Шыдыгъу
2019-12-03
- Журт Биберд
- Детектив повесть
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр
- №№138, 139, 140-хэм итщ).
- КъызэрыщIыхьам ещхьу, щэхуу щIэкIыжащ хъыджэбзыр. Капитанрэ Заурбэчрэ зэплъыжащ.
- — Еджэ къыпхуатхам! — къыпыгуфIыкIащ Капитан.
- АрщхьэкIэ Заурбэч щыст письмоулъэр зэтричыну дзыхь имыщIу, абы и псэм ищIат Маринэ фIы лъэпкъ къызэримытхыр. Къызэрищтам хуэдэу хьэлъэу игъэтIылъыжащ щIалэм письмор. «Заурбэч, укъэмыкIуэ, укъэмыпсалъэ. Ди адэр иджы хуэдэу къэгубжьауэ зэи слъэгъуакъым. Тхьэм щхьэкIэ си лъэIур гъэзащIэ, тIуми зы бэлыхьыр къыдищIэнущ. Маринэ». Арат письмом итыр.
- — Мы хъыджэбз цIыкIур кIуэцIикъухьауэ къыщIэкIынущ и адэ делэм! — жиIащ Заурбэч къэтэджауэ пэшыр къызэхикIухьурэ. — Армыхъуамэ, апхуэдэу къитхынутэкъым абы. Уэ дауэ уеплърэ, Капитан?
- — Хъыджэбзым ухуэзэмэ къэпщIэнщ, — Капитан и пащIэкIэ щIэгуфIыкIащ, Заубэч къыжриIэжа псори и щхьэм щызэблэжу, Маринэ и адэр псори зылъыхъуэ лIыукIыр арауэ гурыщхъуэ миныр ищIу. Ауэ дауэ нэхъ гъунэгъуу абы бгъэдыхьа зэрыхъунур? ХэкIыпIэ хъарзынэу щыIэр Маринэти, неIэмал, бгъэдыхьэкIэ щыIэжкъым.
- — Дэнэ щылажьэрэ хъыджэбзыр, Заурбэч?
- — Хэт и хъыджэбз? А-а, Марини? ЗыщIыпIи, илъэс хъуащ курыт шко- лыр къызэриухри, щысщ, зыщIыпIи мыкIуауэ.
- Маринэ и адэм и цIэ-унэцIэр Капитан зыгуэрым телефонкIэ жриIащ икIи елъэIуащ абы теухуауэ къыхуэщIэ псори имыгъэгувэу къыжриIэжыну.
- — Ари Iуэхум щыщщ! — и щхьэр ищIу-рэ нэбгъузкIэ Заурбэч хуеплъэкIащ Капитан. — Дыгъуэпшыхь нэхъ пасэу узэрыкIуэжар пхузогъэгъу!
- X
- Езид и къарур нэхъ зэрыубыды- жыхукIэ, и губжьри нэхъ ин хъурт, псэхупIэ къримыту. «Хэт мыпхуэдиз удын къыстезыдзар? Хэту пIэрэ зи гъуэгу зэпызупщIар?» — егупсысырт ар. Полковникым игу къигъэкIыжырт иужьрей илъэсхэм къаубыда бзаджащIэхэр, ялэжьахэр. Абы шэч къытрихьэртэкъым удын къезыдзар абыхэм зэращыщым. Ауэ хэт? Адыгэм ауэ жиIакъым «Дыгъум зы гуэныхь къехьри, зэдыгъуам гуэныхьищэ къехь», — жиIэу.
- Иужьрей илъэсхэм ялэжьа щIэпхъаджагъэу зэхагъэкIахэм ящыщу Езид гурыщхъуэ щым хуищIырт. Ахэр и щхьэ щызэригъэзэхуэжырт, иныкъуэхэр зэрыщыта дыдэм хуэдэу къищIэжырт, языныкъуэхэри пшагъуэм фIыхэкIуэдэжырт. А Iуэхугъуищым ящыщу зытриубыдэнур ищIэртэкъым. Зэм, ахъшэ нэпцI зыщIу яубыдахэм нэхъ тригъащIэрт. Абы щыгъуэ ягъэтIысахэр иджыри лъэхъуэщым исщ, ауэ фIы дыдэу ещIэж «ахъшэ нэп-цIыр» зыщIа псори яубыдауэ зэрыщымытар. Яубыда щIалищым псори я пщэ далъхьэжри, мылици прокуратури гъэпкIауэ къагъэнауэ щытащ. АтIэми, яубыдахэм нэхърэ ямыубыдахэр куэдкIэ нэхъ къуаншэт. АтIэ ахэр жей уфIэщIрэ? Мис, зэман хъарзынэ дагъэкIри, ялъ ящIэжащ.
- Езид абыхэм егупсысу здэщытым, гу лъитащ я пщIантIэ къыдыхьэхэм. Ахэр Езид и Iуэхум яужь ит щIалэхэрт. Полковникыр япежьэри ахэр къригъэблэгъащ.
- — Уа, полковник, ухъужащ уэ, ауэ лэжьапIэ уныщIыдэмыкIыжыр сщIэркъым, — жиIащ Заурбэч. — Куэдщ зэрызыщIебгъэхар. Мы Сэфарбий жи-Iэр пэжмэ, уи Iуэхури мыгувэу зэхэкIынущ. Ауэ, уэри тIэкIу укъыддэмыIэпыкъуу хъунукъым!
- — СыткIэ, жыфIэ закъуэ! — къилыдыкIащ абы и нэр. — СыткIэ сызэрывдэIэпыкъуфынур?
