ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псынэ  къибыргъукIым  ещхь  КIуащ  БетIал

2020-09-10

  • Багъы Петр
  • «ЩыIэщ Iуэхуи цIыхуи, гъэхэр блэкIыурэ пэIэщIэ дахуэхъуу,
  • ауэ я мыхьэнэр нэхъ гурыIуэгъуи нэрылъагъуи хъууэ».
  • Академик Чикобавэ Арнольд

  •    Москва, Ленинград, Тбилиси дэт университетхэм щрагъэджэнухэр къыхахын хьисэпкIэ, 1947 гъэм Налшык къалэ щызэхуашэсауэ щытащ курыт школхэр къэзыуха ныбжьыщIэхэр. Район къэс хуэзэу зыбжанэм ди цIэ къраIуэри, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр къытхагъэпсэлъыхьащ. А зэманым Къэбэрдейм щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ къыхэжэпхъыкIа зыкъоми зэIущIэм кърихьэлIат. Ауэ а псом нэхърэ дигу нэхъ къинэжауэ щытар абы япэкIэ зэи зи цIэ зэхэдмыха икIи дымылъэгъуа, дызыхурагъэджэну IэщIагъэм щыгъуазэ дызыщIахэм яхэта КIуащ БетIалт.
  • Налшык къеблэгъащ зэдзэкIакIуэ Липкин Семён (ижьымкIэ етIуанэщ). Абы бгъэдэтщ КIуащ БетIал, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Щомахуэ Амырхъан, Киреев Михаил сымэ. 1955 гъэ

  • Аспирантурэм щоджэ. Мэзкуу,1948 гъэ

  • Германием щыIэу. 1945 гъэ, накъыгъэм и 25-м

  • И усэщIэм Шортэн Аскэрбий къыхуоджэ. 1951 гъэ

  • БетIал. 1941 гъэ

  • И хьэр и гъусэу. 1945 гъэ

  • ЛIыгъэмрэ напэмрэ къыхуалъхуа
  • ЖиIа псори сщIэжыркъым, ауэ и къэпсэлъэкIэр гукъинэжт, псынэ къибыргъукIым ещхьт, и псалъэр апхуэдизкIэ гум хыхьэрти, укъызыхуриджэм утригъэлъадэрт, утригъэгушхуэрт. «Сыту щIалэ губзыгъэ, сыту урысыбзэкIи Iэзэ», — арат дыщызэбгрыкIыжым псоми зыжьэу жаIэр.
  • А гъэм Тбилиси дэт университетым сыщIэтIысхьащ Къумахуэ Мухьэдин, Щэрдан Iэбу, Шагъыр Iэмин, нэгъуэщIхэми срагъусэу. Езы КIуащри а гъэ дыдэм, и ныбжьыр илъэс 27-м иту, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием БзэщIэныгъэхэмкIэ и институтым и аспирант хъуащ.
  • 1952 гъэм еджэныр къэзухри, ди радиокомитетым редактору лэжьэн щыщIэздзащ, сцIыхуи сыкъэзыцIыхужи щымыIэу. Щылажьэхэм я нэхъыбэр мыщIалэж дыдэу, фызбынунэхэу, къулыкъу гуэрхэми пэрытауэ гукъыдэжышхуэ зиIэ щIагъуи яхэмыту, щхьэж и Iуэху зэрыхузэфIэкIкIэ игъэзащIэу зэхэсхэт. Зэманыр гуащIэт, цIыхухэр щтэIэщтаблэт, я гур иудат, пхэнжу зы псалъэ къыбжьэдэкIмэ е зы щыуагъэ тIэкIу нэтынхэм щыпIэщIэкIмэ, фIы щIумыхыным зыри хуэIуатэкъым. Радиокомитетыр зыщIэса унэр, аппаратнэри студиери хэту, пэш цIыкIу зыхыбл фIэкIа хъуртэкъым.
  • Зы махуэ гуэрым комитетым ныщIыхьащ лIы хэщIыхьа нэжэгужэ, и нэгур зэлъыIухарэ мащIэу нэбгъурыплъэ и нэ пIащитIым губзыгъагъыр къыщIихыу.
  • — Уэ къеблагъэ, БетIал, уо, БетIал! — жаIэу псори зэщIэхъеящ.
  • Ар еджакIуэ дыкIуэн и пэкIэ къытхэпсэлъыхьа КIуащ БетIалт.
