МашинэщIэхэр ират
2020-07-03
- Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм техникэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI, артиллерие дзэ зэщIэузэдахэмкIэ и IэнатIэм и тхьэмадэ, подполковник Рыков Михаил «Патриот» машинэщIэхэр зыхуагъэфэщахэм абыхэм я IункIыбзэIуххэр яритыжащ. Ирилэжьэн папщIэ машинэ псынщIэу 8 иратащ «Iуащхьэмахуэ» СОБР-м, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и СОБР-м, ОМОН-м я къудамэхэм я шофёрхэм.
- ГуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIат щIыналъэ IэнатIэм и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, IуэхущIапIэм къулыкъу щезыхьэкIхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и тхьэмадэ, полковник Трушин Алексей. Абы къыхигъэщащ шофёрым и къалэныр зэрыиныр, сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу, и пщэрылъхэр пылъхьэншэу зэфIигъэкIыу щытын зэрыхуейр.
- Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы машинэхэр, къэрал мардэхэм къызэригъэувым тету, зыхуей псомкIи къызэрызэгъэпэщар.
- ИСТЭПАН Залинэ.