Хэкум и лъапIагъыр зыхащIэ
2020-08-01
- Щамым зауэр къыщымыхъей ипэкIэ Хэкужьым къэIэпхъуэжахэм, адэжь щIыналъэм щыIэ гъащIэмрэ псэукIэмрэ я лъапIагъыр, IэфIагъыр зыхэзыщIэ ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ Гъусокъуэ (Куэбл) Раджаб и бынунагъуэри. Унагъуэм нэрыбгитху щIэсщ: зэщхьэгъусэхэм щIалитI къащIотаджэ; къадопсэу зи ныбжьыр илъэс 80-м фIэкIа, Раджаб и анэ Аиша (Дадэхъухэ япхъущ).
- Аиша и адэм и адэжращ Хэкур зыбгынауэ щытар. КъэбэрдеймкIэт здикIар. И анэр абазэт. Раджаб и адэр шапсыгъщ, Куэблхэ яйщ.
- Щамым къикIыжауэ Хьэбэз къуажэм мы зэманым унагъуитху щопсэу. Ахэр зы къуэпсщ, къызэдалъхуахэм я къудамэщ… ЗыщIэсыр къатищу зэтет, фэтэр зыбжанэ зыхэт зы унэщ.
- Нобэ зы унэм щIэс унагъуитхури Хьэгъундыкъуей къуажэм щыпсэуащ. Ахэр нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхуну, я гурыгъу-гурыщIэхэм фыщыдгъэгъуэзэну дыхуейщ.
- Гъусокъуэ (Куэбл) Раджаб
- Хэкужьыр псэупIэ ящIыну илъэсиблкIэ узэIэбэкIыжмэ Урысейм къыщихьэжам, Раджаб и унагъуэр щетIысэхауэ щытащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз районым щыщ Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) адыгэ къуажэжьым.
- — Дыщыпсэуа къэралым, Щамым, хьэлэмэту ди Iуэху щытщIэжырт, зыми дыхуэныкъуэтэкъым, пщIэ къытхуащIырт, лъэпкъ куэд дызэхэсми, зэран дызэхуэхъуртэкъым. Хамэ къэрал куэдрэ сыщыIащ, сыщылэжьащ, мылъку и лъэныкъуэкIи гуныкъуэгъуэ сиIакъым. Ауэ, дэ нэхъыщхьэу дызэгупсысар ди сабийхэр, нэхъыжьхэр адэжь щIыналъэ къитшэжынырщ, дызэрыадыгэр зыщыдмыгъэгъуэпщэнырщ, дунейм дыхэмышыпсыхьыжынырщ. Зауэм дигъэгузавэуи дыкъэкIуэжакъым, къэралми дыкърихуакъым. Дэ Хэкужьыр ди плъапIэт.
- Пэжщ, уи гъащIэ псом лъащIэ щыпщIа щIыпIэр къэбгъанэу, нэгъуэщI къэрал уIэпхъуэныр тыншкъым. Дэнэ ущемытIысэхми, япэщIыкIэ хьэлъэ зэрыхъунури хэткIи гурыIуэгъуэщ. Зыри Iэгу зэIухакIэ къыппежьэнукъым. Аращи, тIэкIу гугъу дехьами, Хэкужьым дыкъызэрихьэжрэ цIыхуу къыддэIэпыкъуар гъунэншэщ, зэран къытхуэхъуакъым, я сэбэп къыдэмыкIамэ. ФIыщIэу яхуэтщIми уасэ иIэкъым, — ирешажьэ ди зэпсэлъэныгъэр Раджаб.
- «Гугъу дехьащ» щыжиIэкIэ, Раджаб нэхъыщхьэу къызытеувыIэр къызэрыхьэжа къэралым щыпсэуну хуитыныгъэ къезыт тхылъхэр къыдэхын Iуэхухэращ. АтIэ, къэралым и цIыху ухъун папщIэ, хабзэкIэ зэбгъэпэщын хуей Iуэхугъуэ куэд щыIэщ.
