Пэжымрэ пцIымрэ ятеухуауэ иджыри зэ
2020-07-07
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтщ, КъБР-м и Правительствэм, Печатымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэмкIэ министерствэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я саугъэтхэр къратащ, Кавказыр джыным хуэгъэпса дунейпсо зэгухьэныгъэм хэтщ, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьа-кIуэщ, КъБР-м, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я журналистщ, Абхъазым и «ПщIэрэ ЩIыхьрэ» къэрал дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр къыхуагъэфэщащ.
- — Мухьэмэд, Кавказ зэгухьэныгъэхэм я федерацэу Тыркум щылажьэм (КАФФЕД) и гуащэ Шекерджи Йилдыз УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ иджыблагъэ жиIахэм узэреплъыр сщIэну сыхуейт. А зэхъуэкIыныгъэхэр лъэпкъхэр зэхуэгъэдэным, федерализмэмрэ къэралым и демократие ухуэкIэмрэ зэран хуэхъуну жыхуиIахэр дауэ къыпщыхъу- рэ? Апхуэдэу ткIийуэ ар къызэрыпсэлъар Урысейм и къэрал кIуэцI Iуэхухэм къыхэIэбэу къэплъытэ хъунукъэ?
- — Шекерджи, нэхъ щабэIуэу жыпIэнумэ, емыгупсысауэ псэлъащ. Урысейм ис лъэпкъ псори я хуитыныгъэкIэ зэхуэдэщ. Абы жиIам къикIыр ар урысей зэхэты- кIэм зэрыщымыгъуазэрщ.
- Ди къэралыгъуэ лъэщым ис лъэпкъ-хэм я псэкупсэ щэнхабзэр зэхуэмыдэн- кIи хъунщ. Апхуэдэу щытми, дэ дыщышынэркъым лъэпкъхэр зэрызэмыщхьми, сыту жыпIэмэ кавказ щIыдэлъху лъэпкъхэр нэхъыщхьэмкIэ — ди хъуэпсапIэхэмкIэ, хабзэхэмкIэ, Урысейм хьэлэлу хуэлэжьэным хуэгъэза ди мурадхэмкIэ — дызэто-хуэ.
- — Уэ узипашэ зэгухьэныгъэм, ДАХ-м хыхьэм, и лэжьыгъэр хуэунэтIащ адыгэ лъэпкъым зегъэужьыжыным, абы и щэнхабзэ, псэкупсэ къулеигъэхэр гъэбэгъуэным. А лэжьыгъэр мы зэманым дауэ зэрекIуэкIыр? Абы и IуэхущIафэхэм ущIыхуэшхыдэн гуэрхэр хэлъ?
- — КъБР-м и «Адыгэ Хасэр» къызэрызэрагъэпэщрэ иджыблагъэ илъэс 30 ирикъуащ. Иужьрей илъэс тIощIым ар еш имыщIэу яужь итщ ди республикэми ди къэралыгъуэми щыпсэу адыгэхэм я сэбэп зыхэлъхэр пхыгъэкIыным, жылагъуэм щыIэ зэпIэзэрытыныгъэр къэзы-гъэтIэсхъэну, лъэпкъхэр зэщызыгъэIеину хэтхэм, залымыгъэмрэ зауэмрэ цIыхухэр къыхуезыджэхэм япэщIэтщ.
- Шэч хэмылъу, ди лэжьыгъэм къытехъущIыхьхэри, абы ныкъусаныгъэ гуэр-хэр хэзылъагъуэхэри щыIэщ. Арыншэу дауэ? Апхуэдэу щытми, щымыуэр зыри зымыщIэращ. Дэ апхуэдэхэм я чэнджэщхэм додаIуэ, ди лэжьыгъэм халъэгъуа ныкъусаныгъэхэр зэрыдгъэзэкIуэжыным яужь дитщ. Дызэгъусэу долэжь жылагъуэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, КъБР-м ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, апхуэдэуи щIалэгъуалэм къыхалъхьэ жэрдэмхэр пхагъэкIынымкIэ защIыдогъакъуэ, къызыхэкIа лъэпкъым, зэрыщыту Урысейм я щэнхабзэхэм я нэхъыфIыпIэр зыхалъхьэным худоущий, адыгэхэм я тхыдэм, хабзэхэм щIэблэр щыдогъэгъуазэ.
- — Урысейм ис адыгэхэр лъэпкъышхуэм хэшыпсыхьыжыным тегузэвыхьу жиIэ щхьэкIэ, Шекерджи и гугъу ищIыркъым езы Тыркум ис адыгэхэм я Iуэху зыIутым, абыхэм я щэнхабзэр яхъумэжыным, лъэпкъыр хэмыкIуэдэжыным хуэгъэзауэ щыIэ гугъуехьхэм. Уэ узэреплъымкIэ, адыгэхэм я щэнхабзэ, псэкупсэ къулеигъэхэр хъумэным и Iуэхур апхуэдэ дыдэу ныкъусаныгъэншэу щыщыту пIэрэ а къэралым?
