Мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ
2020-02-08
- Мазаем и 8р Урысей щIэныгъэм и махуэщ
- Нобэ, мазаем и 8м, ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр, зи гуащIэр ди псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэзыгъэпс IэщIагъэлIхэм я махуэшхуэр. Къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм ар нэгъуэщI махуэхэм щаIэтми, псоми я мурад нэхъыщхьэр зыщ: гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ, ар зыузэщI лэжьыгъэ купщIафIэхэр зэфIэзых щIэныгъэлIхэр гъэпэжэнырщ, яхуэфэщэн къэрал гулъытэ егъэгъуэтынырщ, лъэпкъ щIэныгъэм адэкIи зегъэужьынырщ.
- Европей псэукIэм и мардэхэм ящыщ куэд ди Хэкум къизыхьа, ар зыужьыныгъэм и гъуэгум тезыша урысей пащтыхь Пётр Езанэм 1724 гъэм мазаем и 8м Iэ тридзащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН) къэралым къызэрыщызэрагъэпэщым теухуа унафэм. 1999 гъэм, РАНр илъэс 275рэ щрикъум ирихьэлIэу, Урысей Федерацэм и Президентым Унафэ щхьэхуэ къыдигъэкIащ, мазаем и 8р Урысей щIэныгъэм и махуэу гъэлъэпIэным ехьэлIауэ.
- Тхыдэ гъуэгуанэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ къикIуащ РАНм. 1747 гъэм къащта Уставым ипкъ иткIэ абы еджэ хъуащ ЩIэныгъэхэмрэ ХудожествэхэмкIэ имперскэ Академие. ИужькIи Академием и цIэм зыбжанэрэ зихъуэжащ. 1803 гъэм абы зэреджэр Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и имперскэ Академиет, 1836 гъэм ЩIэныгъэхэм я СанктПетербург Академиет. Абы хэтт ЩIэныгъэхэмкIэ академие университет, академие гимназие, физикэмкIэ, географиемкIэ, химиемкIэ къудамэхэр. 1839 гъэм лэжьэн щIидзауэ щытащ Пулковэ обсерваторэм. ЩIэныгъэм и унэтIыныгъэ зыбжанэмкIэ тхылъ куэд дунейм къытехьауэ щытащ а зэманым. Абыхэм ярыт статьяхэр я къалэмыпэм къыщIэкIырт щIэныгъэлI щэджащэхэу Ломоносовым, Эйлер, Струве, Востоковым, Бутлеровым, Павловым, нэгъуэщI еджагъэшхуэхэми. РАНм хэтт нэгъуэщI къэралхэм я щIэныгъэлIхэри, псалъэм папщIэ, абы и действительнэ членхэт Вольф, Вольтер, Дидро, Франклин, Гёте, Дарвин, нэгъуэщIхэри.
- 1917 гъэм ирихьэлIэу академием хъарзынэу зиужьат. Абы хэтт действительнэ члену цIыху 49рэ. КъыщызэIуахагъащIэм щыгъуэ абы хэтыр цIыху 17 къудейт зэрыхъур. Апхуэдэу РАНм иIэт лабораторэ зэмылIэужьыгъуэу 5, обсерваторэ зыбжанэ, музейхэр, щIэныгъэ лэжьакIуэу цIыхуи 109рэ. РАНм и цIэм аргуэру зихъуэжащ: ар СССРм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академие хъуауэ щытащ.
- Урысей щIэныгъэр дунейм хуэупсащ цIыху цIэрыIуэ куэдхэмкIэ, къэхутэныгъэ инхэмкIэ. Къапщтэмэ, дуней псом щыцIэрыIуэщ Ломоносов Михаил, Павлов Иван, Менделеев Дмитрий, Циолковский Константин, Капицэ Пётр, Ландау Лев, Курчатов Игорь, Александров Анатолий, Королёв Сергей, Доллежаль Николай, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ дуней псом щыяпэу Урысейм биосферэр джын щыщIадзащ, хьэршым яутIыпщащ спутник IэрыщIыр, атом станцыр лажьэу щрагъэжьащ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэфIхэр зэрызыIэрагъэхьам и щыхьэтщ урысей, совет щIэныгъэлI 16м Нобель саугъэтыр зэрыхуагъэфэщар.
- ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм яжь щIихуащ Академиеми. 1991 гъэм абы фIащащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН). Нобэ абы хэтщ действительнэ члену, членкорреспонденту щэ бжыгъэхэр, хамэ къэралхэм я еджагъэшхуэ куэд. РАНм и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ щытащ 2013 гъэм и фокIадэм къызэрагъэпэща ФАНО (ЩIэныгъэ зэгухьэныгъэхэм я федеральнэ агентствэ) зэгухьэныгъэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм, унафэщIхэм къызэрагъэувамкIэ, къэралым и щIыналъэхэм щылажьэ щIэныгъэкъэхутакIуэ институт зэмылIэужьыгъуэхэр зы щIэныгъэ центр иным и дамэм щIагъэуващ. РАНм ноби щызэфIах естественнэ, жылагъуэ щIэныгъэхэм япыщIа, дунейпсо мардэм къитIасэ щIэныгъэкъэхутэныгъэ инхэр, абы и къалэнхэми, зэрызэхэт Iыхьэхэми, щрагъэкIуэкI лэжьыгъэми куэдрэ апхуэдэу захъуэжа пэтми. ЩIэныгъэм зегъэужьыныр, ди хэку иным а IэнатIэм щыпэрытхэм я Iуэхур егъэфIэкIуэныр, къэрал гулъытэ егъэгъуэтыныр къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ УФм ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэхэм. Мы зэманым абы и пашэщ Фальков Валерий. 2017 гъэ лъандэрэ РАНм и Президентщ Сергеев Александр.
- ЩIэныгъэр дапщэщи щытщ икIи щытынущ къэралпсо зыужьыныгъэм и джэлэсу, абы и IэнатIэ нэхъыщхьэу, сыту жыпIэмэ щIэныгъэ куумрэ цIыху зэчиймрэщ дэтхэнэ къэралри къарууфIэ зыщIыр. Аращ ди къэралым дунейпсо пщIэрэ щIыхьрэ къыхуэзыхьыфыну хэкIыпIэхэри. А псори къалъытэу, фIыуэ къагурыIуэу, республикэм и унафэщIхэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ гулъытэ хэха хуащI. Нобэ гъащIэм и лъэныкъуэ псоми компьютерхэмрэ технологие пэрытхэмрэ нэсащ. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и щIэныгъэ къудамэ (КъБЩIЦ) 1993 гъэм ди щIыналъэм къызэрыщызэIуихамкIэ КъэбэрдейБалъкъэрым и цIыхубэм Iэмал ягъуэтащ дунейпсо зыужьыныгъэм и зы Iыхьэ хъуну. АбыкIэ фIыщIэ ин бгъэдэлъщ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, УФм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РАЕНм и академик Иуан Пётр Мацэ и къуэм. Абы и фIыгъэкIэ лъэпкъ щIэныгъэлIхэр щIэувауэ щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и дамэм, щIыналъэ щIэныгъэ центр хъуауэ.
- ИнформатикэмкIэ, кибернетикэмкIэ, экономикэмкIэ, прикладной математикэмкIэ, биологиемкIэ, географиемкIэ, ядернэ физикэмкIэ, астрофизикэмкIэ, жылагъуэ, тхыдэфилологие щIэныгъэхэмкIэ къэхутэныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI КъБЩIЦм. КъэбэрдейБалъкъэрым и тхыдэм щыяпэу республикэм и зыужьыныгъэм дызэрыхуэкIуэну гъуэгур ди деж щаубзыхужу хъуащ. Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтым зэхилъхьащ 2030 гъэ пщIондэ КъэбэрдейБалъкъэрым зиужьынымкIэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуа программэ. ИригъэкIуэкI щIэныгъэкъэхутэныгъэхэмкIэ РАНм и КъБЩIЦр япыщIащ УФм, хамэ къэралхэм щыIэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэ куэдым. Мы зэманым щIэныгъэ центрым псори зэхэту щолажьэ IэщIагъэлI 600м щIигъу. Абыхэм яхэтщ РАНм и членкорреспондентхэр, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я докторхэр, кандидатхэр. Абы и институтхэм щыIэ докторантурэхэм, аспирантурэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ IэщIагъэлIи 150м щIигъум. Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институ тым экономикэ щIэныгъэмкIэ кандидат, доктор лэжьыгъэр щыпхагъэкI совет иIэщ. «Известия КБНЦ РАН» журналыр пIалъэ хэхам тету къыдокI.
