Тхьэкъуахъуэ Iэуес и адыгэ бгъэхэIухэр
2019-10-08
- Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес адыгэ дамыгъэхэр зытет пасэрей хьэпшыпхэр зэхуихьэсын щIидзати, дихьэхри, езыми лъэпкъ бгъэхэIухэр иригъэщI хъуащ. Абы ищIауэ щыIэщ Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж, Адыгэ тхыбзэм, Адыгэ ныпым, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэхэм, ди лъэпкъым игъэлъапIэ нэгъуэщI махуэми я дамыгъэхэр зытет бгъэхэIу екIухэр. Апхуэдэуи абы шархэм адыгэ ныпхэр, зэрытхэ тетрадхэми адыгэ дамыгъэхэр трегъадзэ. Нобэ ди хьэщIэщ КъБР-м и Коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм хэт, хэкупсэ нэс зиIэ щIалэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес.
- — «Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 ирокъу» стIолыщхьэ медаль телъыджэр япэу къыщысIэрыхьам адыгэбзэкIи урысыбзэкIи тетхауэ зэрытетыр хуабжьу гъэщIэгъуэн сщыхъуат. Iыхьэлейуэ сыщыгуфIыкIат совет зэманым и лъэхъэнэм адыгэбзэм апхуэдэ пщIэ лъагэ зэрыхуащIам. Ар къежьапIэ хуэхъури, адыгэбзэ зытет пасэрей дамыгъэхэм лъыхъуэн щIэздзащ. Абы лъандэрэ солъыхъуэри, зыбжанэ фIэкI згъуэтакъым. Апхуэдэщ Япэ дунейпсо щIалэгъуалэ фестивалым и дамыгъэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм сигу къагъэкIащ адыгэхэм я махуэ лъапIэхэм я щIыхь дамыгъэ цIыкIухэр езгъэщIыну. Зэман дэкIмэ, сэ схуэдэу абыхэм щыгуфIыкIын, зыфIэгъэщIэгъуэнын зэрыщыIэнум фIэщхъуныгъэ къысхелъхьэ, — жеIэ абы.
- — Къэбэрдей уэрамыр илъэси 170-рэ щрикъум хуэгъэпса дамыгъэращ япэу езгъэщIар. Дамыгъэм «Победа» кинотеатрым и сурэтыр тезгъэуващ. Кинотеатрыр мылэжьэжми, зи щIалэгъуэми нэхъыжьхэми фIыуэ яцIыху щIыпIэщ ар. Абы иужькIэ Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм и дамыгъэр езгъэщIат, адэкIэ адыгэм и махуэ лъапIэхэр къыкIэлъыкIуащ.
- Языныкъуэ дамыгъэхэм я теплъэр Интернетым къисхащ, языныкъуэхэм ейр къэгупсысыни хуейтэкъым.
- Япэ дамыгъэр 2017 гъэм езгъэщIауэ щытащ, абы яужь сыкъэувыIэжыфакъым.
- — СызэрыщыгъуазэмкIэ, зи щIыкIэр нэхъ тынш бгъэхэIу лIэужьыгъуэхэрезым пщIыуэ зебгъэсащ…
- — Пэжщ, лъэпкъым хуэгъэпса сурэт дахэхэр слъагъумэ, сощI. Абыхэм я щIыкIэкIэ гугъукъым, нэхъыщхьэр сурэтыр абы хуэкIуэу теплъхьэнырщ.
- — Мыхэр зэрыщыIэр цIыхухэм я деж дауэ зэрынэпхьэсыр, щапIэ щхьэхуэ уиIэ?
- — Дунейр зэщIэзыщта Инстаграмым напэкIуэцI дыщиIэщ (numizmat07). Абдеж щыдогъэлъагъуэ, щыдощэ. КъищынэмыщIауэ, «Дет- ский мир» тыкуэным деж щыт газет щапIэ цIыкIуми сыгурыIуауэ изот. Дызэрыхуейм хуэдэу псынщIэу тхуэмыщэми, щIэупщIэ иIэщ. Сыхуейт щIалэгъуалэм мы дамыгъэхэр нэхъыбэу яIэрыхьэну, къызыхэкIа лъэпкъым и нагъыщэр унэм щызэрахьэу, лъэпкъ Iуэхур зэрагъэкIуэтэным я гупсысэр хуэунэтIауэ псэуну. Быдэу си фIэщ мэхъу, зэман дэкIмэ, мы дамыгъэхэр яфIэгъэщIэгъуэну къызэралъыхъуэжынур.