- — Ататюрк а къэралым и унафэщIу щыщыта лъандэрэ илъэс 70-м нэблагъэкIэ Тыркум щекIуэкIащ зи цIыху бжыгъэхэр мащIэ лъэпкъхэр езыхэм зыхагъэшыпсыхьыжыным хуэгъэза политикэ ткIийр. Эрдогъан къэралым и унафэщI хъуа нэужьщ а хэкум шэрджэсхэми, курдхэми, адрей лъэпкъ цIыкIухэми Iэмал щагъуэтар я бзэхэр школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щаджыну. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдиз илъэскIэ бзэр IэщIыб зрагъэщIа лъэпкъым щыщ куэд иджыпсту хуеижкъым адыгэбзэр яджыну, сыту жыпIэмэ, ди хэкуэгъу куэд дыдэ тырку лъэпкъым хэкIуэдэжащ икIи я лъабжьэр Кавказым къызэрыщежьэр ящыгъупщэжащ.
- «Каффед», «Черфед», нэгъуэщI жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я фIыгъэкIэ тыркущIым иджыри щызэхыбох адыгэбзэр, адыгэ уэрэдхэр щыжаIэ, адыгэ къафэ къыщофэ.
- Совет властым и фIыгъэкIэ, Урысейм и лъэпкъ цIыкIухэми илъэсищэ ипэкIэ Iэмал яIэ хъуащ я бзэхэр яджыжыну, я щэнхабзэм, щIэныгъэм зрагъэужьыну. Аращи, «адыгэхэр Урысейм хэшыпсыхьыжыным» теухуа Iуэхум щIытегузэвыхьын щыIэкъым ахэр. Ди къэралым хузэфIэкI псори ещIэ зи цIыху бжыгъэхэр мащIэ лъэпкъхэм я щэнхабзэр, лъэпкъыцIэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуихъумэжын папщIэ.
- — 2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 17-м ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым онлайн мардэм тету иригъэкIуэкIа конференцым къыщыхагъэщауэ щытащ УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм хамэ къэралхэм щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр къыхэпсэлъыхьын зэрыхуэмейр. Абы къыпэрыуауэ щытакъым а зэIущIэм хэта Шекерджи. Ауэ, тIэкIу дэкIри, абы и Iуэху еплъыкIэр ихъуэжащ. Сыту пIэрэ, уэ къызэрыплъытэмкIэ, ар къызыхэкIар?
- — ДАХ-м и Хабзэм щыгъэбелджылащ жылагъуэ зэгухьэныгъэр Урысейми нэгъуэщI хэкухэми я къэрал, политикэ Iуэхухэм зэрыхэмыIэбэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыщызэрагъэпэща махуэ лъандэрэ хузэфIэкIыр ещIэ адыгэхэм я анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, я зэхэтыкIэр хъумэным хуэгъэзауэ. Дэ КАФФЕД-м и лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэр къыдэтщтэркъым, апхуэдэуи дыарэзыкъым иужьрей илъэсийм зи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр къыщызыхьа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэфIэкIхэр ягъэмэщIэну абы и языныкъуэ унафэщIхэр зэрыхэтымкIи.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым мэкъуауэгъуэм и 17-м онлайн мардэм тету иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщыхагъэщащ къэрал Iуэхухэм хэмыIэбэным теухуа хабзэм ар дяпэкIи зэрытетынур, и лъэпкъым зегъэужьыным, абы и гугъуехьхэр дэгъэкIыным зэрыхуэлэжьэнур.
- Тыркум щыпсэу адыгэхэм я языныкъуэ пашэхэм я лэжьыгъэ мыщхьэпэр, ДАХ-м къыпэщIэтыну зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщыну зэрыхущIэкъухэр, дунейпсо шэрджэс зэщIэхъееныгъэм зэран хуэхъу лъэбакъуэхэр зэрачыр и щыхьэтщ ди зэкъуэтыныгъэр зэкъуэзыудыну хуей къарухэр зэрыщыIэм, адэжь хэкум — Урысей Федерацэм — щыпсэу ди хэкуэгъухэр гуитIщхьитI ящIыну зэрыхэтым.
- Абы урегъэгупсыс Тыркум щыпсэу языныкъуэ ди лъэпкъэгъухэр ДАХ-м и сэбэп зыхэлъхэм хуэлэжьэну зэрыхуэмейм, ахэр Тыркумрэ Урысеймрэ я зэныбжьэгъугъэм зэран хуэхъуну зи мурад зыгуэрхэм зэрагъэщхьэрыуэм.
- Епсэлъар «Кавказ сегодня» хъыбарегъащIэ-аналитикэ
- интернет порталым и унафэщI ПОНОМАРЁВ Олегщ.