхъ куууэ сэзыгъэщIэн Iимам щыпкъэ къэслъыхъуэну. Ахъшэр лейуэ уэ щIостар уризгъэунэхуну арат. Нобэ хьэкъыу спхыкIащ ислъам диным и гъуэгу пэжым сытезышэн цIыху сызэрыхуэзар. Хъуну щытмэ, мэрем махуэм щегъэжьауэ уи уазхэм сыщIэдэIуну мэжджытым сынэкIуэнущ, ислъам диныр къэсщтэнущ», — жиIащ шофёрым.
  • Iимамыр автобусым къикIа нэужь, и фэр пыкIауэ, и лъакъуитIыр щIэкIэзызыхьыу, и пIэм ижыхьауэ щытащ тэлайкIэ. «Сом ныкъуэкIэ ислъам диныр сщэным иIэжар зы мащIэ дыдэщ» гупсысэм и щхьэр къызэгуитхъырт Iимамым.
  • Адыгэм псалъэжьу диIэщ: «къаплъэ нэхърэ — къиплъ» — жери. Дэ дызэрагъэунэхуну щIыкIэр зыми тщIэркъым. Дэ къытфIэмыIуэху гуэрхэм адрейхэм мыхьэнэшхуэ иратынкIэ хъунущ. Нысып диIэмэ, дыщыуэнкъым.