  • Дэтхэнэ зыри БетIал и дунейм, и IуэхущIафэхэм, и къекIуэкIыкIам фIыуэ щыгъуазэти, мор пщIэжрэ, мыр пщIэжрэ, кхъыIэ, мор е мыр къыджепIэжын; апхуэдэут ар зэрыщытар, БетIал? — жаIэурэ, гушыIэ, ауан, гъэщIэгъуэн гуэрхэр хэлъу БетIал къеупщIхэрт. Гухэхъуэу дыхьэшхыу, езыми а къызэреупщIхэр къиIуэтэжырт. Абы илъэгъуар, зэхихар, ищIар, и ныбжь емылъытауэ, куэдыщэти, къиIуатэ пэтми гъунэ ирилъэтэкъым — хигъахъуэ зэпытт. ГъащIэм гукъыдэж ин хузиIэ, цIыхум гу щызымыхуэ, абы и пIалъэр фIыуэ зыщIэ БетIал зэригъэзахуэхэм, зи гугъу ищI Iуэхугъуэхэм, къэхъукъащIэхэм нэхъыбэр щыгъуазэтэкъым, къагурыIуэртэкъым. Ар зэ слъэгъуауэ щытами, БетIал и мынэIуасэу радиом щылажьэр си закъуэти, Тбилиси щеджащ жаIэу сыкъыщрагъэцIыхум, куржыбзэкIэ псалъитI-щы къызжиIащ, профессор, адыгэбзэр джыным ехьэлIауэ дуней псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлI Рогавэ Георгии яхэту зыкъомым щIэупщIэри, хуабжьу гуапэу куржыхэм, абыхэм я тхакIуэхэм, я еджагъэшхуэхэм ятепсэлъыхьурэ къэдыхьэшхри, адэкIэ къыпищащ:
  • — Зы щIэщхъу къытщыщIат Елбэд Хьэсэнрэ сэрэ Тбилиси командировкэ дыкIуауэ. Рогавэ дригъэблагъэри, Iэнэ къытхуищтат, дэ ерыскъыгъуэу къэдмыгъэсэбэп удз, къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд телъу. Хьэсэн, тIэкIурэ щыса нэужь, зыкъиплъыхьщ-зыниплъыхьщ, си дежкIэ зыкъригъэзэкIри адыгэбзэкIэ: «Уа, мыбыхэм мэкъу фIэкIа дагъэшхынукъэ?» — щыжиIэм, сыкъыщиуд пэтащ. «Сейчас, Хасан Увжукович, все будет», — жиIащ Рогавэ. Хьэсэн и псалъэхэр зыми къыгурымыIуэн и гугъати, щыуауэ къыщIэкIат.
  • Рогавэ Георгий кавказоведышхуэт, илъэс щэ ныкъуэм щIигъукIэ адыгэбзэм куууэ елэжьат, Тбилиси университетым кавказыбзэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщIт, абы и щхьэгъусэ Ломтатидзе Кетевани Грузием щIэныгъэхэмкIэ и Академием и академикт, Грузием БзэщIэныгъэмкIэ и институтым и директорт, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щытащ. Рогавэрэ Ломтатидзерэ щIэныгъэ IуэхукIэ Къэбэрдейм куэдрэ къэкIуащ — зауэм и пэкIи, зауэм и ужькIи.
  • 1948 гъэм ди щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым зэIущIэшхуэ иригъэкIуэкIырт, адыгэ тхыдэм, адыгэбзэм теухуауэ. Абы кърихьэлIат еджагъэшхуэ куэд, Москва, Ленинград, нэгъуэщI щIыпIэхэми къикIауэ. А зэманым бзэщIэныгъэм и лэжьакIуэхэм яку зэгурымыIуэныгъэшхуэ дэлъащ: нэхъыбэм Марр Николай и «Новое учение о языке» жыхуиIэр узытекI мыхъун марксист теориеу ябжырт — арат унафэщI нэхъыщхьэхэм яукъуэдийр, ахэр абы и телъхьэт, ауэ ар зыфIэмыкъабылхэр, абы бзэщIэныгъэр ипэкIэ имыгъэкIуатэу зылъахъэу, зэхэзыгъэзэрыхьу, щIэныгъэм пэIэщIэ теорие нэпцIу къэзылъытэ «сампIэимыхьэ» зыгуэрхэри щыIэт.
  • Яковлев Николай еджагъэшхуэт, кавказыбзэхэр тхыбзэм тешэным, а бзэхэр джыным къаруушхуэ ирихьэлIат, абыхэм ятеухуауэ зэфIэкIышхуэ зэриIами шэч лъэпкъ къытепхьэ хъунутэкъым, арщхьэкIэ марризмэм хуабжьу итхьэкъуат. Марр и «диныр» хьэкъыу пхыкIати, уэгъури чыхури къыгурыIуэжтэкъым. Марр и теориер къыумыщтэмэ, Яковлев Николай урибий кIэуфIыцIт, урихьэрэмт. Абы и мызакъуэу, унафэр зыIэщIэлъхэми Марр зыубхэм фIы щIрагъэхыртэкъым.
