Анэдэлъхубзэр ефIэкIуэн папщIэ
2019-12-03
- Дызэрыщыгъуазэщи, тхьэмахуэ блэкIам и кIэухым ди республикэм щыIащ Уф-м и Президент Путин Владимир, къэралым хиубыдэ щIыналъэхэм я лIыкIуэхэр, къулыкъущIэ куэд щIыгъуу. Абыхэм яхэтащ УФ-м щIэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Котюков Михаил. Президентым КъБР-м и Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIа зэIущIэшхуэм иужькIэ, Котюковыр кIуащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и педколледжым икIи абы и унафэщIхэм, IэщIагъэлIхэм, республикэм и курыт школхэм я пашэхэм яхуэзащ.
- КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрэрэ Педколледжым и унафэщI Ашэбокъуэ ФатIимэрэ хьэщIэ лъапIэм зыщрагъэплъыхьащ иджырей егъэджэныгъэ мардэм хуэкIуэ техникэкIэ къызэгъэпэща, технологие пэрытхэри къыщагъэсэбэп университет къудамэм. АдэкIэ зэхуэсым щIидзащ. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ КъБКъУ-м анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэр зэрыщагъэхьэзырыр. Апхуэдэуи министрыр щIэупщIащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ, балъкъэрыбзэмрэ литературэмрэ зэрырагъэдж методикэ пособиехэм я щытыкIэм.
- — ЩIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэр зыхуэныкъуэ школ лэжьакIуэхэр гъэхьэзырыныр, псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ нэсхэр иIэныр къэрал- псо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ, Урысей Федерацэм щекIуэкI лъэпкъ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ, — къыхигъэщащ Котюковым къыщыпсалъэм. — ЕгъэджэныгъэмкIэ федеральнэ къэрал стандартым хуэкIуэ щIэныгъэ куу щIэблэм ягъуэтын папщIэ, Iэмал имыIэу гъэхьэзырын хуейщ зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэхэр.
- КъБКъУ-м и IэщIагъэлIхэм министрым жраIащ мы гъэм къыщыщIэдзауэ университетым къызэрыщызэIуахыжар егъэджэныгъэм и унэтIыныгъэщIэу «Адыгэбзэмрэ литературэмрэ. Урысыбзэ», «Балъкъэрыбзэмрэ литературэмрэ. Урысыбзэ» унэтIыныгъэхэр. НэхъапэIуэкIэ зэрыщытам хуэдэу, иджы студентхэр хурагъаджэ IэщIагъитIми зэгъусэу. А егъэджэныгъэ программэм тету езанэ курсым къащтащ икIи щоджэ студент 17. ЗэIущIэм апхуэдэу шэщIауэ щытепсэлъыхьащ педагогикэм-кIэ программэ пэрытхэр, зэреджэ тхылъхэмрэ методикэ пособиехэмрэ егъэфIэкIуэным ди щIыналъэм гулъытэшхуэ зэрыщыхуащIым. Гулъытэншэу къанэркъым егъэджакIуэхэм зэфIах щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьы- гъэхэм зегъэужьынри.
- Министрым зэрыжиIамкIэ, ар зи пашэ IэнатIэмрэ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщащ Педагогикэ егъэджэныгъэм зезыгъэужь совет. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ щIыналъэхэм щекIуэкI гуманитар, педагогикэ егъэджэныгъэхэм къэрал политикэ хэлъхьэныр, педагогикэ унэтIыныгъэм епха къэхутэныгъэхэм адэкIи зегъэужьыныр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри гъэбыдэныр.
- ЗэIущIэм и кIэухыу Котюковым фIыщIэ яхуищIащ абы хэта псоми икIи КъБКъУ-м ехъулIэныгъэ лъагэхэр дяпэкIи зыIэригъэхьэну ехъуэхъуащ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.