ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказыр зэрыгушхуэ адыгэ бзылъхугъэ

2020-06-23

  • УФ-м и ТхакIуэхэмрэ Журналистхэмрэ я зэгухьэныгъэхэм хэт, усакIуэ, тхакIуэ Братыкъуэ Татьянэ иджыблагъэ къыдигъэкIащ «Во имя жизни, истины, любви. Достойные дети Отечества» тхылъыр. Ар теухуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДААМ-м и вице-президент, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Шэрджэс институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ, университетхэм я диссертацэ советхэм хэт, КъШР-м, КъБР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъШР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, дунейпсо саугъэтхэр зыхуагъэфэща Бэчыжь Лейлэ Абубэчыр и пхъум и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. ООН-м и жэрдэмкIэ, къыдэкIыгъуэр ирагъэхьэлIащ Лъэпкъыбзэхэм я дунейпсо илъэсымрэ Бэчыжь Лейлэ къызэралъхурэ илъэс 90 щрикъумрэ.

  • Тхылъым къыщыхьа тхыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуащ щIэныгъэмрэ литературэмрэ хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа, адыгэ бзылъхугъэхэм ящыщу лите- ратурэдж унэтIыныгъэмкIэ япэ ища Бэчыжьым и гъащIэм, и лъэпкъ щэнхабзэм, и анэдэлъхубзэм, и къуэпсхэм яхуиIэ лъагъуныгъэ мыкIуэщIыр. Абы и гъащIэр хуигъэпсащ, и художественнэ тхыгъэхэр триухуащ СССР-м, Урысей Федерацэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ис лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэтыныгъэр, мамырыгъэр нэхъри гъэбыдэным. Лейлэ и къалэн нэхъыщхьэр адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ зегъэужьынымрэ хъумэнымрэщ. КъэхутакIуэ, литературовед, критик Iэзэ Бэчыжь Лейлэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ щхьэпэу 200-м щIигъу, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэр къызэрыунэхуам,  абыхэм зэрызаужьам ехьэлIауэ. Мы къыдэкIыгъуэм Iуданэ плъыжькIэ щыпхышащ анэдэлъхубзэм и зыужьыныгъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъутыныгъэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхар.
  • Зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм хиубыда Бэчыжь Лейлэ, зауэм и бын дэтхэнэми хуэдэу, гугъуехьхэм пасэу япсыхьащ икIи  и мычэзууэ балигъыпIэ иуващ. И адэм ар щыцIыкIум зыщIигъэдэIуа таурыхъхэр, лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэу тлъытэ нарт хъыбархэр гукъинэж щыхъуащ. Пушкин Александр, Толстой Лев, Лермонтов Михаил сымэ, нэгъуэщIхэми я тхыгъэхэм щIапIыкIа хъыджэбз цIыкIур литературэм и дуней телъыджэм дихьэхащ икIи гъащIэ гъусэ хуэхъуащ. Тхылъыр зытеухуа бзылъхугъэм и гъащIэр купщIафIэщ, гъэщIэгъуэнщ икIи щапхъэщ. Лейлэ и IуэхущIафэ дахэхэмрэ лэжьыгъэмрэ пащэ адыгэ бзылъхугъэм и лъагъуэм ирикIуэ и гъэсэнхэм. Черкесск къалэм щIыхь  зиIэ и цIыху, дуней псом щыцIэрыIуэ, пщIэ щызиIэ Бэчыжь Лей-лэ къызыхэкIам и мызакъуэу, Кавказ псор зэрыгушхуэщ!
  • ТЕКIУЖЬ  Заретэ.