  • Зи гугъу тщIа сессием Яковлевыр къыщыпсэлъащ, марризмэм щIэгъэкъуэн хуэхъу гуэрхэр адыгэбзэм къыхигъэщ щIыкIэу, ар теорие нэпцIым и телъхьэ ищIу. Рогавэрэ Ломтатидзерэ абы пэрыуэу, Марр и мэсхьэбым уиту бзэхэм я хабзэр нэгъэсауэ зэIубз зэрумыщIыфынум, абыхэм (кавказыбзэхэм) я зэхущытыкIэхэмрэ зэхущытыкIахэмрэ, бзэмрэ цIыхубэм и тхыдэмрэ зэрызэпыщIамрэ зэрызэхуэныкъуэмрэ, абыхэм я зыужьыныгъэм иIэ щхьэусыгъуэхэмрэ бзэм и зэхъуэкIыныгъэмрэ къызэрумыхутэфынум тепсэлъыхьащ. Шынагъуэт а зэманым «псоми» я Iуэху еплъыкIэм хуэдэу умыгупсысэныр, дзыхьщIыгъуэджэт Рогавэрэ Ломтатидзерэ уакъыдэщIынуи, урагъунэгъунуи, ар дэнэ къэна, ахэр пцIыхуу укъащIэнуи. Яковлев Николай и зэзыр мо тIум ятрикъутащ, сессием хэтхэм Iумпэм зэращищIын къигъэнакъым, марксизмэм и бийуэ къыщIригъэдзыным нигъэсауэ.
  • «Зыри къытщхьэщыжатэкъым, псори тпикIуэтауэ джэрэзу утыкум дыкъинат. АрщхьэкIэ, Яковлевым сытым дежи и гъусэу, къалэщхьэгуэжьу зыщыгугъ, гу зыщимыхуэ и аспирант КIуащ БетIал, псоми къалъагъуу къыдбгъэдыхьэри зыкъыдигъэцIыхуащ, и нэхъыщIагъэм зэрыхуэфащэкIэ ди лэжьыгъэхэм, жытIахэм фIыкIэ тепсэлъыхьащ, Яковлевым и Iуэху бгъэдыхьэкIэм арэзы зэрытемыхъуэр имыбзыщIу. Тбилиси дыкIуэжыну гъуэгу дытехьэжыху БетIал дбгъэдэкIакъым, ди жагъуэ хъуат адрейхэр апхуэдэу къэрабгъэу къызэрыщIэкIар. Ауэ БетIал ди гум хуабэу къинэжащ, лIыгъэу абы щыгъуэ зэрихьар, бзэщIэныгъэм куууэ зэрыхищIыкIыр Грузием дыкъэкIуэжа нэужь, ди лэжьэгъу куэдым яхуэтIуэтэжащ», — ар Рогавэрэ Ломтатидзерэ мызэ-мытIэу ягу къагъэкIыжу сэри зэхэсхащ.
  • Абы зауэм щыхузэфIэкIари, и напэр и гъуазэрэ къэмыскIэу утыку зэрихьари, адыгагъэм зэремылъэпэуэнури, «дэхуэхам» щIэгъэкъуэн зэрызыхуищIари узыдэплъеин щапхъэ хъарзынэт. Апхуэдэхэр куэдым ялъэкIакъым; абы иужькIэ езымрэ Яковлевымрэ яку къыдэхъуахэм сыщыгъуазэкъым, сызыщыгъуазэр зыщ: Яковлевым и Iуэхухэр щыбгъунлъам, Москва щилэжьэгъуу щытахэм зыпыIуадз щыхъуам къигъуэтыжар лIыгъэмрэ напэмрэ къыхуалъхуа КIуащ БетIалт.
  •  
  • Зы илъэс закъуэ
  • Куэдым куэд жаIэ, ауэ… БетIал ди институтым зэрыщымылэжьэжрэ илъэс зытIущ дэкIауэ, и хьэ цIыкIур и гъусэу, уэрамымкIэ здрикIуэм, кърихьэлIащ щIэныгъэ сессием кърагъэблэгъа еджагъэшхуэ гуп, Тбилиси къикIауэ Грузием щIэныгъэхэмкIэ и Академием и академик, еджагъэшхуэ Топуриа Варлам, зи гугъу тщIа Рогавэ сыми хэту. Хуабжьу зэщыгуфIыкIхэу сэлам зэрахри, афIэкI хэмылъу, фынеблагъэ, жиIэри БетIал хьэщIэхэм ятрикъузэу хуежьащ. ХьэщIэхэр гузавэу, «Хьэуэ, иужькIэ, дэ куэд дохъу, иджыри сессием дыщIыхьэжын хуейщ, Iуэху куэди диIэщ», – Iэджэ щхьэусыгъуэ ящIащ. Сэри: «БетIал, ар дауэ хъун? Мы къомыр… ИужькIэ ебгъэблагъэхэмэ нэхъыфIщ», – жысIащ, арщхьэкIэ зыми Iэмал хуигъуэтакъым абы и мурадыр иригъэхъуэжыну. Арати, псоми зрачри БетIалхэ я деж макIуэ.
