КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и Президиумым иригъэкIуэкIа зэIущIэм
2020-06-16
- УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат видеоконференц мардэм тету иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и Президиумым и зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ухуэныгъэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэхэм къащыпэщыт зи чэзу къалэнхэм, нэхъапэкIэ яубзыхуауэ щыта Iуэхухэр зэрызэфIагъэкIым. Гулъытэ нэхъыщхьэ зыхуащIахэм ящыщщ «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэр.
- Къэралым къыщыхалъхьауэ ягъэзащIэ программэ псори къапщтэмэ, УФ-м и щIыналъэхэм я экономикэм нэхъ зезыгъэужьхэм ящыщщ псэупIэ ухуэным ехьэлIар, — жиIащ вице-премьерым. ЗэIущIэм хэтахэм абы захуигъэзащ цIыхухэм я уней псэупIэхэр яухуэным хуэунэтIа Iуэхум гулъытэ хэха хуащIыну.
- «ЦIыхухэм я уней псэупIэхэр щаухуэкIэ зыщIэдмыгъакъуэмэ, дэ лъэпкъ проектхэм къыщыгъэува къалэнхэр тхуэгъэзэщIэнукъым, абы къыхэкIыу, щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм сыныволъэIу а унэтIыныгъэм дэIэпыкъуэгъу фыщыхъуну», — къыхигъэщащ Хуснуллин Марат.
- Апхуэдэуи зэIущIэм щызэпкърахащ экономикэр дэIыгъыным хуэунэтIауэ яубзыхуа Iуэхухэр пхыгъэкIыным.
- «Дэ лэжьыгъэшхуэ едгъэкIуэкIащ ухуэныгъэ IэнатIэм зыщIэдгъэкъуэнымкIэ сэбэп хъуну Iуэхухэр убзыхунымкIэ икIи иджы зыфхузогъазэ абыхэм набдзэгубдзаплъэу щыгъуазэ зыфщIыну, ахэр гъэзэщIэнми фыхуэхьэзыру фыщытыну. Къэбгъэлъагъуэмэ, къыхэзгъэщынущ контрактхэр зэрызэращIылIэ щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным яужь дызэритыр. Зэхьэзэхуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ ухуэныгъэ IэнатIэм зиужьынымкIэ», — къыхигъэбелджылыкIащ Хуснуллиным.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпащэ лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным, абы хыхьэу шэщIауэ йокIуэкI гъуэгухэр ухуэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъэуншэхэр» лъэпкъ проектым ди щIыналъэм къехьэлIауэ хэтщ 2020 гъэм псори зэхэту гъуэгу 95-м щелэжьыну — яухуэну, кумблIэмбхэр ядыжыну е сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжыну. А лэжьыгъэхэр мы илъэсым и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.