Бетрожь Валерэ: УдзхэмкIэ куэдым уапэлъэщынущ
2019-10-08
- «Узыри къигъэщIри и хущхъуэгъуэри къигъэ- щIыжащ», — жаIэ. Ауэ медицинэм зиужьми, ар иджыри щыкъарууншэщ уз зэмылIэужьыгъуэхэм я пащхьэм — щIэныгъэр нэсакъым. Мыбдежми зэпэщIэуэныгъэхэр къыщохъу: иджыри къэс хущхъуэфI дыдэу къалъытэу щытахэр Iэпкъэлъэпкъым и дежкIэ зэрану къыщыщIидзыж щыIэщ. Iуэхур сэтей къэзыщIыр къэхутэныгъэхэрщ — япэщIыкIэ куууэ ягъэунэхун папщIэ зэман яхуримыкъуауэ къыщIокI. Псом хуэмыдэу синтетикэм къыхэщIыкIахэм, химие реакцэм я Iэужьхэм ехьэлIауэ. КъищынэмыщIауэ, статистикэм къызэритымкIэ, Урысейм щызекIуэ хущхъуэ псоми я Iыхьэ щанэр нэпцIщ, дзыхь яхуэпщI мыхъуну. Ахэр икIи зэрылъапсейр ящIыбгъужмэ, гурыIуэгъуэщ цIыхухэм нэгъуэщI хэкIыпIэхэр къыщIалъыхъуэм и щхьэусыгъуэр. Куэдым къыхах хъуащ «фитотерапие» жыхуаIэр, нэгъуэщIу жыпIэ-мэ, удзхэм къыхэщIыкIа хъущхъуэхэр. Сэбэп къыпхуэмыхъуми, апхуэдэхэм я зэран къокIынукъым. А Iуэхухэм хэт нэхъри нэхъыфIу щыгъуазэщ къэкIыгъэхэм къыхищIыкIахэмкIэ илъэс 40 хъуауэ цIыхухэм еIэзэ Бетрожь Валерэ. Зэман зыбжанэ ипэкIэ абы ди газетыр тетхыхьауэ щытащ, ауэ и лэжьыгъэр зыхуэдэр иджыри къытхуиIуатамэ, лей хъуну ди гугъэкъым.
- — Валерэ, уэ уи IэщIагъэкIэ удохутыркъым, ауэ цIыхухэм уоIэзэ, сэ зэрысщIэмкIэ, бгъэхъужхэри яхэтщ. КъыджеIэт абы и щэхур.
- — Сэ сытетщ зэи сызытемыкI хабзэм: сэбэп ухуэмыхъуфмэ, сымаджэм уи зэ-ран йомыгъэкI. СхузэфIэмыкIынумкIэ зыри къэзгъэгугъэркъым. Хущхъуэхэр зэрызэхэслъхьэ щIыкIэри зыми щызбзыщIыркъым. Дунейм къытехьа иужь пIалъэ кIыхь дыдэкIэ цIыхум хущхъуэ- гъуэ закъуэу иIар къэкIыгъэхэрщ, ахэращ псоми я къежьапIэр, я лъабжьэр.
- Мыри зыщыгъэгъупщэн хуейкъым: нитIыр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, цIыхухэри зэхуэдэкъым, дэтхэнэ сымаджэми щхьэхуэу бгъэдыхьэн хуейщ и ныбжьым, и Iэпкълъэпкъым, и хьэлым, нэгъуэщI куэдми тещIыхьауэ. ИтIанэ ущыуэну-къым.
- — Iэзэгъуазэхэр сыт щыгъуи щыIащ. Ауэ Совет Союзыр лъэлъэжу коммунист идеологиер IукIуэта иужь уэру къежьащ экстрасенсхэр, уи къэкIуэнур къыбжезыIэфхэр, хэбгъэзыхьмэ, нэхъапэм таурыхъхэм хэту фIэкIа дымыцIыхуу щыта удхэр. ЦIыхухэр къэнащ зыми дыхь хуамыщIыжу.