  • «Дыкъакъэрэ-дыпщIыпщIу нэхущ хъуху дыщысащ. ИгъащIэм нэжэгужэу зэ дызэхэсамэ, ар етIуанэт», — жаIэжырт. Ягури я псэри утIыпщауэ, гушыIэу, къафэу, уэрэд жаIэу, я жьэр щIэпкIэным нэсауэ БетIал гупыр игъэдыхьэшхыу, хъыбар гъэщIэгъуэнхэм щIигъэдэIуу, псалъэр щIэныгъэм хуэкIуэми, и Iыхьэ къимыгъанэу. Мис апхуэдэ куэд лъэкIырт а адыгэлI нэгъэсам, адыгагъэр екIурэ ещхьу зыгъэзащIэу дунейм дахэу тетам.
  • — Ди къэфакIуэ-уэрэджыIакIуэ гупым я гъусэу нобэ Прибалтикэм сыкIуэну сожьэри, Хьэмгъуокъу Барэсбий деж IуэхукIэ сыкъэкIуати, сэлам фэсхыжынущ, — жиIэри дэкIыжат ар махуэ гуэрым.
  • Гухэхъуэт абы уеплъыныр: щIалэ къуапцIэ ест, драп бэлъто фIыцIэр екIупсу, абы щыщу кепкэ къуенцIи щхьэрыгъыжу. Абдеж щегъэжьауэ сэри нэхъуеиншэу БетIал кIэрыпщIахэм ящыщ зы сыхъуащ.
  • Ансамблыр Прибалтикэм къикIыжа нэужь, БетIал сэрэ нэхъ кIэщI-кIэщIурэ дызэхуэзэ хъуат, 1953 гъэм и гъатхэпэ мазэм, БетIал хэлIыфIыхьри, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым бзэмрэ литературэмкIэ и къудамэ езыр зи унафэщIу щытам лэжьакIуэу сащтащ. Къудамэм езымрэ Елбэд Хьэсэнрэт щылажьэр. Лэжьыгъэм къыщыдэхуэхэм деж БетIал хъыбар телъыджэхэр игу къигъэкIыжырт, дыхьэшхэн гуэрхэр жиIэжырт, бзэм и IуэхукIэ Хьэсэн пкърыупщIыхьырт, абы и нэгу щIэкIахэми хуабжьу фIэгъэщIэгъуэну едаIуэрт. БетIал псалъэ ешэжьа и жагъуэт, Iуэху гуауэщхьэуэхэм темыпсэлъыхьмэ нэхъ къищтэрт, зыгуэр иубыну и ажалт, игу иримыхьам зы псалъэ-псалъитI шэрыуэу иридзынти ежьэжынт.
  • Зы илъэс закъуэщ БетIал сыдэлэжьэну си насыпым къызэрихьар. Абы и ужькIэ езым и фIэфIыныгъи хэлъу, ар «Къэбэрдей» альманахым ягъэкIуащ.
  •  Алыхьым усакIуэу къигъэщIа
  • БетIал Алыхьым усакIуэу къигъэщIат. Езым итхам хуэдэу ар щыгуфIыкIырт нэгъуэщIхэм я тхыгъэфIхэми. Езым и усыгъэр игу щрихьыжым деж, фыкъедаIуэт, жиIэрти итхам къытхуеджэрт. И пащхьэм тхылъымпIэу телъыр зэхэтхыхьат, псалъэ къигъуэтахэр, усэ ныкъуэтххэр, телефон номерхэр, нэгъуэщI Iэджи тетхауэ. Зыбгъэдэс стIолым телъ тхылъхэм, тхылъымпIэхэм, зэридзэкIа Iэрытххэм тхьэрыкъуэф хуэдиз хъу и тхьэкIумэхэр къыгуэлэлу, и нэхэр щIригъэлъафэу, япэм иIа и хьэ плъыжьышхуэр зэзэмызэ къыхэгъуэлъхьэжырти, ар БетIал и гуфIэгъуэшхуэт. Абы Хьэсэнрэ сэрэ десэжат, ауэ ар зи гум темыхуэр институтым и унафэщIКIэрэф Къамболэтт. ИкъукIэ лIы тэмакъкIыхьт ар, хабзэшхуэ зыхэлът, БетIали фIыуэ илъагъут, ауэ и пIэм къизышыр хьэрат. Хьэсэнрэ сэрэ а щым я Iуэхум диукIырт, шэми дисырт, шхуми дисырт.
  • Институт лэжьыгъэми усэ тхынми къыдэкIуэу, БетIал тхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэми я ущиякIуэт, я чэнджэщэгъут, щIэблэр Iейм щихъумэрт, фIым хуиунэтIырт. Куэд къакIуэрт абы и деж, ятхахэр яIыгъыу е письмокIэ кърагъэхьауэ щытахэм я щхьэ кърикIуар зрагъэщIэну. Абыхэм БетIал яжриIэм уемыдэIуэну гугъут — акъылышхуэ хэлът, щIэхъуари, щIэмыхъуари, дяпэкIэ щIэн хуейри, ехьэкIи-къехьэкIи хэмылъу, ауэ ягу емыуэу яжриIэрт. БетIал псэуху ди лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным пылъащ: бзэщIэныгъэм телэжьащ, зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэр литературэм хуэзышэ лъагъуэм тригъэуващ, усыгъэхэм хуэхей куэди къыжьэдикъуащ.
