Сталиным фIыуэ илъэгъуа дзэзешэ
2019-10-10
- Рокоссовскэм и закъуэщ
- къэралитIым я маршалу дунейм тетар
- Хэку зауэшхуэм и зэманым хуабжьу цIэрыIуэу щытащ Рокоссовский Константин. Егъэлеяуэ пхъашэ Сталин Иосиф езым и дзэзешэхэм ящыщу маршалитIырщ — Шапошниковымрэ Рокоссовскэмрэщ я цIэ-адэцIэхэмкIэ зэджэу щытар: абы къикIырт пщIэ хэIэтыкIа. Ауэ сэлэтхэм, офицерхэм, генералхэм къыхуащI пщIэри нэхъ мащIэтэкъым.
- Рокоссовский Константин Псков областым хыхьэ Великие Луки къалэ цIыкIум 1896 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыщалъхуащ. И ныбжьыр илъэсихи иримыкъуауэ и адэр дунейм ехыжащ, мыгувэу кIэлъыкIуащ и анэри. Япэ дунейпсо зауэм сэлэт къызэрыгуэкIыу хыхьащ, унтер-офицеру къыхэкIыжащ.
- 1917 гъэм и жэпуэгъуэм екIуэкIа революцэм и ужькIэ Дзэ Плъыжьым и шуудзэхэм яхэтащ. Адмирал Колчак и къарухэм щезауэм зэрихьа лIыгъэм папщIэ Бэракъ Плъыжь орденымкIэ ягъэпэжащ. Зи гущIэгъуншагъэкIэ цIэрыIуэ «барон фIыцIэ» фон Унгерн Штернберг и бандэхэр зэтраукIа иужькIэ етIуанэ Бэракъ Плъыжь орденри къратащ. Дзэ къулыкъукIэ дэкIуейрт ар, арщхьэкIэ 1937 гъэм пцIы тралъхьэри, Польшэм и щэхурылажьэу къыщIрагъэдзащ. ЯгъэтIысами, къахуэгъэшакъым: зыгуэркIэ къуаншэу къахуэумысакъым. 1940 гъэм и гъатхэпэм къаутIыпщыжри, сыт и лъэныкъуэкIи хей ящIыжащ.
- 1940 гъэм и бадзэуэгъуэм къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэр къэсыху япэщIыкIэ шу, иужькIэ механизированнэ къарухэм я унафэщIу щытащ. Нэмыцэхэр Москва къыщебгъэрыкIуэм Рокоссовскэм и зауэлIхэм яхъумащ Яхромскэ, Солнечногорскэ, Волоколамскэ унэтIыныгъэхэр. ЗэхэгъэкIыгъуэ махуэхэм ар зи унафэщI 16-нэ армэм зэхикъутащ Москва ищхъэрабгъумкIэ къыпэзыкIухьыну хущIэкъуа гупышхуэр. ЗэрыпхъуакIуэхэр ди щыхьэрым километри 100 — 250-кIэ Iуахужауэ щытащ.
- КъухьэпIэ фронтым и дзэхэм я Iэтащхьэ Жуков Георгий езым и унафэм щIэтым щхьэкIэ итхыгъащ: «Зауэм и Iэмалхэм фIыуэ хещIыкI, езыр хахуэщ, жыджэрщ, Армэм и командующэм и къулыкъум сыт и лъэныкъуэкIи хуэфащэщ».
- Мыр гъэщIэгъуэнщ. Зауэм и япэ мазэхэм Совинформбюром къит хъыбархэм едаIуэ цIыхухэм ящIэртэкъым «командир Р»-р хэтми. Ар ябзыщIырт Москва щахъумэ япэ махуэхэми. 1941 гъэм жэпуэгъуэм и 20-рщ хэIущIыIу щащIар: «Ныбжьэгъу Рокоссовскэр зи унафэщI зауэлIхэм нэмыцэхэм я танк 60 ягъэсащ». КъыкIэлъыкIуэ махуэми: «Жэпуэгъуэм и 21-м Рокоссовскэм и зауэлIхэм зэтраIыгъащ къебгъэрыкIуэ бийхэр, апхуэдэуи абыхэм удынышхуэ ирадзащ».
- Польшэр хуит къищIыжащ
- Апхуэдэу шыщхьэмыгъазу Рокоссовскэр зэуащ 1942 гъэми, 1943 гъэми. 1944 гъэм и гъэмахуэм ар Совет Союзым и Маршал хъуакIэт, Япэ белорус фронтым и унафэщIт. Абы и дзэхэр лъэныкъуитIкIэ Варшавэ екIуэлIат. Эмиграцэм щыIэ правительствэм и унафэкIэ, фашистхэм я бий зэщIэхъееныгъэ Польшэм къыщаIэтат. Абы щыгъуэми, СССР-м и унафэщIхэми, ди дзэзешэхэми хъыбар гуэри ирамыгъащIэу.