- — Щхъуэжь КъаниболэткIэ еджэу зыгуэр пцIыхурэ, е лэжьапIэкIэ е нэгъуэщI зыгуэркIэ ухуэзауэ? — щIэупщIащ Капитан. — Егупсысыт фIыуэ!
- — Щхъуэжь Къаниболэт, Щхъуэжь Къаниболэт, — ину жиIащ езы Езиди, хэгупсысыхьауэ.
- Дакъикъэ зыщыплIкIэ щысащ ар щыму.
- — КъысхуэщIэжыркъым апхуэдэ! — жиIащ Езид, — сыхуэзэн дэнэ къэна, апхуэдэ цIэ-унэцIэ зэхэсхауэ сщIэжыркъым.
- — АтIэ Шыдыгъу цIэм зыгуэр къыбжиIэрэ? Ар цIэ лейуэ аращ, — къыщIигъуащ Капитан и псалъэхэм.
- — Ар сыткIэ си Iуэхум епха? — щIэупщIащ Езид, гурыщхъуэ гуэрхэр ищIауэ.
- — Уи Iуэхум епхауэ хуэдгъэфащэу аращ, зэкIэ, — къыхыхьащ Сэфарбий псалъэмакъым. — Егупсысыт фIыуэ.
- Езид зыкъомрэ щыму щысащ. Жэуапым и пIэкIэ, «сщIэркъым» жыхуиIэу, и щхьэр игъэсысащ.
- — Дэгъуэщ. УщыцIыкIум, фи адэр щIыналъэ мылицэм и унафэщIу щылэжьам, фи къуажэ участковэу щытауэ пщIэжрэ — Щхъуэжь КъанейкIэ еджэу? — Езид нэхъ гъунэгъуу Iуэхум иришэлIащ Сэфарбий.
- — Дэсащ апхуэдэ участковэ, — жиIащ Езид, — сыщымыуэмэ, ягъэтIысауи щытащ ар, Iэщ зыдыгъу гуп къызэригъэпэщауэ.
- — Тэмэмщ! — нэжэгужэ къэхъуащ Сэфарбий.
- — Абы бын сыт иIауэ пщIэжрэ, Езид? — дыщIигъуащ Капитан.
- Езид и дамэхэр дригъэуеящ «сщIэркъым», жыхуиIэу.
- — Егупсыс, полковник, егупсыс. Iэмал иIэкъым ар уэ умыщIэжынкIэ, шыдыгъум яхэту ягъэтIысауэ щыта щIалэ цIыкIур, участковэм и къуэр, — пищащ Заурбэч.
- Езид щысхэм ней-нейуэ еплъащ:
- — Тхьэ соIуэ, щыIакIэ апхуэдэ зыгуэр… ауэ фIыуэ къысхуэгубзыгъыжыркъым! Хъунщ, щыIащ апхуэдэ… Сыт зэман щIа абы лъандэрэ, иджы щхьэ къыдилъэфыжа ар?
- — Мис абы щыгъуэ ягъэтIысауэ щыта щIалэ цIыкIур арауэ хузогъэфащэ удын къозыдзар, Езид, — къэпсэлъащ Капитан нэхъ тегушхуауэ.
- — Сыт щхьэкIэ къызихын хуей сэ абы лей? КъызгурыIуэркъым. Фэ зыгуэрхэр зэхывогъэзэрыхь! — идэркъым Езид.
- Езид хуаIуэтащ Шыдыгъум теухуауэ ящIэ псори, Заурбэч пщэпкъкIэ къызэрырихьэкIари хэту. Езид гуитIщхьитI хъуащ. «Е щIалэхэм зыгуэрхэр зэхагъэзэрыхьащ, е сэ зыгуэр нэ-су къызгурыIуэркъым» — егупсысащ ар. Псом хуэмыдэу полковникыр хэзыгъаплъэр Шыдыгъу и теплъэу Заурбэч къыжриIарт, хуабжьу зэщхьт Езид къеуамрэ абырэ. Ауэ Заурбэч зыгуэр зэхимыгъэзэрыхьу пIэрэ? ЩIалэщ, пщIэнукъым къэхъуну псор.
- — Удын къызэзыдзар мы зи гугъу фщIыр арамэ, щIэпхъаджэ зылэ- жьар уэрамым хуиту дэтщ. Ар нэхъ шынагъуэщ. Дэтынущ къытщыдыхьэшхыу, игукIэ ауан дыкъищIу. Хьэмэ, сыщыуэрэ?
- — Ущыуэкъым. Дэ ди Iуэхур куэдкIэ нэхъ гугъущ икIи нэхъ хэплъэгъуэщ уэ удын къозыдзам нэхърэ.
- — НэгъуэщI зы хъыбарыщIи вжес-Iэнщ, — жиIащ Сэфарбий. — Уэ лIыукIым къыпIэщIилъхьа кIэрахъуэр къыздикIар къэдгъуэтащ. ФщIэжрэ илъэситI япэкIэ яукIауэ щыта мылицэ щIалэр, а цIыкIуитI къызыщIэнар?
- — ДощIэж…
- — Щхьэ дымыщIэжу…
- — АтIэ мис абы и кIэрахъуэ кIуэдауэ зылъыхъуэрщ уэ къыпIэщIалъхьар, Езид.
- — Ар дауэ Шыдыгъу зэрыIэрыхьар? — и дамэхэр дригъэуеящ Езид.
