Мы махуэхэм
2020-02-08
- Мазаем и 8, щэбэт
- Урысей щIэныгъэм и махуэщ. 1724 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Петербург ЩIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Иджыпсту ар РАНрщ.
- Урысейм и дзэ топографым и махуэщ
- Словением щагъэлъапIэ я щэнхабзэм и махуэр
- Иракым и революцэм и махуэщ
- 1725 гъэм дунейм ехыжащ Урысейм и япэ император Пётр Езанэр.
- 1819 гъэм СанктПетербург университет къыщызэгъэпэщыным теухуа унафэр къащтащ.
- 1837 гъэм Петербург и Iэгъуэблагъэм деж Пушкин Александррэ Дантес (Геккерн) Жоржрэ щIакIуэкIапэ щызэдытеуващ. Абы щигъуэта уIэгъэм Пушкиныр илIыкIауэ щытащ мазаем и 10м.
- 1838 гъэм Морзе Сэмюэл малъхъэдисыр къигъэсэбэпу зэпкърилъхьа телеграфым и лэжьэкIэм цIыхухэр щыгъуазэ ищIауэ щытащ.
- 1905 гъэм Урысейм щыяпэу къызэIуахащ журналистхэр щрагъаджэ курсхэр. Ахэр къызэригъэпэщат профессор Владимиров Леонид.
- 1919 гъэм Урысейм къыщыдэкIащ зэманыр дунейпсо пщалъэм тету къэралым къыщыгъэлъэгъуэным теухуа унафэр.
- 1943 гъэм Воронеж фронтым и дзэхэм Курск къалэр хуит къащIыжащ.
- 1984 гъэм Сараевэ къалэм (Югославие) къыщызэIуахащ ХIV ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр мазаем и 19 пщIондэ екIуэкIащ.
- 1992 гъэм Альбервиль (Франджы) къыщызэIуахащ XVI ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр мазаем и 23м зэхуащIыжащ.
- 2002 гъэм СолтЛейкСити къалэм (США) къыщызэIуахащ XIX ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр, мазаем и 24 пщIондэ екIуэкIахэр.
- 1994 гъэм «Газета Юга» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.
- Урыс еджагъэшхуэ, химик цIэрыIуэ Менделеев Дмитрий къызэралъхурэ илъэси 186рэ ирокъу.
- Урыс тхакIуэ, бзэр зыджа щIэныгъэлI Успенский Лев къызэралъхурэ илъэси 120рэ ирокъу.
- КъБРм и цIыхубэ артист, УФм щIыхь зиIэ и артист, КъэбэрдейБалъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Болэ Мурат къызэралъхурэ илъэси 103рэ ирокъу.
- СССРм и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССРм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Тихонов Вячеслав къызэралъхурэ илъэс 92рэ ирокъу.
- УФм и цIыхубэ артисткэ, СССРм и Къэрал саугъэтыр зрата Муравьевэ Иринэ и ныбжьыр илъэс 71рэ ирокъу.
- Химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУм и профессор Щауэ Iэбубэчыр и ныбжьыр илъэс 65рэ ирокъу.
- Урысей фигурист, Олимп чемпион, УФм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Костомаров Роман и ныбжьыр илъэс 43рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 3 1, жэщым градус 8 6 щыхъунущ.
- Мазаем и 9, щэбэт
- Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
- Урысейм и Граждан авиацэм и махуэщ. 1923 гъэм СССРм «Граждан авиацэмкIэ зэгухьэныгъэ къыщызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» унафэр къыщащтащ.
- 1895 гъэм СШАм щыщ Морган Уильям волейбол джэгукIэр къигупсысащ.
- 1897 гъэм Урысей империем цIыхуу исыр япэу къыщабжащ. Абы наIуэ къызэрищIамкIэ, а зэманым ирихьэлIэу къэралым цIыху мелуани 124рэ мин 600рэ щыпсэурт.
- 1943 гъэм советыдзэхэм Белгород къалэр хуит къащIыжри, Краснодар лъэныкъуэр зыIыгъ фашистыдзэхэм ебгъэрыкIуэн щIадзащ.
- 1946 гъэм СССРм къыщащтащ цIыхубэ хозяйствэм зэрызиужьыну япэ илъэситху планыр.
- 1955 гъэм СССРм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру ягъэуващ Жуков Георгий.
- 1969 гъэм СШАм къыщыщIагъэкIа, цIыхухэр къызэрырашэкI «Боинг 747» кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэр япэу уэгум ихьащ.
- Узбек усакIуэ, цIыхубэм я узэщIакIуэ, къэрал лэжьакIуэ Навои Алишер къызэралъхурэ илъэс 577рэ ирокъу.
- Урыс усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, критик, романтизмэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Жуковский Василий къызэралъхурэ илъэс 237рэ ирокъу.