- Центрым и щIэныгъэлIхэм я зэфIэкI къызэрымыкIуэхэм я фIыгъэкIэ, абы и пщIэр щылъагэщ Урысейм и мызакъуэу хамэ къэралхэми. КъэбэрдейБалъкъэр щIэныгъэ центрым къепха институтхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр зэрызэфIахым и щыхьэтщ РАНм жылагъуэ, гуманитар, техникэ, естественнэ щIэныгъэхэмкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм абыхэм я лэжьыгъэхэри къызэрыхалъытэр. Абыхэм щапхъэ яхуохъу еджагъэшхуэ Иуан Пётр и Iуэху зехьэкIэ мардэхэр. ИригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр къалъытэри, Иуаным хуагъэфэщащ СССРм и Министрхэм я Советым и саугъэтыр, РАНм, КъБРм я ЩIыхь тхылъхэр. Апхуэдэу ар ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Академием (Мюнхен), ЩIэныгъэхэмкIэ НьюЙорк академием, Естественнэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, нэгъуэщI щIэныгъэ зэгухьэныгъэ зыбжанэми я академикщ, КъБРм и Iэтащхьэм и деж щыIэ Жылагъуэ советым хэтщ, ЩIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ абы и къудамэм и унафэщIу. Иуан Пётр и цIэр иратхащ СШАм къыщыдэкIа «Дуней псом и цIыху щэджащэ 5000» тхылъым. КъБРм и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ, Иуан Пётр къыхуагъэфэщащ ди республикэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр «КъэбэрдейБалъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр. Ар хэкулIым къихьащ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иным къыпэкIуэу. ЩIэныгъэлIым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэдым я лъащIэщ бгъэдэлъ гупсысэ куур, зэхэщIыкI лъэщыр. Иуаным и зэфIэкIым кърикIуахэр илъэс щIагъуэ дэмыкIыу хагъэхьэ «РАНм и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэхэр» илъэс къэс къыдэкI журналым.
- Ди хэку псор ипэкIэ зыгъэкIуэтэфын лэжьыгъэ купщIафIэ яхузэфIох ди щIыналъэм и щIэныгъэлIхэм. Япэ итахэм пхаша щIэныгъэ гъуэгур хэмыгъуащэу, ар нэхъри нэхъ бгъуфIэ хъууэ зэрыщытым и щыхьэтщ абы ирикIуэхэм ящыщ куэдым зэрызаузэщIыр. Къапщтэмэ, Нобель и саугъэт цIэрыIуэр зыхуагъэфэщахэм, ди гуапэ зэрыхъущи, яхэтщ ди хэкуэгъу щIалитIи Гейм Андрейрэ Новосёлов Константинрэ, физикэ унэтIыныгъэмкIэ лауреат хъуауэ.
- Гъунэ зимыIэ а фIыгъуэр щIэныгъэр ди КъэбэрдейБалъкъэрым зэпIэзэрыту зиужьыным, абы и цIыхухэм я ехъулIэныгъэм нэсу хурелажьэ. КъэбэрдейБалъкъэрым и щIэныгъэлI псоми махуэшхуэр угъурлы, мурадыщIэхэмрэ IуэхугъуэщIэхэмрэ я щIэдзапIэ яхурырехъу. Творческэ ехъулIэныгъэхэр яIэу щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуащIу, узыншагъэ, унагъуэ насып щымыщIэу Тхьэм куэдрэ игъэпсэу.
- КЪАРДЭН Ритэ.