- — ЗэрыIэрыхьар, сэ сызэреплъымкIэ, мыращ: бзаджащIэхэр щрахужьам, зэрызехьэ ин къэхъуауэ щытащ, шыгъэжапIэм деж. Мис абдежщ щIалэр щаукIари. Иджыри зэ жызоIэри, сэ сызэрегупсысырщ. АтIэ мис абдеж Шыдыгъум щIалэр иукIри, и кIэрахъуэр къищтащ икIи зигъэбзэхащ. Аращ. Иджы мис къигъэсэбэпати, кIэрахъуэр хыфIидзэжащ. Уэращ кIэрахъуэр зыIэщIэлъари, уэращ жэуап зыхьыр. КъыбгурыIуэрэ мыбы зэхэзэрыхьа къомыр?
- — Сыт абы къыбгурымыIуэну хэлъыр? — нэщхъейуэ пыгуфIыкIащ Езид. — Шы къидыгъуу ягъэтIыса яужь, илъэс дапщэкIэ щыса ЩхьэхуэфI Къаниболэт? — еупщIащ ар Сэфарбий.
- — Плъагъурэ, ар балигъ хъупатэкъыми, цIыкIуху сабий колонием исащ, балигъ зэрыхъуу здэщыIэн хуейм ягъэкIуэжащ. Исащ, тралъхьа илъэситхур иухыхукIэ.
- — КъикIыжа иужькIэ щIэпхъаджагъэ илэжьа? ЕтIуанэу суд пащхьэ ихьа?
- — Хьэуэ. Лъэхъуэщым къикIыжа иужь и суд ящIакъым, ауэ совет зэманым сондэджэрышхуэу щытащ. Куэдрэ къралъэфэкIащ мылицэм, ауэ и суд ящIакъым. Иджы, советскэр къутэ- жа иужь, хъуит хъуауэ сондэджэрщ.
- — Хьэуэ, Сэфарбий иджы сондэджэркъым, абыхэм зэреджэр хьэрычэтыщIэщ, бизнесменщ, сэ сщIэ мыгъуэрэ, Iэджэ зыфIащащ абыхэм.
- — Дэ дызылъыхъуэр ара дыдэу сощIри, диIэкъым, фиIэкъым фэ ар щIэвгъэтIысын щхьэусыгъуэ! Фыарэ-зы абыкIэ? — щIэупщIащ Езид.
- — Ар дэри дощIэ, Езид, а щхьэусыгъуэр къэдгъуэтыну аращ ди къалэн нэхъыщхьэр.
- — Зэрызелъафэ Iей хъуащ, мазэ дапщэ дэкIа фэбжь къызэрыстехуэрэ? — и дамэхэр дригъэуеящ Езид.
- — Ар кIыхьлIыхь зэрыхъуам щхьэкIэ, кхъуей хьэпIацIэу сагъэлъащ зыма-хуэ. Насып сиIэти, министрыр кърихьэлIати, къысщхьэщыжащ. Псоми зэхахыу къызжиIащ:
- — Сэ сынолъэIу, щIалэфI, нэхъ епIэщIэкI, ауэ къуаншэр къэгъуэт. Си фIэщ хъуркъым полковник Бэвыкъуэ Езид лIы иукIауэ, иукIыпауи сощIри, зихъумэжауэ аращ.
- — Алыхьым фIыгъуэр къыхуищIэ министрми! — жиIащ Езид. — Симыгугъауэ цIыху хьэлэмэту къыщIэкIащ. Сэ сщIэрт ар зэрымыцIыху Iейр, ауэ апхуэдиз дыдэу гу пцIанэу си гугъа- къым.
- — Ей, а си къуажэгъужьри, а си къуажэгъужьыр! ЛIы ирокъу ар! — хуабжьу зигъэщIагъуэу къэпсэлъащ Заурбэч.
- Пщыхьэщхьэр хэкIуэтати, щIалэхэр зэбгрыкIыжащ, махуищ хуэдиз дэкIмэ, зэхуэзэну зэгурыIуэри.
- А жэщым Езиди жейм нэхъ езэгъащ.
- XI
- ЩIымахуэр зэуэ къызэрихьам хуэдэу, икIыжри хуабэ къэхъужащ. ИкъукIэ щIымахуэ дахэу екIуэкIащ мыгъэрейр. Куэд щIауэ апхуэдэу щытауэ нэхъыжьхэми ящIэжыркъым. Хуабэм хуэзэша цIыхухэр уэрамым дэзщ. Езиди, сабийм хуэдэу, хуабэ кIапэлъапэ зэрыхъуу, щIыбым къыщIэкIащ. Тесщ, куэбжэпэм деж щыт тетIысхьэпIэм, цIыкIухэр зэрыджэгум йоплъ, щогуфIыкI. Абыхэм яIуплъэху езым и сабиигъуэр игу къокIыж, езы-ри зэгуэр апхуэдэу псыхьэлыгъуэм хэтащ. МыукIытамэ, и вакъэхэр лъихынт, и гъуэншэдж лъапэхэр дригъэджэрэзеинти, яхэлъэдэнт абы- хэм. Ауэ ар тесщ тетIысхьэпIэм, мы дуней насыпыр зиIэхэм псэкIэ ядоджэгури.
- Езид абыхэм дихьэхауэ здеплъым и хъыджэбзыр къыдэкIри къыжриIащ:
- — Папэ, Капитан къопсалъэ, «укъыдэкIыну» жи?
- — А-а, ар къызэрызгъэгугъар сщыгъупщэжати. ЖеIэ сызэрыкIуэр.
