«Адыгэ псалъэмрэ» «Жьынэпсымрэ» зэгуроIуэ
2019-12-05
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и деж щыхьэщIащ Тыркум щыпсэу адыгэхэм къыдагъэкI «Жьынэпс» газетым и лэжьакIуэхэр.
- Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан, Лий Гюл, Хьэжбэвыкъуэ Гъазми сымэ жаIащ газетыр илъэс 15 хъуауэ къызэрыдэкIыр, ар мазэ къэс зэ зэрагъэхьэзырыр, напэкIуэцIи 8 — 24-рэ хъууэ зэрызэхагъэувэр.
- — ЩIалэ 15 хуэдиз дызэхыхьауэ ди жэрдэмкIэ къыдэдгъэкIыу аращ мы газетыр, — жиIащ Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан. — Къэралыр зыкIи къыддэIэпыкъуркъым, ди щIэджыкIакIуэхэм илъэсым къыдат тедзапщIэращ къэдгъэсэбэпыр, къищынэмыщIауэ, хэкумкIи ТыркумкIи щыIэ ди адыгэ щIалэхэр мылъкукIэ къыщытхэувэ къохъу. Ахэращ зи фIыщIэр мыпхуэдэу дахэу газетыр къызэрыдэдгъэкIыфыр.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхигъэщащ «Жьынэпс» газетым и хъыбар куэд щIауэ зэрищIэр, Тыркум зэрыщилъэгъуар, Налшык дэс и ныбжьэгъухэм къазэрыIэрыхьэр.
- Газетыр къыдэзыгъэкIхэр ХьэфIыцIэм и деж къыщIэкIуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зэкъуэш республикэхэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыр номерхэм езыхэри къыхыхьэну зэрыхуейрат.
- — «Адыгэ псалъэ» (Къэбэрдей-Балъкъэр), «Адыгэ макъ» (Адыгэ Республикэ), «Черкес хэку» (Къэрэшей-Шэрджэс) газетхэм я номер зэхэтхэр илъэс 30-м щIигъуауэ къыдокI. Абы, зытеухуа Iуэхугъуэм елъытауэ, къыщыхыхьэ щыIэщ шапсыгъхэм, абазэхэм, абхъазхэм къыдагъэкI газетхэри. Ди гуапэщ апхуэдэ гукъыдэж фщIыуэ фыкъызэрыкIуар, жэрдэм фиIэмэ, фыкъыддэлэжьэну фи къарум фыкъигъэгугъэмэ, дэ дыарэзыщ. И чэзум тхыгъэхэр зэIэпытхрэ, зэрытеддзэным хуэдгъэхьэзырмэ, гугъуехь хэлъыну си гугъэкъым. Иджыпсту Iэмал хъарзынэхэр щыIэщ, дызэпэIэщIэми, дызэрыщIэу дызэдэлэжьэнымкIэ, тхыгъэхэмкIэ, сурэтхэмкIэ, гупсысэхэмкIэ дызэхъуэжэнымкIэ. КъыдэкIыгъуэ къэс зы Iуэху гуэрым тыдоухуэ, мы илъэсыщIэм ирихьэлIэу къыдэдгъэкIынум итынур, псалъэм папщIэ, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа ди лъэпкъэгъухэрщ, зыпэрыт IэнатIэм, я зэфIэкIым елъытауэ адыгэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIу ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэщ. Фэ абы фыкъыхыхьэну зэман къэнэжакъым, ауэ 2020 гъэм щегъэжьауэ къэдублэнщ. Фи къалэн нэхъыщхьэр тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ тхауэ къытхуевгъэхьынырщ, фэ фызыгъэпIейтейуэ е фызэры-
- гушхуэу, дэ тфIэгъэщIэгъуэну Тыркум къыщыхъухэмкIэ, дуней псом щикъухьа адыгэхэм ятеухуауэ фщIэ хъыбархэмкIэ фыкъыддэгуэшэну ди гуапэщ. Дэ бзэм, хабзэм, тхыдэм, щэнхабзэм, хэкужьым щыхъыбархэм, иджырей адыгэм и щыIэкIэ-псэукIэм, ди лъэпкъэгъу щэджащэхэм я IуэхущIафэхэм ятеухуа тхыгъэ купщIафIэхэм фыщыдмыгъэщIэну фыкъыдогъэгугъэ, — пищащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
- Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан дыщIигъуащ адыгэбзэкIэ тхыгъэхэр гъэхьэзырыным гугъу зэрыдемыхьынур, тыркубзэм нэмыщI, къыдэкIыгъуэ къэс адыгэбзэкIи напэкIуэцI зэрыхэтыр, иджы дызытепсэлъыхь къыдэкIыгъуэри я щIэджыкIакIуэ- хэм щIэщыгъуэ зэращыхъунур.
- «Жьынэпсым» къытохуэ, адыгэхэм я мызакъуэу, Тыркум щыпсэу кавказ лъэпкъхэм я хъыбари, абыхэм я бзэкIэ къаIуатэ тхыгъэ щхьэхуэхэри. КъищынэмыщIауэ, зэрыс къэралым къыщыхъу-къыщыщIэхэр тыркубзэкIэ традзэ, хъыбар нэхъыбэр а бзэращ къызэраIуатэр. НобэкIэ тиражыр мин мэхъу, ар гъэ къакIуэ минитIым нагъэсыну я мурадщ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.