ЗауэлI щIыхьым и махуэм ирихьэлIэу
2020-02-08
- ЗауэлI щIыхьым и махуэшхуэмкIэ – фашистыдзэхэр Сталинград деж зэрыщызэхакъутам и щIыхькIэ ягъэувамкIэ ехъуэхъуну Урысей Гвардием КъБРм щиIэ къудамэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ хуеблэгъащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Багъ Сэфудин ХьэтIалэ и къуэм.
- Урысей Гвардием и лэжьакIуэхэр нэхъыжьыфIым саугъэт лъапIэхэмрэ удз гъэгъакIэ хуэупсащ. Ветераныр и хьэщIэхэм къахутепсэлъыхьащ зауэр къэмыхъей щIыкIэ зэрыпсэуамрэ иужькIэ и гъащIэ гъуэгум зэрызихъуэжамрэ.
- «Мыпхуэдэ дауэдапщэхэм мыхьэнэшхуэ идот. Сыту жыпIэмэ, текIуэныгъэ лъапIэр къытхуэзыхьахэм щыщхэм уепсэлъэн жыхуэпIэр уасэншэщ дэркIэ. Ахэр мащIэ хъуащ. Абы къыхэкIыу ди нэхъыжьыфIхэр тхъумэну, абыхэм ялэжьар зыщыдмыгъэгъупщэну, ди щIэблэри абыхэм щапхъэ трахыу къэдгъэхъуну ди къалэнщ», жиIащ къудамэм и унафэщI полицэм и майор Борэн Жанетэ.
- Фырэ Анфисэ.