- — КъищынэмыщIауэ, КъБР-м и Коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм ухэтщ, шэч хэмылъу гъэтIылъыгъэ гъэщIэгъуэн Iэджэ уиIэ къыщIэкIынщ…
- — ИлъэситI хъууэ аращ а зэгухьэныгъэм сызэрыхэтри, коллекционеркIэ сызэджэжыну сфIэпасэщ. Ауэ щыхъукIи, сэ, зэрыжыпIауэ, гъэтIылъыгъэ зыкъом сиIэщ. Нэхъыбэу зэхуэсхьэсыр Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа фэеплъхэрщ. Совет зэманым къыдэкIа бгъэхэIухэм ящыщу 1400-рэ зиIэ соцIыху, сэ сиIэр 600-м нэсщ. Коллекционерхэм бгъэхэIур къызыхэщIыкIа гъущIыкIэкIэ, и плъыфэкIэ зэщхьэщагъэкIри зэтемыхуэу зэхуахьэс. КъищынэмыщIауэ сэ столыщхьэ медалхэри сфIэфIщ. 30-м щIигъу сиIэщ мы зэманкIэ. Пощт карточкэхэр, маркэхэр зэхузохьэс, абы теухуауэ тхылъ пIащIэ цIыкIуи къыдэзгъэкIащ. Письмоулъэхэм маркэ тетуи темытуи зэзгъэпэщри, абыхэм ятеухуа-уи тхылъ мыин дыдэ дунейм къытезгъэхьащ.
- — Уи гъэтIылъыгъэхэм ящыщу уи дежкIэ нэхъ лъапIэ дыдэм, ар зэрызыIэрыбгъэхьам и хъыбар къыджепIамэ арат.
- — Коллекционерым имыIэ гуэр къыщыхэхъуэм деж, ехъулIэныгъэшхуэщ. Пэжым ухуеймэ, уасэншэу къызолъытэ адыгэбзэкIэ тету япэу къысIэрыхьа дамыгъэр. Псом нэхъ сфIэфIри Къэбэрдей-Балъкъэрым, адыгэ лъэпкъым ехьэлIа хьэпшыпхэрщ.
- — Сыт хуэдэ дэрэжэгъуэ къыпхалъхьэрэ а зэхуэпхьэс хьэпшыпхэм? Къа- ру къуатрэ, гушхуэныгъэ къыпхалъхьэрэ?
- — Коллекционерым гупсэхугъуэ къезытыр имыIэ гуэр къыхэхъуэнырщ (зэхуихьэсым елъытауэ). Къапщтэмэ, а бгъэхэIу цIыкIухэр гъущIыкIэ пудщ къызыхэщIыкIар, ауэ щыхъукIи зэхуэпхьэсхэм къахэхъуа иужькIэ къызэрымыкIуэу уегъэгушхуэ, гурыфIыгъуэ ин къует. А дакъикъэм дамэ къыптекIа хуэдэщ.
- — Пасэрей хьэпшыпхэм я щIэупщIэри, уасэри махуэ къэскIэ нэхъ ин мэхъу. Ахэр зэхуэпхьэсынми мылъку лей токIуадэ. Абы и IуэхукIэ дауэ ухъурэ?
- — Дауи мы Iуэхур сомын-шэу зэфIэкIыркъым. Ди республикэм щызмыгъуэту хамэ къэралхэм щащэу ИнтернеткIэ сызрихьэлIэ щыIэщи, Iэмал зэриIэкIэ, сызыпэлъэщ гуэрхэр къызощэху. Си щхьэ закъуэкIэ Iуэхур къызэмыхъулIэнкIи хъунт, акъылэгъу къыздэхъу ныбжьэгъухэр симыIамэ. Зэрызыхуэсхьэсыр зыщIэхэм къызэзыти яхэтщ, ауэ, шэч хэмылъу, си соми хызолъхьэ. КъБР-м апхуэдэ зыбжанэ фIэкIа имылъу, дамыгъэ гъэщIэгъуэнхэр тыгъэ къысхуищIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъАХ-м и тхьэмадэ, нэхъыжьыфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Iуэху къепхьэжьамэ къыбдэзыIыгъ, къыбдэзыгъэпсынщIэ, узыунэтIу диIэ а лIым фIыщIэ лей хуэсщIыну сы-хуейщ. «НэхъыжьыфI уасэншэщ»,- жаIэ. Мухьэмэд хуэдэ пэрыт дыщымыщIэу, дефIакIуэу дыпсэуну си гуапэщ.
- ЩомахуэЗалинэ.