- Рокоссовскэр къэнат ищIэнур имыщIэу. Абы и гум къыщIитхъырт зыкъэзыIэтахэм зэрадэмыIэпыкъуфынур: дзэхэр зауэ хьэлъэ дыдэхэм къыхэкIа къудейт, ахэр километр 600-кIэ кIуэтат къызэтемыувыIэу. ЦIыхухэр езэшат, техникэр зэгъэпэщыжын хуейт. КъэмыувыIэу хъунутэкъым: Вислэ телъ лъэмыж псори бийм зэхикъутат. Рокоссовскэм къыгурыIуэрт езым иIэ къарухэмкIэ уебгъэрыкIуэ зэрымыхъунур. Апхуэдэ гупсысэ хьэлъэхэм здаIыгъым жэщым ВЧ-р къэзууащ.
- — Варшавэ теухуауэ сыт фи мурад? — къеупщIащ Сталиныр. Рокоссовскэм абы щхьэтечу гуригъэIуащ Iуэхур зыIутыр.
- — Дзэхэм иджыпсту Варшавэ хуит къащIыжыфыну? — аргуэру къеупщIащ Сталиныр.
- — Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы иджыпстукIэ яужь дихьэфынукъым.
- — Ауэ фхузэфIэкI къэвмыгъанэ, зыкъэзыIэтахэм фадэIэпыкъун папщIэ.
- — Зыри къэдгъэнэнкъым!
- Рокоссовскэм хузэфIэкI псори ищIащ. ЖэщкIэрэ бомбэзехьэ кхъухьлъатэхэр игъэкIуащ, шэхэр, уIэгъэпххэр, ерыскъы яхуридзыхащ. Топхэр жэщми махуэми фашистхэм яхэуэрт.
- 1945 гъэр
- Варшавэ папщIэ екIуэкIа зауэр иухауэ аргуэру телефоныр мэзу. Къэпсалъэр Сталинырт.
- — Ныбжьэгъу Рокоссовский! Уэ ЕтIуанэ белорус фронтым и унафэщIу удогъэув.
- Зэхихар апхуэдизу зыпэмыплъати, Рокоссовскэр къэуIэбжьащ. Сыт къэхъуар? Зауэр щиух дыдэм сыт ар Берлин щIыпагъэкIыр?
- КъехьэкI-нехьэкI хэмылъу жриIащ:
- — Сыт апхуэдизу уигу къыщIызэбгъар, ныбжьэгъу Сталин? Сыт сэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэм сыкъыщIытрачыр?
- Сталиным занщIэу жэуап итыжакъым: хэгупсысыхьауэ къыщIэкIынт. Иужьым и макъыр къэIуащ:
- — Япэ белорус фронтым и унафэщIу Жуковыр догъэув. Уэ дауэ уеплърэ абы?
- Сытыт жэуапу иритынур? Жуковыр зихуэдэ щымыIэ дзэзешэщ. Абы сыт хуэдэ къалэнри хуэгъэзэщIэнущ. Шэч хэлъкъым советыдзэхэр Берлин зэрыдишэфынуми. Ауэ а псори ещIэ езы Сталинми. КъызэрыгуэкIыу жиIащ:
- — Хуэфащэщ а къулыкъур.
- — Берлин щыми къэфщтэнущ: Жуковым, уэ, Коневым.
- ИтIанэ щIигъужащ:
- — Хуит узощI узыхуей псори здэпшэну.
- Къэралымрэ IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ щызэрихьэкIэ, Сталиныр зытет хабзэхэр зыщIэ дэтхэнэри щыгъуазэт абы а лъэбакъуэр тыншу зэримычам. Сталиныр хуабжьу яхуэткIийт IэнатIэщIэ щагъакIуэкIэ и блыгущIэтхэр зэщIэзыкъуэхэм.
- Iуэхур япэ иригъэщри, пидзыжащ щабэу:
- — Ныбжьэгъу Сталин, сэ зыри здэсщтэнукъым. ЦIыхуфIхэр дэнэ щIыпIи щыIэщ.
- — Мис абы щхьэкIэ сэ уэ фIыщIэ пхузощI.
- ЕтIуанэ белорус фронтым текIуэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Iуэхугъуэ инхэу щы щызэфIигъэкIащ КъуэкIыпIэ Пруссие, Померание, Одер унэтIыныгъэхэм.
- ТIэунейрэ маршал
- Хэку зауэшхуэр иуха иужькIэ 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м ТекIуэныгъэм и Парад щекIуэкIащ Москва и Утыку Плъыжьым. Ар къеIызыхар Жуковырщ, зезыгъэкIуар Рокоссовскэрщ.
- 1945 — 1949 гъэхэм Рокоссовскэр щытащ Польшэр зи хэщIапIэ советыдзэхэм я Ищхъэрэ гупым и Iэтащхьэу. 1949 гъэм и жэпуэгъуэм совет унафэщIхэм хуит ящIри, Польшэм и властхэм я лъэIукIэ ар ПНР-м лъэпкъ зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру икIи премьер-министрым и къуэдзэу ягъэуващ. Абы фIащащ, «Польшэм и маршал» цIэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ а дзэзешэм и закъуэщ къэралитIым я маршал хъуауэ тхыдэм ищIэжыр.
- 1956 гъэм СССР-м къигъэзэжа иужь, Совет Союзым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэу лэжьащ, нэгъуэщI къулыкъушхуэхэр иIыгъащ.
- А дзэзешэ акъылыфIэр икIи цIыхугъэ нэс зыхэлъыр 1968 гъэм и шыщхьэуIум дунейм ехыжащ.