Бюджетым хоплъэ
2020-10-31
- КъБР-м и Парламентым и Президиумым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ видеоконференц щIыкIэм тету иригъэкIуэкIащ абы и спикер Егоровэ Татьянэ.
- БюджетымкIэ, налогхэмрэ бюджет IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил жиIащ «2021 гъэм и республикэ бюджетымрэ 2022, 2023 гъэхэм ятещIыхьамрэ я IуэхукIэ» законым и проектым хэплъэн хуейуэ къазэрыIэрыхьар.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «2021 гъэм и республикэ бюджетымрэ 2022, 2023 гъэхэм ятещIыхьамрэ я IуэхукIэ» законым и проектым дэщIыгъуу къигъэхьа дэфтэрхэр хабзэм къигъэув мардэ псоми зэризагъэр къыхигъэщащ АфэщIагъуэм икIи къытеувыIащ бюджетым хэлъ щхьэхуэныгъэ нэхъыщхьэхэм:
- — Законым и проектыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2021 гъэм иIэну хуагъэфащэ социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ 2022, 2023 гъэхэм яубзыхуа Iуэхугъуэхэмрэ тещIыхьащ.
- ЩIыналъэм и ВРП-р сом меларди 162,5-рэ хъуну хуагъэфащэ, 2020 гъэм проценти 102,2-рэ зэрагъэзэщIам тещIыхьауэ. Инфляцэр проценти 3,7-м щIимыгъуну гугъэ яIэщ. Хэхъуэу щыIэнущ сом мелард 35,364-рэ, ахъшэу къагъэсэбэпынущ сом мелард 36,422-рэ, бюджетым хущыщIэнущ сом мелард 1,058-рэ.
- Финанс дэфтэр нэхъыщхьэм КъБР-м и Парламентым и комитетхэм чэзууэ щыхэплъэнущ, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр я гъусэу. Абы теухуа едэIуэныгъэхэр дызэрыт щытыкIэм теухуауэ зэпэщIэхауэ екIуэкIынущ. Жылагъуэм щыгъуазэ защIын папщIэ дэфтэрыр КъБР-м и Парламентым и сайтым къралъхьэнущ. Абы халъхьэжыну, зэрахъуэкIыну къагъэлъагъуэ псоми комитетхэр елэжьынущ. Хьэзыр хъуа нэужь, КъБР-м и Парламентым и зэхуэсым щызэпкърахынущ.
- ЗэIущIэм щыхэплъащ икIи елэжьын щыщIадзащ «2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ щIыналъэ фондым и бюджетымрэ 2022 — 2023 гъэхэм ятещIыхьамрэ теухуауэ», «2021 гъэм и республикэ бюджетымрэ 2022, 2023 гъэхэм ятещIыхьамрэ я IуэхукIэ» КъБР-м и Законым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и законодательнэ актхэм я Iыхьэ зыбжанэм къару ямыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатым и статусым техуауэ» КъБР-м и Законым и 6-нэ статьям халъхьэну зэхъуэкIыныгъэ теухуауэ», нэгъуэщI законхэми я проектхэм.
- Депутатхэм зэпкърахащ федеральнэ законхэм я проектхэр, щэнхабзэ щIэинхэм, цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэрызэгъэпэщам, социальнэ Iуэхутхьэбзэхэм, УФ-м и Унагъуэ, Налог кодексхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ехьэлIауэ Урысейм и нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа законодательнэ жэрдэмхэмрэ зэрызыхуагъазэхэмрэ.
- Президиумым и зэIущIэм хыхьэу екIуэкIа «Комитетым и сыхьэтым» ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ АфэщIыж Юрий щытепсэлъыхьащ «ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэм и IуэхукIэ» КъБР-м и Законыр гъэзэщIа зэрыхъум.
- НэщIэпыджэ Замирэ.