- Езид къыдыхьэжри, егугъупэу зыкърихащ, мазэ зыбжанэ хъуауэ, иджы япэу дыхьэурат къалэм. Уэрамхэми цIыхухэми яхуэзэшат. Капитанрэ Заурбэчрэ абы къежьэу Абхъазым и утыкум итт, Езид къызэралъагъуу, къыпежьащ.
- — Сыту фIыт, Езид, башыр зэрыбгъэтIылъыжар! — щыгуфIыкIащ абы Капитан.
- Заурбэч полковникыр и щхьэм щыщIэдзауэ и лъакъуэм нэс къызэпиплъыхьри, къыIурыщэщащ:
- — Иджы цIыху сурэтым укъихьэжаи!
- Заурбэч полковникыр зэщIиубыдэ-ри IэплIэ хуищIащ.
- — Пщэдей фIэмыкIыу лэжьапIэ уныдокIыж! — и Iэгухэр зэтригъэуащ Заурбэч.
- ЩIалэхэр уэршэру здэщытым, къыздикIари къыздихуари ямыщIэу, Исуф къажьэхэхуащ.
- — Плъагъуркъэ мыхэр, щымылажьэхэми зэкIэрыкIынукъым! — жиIащ абы, — лъапэ махуэ къыуихьэжьэж, нэхъыжь, уи фэхэри Iейкъым, къущхьэхъу къикIыжа хакIуэжь ухуэдэщ…
- КъэувыIэжыкIэ имыщIэу зыкъом къибжри, Исуф и псалъэр мыпхуэдэу иухащ:
- — НыдэкIыж, лэжьакIуэ, ныдэкIыж! Хъунщ узэрыщысар, арыншэми цIыху дрикъуркъым!
- — Мыр сыт, Исуф, къулыкъущIэ хуэдэ уопсалъэри, — жиIэу Езид къыщригъажьэм, жиIэнум нимыгъэсу Исуф ар зэпиудащ.
- — ТIэ сыкъулыкъущIэкъэ? Зэхыумыхами сщIэркъым, сэ куэд щIащ ди начальникым и заместителу сызэрылажьэрэ.
- — Iэу, дынохъуэхъу, зэхэсхакъым, армыхъумэ, сымаджэщым сыкъыщIэкIынти, хъуэхъуакIуэ сынэкIуэнтэкъэ!
- Езид и хъуэрыбзэр къыгурымыIуауэ, Исуф и псалъэм пищэжащ:
- — Зэхэпхын хуеящ зэхыумыхами! Мы щIалэхэм къыбжаIэн хуеящ.
- — Уэлыхьи билэхьи, аргуэру дыкъуэншамэ, Капитан, ар дауэ тIэщIэхуа Исуф зэрыдрагъэкIуэтеяр Езид жедмыIэу? Сэри сэрщ, сыщIалэщ, сыщхьэприхащ, уэ-щэ? Уи ныбжь нэсатэкъэ, а хъыбарыр Езид жепIэну. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу укIуащ сымаджэщым…
- — Iуэхукъым жевмыIами, мис иджы къищIащ! — жиIэри, Исуф щIалэхэм сэлам яримыхыжу, IуигъэзыкIыжащ.
- — Уэ, Заурбэч, лейуэ гугъу зыбогъэхь, — ауан щIэлъу къыпыгуфIыкIащ Капитан. — Догуэ, ар иджыпсту ауан зэрыпщIар къыгурыIуауэ, е къыгуры- Iуэн уфIэщIу ара? Мы дунейр къутэжыхукIэ къыгурымыIуэну аращ!
- — Сыт щыгъуэ а делэр щыдрагъэ-кIуэтеяр? — щIэупщIащ Езид.
- — Мазэ зыщыплI мэхъу.
- — Къэвгъанэ, тхьэм щхьэкIэ, хэт зэман зытедгъэкIуадэр?
- — ФынакIуэ, япэщIыкIэ хущхъуэ щапIэм дыIухьэнщи, Iуэху тIэкIу сиIэщи, зэфIэзгъэкIынщ, — жиIэри, и гъусэхэр иришэжьащ Езид.
- Езид щIэрыщIэу къалъхужауэ фIэкIа къыщыхъуртэкъым. Мо дыркъуэшхуэмрэ хэлъын куэдымрэ ирагъэзэшати, иджы псори фIэщIэщыгъуэт, фIэIэфIт. АтIэми, гъатхэ махуэ дахащэт, гумрэ псэмрэ къызэщIиIэтэу. Ахэр хуэмурэ ехырт хущхъуэ щапIэмкIэ, я цIыхугъэ къахуэзэхэми, зэрабгъэдэт щIагъуэ щымыIэу.
- — Езид, а нетIэ къыдбгъэдыхьар зэи щIэупщIакIуэ нэмыкIуауэ ара? — щIэупщIащ Заурбэч игъэщIагъуэу.
- — Хэт жыхуэпIэр? Исуф узытепсэлъыхьыр? — жиIэри, Езид и Iэхэр лъагэу къиIэтри, хьэлъэу иридзыхыжащ. — Фэбжь къызэрыстехуэрэ, нобэ япэу слъагъуу аращ.