  • Зэгуэрым зы щIалэ щхьэпэлъагэ укIытэх гуэр, и ныбжьэгъуи и гъусэу, къакIуэри, БетIал абы кIыхьу епсэлъащ, и усэ къызэджахэр хузэпкърихащ. «Уэлэхьи, мыбы БетIал зыгуэр дилъэгъуам, игу ирихьын гуэр къыхуихьам», — жысIэрт сигукIэ. ЩIалитIыр щIэкIыжа нэужь, сеупщIащ: «Хэт сымэ ахэр?» — жысIэри. «Мис а нэхъ щхьэпэлъагэр Тхьэгъэзит Зуберщ, хыфIимыдзэжмэ, егугъумэ, ар усакIуэ хъунущ», — жиIэгъат БетIал. Куэдрэ и цIэр фIыкIэ къриIуэу, езым итхахэми къыхуеджэу, КIуащым и Iумэтым итахэм ящыщщ Нало Заур. Езы Заури БетIал зыхилъхьэ щымыIэу бгъэдэтащ, нобэр къыздэсым гукъыдэж ин хэлъу яужь итщ и ныбжьэгъу лъапIэу щытам ди щэнхабзэм, ди литературэм хуэфащэ увыпIэ зэрыщигъуэтыным.
  • Институтым лэжьакIуэ сыкъыщыкIуам адыгэбзэм и грамматикэ ятхыну загъэхьэзыру щIадзат, мурадышхуэ яIэт, ямыгъуэтыр ар зыгъэзэщIэнт. Мурад къудей мыхъуу, тхылъым и шыфэлIыфэу щытынур БетIал иубзыхуат, ар нэхъыбэу, нэхъ хэкъузауэ зи щхьэфэ иIэбэну Iуэхугъуэхэри къыхигъэбелджылыкIри, ди грамматикэм и гъуазэр хэзышыну зыхуигъэфащэ щIэныгъэлIхэми я цIэр къриIуат. А псомкIи БетIал дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъур, чэнджэщ къезытыр адыгэбзэм куууэ хэзыщIыкI, илъэс куэд щIауэ абы елэжь, адыгэбзэм и IэфIымрэ и дахэмрэ зыщызымыгъэнщI Елбэд Хьэсэнт.
  • Езы БетIали щIэныгъэлI Iэзэт: аспирантурэм щIэсу Москва щыщыIа илъэсхэм зи унафэ щIэта, адыгэбзэр щIэныгъэр и лъабжьэу къэзыхутэну псом япэу яужь ихьа профессор Яковлев Николай куэдым гу лъригъэтат. БетIали, усыгъэм къыхуалъхуауэ щымытамэ, бзэмкIэ щIэныгъэлI IэкIуэлъакIуэ дыдэ хъунут — аспирантыху бзэр зэрыбджыну Iэмалхэм ящыщу куэдым щыгъуазэ зищIат, нэгъуэщIыбзэхэмкIэ хуабжьу гурыхуэт, ахэр псынщIэу зригъэщIэфырт. Дахэу, уригъэхъуапсэу ирипсалъэрт урысыбзэм. Нэмыцэбзэрати, Багъы Николайрэ абырэ, тIэкIуи загъэщIагъуэу пIэрэ жыпIэну, а бзэмкIэ щызэпсалъэ Iэджэрэ къэхъурт. Бзэ лIэужьыгъуэ куэдым яIэ ухуэкIэхэм щыгъуазэт БетIал, адыгэбзэр нэгъуэщIыбзэхэм къахэзыгъэщхьэхукI щытыкIэхэр, зэхэлъыкIэхэр, къэпсэлъыкIэхэр, абыхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъуа хабзэхэр къитIэщIырт, псалъэ къуэдзэхэмрэ междометиехэмрэ езым иджыну, зэхигъэкIыну и пщэ щIыдилъхьэжауэ щытари арауэ къыщIэкIынт.
  • Адыгэбзэм и шыфэлIыфэхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэм и щыхьэтт абы и усыгъэхэм я ухуэкIэ телъыджэр. Псалъэхэм я зэпхыкIэм, я къэкIуэкIэм, я IэтIэлъатIагъэм, макъхэр зэрызэщIэжьыуэм нэгъэсауэ хищIыкIырти, бзэм и Iэмал псори, хабзэу хэлъри Iэзэу къигъэIурыщIэрт. Аращ БетIал и усэхэр адрейхэм щIахэмыгъуащэр – псалъэхэм мыхьэнэрэ теплъэгъуэу яIэхэр къанэ щымыIэу зэрыхуейуэ къигъэсэбэпыфу зэрыщытарщ. Куэд зыщIэхэр мащIэкъым, ауэ, куэд ящIэми, куууэ гупсысэфыр закъуэтIакъуэщ. БетIал япэкIи иужькIи, ди жагъуэ зэрыхъущи, а IуэхугъуитIыр зэпхауэ зыбгъэдэлъ ди усакIуэхэм, тхакIуэхэм мащIэщ яхэтари яхэтри.
