ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Мэшыкъуэ» зэхуэсым арэзы щытехъуащ КъБР-м и лIыкIуэхэм къыхалъхьа проект 19-м

2020-08-27

  • Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ» зэхуэсым и ХI зэхыхьэгъуэм щызэхалъхьэжащ КИФЩI-м щыщ ныбжьыщIэхэм абы къыщыхалъхьа проектхэм я зэпеуэм кърикIуахэр. УнэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм грантхэр къыщыхуагъэфэщэну къагъэлъэгъуащ проекти 151-рэ, псори зэхэту сом мелуан 53-м щIигъу хуэзэу.

  • Псори зэхэту зэпеуэм къагъэхьащ лэжьыгъэ 953-м ятеухуа тхылъхэр, абыхэм ящыщу 843-м арэзы техъуащ, ахэр цIыхухэм я пащхьэ хэIущIыIу щащIын хуэдэу, 498-м IэщIагъэлIхэр хэплъащ. Грант зыхуэфащэу къалъыта лэжьыгъэ нэхъыбэ утыку къизыхьар Ставрополь крайм и лIыкIуэхэрщ (сом мелуани 6,1-рэ зыхуэзэ проект 29-рэ). Абыхэм якIэлъокIуэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм (сом мелуани 5,3-рэ зыхуэзэ проект 23-рэ), Ингуш Республикэм (сом мелуани 5,6-рэ зыхуэзэ проект 23-рэ), Дагъыстэн Республикэм (сом мелуани 5,6-рэ зыхуэзэ проект 23-рэ), Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм (сом мелуани 4,6-рэ зыхуэзэ проект 19), Шэшэн Республикэм (сом мелуани 4,6-рэ зыхуэзэ проект 19), Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм (сом мелуани 3,3-рэ зыхуэзэ проект 15) щыщхэр.
  • Мы гъэм грант къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэхэр унэтIыныгъибгъукIэ, сменищми хэтхэм я дежкIэ зэхуэдэу, екIуэкIащ. Мис ахэр: «Студент жэрдэмхэр», «ЦIыхум и фIэфIыныгъэкIэ псапащIэ Iуэхухэм хэтыныр», «Социальнэ лифтхэм зегъэужьыныр», «Творческэ щIалэгъуалэм къыхалъхьэ жэрдэмхэр», «Хэкупсэ гъэсэныгъэр», «Спортыр, хьэл мыхъумыщIэхэм защыдзеиныр, туризмэр», «ЩIалэгъуалэр хабзэншагъэхэм щыхъумэным хуэунэтIа лэжьыгъэмрэ лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэмрэ», «Унагъуэ фIыгъуэхэр гъэбыдэныр», «ЩIалэгъуалэ медиа».
  • 2020 гъэм зэхуэсым щылэжьащ къэпщытакIуэ 27-рэ, абыхэм ящыщу 14-р КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм щыщт (дэтхэнэ субъектми цIыху тIурытI къабгъэдэкIыу).
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.