Есэпым и къэгъэІурыщІакІуэ Ерыджокъуэ Азэмэт
2020-03-31
- Гупсысэр зи лъабжьэ есэпымкІэ мы махуэхэм Мэзкуу щекІуэкІащ «ALOHA Mental Arithmetic» зи фІэщыгъэ IV Урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. ЕджакІуэ 300-м щІигъу зэхуэзышэса а зэпеуэр, хэтынухэм я ныбжьрэ лэжьыгъэу ягъэзэщІэн хуейм и гугъуагъымрэ ятеухуауэ, гуп 21-уэ зэхэкІыжырт.
- Хьэрхуэрым хэт ныбжьыщІэхэм дакъикъитхум къриубыдэу есэп лэжьыгъэ 70 ящІыжын хуейт. ЗэхэщІыкІыгъуэу жэуапхэр тхынри зэпеуэм хэтхэм я кІэн къизыгъэкІ Іуэхугъуэт.
- Къыхуагъэува къалэным Къэсейхьэблэ (Бахъсэнёнок) щыщ Ерыджокъуэ Азэмэт зы щыуагъи химыщІыхьу пэлъэщащ. И ныбжьэгъу цІыкІухэр зыхэт гупым ар пашэ щыхъуащ, бжьыпэри псоми яфІихьащ.
- Ерыджокъуэхэ я щІалэр илъэси 8 хъууэ аращ, етІуанэ классым щоджэ, гупсысэр зи лъабжьэ есэпым зэрызритри куэд щІакъым.
- — Азэмэт пІалъэ кІэщІым къриубыдэу зригъэгъуэта щІэныгъэр урысейпсо утыкум щигъэлъагъуэри, зыпеуа псоми ятекІуащи, ар куэд и уасэщ, — жаІэ гушхуэу абы и адэ-анэм.
- ТекІуэныгъэр зыІэрызыгъэхьа щІалэщІэр есэпым и мызакъуэу, кикбоксинг спорт лІэужьыгъуэми дехьэх, абыкІи ехъулІэныгъэ хъарзынэхэр зэрызыІэригъэхьэфынумкІэ гугъапІэхэри уегъэщІ.
- Азэмэт нэхъри ефІэкІуэну, къызыхэкІа лъэпкъым и набдзи хъуну ди гуапэу дохъуэхъу!
- Шурдым Динарэ.