  • Литературоведхэр, критикхэр, псом хуэмыдэу КIуащым фIыуэ илъагъуу щыта Нало Заур, БетIал и усыгъэм и купщIэм, и ухуэкIэм, абы и тхыгъэм гъэщIэгъуэну, езы БетIал япэу усыгъэм къыщигъэсэбэпа Iэмалым, инверсиекIэ зэджэм, убгъуауэ мызэ-мытIэу тетхыхьащ. Абыхэм сытепсэлъыхьыну сэ си пщэ дэслъхьэжыркъым, ауэ, къызэрысфIэщIымкIэ, БетIал и усэхэр тIэкIу гугъуу тхащ. ЩыIэщ усакIуэ, и IэдакъэщIэкIым губзыгъафэ къытригъэуэн папщIэ бзэр зэхиIуантIэу, щIагъыбзэкIэ псалъэу, зэпхьэлIэ мыхъухэр зэригъапщэу, и усэхэр хэIущIыIу ищIын мурадкIэ, абыхэм къыщиIэт Iуэхугъуэхэм я географием гъунапкъэншэу зригъэубгъуу, ауэ щыхъукIи, зытепсэлъыхьым хищIыкIыр Истамбыл губгъуафэ изоплъ зыхужаIэм хуэдэ зыгуэру.
  • УсакIуэм, тхакIуэм и тхыгъэм авторым и гупсысэм и кууагъыр, и талантым и инагъыр къуегъэлъагъу, къуегъащIэ, ауэ сэ си щхьэкIэ къысщохъу авторым и лъэкIыныгъэ псори и тхыгъэм белджылы, сэтей къищIын хуэмейуэ, абы и губзыгъагъымрэ и тхыгъэм и губзыгъагъэмрэ зэлъэщIэмыхьапхъэу, тхыгъэр зэпымыууэ абы кIэлъеIэми. Арыншамэ, итх псори зыкъомкIэ зэтехуэнущ, гупсысэ и IуэхукIэ щIэщыгъуагъэ хэбгъуэтэжынукъым. БетIал и усэхэр «Махуэр хуабэщи, дыгъэ къопс, абы и псэр ди псэм хуэдэщ» усэкIэм щIемыщхьыр, ахэр тIэкIу гурыIуэгъуей щIэхъур, япэрауэ, зытепсэлъыхьыр ауэ къызэрыгуэкI Iуэхугъуэу зэрыщымытырщ (адыгэбзэкIэ тхами, умыматематикыу математикэр къызэрыбгурымыIуэнум ещхьщ). ЕтIуанэу, гупсысэ куу хилъхьэмрэ бзэм и Iэмалхэмрэ щызэхуимыгъэхъуф, бзэр къыщыхуэмыгъэIурыщIэфхэм дежщ. ТхакIуэр, усакIуэр зыхуэтхэхэм къахуемыплъыхыу, ахэр езым зэрызыхудригъэплъеин Iэзагъэ бгъэдэлъын хуейщ. Уэр нэхърэ мынэхъ губзыгъэм и тхыгъэ укъеджэныр хьэзабщ, ар пщызымыгъэгъупщэ «тхакIуи» ди мащIэкъым.
  • БетIал фIыуэ щыгъуазэт а зэманым щIэныгъэр здынэсам, искусствэм, литературэм я гугъу умыщIыххи. Мыстым къыщыхъуати, мыст хуэдэти, жиIэу псалъэ купщIэншэ зэи къыжьэдэхуртэкъым, зытепсэлъыхьым сыт щыгъуи фIыуэ хищIыкIырт, и бзэр шэрыуэт, абы и гупсысэм, и псалъэм дэтхэнэ зыми къыхихын игъуэтырт. Арат жьыри щIэри абы щIызыIэпишэр. Гъусэ къыхуэхъухэр тригъэурт, ягу бампIэ дихырт, чэнджэщэгъу яхуэхъурт, езым цIыхум защигъэнщIыртэкъым, губзыгъагъыу, лIыгъэу, гъэщIэгъуэну, дахагъэу яхэлъыр къиулъэпхъэщырт, ахэр нэхъри игъэбагъуэрт. Сэ БетIал сригъусэрейти, ар Iейуэ къэгубжьарэ Iей къыжьэдэкIыу, зыгуэрым хуэмыфащэ ирипэсу е жриIэу, убэу, тхьэусыхэу, нэщхъейуэ, щхьэхуещэу зэи слъэгъуакъым, ар цIыху гуапэт, гущIэгъу зыхэлът, жумартт, щIыкIафIэт, и гушыIэмрэ ауанымрэ уатхьэкъурт, абы зэ хуэзам, ар зэ зылъэгъуам щыгъупщэжынкIэ Iэмал иIэтэкъым.