- — НобэкIэ ди унагъуэм «вид на жительство»-щ диIэр. Аращи, хабзэм дытету ди дэфтэрхэр зыдогъэпэщ «гражданство» къыдэтхын папщIэ. Тхьэм и шыкуркIи, ди Iуэхур мэкIуатэ. ХабзэкIэ къапщтэмэ, Урысейм и цIыху ухъуныр, гражданствэ къыдэпхыныр IыхьлыгъэкIэщ зэрызэфIэкIыр. Нэхъ гурыIуэгъуэу жысIэнщи, уи адэ-анэкIэщ. АбыхэмкIэ дэфтэрхэр тэрэзмэ, лъэпощхьэпо хэмыту къэралым гражданствэ къует. Ауэ ар къелъахъэ ахэр зэрызэфIэгъэкIыпхъэ мардэхэр, бгъэдыхьэкIэхэр нэгъэсауэ зэрамыщIэм. Къапщтэмэ, дыкъыздихьэжа къэралым и хабзэ куэд дэр-дэру зэдгъэщIэжащ. АтIэ, Урысейм и хабзэм утетын щхьэкIэ, ахэр нэгъэсауэ пщIэн хуейкъэ?! АбыкIэ ди Iуэхур тынш дыдэкъым. Пэжщ, Адыгэ Хасэри, цIыху щхьэхуэхэри хуабжьу къыддоIэпыкъу, ди Iуэху тхуагъэкIуатэ, дызэкIуалIэхэм ялъэкI къагъанэркъым, — къыпещэ Раджаб.
- Ди псэлъэгъум зэрыжиIэмкIэ, и щхьэгъусэм и анэм гражданствэ къратащ. АтIэ, Урысейм и хабзэм тету, анэм и щIалищымрэ и пщащэмрэ (Раджаб и щхьэгъусэмрэ) гражданствэ къаритыну хуитщ.
- Псэуным ехьэлIауэ гугъу езыгъэхьу Раджаб зи гугъу ищIыр лэжьапIэ зэрамыIэращ. Апхуэдэу щытми, абы къыгуроIуэ IэнатIэ зэрамыгъуэтым дуней псом цIыху куэд зэрыщигъэпIейтейр. АтIэми, Iуэху зыдэмылъ къуажэм а лъэпощхьэпор нэхъыбэу щызыхыбощIэ…
- — Супервайзер, аргонкIэ гъущI зэпыгъэвэн, инженер нэхъыщхьэ IэщIагъэхэм срилэжьащ, уеблэмэ Щамым инженерхэр щезгъаджэрт. Иджы гараж бэджэнду къэсщтауэ, машинэ инхэм солэжь, абыхэм сазэрыкIэлъыплъын хуеймкIэ щIэныгъэ збгъэдэлъщи, си щIакхъуэ Iыхьэ къызолэжьыж. КъызэкIуалIэIамэ — солажьэ, къэмыкIуэIамэ — лэжьыгъэншэу сыдэсщ… Сыт хуэдэ Iуэху къепхьэжьэнуми гражданствэ уиIэн хуейщ…
- Раджаб дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Хэкужьым щетIысэха ди лъэпкъэгъухэр къуажэдэсхэм я гулъытэ щыщIэркъым. Псом хуэмыдэу, ерыскъыкIэ къазэрыпэIэбэр жеIэ. КъищынэмыщIауэ, унэлъащIэ, нэгъуэщI хьэпшып жыпIэми, зыри зимыIэу етIысэха унагъуэр зыхуэныкъуэн дэтхэнэмкIи, цIыхухэр хуабжьу дэIэпыкъуэгъу къахуохъу.
- Раджаб и зы щIалэ цIыкIум и узыншагъэм нэхъ кIэлъыплъыну къахудохуэри, дохутырхэм хуабжьу зыкъыщIагъакъуэ. ЗэрыжиIэмкIэ, и щIалэ сымаджэм и тхылъхэр зэрегъэпэщ, медицинэ и лъэныкъуэкIэ къэралым и дэIэпыкъуныгъэ игъуэтын папщIи, зэкIуалIэ псори къыдоIэпыкъу. Дохутыр-психолог Щымырзэ Мирэ деж щегъэжьауэ, дэтхэнэми лъэкI къигъанэркъым я Iуэхур кIуэтэнымкIэ. Къуажэдэсхэми Адыгэ Хасэми щIыхуэ къатенэркъым.
- Гу лъыдмытэнкIэ Iэмал зимыIэт Раджаб и унагъуэм адыгэбзэр уэр-сэру зэрыщагъэбзэрабзэм. Япэрауэ, зи ныбжьыр хэкIуэта, пIэм хэлъ зэпыт Аиша адыгэ нанэ дыдэщ, зи, Щамым щыпсэуауэ умыщIэмэ, къыпхуэщIэнкъым Хэкужьым къыщымыхъуауэ. Сабийхэри апхуэдэщ, адыгэбзэкIэ мэпсалъэ. Арами, адэжь щIыналъэм къыщихьэжам, сабиитIым адыгэбзэ ящIэртэкъым.