- — КъызгурыIуащ жыпIэну узыхуейр. Ауэ укъызогъэгугъэ сэ пщыхьэщхьэм гъуэлъыжу Iэзэу нэху къекIахэм сазэрыщымыщымкIэ. Псори къыщежьар си сабиигъуэрщ. Губгъуэм, мэзым сиша иужь си адэм куэдрэ сигъэлъагъуу щытащ удзхэр: дэтхэнэр сыткIэ сэбэпми къызгуригъаIуэрт. Абыи ар къыщищIар и адэм и дежщ — сэ си адэшхуэр уз зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэм япэлъэщ Iэзэу Къэбэрдей псом щыцIэрыIуэу щытащ, и хъыбар куэди къэнащ. Арауи къыщIэкIынущ сэ удз хущхъуэхэм зестынри къызыхэкIар. Ауэ ар щIэдзапIэ къудейт. Удз зэмылIэужьыгъуэхэм къахэщIыкIахэмкIэ зэрыIэзэм щыгъуазэ зыхуэсщIын папщIэ сэ къызэхэскIухьащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я мызакъуэу, Урысейм и щIэлъэныкъуэр, Украинэр, нэгъуэщIхэри. Тхылъ гъуэтыгъуейхэр сыт щыгъуи къызогъэсэбэп. Зэпымыууэ сакIэлъоплъ медицинэм щIэуэ къыхыхьэхэм. Арыншауи хъунукъым.
- — Хъарзынэщ. Иджы нэхъ щхьэтечу Iуэхум дыбгъэдэгъэхьэт. Ди псалъэм къыхэдгъэувэнщи, си цIыхугъэхэм яхэтщ гъэмахуэм деж аллергием гугъу иригъэхьхэр. Ахэр, уеблэмэ, пIалъэкIэ икIын хуей мэхъу щыпсэу щIыпIэхэм.
- — Аллергиер адыгэбзэкIэ, «хьэкъупIэ» жыхуаIэращ. Абы зеубгъу губгъуэжыхапхъэр (амброзиер) къыщыгъагъэм деж. «Тхьэхэм я шхыныр» — аращ а къэкIыгъэ бзаджэм латиныбзэкIэ зэреджэр — куэдым езэгъыркъым, езыр псынщIэу мэбагъуэри, гъэкIуэдыжыгъуейщ. А узыр мэятэ шыщхьэуIум къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и зэхуэдитIым нэсыху.
- АрщхьэкIэ хьэкъупIэр цIыхум къыхихын-кIэ хъунущ сабэми, дыгъэжьэражьэми, щIыIэми. Ерыскъы, цитрус зэмылIэужьыгъуэхэр зэмызэгъхэри щыIэщ. Апхуэдэ дыдэуи хьэхэм, джэдухэм, нэгъуэщI псэущхьэхэм ялъэIэса цIыхуми къыпкърыхьэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Сэ зэхэсщIэ хущхъуэхэр апхуэдэ узхэм яполъэщ.
- — НэгъуэщI сыт хуэдэхэм уи Iэзэгъуэ хэлъ?
- — Хуабжьу си гуапэу жысIэфынущ гу лъынтхуэ, щхьэ, бгы (радикулит) узхэм са-зэрыпэлъэщыр. Апхуэдэу кIэтIийхэр тэмэ-му гъэлэжьэн папщIэ, тхьэкIумэхэм ву макъ итмэ е дахэ-дахэу зэхамыхмэ, щхьэцыр икIмэ, бэгахэр гъэтIысыжын хуеймэ, сэ зыкъысхугъазэ хъунущ. ЦIыхухъу, цIыхубз узхэми си Iэзэгъуэ итщ.
- ХэмытIэсамэ, зызопщыт пневмонием, жьэным, гипертонием. Фошыгъу узыр зыщхьэщысхахэр мащIэкъым. Си щхьэ сыщытхъужыркъым, сымыгъэунэхуаи пхуэсIуатэркъым, схузэфIэмыкIыни зыри щызгъэгугъыркъым. Мыр къыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейщ: си хэщIапIэр псоми яхузэIухащ: Налшык къалэ, Ахъуэхъум и уэрам, 92-нэ унэ, ещанэ къат, 15-нэ пэш. Фыкъэпсалъэ хъунущ 8-903-493-30-59, 8-938-079-66-69 телефонхэмкIэ. Си деж щывгъуэтынущ чэнджэщ зэмылIэужьыгъуэхэри.
- Си псалъэм и кIэухыу мыри щIызгъужыну сыхуейщ: сэ пыщIэныгъэ яхузиIэщ нэхъапэм сызэIэза, згъэхъужа куэдым, абыхэм я узыншагъэм сыщIоупщIэ. ФIыщIэ къыс- хуэзыщIхэри мымащIэу яхэтщ. Зыщывмыгъэгъупщэ: удзхэмкIэ уз куэдым уаплъэщынущ.