ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуп къыхэхар  ягъэбелджылы

2020-10-06

  • Мыгувэу щыIэну Кавказ лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я фестивалым ягъэкIуэну Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхар «Спартак» республикэ стадионым иджыблагъэ щагъэбелджылащ.

 

  • Жэпуэгъуэм и 1-м Налшык къыщызэхуэсат КъБР-м и щIыналъэ псоми къикIахэр. Ахэр зэпеуащ Кавказ лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я фестивалым и программэм хыхьэ лIэужьыгъуэ зыбжанэкIэ.
  • Зэныкъуэкъуныгъэ гуащIэхэм яужькIэ хьэлъэ къэIэтынымкIэ зэхьэзэхуэм щытекIуащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм къикIа Аслъэн Ахьмэдрэ Прохладнэ къалэм щыщ Скибэ Владиславрэ. Шэджэм районым и лIыкIуэ КIэбышэ Рустам абыхэм къакIэлъокIуэ.
  • Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм щыщхэм къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым хьэ-лъэ гъэIэпхъуэнымрэ троеборьемри. Абыхэм тIуми бжьыпэр щиубыдащ хуабжьу зэрыкъарур къэзыгъэлъэгъуа Щоджэн Iэниуар. Джылахъстэней щIалэ Къаншокъуэ Робертрэ Аруан куейм икIа Къурашэ Ахьмэдрэ етIуанэщ.
  •  Шабзэ гъэуэнымкIэ Iэзагъ ин къагъэлъэгъуащ налшыкдэсхэу Кулюшинхэ Александррэ Натальерэ. Абыхэм цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я зэпеуэм пашэныгъэр къыщахьащ.
  • АрмспортымкIэ нэхъ лъэщащ Тэрч къикIа Iэтэ Аскэр (килограмм 80-м щIигъухэм я деж), Бахъсэн къалэм щыщ Беслъэней Аслъэн (кг 65-м нэс), Бахъсэн щIыналъэм и лIыкIуэ Шыбзыхъуэ Елдар (кг 80-м нэблагъэ) сымэ.
  • Я хьэлъагъ елъытауэ бгырыпхкIэ зэбэнахэм ятекIуащ Лэскэн щIыналъэм икIа Щхьэгуэш Аслъэнбэч (килограмм 68-м нэблагъэ). Шэрэдж районым икIахэу Мысост Мырзэбэчрэ Мокаев Мусэрэ щынэхъыфIащ килограмм 80-м нэблагъэхэмрэ щIигъухэмрэ я зэпеуэм.
  • КIапсэкIэ зэпекъунымкIэ, мини-футболымкIэ, къызэдэжэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхар нэхъ иужьыIуэкIэ ягъэбелджылынущ.
  • Жыласэ Замир.