  • Налшык щыхьэщIащ тхакIуэ, усакIуэ, искусствэмрэ литературэмрэ я лэжьакIуэ куэд. Абыхэм ящыщу япэ дыдэу 1953 гъэм урыс тхакIуэшхуэ Далецкий Павел БетIал и гъусэу Къэбэрдей уэрамымкIэ ехыу слъагъугъащ. Ар КIуащым нэхърэ фIыуэ нэхъыжьт икIи нэхъ щхьэпэлъагэт. «Мыращ «На сопках Маньчжурии» романыр зытхар, ауэ уэ, узэры-Багъы Пётрым нэмыщI, укърезгъэцIыхуну зыри ббгъэдэлъкъым», — жеIэри мэгушыIэ.
  • — Уэ сыкъызэрыпцIыхур сэркIэ куэдыщэщ, — пызодзыж сэри.
  • БетIалрэ Далецкэмрэ зэкъуажэгъу, зэхэкуэгъу фIэкIа пщIэнтэкъым, апхуэдизу фIыуэ хищIыкIыу КIуащыр КъуэкIыпIэ Жыжьэ щIыналъэм, а лъахэм и тхыдэм и хъыбар Далецкэм хуищIырти, БетIал жиIэхэм щыхьэт техъуэурэ, хьэщIэм псалъэмакъым гъэщIэгъуэн куэд къыпищэрт. КъызэрыщIэкIымкIэ, Далецкэр абы къыщалъхуат икIи щеджат, ауэ БетIал нэхъыбэу игу къигъэкIыжхэр а щIыпIэм щыпсэу цIыхухэм ядилъэгъуа, ядилэжьа Iуэхугъуэхэрт — Совет Гавань жыхуаIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ щригъаджэу абы щыщыIам щыгъуэ.
  • БетIал илъэгъуам, и нэгу щIэкIам, зыщыгъуэзам нэхърэ мынэхъ мащIэ зыщIэ куэд щыIэт, ауэ уитхьэ-                                      къуу, гъэщIэрэщIауэ, гъэщIэгъуэну, зыгуэрхэм гу лъыуигъатэу, абы къызэриIуэтэжу щытам хуэдэу жыпIэжыфын щхьэкIэ узыхуейр зыт: апхуэдэу укъигъэщIынырт. БетIал и псалъэр цIыхум щIаIэщIэмыужа-                   гъуэр жиIэмрэ жызыIэмрэ зэбгъэдэпхынкIэ Iэмал зэримыIэрт, абы жиIэр щIимыухри яфIэщIэщыгъуэ зэпыту щIыщытри усакIуэм акъылышхуэ зэрыхэлъырт, и псалъэхэр и        гущIэ къабзэм къызэрыщIэкIырт,               бзэ фащэ екIукIэ къызыхуэтыншэу зэрихуапэрт.
  • БетIалрэ… Гераклитрэ
  • Эфес щыщ Гераклит дунейм зэрызихъуэжым, зэрыщытам хуэдэу зыри къызэрызэтемынэм, диалектикэм и хабзэр гъащIэм зэрыхэпщам теухуауэ жиIэгъащ: «Зы псыежэхым зэщ узэрыхыхьэфынур, ухыхьэхукIи къыптелъэдэнур нэгъуэщIыпсщ». БетIал Гераклит и псыежэхым ещхьт, ухуэзэху, плъагъуху, зэхэпхыху зыгуэр щIэуэ къызыкъуихырт, и гупсысэр куут, и акъылыр жанти, зэIусэм псэ хелъхьэ жыхуаIэу, зытепсэлъыхьыни къигъуэтырт, къигъуэтари кIэщIрэ екIуу, гум къинэжу зыхуей хуигъазэрт, цIыхум и псэр къигъэщIэрэщIэжырт. Апхуэдэу ар щымытамэ, и бэлыхь Iэджэр игъэвами, куэд къикIухьами, куэд къиджами, щIэныгъэм пылъми, усакIуэ цIэр зэрихьэми, апхуэдизыпсэр къыхудэхьэхынутэкъым, псоми яфIэтелъыджэнутэкъым, ар псэлъэгъу ящIыным и ныбжьэгъугъэм нэхъуеиншагъэ халъхьэнутэкъым.
  • «Уи Iэщ и уасэ умыщIэмэ, бэзэрым ху, уи бын и пIалъэ умыщIэмэ, гъунэгъум еупщI», — жи адыгэ псалъэжьым. Абы нэхъей, БетIал зищIысар зыкъомкIэ къыуагъащIэ абы гъунэгъуу иIахэмрэ абыхэм пщIэшхуэ къыхуащIу, егъэлеяуэ фIыуэ къалъагъуу зэрыщытамрэ — щхьэж хуэфащэ и щауэгъущ, — жи.
  • — Лермонтовым урещхьщ уэ, БетIал, — къыжриIэгъащ абы урыс щIэныгъэлI цIэрыIуэ, литературэхутэ Андреев-Кривич, БетIалрэ сэрэ дригъусэу «Измаил-бей» поэмэм къыхэщ ХьэтIохъущокъуэ Исмел теухуа IуэрыIуатэ зэхуэтхьэсыну Балъкъ аузым дыкIуауэ.