- — Уи ныбжьэгъу дыдэхэр къыщыпкIэлъымыкIуэж щыIэщ. Махуэ къэс зэдефэ-зэдэшхэу, я псэр зы чысэм илъу къыпщыхъухэр зэкIэлъыкIуэжыркъым иджы, — къыхыхьащ Капитан псалъэмакъым. — Тхьэм къысщимыгъэщIIакIэ жыIэ, армыхъумэ, псори щхьэгъэпцIэжщ. ЦIыхухэр, япэм хуэдэу, фIыуэ зэрылъагъужыркъым. Псори ахъшэм теухуа хъуащ. Ахъшэ уиIэ — уэ пхуэдэ дунейм теткъым, уимыIэрэ — уи Iуэхур зэфIэкIауэ аращ. Апхуэдэу ищIащ цIыхур мы нобэ дыкъызыхэхута гъащIэм. Къуажэ школым дыщыщеджэм щыгъуэ егъэджакIуэхэм къыджаIэу щытащ: «Капиталист къэралхэм цIыхухэр фIыуэ щызэрылъагъуркъым, цIыхур цIыхум дежкIэ дыгъужьщ». ПщIэжыркъэ, Езид, апхуэдэу жаIэу щытауэ?
- — Сыт щIэзмыщIэжыр!
- — Абы ещхьыркъабзэ дыхъуауэ аращ нобэ! Уи щхьэ закъуэ фIэкIа узыщыгугъ хъун щыIэжкъым! — хикъузэжу иухащ Капитан и псалъэр.
- — Сэ сыарэзыкъым абыкIэ, — и щхьэр игъэсысурэ жиIащ Заурбэч. — Иджыри щыIэщ цIыхуфIхэр, гумащIэхэр, цIыху пэжхэр. Жыжьэ сыкIуэнкъым, фэ тIури фыапхуэдэ цIыхуу собж.
- — Пэжщ, Заурбэч, щыIэщ иджыри цIыхуфIхэр, ауэ ахэр икъукIэ мащIэщ.
- — МащIэщ, — арэзы хъуащ Езиди.
- Заурбэч псалъэмакъым нэхъ ину зригъэубгъун игугъат, арщхьэкIэ ахэр здэкIуэнум нэсат.
- — ФыкIуэ, фэ фыщIыхьэ, сэ зы тутын згъэсынщ, — жиIащ Капитан, — слъагъу хъуркъым хущхъуэмэр!
- Езидрэ Заурбэчрэ хущхъуэ щапIэм щIыхьащ. ЦIыху зыщыплIт абы щIэ-тыр. Хущхъуэ зыщэ цIыхубзыр щилъагъум Езид мащIэу къэуIэбжьащ. «Мы дахэ дыдэр дэнэ иджыри къэс здэщыIар? НэгъуэщI мыхъуми, блэкI пэтрэ зэ щхьэ дымылъэгъуарэ?!» — жиIащ абы игукIэ.
- ЛIитIыр къыщилъагъум, цIыхубзым нэшхуэгушхуэ дыдэу жиIащ:
- — СыныводаIуэ…
- Хущхъуэ кърищэхуну хуатха рецептыр цIыхубз дахэ къэIэбам ири- тащ Езид. Полковникым занщIэу гу лъитащ абы Iэлъын зэрыIэрымы-лъым. «ЛIы иIэкъым жысIэнущи, си фIэщ хъуркъым, иIэмэ, Iэлъыни щхьэ Iэрымылърэ-тIэ?» — егупсысащ Езид. ЦIыхубзри рецептым еплъурэ лъэныкъуэкIэ IукIащ. Абы хэту хущхъуэ щапIэм лIы кIыхь къыщIыхьащ, къэухьышхуэ зиIэ пыIэ щхьэрыгъыу, нэгъуджэ фIыцIэ Iулърэ плащ хужь кIыхьи щыгъыу. И теплъэкIэ ар Езид фэбжь къытезыдзам ещхьыркъабзэт. Полковникымрэ лIымрэ я нэхэр зы дакъикъэкIэ зэхуэзащ. ЛIым Езид зэрилъэгъуар зыуи къыщыхъуакъым, уеблэмэ, ицIыхуххэуи умыщIэну Iэдэбт.
- Езид и мызакъуэу, Заурбэчи къэуIэбжьащ. Абы игугъащ хущхъуэщапIэм къыщIыхьар Маринэ и адэр арауэ. А тIур къызэпачауэ зэщхьт. Ауэ Заурбэч и нэ жанхэм къаубыдащ къыщIыхьа лIым и нэкIу сэмэгум тет хьэмцIыракIэ цIыкIур. Апхуэдэ теттэкъым Маринэ и адэм. ЛIым Езид- рэ Заурбэчрэ чэзууэ къызэпиплъыхь-ри, хущхъуэ зыщэр здэщытым деж хэлъ бжэмкIэ щIыхьащ, цIыхубзым зыгуэр жриIэри. Хущхъуэ зыщэ цIыхубзри абы кIэлъыщIыхьащ.
- — Сыт жыпIэнур, Заурбэч? — жиIащ Езид.
- Заурбэч мащIэу къыпыгуфIыкIри жэуап къитащ:
- — Аракъым ар, Езид!
- — Дауэ армырауэ? Си нэр нэжмэ, аращ, мыгъэрегъэм зи гугъу тщIырщ.
- — Хьэуэ, Езид, аракъым, сэри сигугъащ ар. Зэщхьщ, егъэлеяуэ зэщхьщ, ауэ аракъым.
- — Щхъуэжь Къаниболэт псэууэ дунейм тетыжмэ, мо щIыхьар аращ, мыпсэужмэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ! — быдэу жиIащ Езид.
- — Апхуэдэу ущигугъэкIэ, дегъауи дыгъэубыд!