- Урыс тхакIуэ щэджащэ Достоевский Фёдор къызэралъхурэ илъэси 139рэ ирокъу.
- Совет дзэзешэ, Граждан зауэм и лIыхъужь Чапаев Василий къызэралъхурэ илъэси 133рэ ирокъу.
- СССРм и цIыхубэ артист, Сталиным и щIыхькIэ ягъэувауэ щыта саугъэтыр тIэунейрэ зыхуагъэфэща актёр Андреев Борис къызэралъхурэ илъэси 105рэ ирокъу.
- Совет политолог цIэрыIуэ, телерадионэтынхэр езыгъэкIуэкIыу щыта, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Зорин Валентин къызэралъхурэ илъэс 95рэ ирокъу.
- Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУм и профессор Иуан Анатолэ и ныбжьыр илъэс 69рэ ирокъу.
- Европэм дзюдомкIэ и чемпион хъуа, ХХII Олимп Джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа, УФм щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Емыжь Iэрамбий и ныбжьыр илъэс 67рэ ирокъу.
- Урысей фигуристкэ, дунеймрэ Европэмрэ я чемпионатхэм мызэмытIэу щытекIуа, Олимп Джэгухэм дыжьын, жэз медалхэр къыщызыхьа Слуцкая Иринэ и ныбжьыр илъэс 41рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 7 5, жэщым градус 12 11 щыхъунущ.
- Мазаем и 10, тхьэмахуэ
- УФм щагъэлъапIэ дипломатие IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр
- Пушкин Александр и фэеплъ махуэщ. 1837 гъэм урыс усакIуэшхуэр дунейм ехыжащ.
- 1636 гъэм етур къагупсысащ. Иджыпсту иIэ теплъэм хуэдэ етум щигъуэтар абы щыгъуэщ, щыгъын упIышкIуахэр зэраузэхуж Iэмэпсымэхэр ди эрэм и пэ къихуэуи щыIами.
- 1784 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Екатеринэ II унафэ ищIащ Кърымым щыIэ Ахтиар къалэм, кхъухь тедзапIэм и цIэр Севастополь жиIэу зэрахъуэкIыным теухуауэ.
- 1827 гъэм Петербург Дзэтенджыз академие къыщызэрагъэпэщащ.
- 1931 гъэм Индием и щыхьэр мэхъу НьюДели къалэр.
- 1937 гъэм СССРм КъафэмкIэ и къэрал ансамблыр, Моисеев Игорь зи унафэщIу щытар, къыщызэрагъэпэщащ.
- 1946 гъэм СССРм и Совет Нэхъыщхьэм и депутатхэр япэу хахащ.
- 2006 гъэм Турин (Италие) къыщызэIуахащ ХХ ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр мазаем и 26 пщIондэ екIуэкIащ.
- Кавказ Ищхъэрэ совет республикэм и гъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм и унафэщIу щыта Куэцэ Пщымахуэ къызэралъхурэ илъэси 137рэ ирокъу.
- УзэщIакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактору щыта, «Адыгэбзэ» тхылъыр зэхэзылъхьа Хъуран Батий къызэралъхурэ илъэси 130рэ ирокъу.
- Урыс усакIуэ, тхакIуэ, Нобель и саугъэтыр 1958 гъэм зрата Пастернак Борис къызэралъхурэ илъэси 130рэ ирокъу.
- Совет композиторуэрэдус, СССРм и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Блантер Матвей къызэралъхурэ илъэси 117рэ ирокъу.
- Совет еджагъэшхуэ, академик, Социалист Лэжьыгъэм щэнейрэ и ЛIыхъужь, СССРм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и президенту илъэс куэдкIэ щыта Келдыш Мстислав къызэралъхурэ илъэси 109рэ ирокъу.
- Актёр, СССРм и цIыхубэ артист Зельдин Владимир къызэралъхурэ илъэси 105рэ ирокъу.
- УФм и цIыхубэ артист Сонэ Мухьэрбий къызэралъхурэ илъэси 103рэ ирокъу.
- УФм щIыхь зиIэ и агроном Мысрокъуэ Беслъэн къызэралъхурэ илъэс 92рэ ирокъу.
- Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДААм и академик, Кубаным щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэкий (КIарэ) Риммэ къыщалъхуа махуэщ.
- ТхакIуэ, журналист, детектив цIэрыIуэ куэд зи къалэмыпэм къыщIэкIа Вайнер Георгий къызэралъхурэ илъэс 82рэ ирокъу.
- ТхакIуэ, публицист, критик, УФм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КхъуэIуфэ Хьэчим къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу.
- Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУм и профессор, ЩIДААм и академик Дэхъу Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 78рэ ирокъу.
- Жылагъуэ лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ, псапащIэ Едыдж Нихьаи и ныбжьыр илъэс 75рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 4 3, жэщым градус 12 11 щыхъунущ.