2020-11-21
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
- ЩIыхь тхылъыр тыным и IуэхукIэ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
- Илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын
- Iэщын Жаннэ Владимир и пхъум – Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм Налшык къалэм щиIэ Инспекцэ №2-м щIыпIэхэм къэпщытэныгъэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ и къудамэ №1-м и къэрал налог инспектор нэхъыщхьэм
- Бережновэ Иринэ Анатолий и пхъум — Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм Налшык къалэм щиIэ Инспекцэ №2-м камеральнэ къэпщытэныгъэхэмкIэ и къудамэ №1-м и унафэщIым и къуэдзэм
- Дзагуей Мадинэ Музэчыр и пхъум — Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм и ЩIыналъэзэхуаку инспекцэ №6-м учётымрэ налог зытхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм къэрал инспектор нэхъыщхьэм
- Къунаш Еленэ Мухьэмэд и пхъум — Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къэпщытэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэм
- Юсупов Муссэ Исмэхьил и къуэм — Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къэпщытэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIым.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
- Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
- Налшык къалэ
- 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 19-м
- №148-УГ