- — Дауэ? Iэщэ иIыгъыу къыщIэкIынущ…
- А тIур щэхуу зэпсалъэ пэтми, хущхъуэ щапIэм щIэтхэм гу къылъатауэ къеплъырт. Куэдыщэри щIэтакъым лIыр здыщIыхьам, къэгубжьауэ къыщIэкIыжри, адэкIи мыдэкIи мыплъэу хущхъуэ щапIэм къыщIэцIэфтащ. Абы яужькIэ, дакъикъэ зыщыплIкIи къыщIэкIыжакъым хущхъуэ зыщэ цIыхубзыр, ауэ къыщыщIэкIыжам ари и фэм итыжыртэкъым, къыщиуду гъын хьэзыру, и нэхэм нэпсыр къекIуат.
- — А-а, уэ хущхъуэ уэстын хуейт, — къищIэжащ абы Езид сымэ къыщилъагъум, икIи рецептыр здихьар имыщIэжу, зыкъомрэ къилъыхъуащ.
- Езид хущхъуэ къритар и жыпым ирилъхьэну хунэмысауэ, аптекэм цIыхубзитIрэ зылIрэ къыщIыхьащ. Езид IэщIэлъ хущхъуэр щалъагъум, лIым жиIащ:
- — Къысхуэгъэгъу, ныбжьэгъу, зы дакъикъэкIэ сегъэплъыт къэпщэхуахэм.
- — Еплъ, — къыхуишиящ абы Езид иIыгъ хущхъуэхэр.
- ЛIыр хущхъуэхэм еплъри, цIыхубзитIым яритащ:
- — Феплъыт!
- — Аращ! — жаIащ тIуми зыжьэу.
- Къэхъуар къыгурымыIуэу, Езид Iэнкун хъуащ.
- — Мы пIыгъхэр хущхъуэ нэпцIщ, — жиIащ цIыхубзитIым язым. — Зыри къуищIэнукъым, ауэ сэбэпи къыпхуэхъунукъым.
- — Базэм хущхъуэ нэпцI куэд къашащи, хущхъуэ щапIэхэр къэтпщытэу аращ, — Iуэхур нэхъ зэIубз ищIащ адрей цIыхубзым.
- Хущхъуэ щапIэм щIэт цIыхубзыр, уепщамэ джэлэну, къызэIыхьащ. Ар апхуэдизкIэ Iэпэлъапэсыс хъуати, зэIэбри ищIэжыртэкъым. Ар щилъагъум, Езид щабэу жиIащ:
- — Умыгузавэ, дэ иужькIэ дыкъыщIыхьэнщ.
- Абы къыфIимыгъэкIыу Езид апте-кэм къыщIэкIыжащ, Заурбэч зыгуэрхэр жриIэурэ. Капитан, етIуанэ тутыныр щIигъэнауэ щытт.
- — Абы ныщIыхьэу къыщIэкIыжа лIыр флъэгъуакъэ? — жиIащ абы зэкIэлъигъэпIащIэу.
- Заурбэч зэуэ къыщиудри ину дыхьэшхащ.
- — Тлъэгъуащ, тлъагъуу къэнэжа къудей, ауэ ар уи гур здэжар аракъым.
- — Сэ ар зэи слъэгъуакъым, ауэ фэ жыфIахэм тесщIыхьащи, адэкIи мыдэкIи кIуапIэ имыIэу Шыдыгъущ!
- — Сэр дыдэм аращ жысIэр, ауэ шынэхъыщIэм къысхуидэркъым. НэхъыщIэр нэхъ нэ жанщ, едэIуэн хуейщ, — жиIащ Езиди.
- — ТIэ, фынакIуэ, паркымкIэ дыкIуэнщ, Тхьэ соIуэ университетыр къызэрызухрэ симыхьа абы. Нобэ Езид и фIыщIэкIэ ди паркыжьми дыкъеплъынщ.
- — Илъэс дапщэ хъуа Капитан а зи гугъу пщIы университетыр къызэрыбухрэ?
- Капитан ней-нейуэ Заурбэч къеплъащ:
- — Илъэс дапщэ щIами, щIалэжь цIыкIу, уэ гъуэншэджыншэу унэ лъэ-гур къыупщыхьырт.
- Ахэр ину дыхьэшхащ.
- — Нэсри къэсыжауэ фыугъурлыщ, — абыхэм я щIыбымкIэ къыдыхьащ Мурадин, Езид и щIалэр. — Ди дадэ сыкъигъэкIуащ, ныщхьэбэ уи ныбжьэгъухэри уи гъусэу, къуажэм укIуэжын хуейуэ, — жиIащ абы, Заурбэчрэ Капитанрэ сэлам ярихыурэ.
- Езид сыхьэтым еплъащ.
- — Сытым деж дыщыкIуэжын хуейуэ жиIар?
- — ПыухыкIауэ сыхьэт бжыгъэ жиIакъым, пщыхьэщхьэ фыкъэкIуэж жиIащи, пщыхьэщхьэ дыкIуэжынщ.
- — Дэгъуэщ, дэ тIэкIу паркымкIэ зыщытплъыхьынщи, дыныдыхьэжынщ, — жиIащ Езид, — ди анэм жеIэж и шхын нэхъыфIхэм щыщ игъэхьэзырыну.
- ЩIалэхэр паркымкIэ кIуащ. Капитан Езид зыхуигъэзащ:
- — Дауэ къыпщыхъурэ мы паркым иращIар?
- — Абы лъандэрэ укъимыхьауэ ара?
- — СыкъэкIуат зэ, мыпхуэдэу Iисраф зэращIар си жагъуэ хъури, иужькIэ сыкъэкIуэжыфакъым. СыкъэкIуэпэнуми зэман сиIэкъым.
- Заурбэч щыму едаIуэрт и гъуситIым жаIэм. Абы ицIыхур нобэрей паркырт, нэгъуэщI парк илъэгъуатэкъым.
