ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гражданствэ тIуащIэр ядэнукъым

2020-03-12

  • Путин Владимир къыхилъхьащ губернаторхэм, сенаторхэм, депутатхэм, апхуэдэу правительствэм ­хэтхэм гражданствэ тIуащIэ яIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къэралитIым я паспортхэр яIыгъ зэрымыхъунур ­КонституцэкIэ щIагъэбыдэну. А жэрдэмым занщIэу куэд щыпэджэжащ прессэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм.
  • ФедерацэмкIэ Советым и унафэщI Матвиенкэ Валентинэ занщIэу жиIащ гражданствэ тIуащIэр зыпаубыдхэр нэхъыбэн хуей­уэ. «НэгъуэщI къэралым и цIыхум и паспортымрэ абы щыпсэуну хуит зыщI тхылъымрэ къыщыIах ­щы­Iэщ дипломатхэми». Ищ­хьэ палатэм Къэрал ухуэныгъэмрэ законода­тельствэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэ Крашенников Па­вели ар деIыгъ: «Сэ къэспщытакъым депутатхэм гражданствэ тIуащIэ яIэрэ ямыIэрэ, ауэ абы мардэ хуэгъэувыпхъэщ. ЦIыхухэм щIыналъэхэм щыжаIэ: ди дежи апхуэдэ хабзэ щыIэн хуейщ. Гражданствэ тIуащIэ яIэ хъу­нукъым прокурорхэми, ­дипломатхэми, хеящIэ­-хэми».

