Адыгэ гусархэр
2020-09-03
- Европэми Урысейми я армэхэм куэд щIауэ щыцIэрыIуащ гусар шухэр. Ахэр япэ дыдэ къыщыунэхуар Мэжэрырщ (Венгриерщ) — 1458 гъэм. Гусар шуудзэм хагъэхьэ хаб-зэр уэркъхэрт, уэркъ унагъуэ тIощI къэс зы шу къыхашурэ. Урысейм и армэм уэркъ (гусар) шуудзэхэр хэтащ 1634 гъэм къыщыщIэдзауэ 1917 гъэ пщIондэ. Гусар шухэм тхыдэ хьэлэмэт къызэранэкIащ — абы хэти щыгъуазэщ. Нобэрей щIэблэр зыщымыгъуазэр апхуэдэ шуудзэхэм адыгэ щIалэ хахуэ куэд зэрыхэтарщ.
- ГУСАР полкхэм къулыкъу щызыщIахэм ящыщщ Кърым зауэм и зэманым (1853-1856 гъэхэм) зи цIэ Iуауэ щыта ротмистр Абыкъуэ Беслъэн. Павловскэ кадет корпусыр 1846 гъэм къиуха нэужь, майор хъуху, ар гусар полкым хэтащ, Кърым зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Владимир орденым и 4-нэ дамыгъэр къратауэ щытащ. Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Къэбэрдейм къигъэзэжри, Абыкъуэ къуажэ щыпсэуащ.
- Кърым зауэм хэтащ Анзор Исмэхьили (1828 — 1889). Ар лIакъуэлIэш унагъуэм къыхэкIащ, генерал Анзор Хьэту и къуэщ. Езанэ кадет корпусыр къиуха нэужь, зауэ куэдым хэхутащ, Станислав орденым и 1-нэ дамыгъэр къратащ, штабс-ротмистр хъуауэ дзэм къыхэкIыжащ, Анзор Хьэту и къуажэм (Хьэтуей) щыпсэуащ.
- 4-нэ Мариупольскэ гусар полкым хэтащ подполковник Астемыр Талъостэн. Ар Джылахъстэнейм щыщ уэркъ унагъуэм къыщалъхуащ, 1872 гъэм лъандэрэ и хэку щыпсэужащ.
- Кърым зауэм хэта гусар полкым къулыкъу щищIащ Дыгулыбгъуей (Тамбий Езанэм) щыщ Гъуэгузокъуэ ТасулътIан. Бытырбыху щеджащ, корнет хъуауэ Мэжэр, Кърым зауэхэм хэтащ.
- Полковник Къубат Мыхьэмэт Белорус гусар полкым хэтащ; Иналхьэблэ (иджы Къэрэгъэш) пэмыжыжьэ къу-
- тырым къыщалъхуащ, кадет корпус къиухащ, Мэжэрми Трансильваниеми щызэуащ, Аннэ орденым и 3-нэ дамыгъэмрэ Станислав орденым и 2-нэ дамыгъэмрэ къратащ. Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Владикавказ щыпсэуащ.
- Къундет Жанхъуэт къэбэрдей лIакъуэлIэш унагъуэм къыщалъхуащ, Бытырбыху дэта кадет корпусым щеджащ, Елизаветград гусар полкым хэтащ, 1887 гъэм щыщIэдзауэ 8-нэ драгун полкым къулыкъу щищIащ, абы полковник щыхъуащ. 1901 гъэм генерал-майор цIэр къыфIащащ. Дзэм хэтыху къратащ Аннэ орденым и 2-нэ, 3-нэ дамыгъэхэр, Станислав орденым и 2-нэ, 3-нэ дамыгъэхэр, Владимир орденым и 3-нэ, 4-нэ дамыгъэхэр, дыщэ, дыжьын медаль лъапIэ зыбжанэ. Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Владикавказ щыпсэуащ.
- 8-нэ Лубенскэ гусар полкым къулыкъу щищIащ ротмистр Къуныжь Заурбэч. Дзэ къулыкъу нэужьым ар Мэртэзей щыпсэуащ.
- Нэгумэ Шорэи къуэ Ерустам (1827 — 1904) Бытырбыху дэт Павловскэ кадет корпусыр къиуха нэужь, гусар полкым, Дон къэзакъ полкым, Кубань къэзакъ полкым къулыкъу щищIащ. 1852 гъэм дзэм къыхэкIыжри, Ашэбей (Малкэ), Лафыщхьэблэ (Псыхъурей) щыпсэуащ.
- 14-нэ Митаев гусар полкым 1857 гъэм къыщыщIэдзауэ 1870 гъэ пщIондэ къулыкъу щищIащ Хьэгъундокъуэ Исмэхьил (генерал цIэрыIуэ Хьэгъундокъуэ Едыдж и адэщ); 1864 гъэм штаб-ротмистр, 1869 гъэм ротмистр (майор) хъуащ, 17-нэ Северскэ драгун полкми Кубань къэзакъыдзэми хэтащ. «Шэрджэсым и гукъэкIыжхэм щыщ» абы и очеркыр 1867 гъэм къыдэкIа «Военнэ сборникым» тридзащ.
- Къэбэрдей уэркъхэм нэмыщI, гусар шуудзэхэм къулыкъу щащIащ кIахэ адыгэ куэдми. Абыхэм ящыщщ: ротмистр Къэдрокъуэ Кърымджэрий, есаул Мэгъурокъуэ Аслъэнджэрий, полковник СулътIан Къадыр-Джэрий (Хэку зауэм и зэманым Шэрджэс шу дивизэм щыщ 3-нэ Шэрджэс шу полкыр IэщIэлъащ), ротмистр СулътIан Кърым-Джэрий (урыс-япон зауэм хэта Шэрджэс шууищэм и командиру щытащ, зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ орденихрэ медаль зыбжанэрэ къратащ), штабс-ротмистр СулътIан Мурат-Джэрий (Кавказ шу дивизэм щыщ Шэрджэс шу полкым хэтащ), хорунжий Хьэжымыкъуэ Тэмтэч (иужьрей бжьэдыгъу пщышхуэм и къуэщ, 1877 — 1878 гъэхэм урыс-тырку зауэм хэтащ, «КъухьэпIэ Кавказым ис лъэпкъхэр» тхыгъэр къызэринэкIащ).
- КЪЭЗАКЪ Аслъэн,
- тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.