- — СлIо, иджы нэхърэ нэхъ дахэу щытауэ ара ди паркыр? — игъэщIагъуэу щIэупщIащ ар.
- — Нэхъ дахэу щытауэ ара жи?! Мо удз гъэгъа Iуащхьэм и пIэкIэ щыта псыутхыр сыт и уасэт! Гъэмахуэ шылэми а псыутхым гъунэгъу ухуэхъуамэ сытым хуэдэу укъигъэщIыIэтыIэрэт!
- — Уэлэхьи якъутэн хуэмея ар. Сэ сыт хуэдэ къалэ сыщымыIами, апхуэдэ зыщIыпIи щыслъэгъуатэкъым.
- — Пэжщ, бэлыхьт! Сталиным и фэеплъышхуэр-щэ? Зэтракъутащ псори.
- — Абыхэм я закъуэ, паркым жыг итыжкъым, ежэри къраупщIыкIащ.
- ЩIалэхэр япэ зыхуэза тетIысхьэ- пIэм зыкъомрэ тесащ. Парк Iуэхур яухри, нэгъуэщI Iэджэм я щхьэфэ иIэбащ ахэр.
- — АтIэ, щIалэхэ, фынакIуэ, ди адэм деж дыдыхьэнщ.
- XII
- И щIалэр хъужу сымаджэщым къызэрыщIэкIыжам щхьэкIэ Хьуд (Езид и адэм), гъэлъэхъу иукIащ. Абы куэдыщи къригъэблэгъакъым — Езид къыдэлажьэ щIалитIымрэ хьэблэм дэс гъунэгъухэмрэт. Ар хуейтэкъым и щIалэм къылъыса лейр хэIущIыIу ищIыщэну. Гупыр дахэу зэхэсащ пщыхьэщхьэм, хъуэхъуфI куэди щыжаIащ. Псом хуэмыдэу Заурбэч и гушыIэ пIаскIуэмрэ хъуэр дахэмрэ псори дихьэхат. Уеблэмэ, Езидрэ Капитанрэ, я лэжьэгъу щIалэщIэр фIы дыдэу зыцIыхуу зигугъэжхэри, я жьэр Iурыхуауэ къигъэнат абы.
- НэгъуэщI зы щэхуи къащIащ Езид- рэ Капитанрэ а пщыхьэщхьэм, ар Заурбэч тIэкIу ефа иужькIэ яхуэмыгъэувыIэжу зэрырихьэжьэрщ. Ауэ гъэщIэгъуэнракъэ, и чэф тIэкIур теу-жа иужькIэ Заурбэч фIы дыдэу ищIэжырт ефэ Iэнэм щыса псори.
- — Уа, щIалэфI, емыкIу сыкъыумыщI, уэ цIэ уиIэкъэ, дыкъызэрыщIыхьэрэ псоми Капитан, Капитан жаIэ? — гупым я нэхъыжьым Капитан зыхуигъэзащ, — хьэмэрэ ар уи цIэ дыдэу ара?
- Капитан нэхъыжьым жэуап иритыну зигъэхьэзырауэ, Заурбэч къэпсэлъащ:
- — Плъагъурэ, ди нэхъыжьыфI, цIыхур дунейм къыщытехьам деж цIэ фIащ. ЦIэ бэлыхь фIащауэ щытащ ди Капитан, «Мухьэдин» — жаIэри. А цIэр зэрихьащ мылицэм хыхьэу зыкъом щIэхукIи, ауэ зэгуэрым, аддэ советскэ властым и зэманым, зы къулыкъущIэшхуэ гуэрым пэпсэлъэжри, и гъащIэ псор и IэкIэ икъутэжащ. Мис а къулыкъущIэр къыхузэгуэпщ, къыхузэгуэудщ аби, нэгъуэщI кърищIэфыртэкъыми, игъащIэ псокIэ капитану къигъэнащ. Абы иужькIэ мо цIэ хьэлэмэтыр фIэкIуэдри, Капитану къэнащи, нобэми ныжэбэми зэрехьэ, сыт мыгъуэ ищIэн!
- — А зиунагъуэрэ, советскэ властыр зэрыкъутэжрэ незэман, — къэпсэлъащ гупым щыщ нэгъуэщI зы лIи, — абы иужькIэ драгъэкIуэтей хъунутэкъэ?
- — «Хъунутэкъэ драгъэкIуэтей» — жи! Ауэ сытми хъунут, ауэ совет властыр якъутэжа щхьэкIэ, иджыри къулыкъу зыщIэр абы щыгъуэ зыщIахэращ! Дэнэ уздэкIуэнур?!
- Гупыр куэдрэ дыхьэшхащ, иужьым нэхъыжь дыдэр къэпсэлъащ:
- — Иджы, си ныбжьэгъужьхэ, дызэхуэарэзыуэ дызэбгрыкIыжынщ. Ди бысымми загъэпсэхун хуейщ, дэри, Тхьэм жиIэрэ нэху дыкъекIмэ, Iуэху зырыз зимыIэ къытхэткъым. УпсэухукIэ, Езид, уи щхьэкIи фIыуэ плъагъухэмкIи фэбжьу къывэуэлIэнур абы ирикIуауэ Тхьэм къыщIигъэкI. Дяпэ- кIэ уузыншэу куэдрэ дунейм тхьэм утригъэт.
- — Тхьэм жиIэ! — зыжьэу жаIащ Iэнэм пэрысхэм.