- — Ди лъэпкъэгъухэм дакъыхыхьэжри, мазитI-щыкIэ сабийхэм урысыбзэри адыгэбзэри уэр-сэру зрагъэщIащ. Абы ущымыгуфIыкIыпIэ иIэ?! АбыкIи хуабжьу сэбэп мэхъу дызыхэсыр зэрыадыгэр, еджапIэр, сабийхэм я ныбжьэгъухэр. Къапщтэмэ, дызыщIэхъуэпсар къыдэхъулIащ — ди быныр адэжь Хэкум, ди лъэпкъэгъухэм дахэсу допI. Ар насыпышхуэщ.
- Мы унэм дыкъыщыIэпхъуэжам ди хъуржынхэм ярылъ хьэпшыпхэр, щыгъынрат тIэщIэлъыр. Унэр зэтезылъхьам и ныбжьэгъухэр щIыгъуу Iэнэ къытхуашащ, нэгъуэщI си зы ныбжьэгъу щIалэм щIыIалъэ, адрейм зэрыжьыщIэ Iэмэпсымэ, нэгъуэщIхэми тепIэнщIэлъын, щхьэнтэ… Мис, мы флъагъу псомкIи дыкъызэрагъэпэщащ.
- Гукъеуэу сиIэр урысыбзэр фIыуэ зэрызмыщIэрщ. Абы си Iуэху куэд къегъанэ. Ауэ, ди лъэпкъэгъухэм дахэсщ, адэжь Хэку допсэухьри, ар шыкурщ икIи насыпу зэрыримыкъу щыIэкъым! — гушхуэу къыщIегъуж Раджаб.
- Зэкъуэшхэр — Хьэрун, Хьусам, Ислъам
- — Адыгэхэр къызэрытхуейри зыхыдагъэщIащ, псом хуэмыдэу, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. Хуабжьу къытхуогуфIэ, къытхуэгуапэщ, къытхуогузавэ. ДымэжэлIэнкIэ, щIыIэм дисынкIэ дышынэркъым. Ауэ, адэ-анэ псоми яхуэдэу, ди сабийхэм я къэкIуэным дыщIэмыгупсысу хъуркъым, — ирагъажьэ ди псалъэмакъыр Мэхъуш зэкъуэшхэм — Хьэрун, Хьусам, Ислъам сымэ.
- Ахэр Раджаб ипэкIэ зы илъэскIэ Урысейм къихьэжащ. А унагъуэр Раджаб и щыкъухэщ. Абыхэм зы шыпхъу яIэщ — Мариям. Абы хъыджэбзитI епI. Мэхъушхэ я нэхъыжьыр я анэ Джамилэщ.
- Мы зэрылъхузэрыпIым псоми гражданствэ яIэщ. Къапщтэмэ, зэкъуэшхэм я нэхъыжь Хьэрун гражданствэ иIэщ 1998 гъэ лъандэрэ. Ар иджыкIэ и закъуэ мэпсэу, и быныр и гъусэкъым. Раджаб гуныкъуэгъуэ зыхилъагъуэ Iуэхуращ Хьэруни зыгъэпIейтейр — лэжьапIэ зэримыгъуэтырщ, ахъшэ зэрыIэщIэмылъырщ.
- — Ерыскъыр, щыгъыныр, унэлъащIэр уиIэми, дэфтэр Iуэху къыплъыкъуэкIамэ, псалъэм папщIэ, республикэм и къалащхьэм унэсын хуеймэ, гъуэгу уасэ къудейми улъыхъуэну къыпхудохуэ. Пэжщ, щIыхуэ-хьэхуэ жыпIэурэ уи Iуэху богъэкIуатэ. Ауэ, а щIыхуэри улажьэу птыжын хуейкъэ?! — и щыкъу щIалэм и Iуэху зытетым теухуауэ жеIэ Раджаб.
