Бахъсэн щаухуащ яслъэ ныбжьым итхэм щакIэлъыплъыну унэр
2020-09-10
- Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №4-м егъэбыдылIа, яслъэ ныбжьым ит сабийхэм щадэлэжьэну IуэхущIапIэр щIын яухащ.
- А лэжьыгъэр екIуэкIащ «Демографие» лъэпкъ проектым хыхьэ «ЦIыхубзхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщын — илъэсищ иримыкъуа сабийхэр щаIыгъыну IуэхущIапIэхэр ухуэн» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ. Псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 616-рэ хъу унэр кIэлындоркIэ пыщIащ нэхъапэм ящIа унэм.
- Проектым зэрыщыубзыхуам тету, унэр ящIащ зы къат фIэкIа мыхъуу, щIыунэ имыIэу, и пкIэунэр къэбгъэсэбэп мыхъуу.
- Унэм дэтхэнэми сабий тIощI хэту яслъэ гупитI щIэхуэнущ. Апхуэдэ IуэхущIапIэм мардэкIэ хэтын хуей псори иIэщ мы яслъэми: цIыкIухэм щадэлэжьэну, я Iэпкълъэпкъхэм зыщрагъэукъуэдиину, я къабзагъэм щыкIэлъыплъыну щIыпIэхэр, методикэ пэш, щIыхьэпIэхэр, пэIущIэ пэшышхуэ.
- БАЛЪКЪЫЗ Iэминэ.