  • Лермонтовым адыгэхэм я тхыдэм, я хьэл-щэнхэм, я психологием куууэ зэрыхищIыкIым теухуа щапхъэхэр къихьурэ, БетIал зытепсэлъыхьхэм фIэгъэщIэгъуэну щIэдэIурт зи гъащIэ псор мо усакIуэшхуэм и творчествэм тетхыхьу къекIуэкIа щIэныгъэлI цIэрыIуэр.
  • КIуащыр нэгъэсауэ адыгэлIт, цIыху пэжт, гуапэт, ныбжьэгъу куэд иIэт, абыхэм ящыщт Гамзатов Расул, Мурадели Вано, Липкин Семён, Гребнев Наум, Москва щылажьэ дохутырышхуэ Шахназаров Гаджи, Ростов щыщ юрист Коркмасовэ Кити, нэгъуэщI Iэджи.
  • 1955 гъэрауэ си гугъэжщ, Елбэд Хьэсэн сэрэ дыщIэсу, кабинетым и бжэр дамэдазэу къыIуехри: «Бетал здесь?» («БетIал щIэс?») — жиIэу нэхъапэкIэ зэи сымылъэгъуа зы лIы нэпэпкъышхуэ къыщIоплъэ. «Нет Бетала» («БетIал щIэскъым»), — щыжысIэм, бжэр къыхуищIыжри, IукIыжащ. Абы хэту БетIал къыщIыхьащ. «Расул къэкIуа мыбыкIэ?» — къыдоупщI.
  • — Уэлэхьи, дымыщIэ Расулми, ауэ зы щIалэ накъэдыкъэ къыпщIэупщIати, узэрыщымыIэр жесIащ.
  • — Ар Гамзатов Расулщ, держимордэ, адыгагъэ щхьэ иумыхарэ? НакIуэ си гъусэу хьэщIэщым!
  • Арати, сишащ. Расул и пэшым дыщIыхьэри, моитIум зызэрадзащ.
  • — Институтым сынэкIуати, узгъуэтакъым, зы пащIэ фIыцIэ гуэрым сеупщIати, БетIал щыIэкъым, жиIэри къысщIэгубжьащ. Ар мырмырауэ пIэрэт?
  • — АрагъэнкIи хъунщ. Мис аращ ДержимордэкIэ мыбы сыщIеджэр.
  • Расул дыхьэшхащ. ТIэкIурэ срагъусэри, сыкъыщIэкIыжащ — сэ сылейт, асыхьэтым ахэр, езы тIум фIэкIа, зыми хуейтэкъым, нэгъуэщI Iуэху лъэпкъ имыIэу, и ныбжьэгъу лъапIэ БетIал деж Расул лъагъунлъагъу къэкIуауэ арат. Зы зэман дэкIауэ, а гъэмахуэ дыдэрами, къыкIэлъыкIуэ гъэрами сщIэжыркъым, БетIал институтым сыщIишащ: «НакIуэ си гъусэу, Мурадели Вано къэкIуащ», — жиIэри. Сэ си нэ къикIт ар слъагъуну, а зэманхэм щыгъуэ абы и цIэр IейкIи фIыкIи куэдрэ Iуат, ауэ, дауэ щымытми, ди къэралым и композитор нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыт, и оперэ «Великая дружба» жыхуиIэр Жданов Андрей игу иримыхьами. ХьэщIэщ люксым и бжэм щеуIум, урыс цIыхубз нэхутхьэхушхуэр бжэщхьэIум къытоувэ.
  • — Мы сэ слъагъурелъ! Вано, БетIал къэкIуащ! – мэгуфIэ ар.
  • Абдеж адрей пэшым къыщIокI зи IитIыр шия лIы домбеишхуэ:
  • — БетIал-джан, БетIал-джан! — жиIэу гуфIэу.
  • Зыкъомрэ щысахэщ, Iэджи ягу къагъэкIыжу, ахэр щызэрыцIыхуам сыщыгъуазэкъым, ауэ зэрызэныбжьэгъуфIым шэч къытепхьэ хъунутэкъым. БетIал ещхьу, хьэщIэми гушыIэшхуэ хэлът. Псалъэу, зригъэщIеикIауэ шэнтжьейм здисым, гурымыжу и куэщIым илъ джэду къуацэ зэрамыщIэжым Iэ дилъэрт, и Iэпхъуамбэ пIащэшхуэ зэгуэзахэмкIэ джэдууц кIырыр ипхыу. И адэцIэр сщIэжыркъым, ауэ Вано и щхьэгъусэм и цIэр Наташэт, мыарэзыуэ мэгъумэтIымэ ар:
  • — Мы джэдур дэнэ кIуэми къыздрешэкI, зэпымычу и куэщIым иригъэсщ.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).