- Хьэрун къыкIэлъыкIуэ Хьусамрэ и щхьэгъусэмрэ бынитI — пщащэрэ щIалэрэ зэдапI. ЗэрыжытIауэ, унагъуэм щIэсыр Урысейм и цIыхуу щыткIэрэ, къэралым и дэIэпыкъуныгъэ ягъуэт. Псалъэм папщIэ, мазэ зыбжанэ хъуауэ дуней псор зэрыува щытыкIэ хьэлъэм къыхэкIыу къэралым цIыхухэм зэрызащIигъакъуэ Iэмалхэри мыбыхэм къалъысащ. Я бынхэр еджапIэм макIуэ, адыгэ сабийхэр я ныбжьэгъущ, яхэсыхьащ… Ауэ, унагъуэм и нэхъыжьым лэжьыгъэ хэха зэримыIэм быныр гугъу ирегъэхь.
- Зэкъуэшхэм я нэхъыщIэ Ислъам (Исам) и Iуэхур нэхъ гугъуу къэтлъытащ. Зэщхьэгъусэхэм щIалитIрэ зы пщащэрэ яIэщ. Пэжщ, унагъуэм щIэсым гражданствэ яIэщ, ахъшэ гуэри кърат, ауэ мыбыхэми лэжьапIэ зэрамыIэм и щхьэусыгъуэкIэ, къащIэува я быныр ирагъэджэнымкIэ хуабжьу гугъу йохь.
- — Гражданствэ уиIэу, улэжьэну иужь уихьамэ, урысыбзэр Iэмал имыIэу пщIэн хуейщ. Дэ урысыбзэр тIурылъкъыми, хуабжьу гугъу дохь, лэжьыгъэм зеттыфыркъым. ЯпэщIыкIэ унэ зэгъэпэщыжыным дыпыщIауэ дылэжьащ, иужьым IэфIыкIэ тщIыуэ щIэддзащ. Иджыпстуи ди IэрыщIхэм къыщIэупщIэмэ, яхудощI.
- Си щIалэхэр колледжым щоджэ. Зыр Налшык къалэм щыIэщ. Адыгэ Хасэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ абы общежитым псэупIэ къыщратащ. Пщащэр Черкесск къалэм махуэ къэс кIуэурэ щIэныгъэ щызрегъэгъуэт. А псоми гъуэгу уасэ токIуадэ. Ахъшэ къыпхуэзыхь лэжьапIэ ущимыIэкIэ, быныр зыхуей хуэбгъэзэныр гугъу мэхъу. Пэжщ, гражданствэ дызэриIэм и фIыгъэкIэ, къэралым къарит ахъшэр ди сабийхэми къалъысащ. Ауэ, абыкIи Iуэхур зэфIэкIыркъым, махуэ къэс зыгуэр ухуэныкъуэщ, еджэным пщIэ щIэптын хуей мэхъу, «коммерческэ» IэмалкIэ ущеджэкIэ, — игу къеуэу къыхегъэщ Ислъам.
- — ЦIыхухэр хьэлэлу къытхущытщ. Ауэ дэ доукIытэ ди щхьэ нэгъэсауэ зэрытхуэмыпIыжым, ди бын зыхуей зэрыхуэдмыгъэзэфым папщIэ, — жаIэ зэкъуэшхэм. — Пэжыр жытIэнщи, щхьэегъэзыпIэ дымыгъуэту мы хэгъэгум дыкъэкIуакъым. ТыркумкIи, Къэбэрдей-БалъкъэрымкIи, Адыгэ РеспубликэмкIи дыкъэнэну, дыкIуэну лъэкIыныгъэ диIащ. Ауэ дыхуеякъым. Ди псэм къищтэу, дыхуейуэ мы щIыпIэм — адэжь Хэку Къэрэшей-Шэрджэсым — дыщетIысэхащ. НэгъуэщI щIыпIэ деплъэкIыну ди гугъэкъым. Ди сабийхэм я пщэдейращ дызытешыныхьыр. Абыхэм я Iуэху зэпэщ хъун папщIи тлъэкI къэдгъэнэнкъым, лэжьыгъэ диIэ закъуэмэ. Уи Хэку ущыпсэууэ ущышхэжыным нэхъыфI щыIэкъым. Ди гугъапIэ нэхъыщхьэхэр зэтпхри дыкъыздэкIуэжа къэралыр, дызыхэтIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэращ, — зыжьэу жаIэ Мэхъуш зэкъуэшхэм.
- АБИДОКЪУЭ Санэ.
- Сурэтхэр Туаршы Беслъэн трихащ.