  • ЛДПР-м и пашэ Жириновский Владимир къы­хелъхьэ къулыкъущIэхэм я бынхэр нэгъуэщI къэралхэм щеджэну хуит ямы­щIыну: «КъулыкъущIэм и бынхэр, и щхьэгъусэр, и мылъкур нэгъуэщI къэрал щыIэмэ, ар гува-щIэхами абыхэм якIэлъыкIуэн хуей хъунущ. Апхуэдэр тыншу ихуэфынущ хамэ къэрал щэхурылажьэ IэнатIэхэм    я хъым». Коммунистхэр ­хуейт а псоми къадэкIуэу унэ лъапсэхэри, ахъши, тхылъымпIэ лъапIэхэри нэгъуэщI къэралхэм щаIэну хуит ямыщIыну. Ауэ абы­хэм къыхалъхьар зан­щIэу къызэтрагъэувыIащ.
  • ЗиIэхэмрэ
  • зимыIэхэмрэ
  •  Абы щыгъуэми, етIуанэ паспортыр зыгъэпщкIуа министрхэмрэ депутатхэмрэ я цIэунэцIэхэр куэд щIауэ къыщраIуэ Интер­нетым. Пэж, хьэмэрэ пцIы? Путин Владимир къыхилъхьа жэрдэмым иужькIэ псори хущIокъу къабзэу зыкъыщIрагъэ­дзыну. Къэбгъэлъагъуэ­мэ. Къэрал Думэм и депутат Роднина Иринэ и деж США-м щыпсэуну хуит зыщI тхылъ къыщагъуэтащ. «Сэ а къэралым сыкъикIыжащ 2002 гъэм. БлэкIа илъэс 18-м абы къыщыхъуахэм зыкIи сыщыгъуазэкъым», — жеIэ а цIыхубз цIэрыIуэм.
  • — Интернетым ихуауэ къыщIэкIащ Къэрал Ду­мэм Алтай крайм и цIэкIэ   и депутат Прокопьев ­Александри. «СМИ-хэм пцIы къыстралъхьэ Кип­рым ягъэIэпхъуэ мыхъу мылъкуи а къэралым и паспорти щызиIэ хуэдэу. Ар пцIыщ!» Депутатыр МИД-м елъэIуащ ар зэрымыпэжыр сэтей къи­щIын папщIэ Кипр лъэныкъуэм зыхуигъэзэну.
  • ЖытIэнщи, къулыкъуш­хуэхэри депутатхэри 2006 гъэ лъандэрэ хуит ящIыркъым етIуанэ паспорт е нэгъуэщI къэралым ущып­сэуну хуит зыщI тхылъ яIэну. Ауэ ар куэдым ящIэркъым, езы политикхэми «ящогъупщэж». Псалъэм и хьэтыркIэ, парламент хэхыныгъэхэм япэкIэ 2016 гъэм ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм депутатхэм я кандидатхэу 80-м я деж гражданствэ тIуащIэ къыщигъуэтащ.
  • Коммунистхэм
  • я закъуэкъым
  • КъыхэгъэщхьэхукIын ­хуейщ къулыкъущIэхэм ­нэгъуэщI къэралхэм мылъку щаIэну хуит ямы­щIыным теухуауэ КПРФ-м къыхилъ­хьар уафэм къы­зэре­мы­хуэхари. Сэтей къа­щIа къудейхэм ятеп­щIыхьмэ, урысей къулы­къущIэхэм ягъэIэпхъуэ мыхъу мылъку къэрал ­47-м щаIэщ. «Совет Союзым хыхьэу щыта республикэхэр яхэдгъэкIмэ, абы и лъэны­къуэкIэ япэ итыр ­Испаниемрэ Болгариемрэщ. А къэралхэм щынэхъ тыншщ ахъшэ хэплъ­хьэныр», — къыдгу­регъаIуэ «Декларатор» проектым и унафэщI Жвиблис Андрей.
  • ЦIыху цIэрыIуэ куэдым езыхэм я декларацэхэм къыщагъэлъэгъуащ нэ­гъуэщI къэралхэм мылъку зэрыщаIэр. Вице-премьеру щыта Голодец Ольгэ унэм и ныкъуэ Швейца­рием, фэтэрым и Iыхьэ щанэ Италием щиIэщ. СпортымкIэ министрым и къулыкъур зыIыгъа Колобков Павел Испанием къы­щыпоплъэ фэтэр, Пенсэ фондым и унафэщI Топилин Максим и щхьэ­гъусэм и цIэкIэ Болгарием унэ щыщытщ, правитель-с­твэм и лIыкIуэу судхэм щылажьэ Валаев Александр Испанием кIуэуэ абы къыщищэхуа псэуа­лъэм щыпсэу хъунущ. Къэрал Думэм и депутат Голушкэ Андрей и щхьэ­гъусэм Франджым и щIы­пIэ дахэм бассейн зыхэт унэшхуэ къыщыпоплъэ. Къэрал ухуэныгъэмрэ за­конодательс­твэмкIэ ко­митетым и Iэ­тащхьэ Клишас Андрей (Конституцэм хагъэхьэну зэ­гъэзэ­хуэ­жы­ныгъэхэм елэжь гупым и унафэщIитIым язщ) Швей­­царием щыбгъэ­дэлъщ метр зэбгъузэнатIэ 543-рэ къызэ­щIэзыубыдэ щIапIэрэ метр зэбгъузэнатIэ 432-рэ хъу унэрэ. Псоми я цIэ-унэ­цIэхэр къып­хуебжэкIынукъым.
  • Ухуитщ,
  • ауэ лъапIэщ
  • НэгъуэщI къэралхэм ­метр зэбгъузэнатIэ щаIэ­ныр паубыдыркъым, ар-­щ­хьэ­кIэ депутатхэр, су­ды­щIэ­хэр, министрхэр, прокурорхэр хуит ящIыркъым нэгъуэщIхэм я цIэкIэ ирагъэтхами, абыхэм ахъшэ щаIэну. Иджы дыдэ Къэ­рал Думэм щыдаIыгъащ нэгъуэщI къэрал банкхэм ахъшэхэмрэ тхылъымпIэ лъапIэхэмрэ щахъумэныр зымыдэ хабзэр Консти­туцэкIэ щIэгъэбыдэныр. Ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ахъшэншэу хамэ къэралхэм псэуалъэхэр къыщыпщэхуфынукъым. Аращи, тогушхуэ. IэщIагъэ­лI­хэм зэрыжаIэмкIэ, ущып­сэуну хуит узыщI тхылъхэр Испанием, Латвием, Португалием, Грецием къущатынущ еврэ мин 250-м ­щегъэжьауэ мин 500-м я уасэ щIапIэхэмрэ унэхэмрэ къыщыпщэхумэ. Илъэс зыбжанэ докIри, апхуэдэ тхылъхэр паспорт псокIэ щызэрахъуэкI. Мальтэмрэ Кипрымрэ гражданствэ къыщыдэпхыфынущ зан­щIэу. Штатхэми пIалъэкIэ ущыпсэуну Iэмал къозыт тхылъхэр къыщыпIэрыхьэнущ уи мылъкур зыхуэди­зыр щебгъэтхмэ. Мы Iуэ­хум куэдрэ уелIэлIэн ­хуей­къым гугъу зебгъэхьу: псори уи щхьэгъусэм зэ­фIигъэкIыфынущ. Ауэ зи гугъу тщIы тхылъхэр къратынущ унагъуэм щыщ псоми.
  • Прессэм зэритхымкIэ, илъэс куэдкIэ урысей ­гъущI гъуэгухэм я Iэтащхьэу лэжьа Якунин Владимир зэман куэд ще­гъакIуэ ­Германием, и къуэ нэхъыжь Андрей Инджы­лызым и цIыху хъуащ, нэхъыщIэ Виктор киприотщ. Мальтэм и паспортхэр зыIэрагъэхьащ Калининград областым и Хабзэгъэув зэхуэсым хэта Находкин Юрийрэ ищхьэ ­палатэм и депутату щыта Лисиненкэ Игоррэ. «Дыщэ паспортхэр» ират Маль­-тэм и инвестицэ фондым еврэ мин 650-рэ, абы къыдэкIуэуи къэралым и экономикэм еврэ мини 150-рэ хэзылъхьэхэм. Абы­хэм я мызакъуэу, къэралым и щIыналъэм ягъэIэпхъуэ мылъку бэджэнду къыщыпщтэн хуейщ ущы­мыпсэуми. Зэрытлъагъущи, лъапIэIуэщ, ауэ Мальтэм и паспортым ви­зэншэу къэрали 183-м я гъунапкъэхэр къыпхузэ­Iуех.
  • Дауи, апхуэдэ Iуэхухэр зыкIи екIуалIэркъым Урысейм и Президентым щIэ­чэ имыIэу зи гугъу ищI ­хэкупсэ гъэсэныгъэм. ­   АтIэ нэгъуэщI къэралым и паспорт уиIэну ухуимыту Конституцэм игъэува иужь къулыкъущIэхэмрэ депу­татхэмрэ зыханэфыну пIэрэ а хьэл мыхъумы­щIэр? Ар зэманым къигъэлъэгъуэнщ.
  • «Махуэкум» и къыдэкIыгъуэр зыгъэхьэзырар
  • политикэ обозреватель Шал Мухьэмэдщ.