«Хэкум и къежьапIэр»
2020-03-12
- ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща «Хэкум и къежьапIэр» Iуэхум ипкъ иткIэ, Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIащ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным теухуа зэIущIэ.
- Налшык къалэм дэт школ-интернат №1-м щызэхэта зэхуэсыр къызэIуихащ Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Лыкъуэжь Маринэ.
- — Хэкур зэрыпхъуакIуэхэм щызыхъума, щIэблэм мамырыгъэр тыгъэ къытхуэзыщIа ди ветеранхэм псалъэ гуапэкIэ захуэзгъэзэну сыхуейт. Фэ лIыгъэрэ хахуагъэу а зауэм щывгъэлъэгъуар ди щапхъэу дыкъогъуэгурыкIуэ. Ар зэи тщымыгъупщэу ди гум илъынущ, къытщIэхъуэ щIэблэри щIэтпIыкIынущ зауэ хъыбархэм, — жиIащ Лыкъуэжьым.
- Школ-интернатым и гъэсакIуэхэм хьэщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэща концертыр нэжэгужэу екIуэкIащ.
- Фырэ Анфисэ.