- ГуфIэгъуэм кърихьэлIахэр зэбгрыкIыжри, унагъуэр езыр-езыру къызэхэнащ, Езид и ныбжьэгъу щIали-тIыр я гъусэу. Хьуд гупыр зыщIэса пэшымкIэ щIыхьэжри, зыпэрыса Iэнэм бгъэдэтIысхьэжащ.
- — ФыкъакIуэ мыдэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ, хамэхэр я унэ кIуэжа иужькIэ, зы бжьэ яIэтыж хабзэщ ди дежкIэ, — жиIащ абы. — Фи дежкIэ-щэ, Заурбэч?
- — Ди нэхъыжьыфI, а хабзэр къэзыублар нэсри къэсыжауэ угъурлы гуэру къыщIэкIынт. Хуабжьу сигу ирохь ар!
- Ахэр зы бжьэ-бжьитI ефа иужькIэ, Iуэхум щымыщ-щымыщу Капитан щIэупщIащ:
- — Уа, Хьуд, зауэ нэужьым фи къуа-жэм дэса участковэ мылицэр сыт хуэ-дэ цIыхут?
- — Зауэ нэужьым участковэ мыли- цэу зытIущ дэсащ, Капитан, дэтхэнэрауэ пIэрэ узыщIэупщIэр?
- — ЯгъэтIысауэ щытащ ар…
- — А-а, Щхъуэжьращ уэ жыхуэпIэр. А гъуамэм щхьэ ущIэупщIэрэ, пцIыхуу щытауэ ара, хьэмэрэ…
- — Хьэуэ, Хьуд, сцIыхуу щытакъым, лэжьыгъэ IуэхукIэ срихьэлIауэ аращ.
- — Ей, щIалэфIхэ, гуауэ куэд къыдилъхьащ абы мы жылэм. Ахэр нобэми ящымыгъупщэжауэ ящIэж къуажэдэсхэм.
- — Моуэ нэхъ кIыхьыIуэу къызжеIэ-жыт, Хьуд, а хъыбарыр, — жиIащ Капитан, Щхъуэжьым теухуауэ нэхъыбэIуэ къищIэмэ зэримыжагъуэр и псалъэхэм къыхэщу.
- — ИлъэситI фIэкIа зауэм сыхэмыту уIэгъэ хьэлъэ сыхъури, госпиталым мазиблкIэ сыщIэлъащ, — къригъэ-жьащ Хьуди, куэдри зримыгъэлъэIуу. — ТIэ, абы иужькIэ зауэм сагъэкIуэжакъым, си лъакъуэ лъэныкъуэр да-хэ-дахэу къыздэбзыртэкъыми. Нобэми зыкъызегъащIэ абы. ТIэ, сыкъыздэкIуэжам къуажэ советым и унафэщIу сылажьэрт. Зы лIыжь дэст участковэ мылицэу, лэжьэжыфыртэкъым, мылэжьэжыфми емыкIу хуэпщI хъунутэкъым, хэкIуэтат и ныбжьыр, узыншагъэ щIагъуи иIэжтэкъым. IэмалыншагъэкIэ яIыгът, нэгъуэщI къагъэ-кIуэн ямыгъуэту. ТIэ, абы къыхэкIа, е нэгъуэщI, дыгъур куэд хъуауэ — дагъэбэуэжыртэкъым. ДылъаIуэри, лIыжьыр дагъэкIыжри, Щхъуэжьыр къагъэкIуащ. Абы и фIыщIэми тщIэрэт, сытми, унэ хъунщIэхэр нэхъ зэтеувыIащ. Ауэ куэд дэмыкIыу, Iэщ дыгъур къежьэри, ди унагъуэбжэр зэхудагъэщIыжащ. Зыри тхуещIэртэкъым. Щхъуэжьми бзаджэ жетIэрт, ауэ къикI щыIэтэкъым. Ауэрэ гуэдз Iухыжыгъуэр къыщысым, зыкъызэкъуихащ а уэ пщIэ Щхъуэжьым. Пщыхьэщхьэ къэс лэжьакIуэ къикIыж фызхэр къищу щIидзэри, мо фыза- бэ къомыр иригъэгъэтIысащ, лэжьэн дымыгъуэтыжу. ПцIыр сыткIэ щхьэ- пэ, дэри тщIэрт фызабэхэм гуэдз тIэкIу къызэращтэр, тщIэ щхьэкIэ, ди нэр дуфIыцIырт. Арыншауи хъунутэкъым а зэманым, гъаблэт, сабий зеиншэ къомыр шхын щхьэкIэ зэтелIэрт. Ей, сыту леишхуэ зэрахьа а зэманым, сытуи гузэвэгъуэ куэд щIагъэкIа цIыхум я нэгум!
- Апхуэдэу екIуэкIыурэ, езы Щхъуэжьым гурыщхъуэ хуэтщIу щIэддзащ Iэщ зыдыгъухэм япыщIауэ. Куэдыщэ дыдэри дызыпигъэплъакъым — къэдубыдащ. Ди къуажэ щIалэщIэ яхэту, гупыфI зэригъэпэщауэ арат, езыр унафэщIу.
- — Уэлэхьи мылицэфIтэм ар, — дыхьэшхащ Заурбэч.
- — Ауэ къызэрымыкIуэу, — и дзэлыфэр итIащ Хьуди. – Арати, гуп едутIыпщщ щэхууи, куэдрэт ар — къаубыдащ.
- — Абы щыгъуэ уэ къуажэ советым ущыIэжт-тIэ? Районым укIуатэкъэ, мылицэм я нэхъыщхьэу, — щIэупщIащ Капитан.